Человек на своем месте

Человек на своем месте. Александр Сарахов
Пятница, 25 июля 2014 г.
Рубрика: Персоны, Очерки, Интервью, Эссе
Просмотров: 20840

Метки: Человек на своем месте, Александр Сарахов, прокуратура, Юрий Калмыков

 

Гость нашей рубрики "Человек на своем месте" - человек, проявивший себя в двух совершенно разных областях. В обоих случаях он оказался на высоте, что, согласитесь, бывает нечасто. Знакомьтесь - Александр Сарахов, писатель, старший советник юстиции, почетный работник прокуратуры Российской Федерации. С 1963 по 1997 год он работал в органах прокуратуры Кабардино-Балкарии. В 2005-м - стал членом Союза писателей России. Сарахов автор более 20 книг, в том числе и художественных произведений, написанных в жанре детектива.
 


НА СТРАЖЕ ЗАКОНА
 
Окончив школу киномехаников в Ростове на Дону, наш гость какое-то время работал по специальности. Потом устроился корреспондентом   в районную газету, но внезапно его жизнь кардинально изменилась. Молодого журналиста вызвали  в райком партии и предложили направление в Саратовский юридический институт.
    В Саратове он освоился достаточно быстро. Подружился со студентами и преподавателями и вскоре понял, что юриспруденция - это именно то, что ему нужно. Александр занялся криминалистикой.  За ним закрепили фотолабораторию, в которой студент проводил большую часть времени. Фотографией он увлекся еще в школе. На сегодня выпустил несколько фотоальбомов. Название одного из них говорит само за себя – "Как молоды мы были". Удивительно, что за  60 лет все негативы прекрасно сохранились.
 
 

<< Александр Сарахов (первый слева) и Юрий Калмыков на набережной Волги. 1961 год

В Саратове наш гость познакомился с аспирантом  Юрием Калмыковым и вскоре они стали друзьями. 
 - Мы жили в одном общежитии, быстро сошлись и все свободное время проводили вместе, - вспоминает Александр Сарахов.
 
 После учебы молодые люди продолжали тесно общаться, дружили семьями. Шесть лет назад Сарахов выпустил книгу «Друг мой Юрий». В ней представлен богатый биографический материал, фотографии, письма. В прошлом году, к 80-летию Юрия Калмыкова появился    фотоальбом «Светильник разума». Автор снимков - Александр Сарахов.    
    Окончив институт, молодой юрист получил направление в прокуратуру города Прохладный.
 
- Именно здесь я понял, насколько теория отличается от практики, - признается Александр Сарахов. - Прокурором  города был замечательный человек – Василий Федорович Кольченко. У него  я многому научился. Такие наставники вообще большая редкость.
 
Спустя три года Сарахова перевели в аппарат республиканской прокуратуры, и здесь ему снова повезло.
 
- Прокурором  Кабардино-Балкарии в то время был Мухарби Кетуевич Ансоков - блестящий руководитель. Достаточно сказать, что он возглавлял ведомство три срока подряд, а это исключение из общих правил. Этот человек   прекрасно разбирался в юриспруденции, умел работать с кадрами и всегда отстаивал интересы прокуратуры, невзирая на лица, - рассказывает Сарахов.
 
 
<< Молодой прокурор Александр Сарахов
 
В 1970 году он стал прокурором Терского района. Этот этап связан с его противостоянием партийной номенклатуре.  Причиной стали принципиальность и настойчивость юриста. А началось все с заседания бюро райкома.
    Среди прочих вопросов  рассматривалось персональное дело зоотехника одного из местных колхозов. Было принято решение освободить специалиста от занимаемой должности и направить материалы в прокуратуру, для привлечения его к уголовной ответственности.
   Сарахов советовал повременить с возбуждением дела и разобраться в деталях, но члены бюро настаивали на своем. Интуиция прокурора не подвела. Ознакомившись с материалами и лично побеседовав с зоотехником, он выяснил - причиной гонений стал отказ подписать липовый отчет. 87 голов крупного рогатого скота были попросту приписаны.
 Сарахов направил в колхоз следователя и факты подтвердились. Дальше – больше. Выяснилось, что приписки практиковались повсеместно. Прокурор возбудил 4 уголовных дела, что крайне не понравилось партийному начальству.
 Юристу начали ставить палки в колеса и вскоре вынудили написать заявление об уходе. Всем кто признался, что приписки делались по указанию райкома, объявили по строгому выговору.
 Сарахов вернулся в аппарат прокуратуры КБАССР,  но, спустя какое-то время,  был назначен исполняющим обязанности прокурора Советского района. Выяснилось. что его предшественника сняли с работы, и причиной тому послужила деятельность криминальной группировки Османова – жителя селения Аушигер. В свое время эта банда наделала немало шума, а началось все с убийства пасечника. Долгое время это преступление оставалось нераскрытым. Наконец Османова  задержали, но за взятку он  был выпущен на свободу.
 Сарахов вновь занялся этим делом. Основанием послужило заявление в прокуратуру жены подозреваемого. Она сообщила, что ее муж собирает вооруженную банду и дала показания в связи с убийством пасечника. Женщину поместили в безопасное место, а в это время сам Османов, почуяв неладное, ушел вместе с сообщниками в лес. Вскоре преступников задержали.  На следствии всплыли разные эпизоды. В том числе расстрел 9 человек в ресторане "София" на территории Северо-Осетинской АССР.
 
 
 Александр Сарахов с семьей
 
О выбранной профессии Александр Аюбович никогда не жалел. Работа его всегда увлекала и кроме того давала обильный материал для творчества.
 
- Через мои руки прошло немало уголовных дел. В том числе связанных с репрессиями 30-х годов. Именно они стали основой для повестей и романов, - объясняет юрист.
 
В 1997 году он вышел на пенсию. Более 15 лет руководил Советом ветеранов прокуратуры республики. Благодаря Александру Сарахову, был создан музей, найдены фотографии участников Великой Отечественной войны, появилась книга «Тропой закона», в которой изложена история становления прокуратуры Кабардино-Балкарии.
 
Супруга нашего гостя заслуженный врач КБР. Все остальные члены его семьи юристы. Более того - выпускники того самого института, который в свое время закончил  отец и дедушка. Сын Арсен Сарахов – федеральный судья в городском суде.  Дочь Мадина - нотариус. Внучка Марьяна в этом году окончила Государственную юридическую академию в Саратове с отличием. Вместе с мужем - тоже, кстати, юристом, она живет и работает в Самаре.
 
               Эдуард Битиров. Фото: из личного архива Александра Сарахова
Фонд черкесской культуры «Адыги» им. Ю.Х. Калмыкова

* * *
































 













































    


































Жэнэтбзу дахэхэр (райские птицы)
АпхуэдизкIэ фыдэхащэщи,
Уафэм фыкъехауэ хуагъэфащэ.
Жэнэтым фмикIауэ яхэтo 
                фыкъэзылъэтэ.
Дыщафэ пъыфэу фылащи,
ЗэщIэпщIыпщIэжу
                къывожыхь,
Фи кIэ кIыхьыр шиящи,
Хьэлъэзешэу къывокIухь.
               




Фи шхыныгъуэр гъудэ-бадзэщ,
Хьэпщхупщхэри фимыжагъуэ.
ЖыгщхьэкIэм фытесу,
Фыкъофэ,  фоджэгу, фобагъуэ..
Зыгуэр къызэрыIухьэу,
ЩIэвмыгъаплъэ зыри фи нэгу.
Псори щIыпIэ жыжьэм,
Щхьэхуиту фыщопсэу,
ХуэбапIэр къыхэфхауэ.









КIыгуугу (кукушка)

 КIыгуугу, кIыгуугу  жьырытэдж,
Женэдхэр къэзыгъапцIэ.
Абы хумеймэ  къыретэдж,
Уи япэ къихуэу зыраужь.
Ди дадэ и блын сыхьэтми,
КIыгуугу, кIыгуугу жеIэ,
Сыхьэт къэси къызоджэ.
Пщэджыжь къэси ар мэкIакIэ,
Симыгъэжейуэ абы адкIэ.








Дыщэ джэд (павлин)

Дыщэ джэду кIэбаринэ,
И дахагъым иропагэ,
И щхьэр ину еIэт,
мылъэтэфми лъагэу,
ЩIылъэм зыхуейр къыщегъуэт.
Сыту укIэдахэ,
Сытуи кIыхьыщэ,
Имыс уэ пхуэдэ ди лъахэм,
Зэрыщыту ухуэдэщ дыщэм.
И кIэ баринэр пщIыпщIыжу,
Жьыхум хуэдэу шэщIащ,
БлэкI псори ехъуапсэу,
ЩхъуэкIэплъыкIэу хуэпащ.
Уэрэд лъэпкъ имыщIэми,
Сабийхэм  хуэдэу   мэхъущIэ.


ЖыгыуIу (дятел)
               
ПыIэ хъурыфэр щыптIэгъауэ,
УкIэрысщ жыг джабэм.
УтоуIуэ уемызэшу, хуэдэу уадэм
Къыбогъуэт я кIапэр,
Жыгыр зышх хьэпIацIэм.
Жыгхэм пщIэ къыпхуащI,
Зэрыбгъэкъабзэм папщIэ.
Уадэ теуIуэ макъ богъэIу,
Я зныкъуэми цIутI-цIут жыпIэурэ,
Жыгым утесщ язныкъуэм.










Хьэрхьуп (удод)
               
Хьэрхьупу пэ памцIэ,
Зи щхьэм мажьэ тегъэса,
Жыг гъуэмбыр зи тIысыпIэ,
Зи пэкIыхьыр гъэпса,
ХуэбапIэр зи кIуапIэ,
Нобэ удихьэщIэщи,
Укъеблагъэм дигуапэщ.
ПIупI-пIупI жыпIэурэ,
Жыгыщхьэм утесщ,
Iуэхутхьэбзэ къытхубощIэ,
ВакIуэ дэкIхэр уогъэпIащIэ.



 


Къру (журавль)

Къру, къру пщэ кIыхь,
ХуэбапIэр  зи хэщIапIэ,
Уафэ джабэр зи гъуэгу,
Сатыр дахэу къэзыкIухь.
Шабзэм хуэдэу зыфшэщIауэ,
ФокIуэ нэхъыжьыр япэ иту.
ФыздэкIуэр дэнэ?
Хэт къывэджар?
Хуабэ хъужым къэвгъэзэж,
Дыфхуэхъунщ бысым пэж.






Бжэндэхъугъуэжь (иволга)
Хэт и макъыу пIэрэ,
сэ зэхэсхыр?
Накъырапщэу пIэрэ?
Хьэмэрэ ар пшынауэ?
Ар бжэндэхъугъуэжьщ,
Дыщафэ джанэ зыщыгъщ.
Абы зегъэпщкIу шынауэ,
Жыг щхьэкIэм докIуей,
ПсэупIи щеухуэ абдей,
Абгъуэ мати трещIыхь.
ШхынкIи гугъу емыхь,
ИмыщIэхэ зэи хэплъыхь.
Гъудабадзэхэр къеубыд,
Балий хуэзэми къещып,
Псори ирелъхьэ и жып.
ЩIыIэр и жагъуэщи,
ХбапIэ къелъыхъуэ.






КъуанщIэ (грач)

КъуанщIэ цIыкIур
 щэбэрыкIуэщ,
Гъатхэр къэсмэ къегъэзэж,
И псэупIэр хьэзырыхэщ,
Ди пщIантIэм къыдохьэж.
Щыкъуну игъуэтыр ещып,
АбыкIэ егъуэт насып.
ЦIыкIухэри гуфIэжу япожьэ,
УнапIи хузрагъэпэщ.
Къуагъ, къыр-къыр   
                жыфIэурэ,
Фызопсалъэ, фызолъатэ,
Фыщолъатэ вагъэ фIыцIэм,
Фыщощыпэ вагъэфIыцIэм.





Вынд (Ворон)
               
Вындыжь фIыцIэр сыту бзаджэ,
Сыт илъагъуми                къепхъуатэ.
Щизакъуэм ар маджадэ,
И гъусэхэр къелъыхъуэж.
Махуэр уаем щогуфIыкI,
Сыту пшагъуэр яфIэфIыщэ,
Гъатхэр къэсым
 мэIэпхъуэж,
Зэми гуп зэрогъэхъури,
Я псэукIэм топсэлъыхь.
И псалъэкIэр хьэбанэ макъщи,
БлэкIыр егъэшынэ,
НэгъуэщI къимыкI и пшынэм.               

 

Къанжэ (сорока)


Къанжэ кIакIэ дыгъуэрабз,
ПцIы зыупсу къэзыкIухь.
Сыт илъагъуми зрелъэфалIэ,
Апхуэдизу къомыжыхь,
Уи жьэри тIэкIу гъэувыIэ,
Уи кIэ кIыхьри умгъэпIи,
Ягъэ кIынкъым зэ къэувыIэ,
УмыпIащIэ, зэ тепыIэ.





Къаз (гусь)
 
Къаз, къаз пщэкIыхь,
Умышынэу къыбокIухь,
Хьэр къобэным уажьыхолъэ,
Дамэ птетыми умылъэтэф,
ПIащIэ хэмылъу къыбожыхь.
Бжьыхьэ хъуамэ улъэтэну,
Зэзэмызи тэучэл бощI.
Ауэ лъагэу зомыIэтыф,
Уи фэр пыкIауэ укъохыж,
Псым утесмэ нэхъ къыбощтэ.
Цыуэ птетри щэбащэщ,
КъэуцкIи укъытхуогуашэ.












Бгъэ (орел)

 Къэбуфэрэзыхьу уэгум уитщ,
Псори щIылъэм щыболъагъу.
Уи нэ зытенари къыбогъуэт,
Зытыбодзэ ар пфыщIыну.
Къуалэбзухэм уратхьэмадэщ,
Уэгум къыптекIуи щымыIэ.
Укъалъагъумэ зыппыIуадз,
Джэдхэр джэдэщым щIохьэж,
Шынауэ япIэ йозэгъэж.


Къиякъ (орел-могильник)
Бгъэ бзаджэжьу дунейр зыгъэву.
Уи IупэжанымкIэ уолажьэ,
Къэблэжьари уошхыж,   
                тхьэкIумэкIыхьи
 НэгъуэщI хьэкIэкхъуэкIэ цIыкIухэри
ДыбогъакIуэ, узпэлъэщыр 
               уи шхыныгъуэщ.
Губгъэ нэщIыр уи
                хэщIапIэщ,
Мэз Iуври уи кIуапIэщ.
ТIурытIу къывокIуыхь,
ФызэгурыIуэу  фыздопсэу.

Къыдырыгу  (горлица)

Тхьэрыкъуэ лъэпкъым  фыхабжэ,
Къыдырыгухэр фынэхъдахэщ.
Мэз лъахэр фипсэупIэщ,
Абгъуэ щIынкIэ фыIэзэщ,
Шхыныгъуэу фиIэр  КъэкIыгъэ   хэкIщ.
Нэхъ хуабэпIэр къыхывох,
Шынагуъэ къэсми зэхывох.
ЩIыIэ зэрыхъуу фолъэтэж.
Гъатхэ хъуамэ гъавэ 
                щIапIэм
Зэгъусэу фощощыпэ,
Шхыныгъуэхэри 
                къывогъуэт.



Тхьэрыкъуэ (голубь)

Тхьэрыкъуэ пщэхуу дыщэнэ,
Хьэл щэныфIэ зыхэлъ,
Мамырыгъэм и нэщэнэ
ЦIыкIухэм къыпхуащI гухэлъ,
Щыкъунхэри къыфхуагуэш.
Унащхьэр фи тIысыпIэщ,
Ди пкIэунэм щыбощI абгъуэ.
Нэм къиплъыхьыр уи хэщIапIэщ,
Фызэрызехьэу къывокIухь.
Зэм пщIантIэм фыдотIысхьэ,
Жыгхэри тIысыпIэ фощI,
Дуней псори фыфей, къыффIощI.
               


 

 
   

 Унэбзу (воробей)

Бзуухъу кIагуэу джэгурей,
ПкIэуэ лъэуэ къэзыкIухь,
ПсынщIэ Iейуэ лъатэрей,
Ди гуэщыжьыр абгъуэ щIыпIэщ,
Гъэми щIыми утхэмыкI,
Ди пкIэунэми утемыкI.
Уи шыр цIыкIухэр
                зыбогъажьэ,
ЗагъэнщIыхукIи   
                богъашхэ,
Ин зэрыхъуу лъатэну хуожьэ,
Я тIысыпIэри ябгынэж.
ЦIикъ-цIырыкъ жаIэурэ,
Уэгум щхьэхуиту йохьэж




Уэгунэбзу, бзухьэгуагуэ (жаворонок)

Уэрэдыр къришу губгъэм ис,
Гъубгъэрысу нахущым дэуш,
И шырхэр шхын ***мыгъалIэ,
ЕлIэлIэу Iусхэр къахуэзыхь.
ЩIымахуэр къыщысым деж,
И гъусэхэр здыщIегъури,
Хуабэ здэщыIэм мэкIуэж,
Щимыгъэту и уэрэдыр къреш,
Шынагъуэ илъагъумэ, 
                щегъэтыж.
Ар уэгунэбзу щхьэцэщ,
Зэи езэш зымыщIэщ.



Жьыкъан (мухоловка)
Бзу цIыкIуу жьыкъан,
къуалэбзухэм я къан.
Фэ фыцIыкIуми фыIэзэщ,
Уэрэдыр ину къывош.
Жыгхадхэр фикIуапIэщ,
Абгъуэри абы щывощI.
Жьыкъану псынщIэрыкIуэ,
ЩыIэкъым фыздэмыкIуэ.
Фи шхыныгъуэр
                бадзэхэкIщ,
МэракIуэри фихьэрэмкъым.
ХуэбапIэр фи псэупIэщ, ЩIыIэр къэблагъэм 
                фолъэтэж.







Чырыкъ (овсянка)

Щхьэгъуэжь цIыкIу дахэкIей,
Мэз цIырхъхэр зи хэщIапIэ.
Жыгыщхьэм фыдокIуей,
ЩIылъэм щывощI унапIэ.
Фыщыхуейм деж уэрэд
                къыхыводзэ,
Чыркъ-чырыкъ жывоIэ,
Зэми дзын-дзыкIэ фыздожьу.
Фыкъоушыр фэ нхъ жьыуэ,
ЗанщIэу ныбэм яужь фитщ.
Фи шхынгъуэр гъавэхэкIщ,
Гъудэ-бадзэхэри дывогъакIуэ.
Лъэпкъыгъуэу куэд фыхъуми,
Фи псэукIэр зэхуэдэщ.








Жэщбзу (козодой)
Жэщбзу цIыуIм,
КIыфIыгъэр фIэфIщ.
Щопсэуф мэз кIыфIым
Ешх зыфIэфIри,
Гъудэ-бадзэхэр,
Къеубыдри жьэделъхьэ,
Хьэпщхущи ныхелъхьэ.
И нэ пIащитIыр зожэ,
Жану зеплъыхь,
 Сакъыуи къеIухь.




         
Бзуморэ (зяблик)
Уи ф э морэр зэкIужщ,
АпхуэдизкIэ угумащIащи,
Псоми къыпхуащIыр гупыж,
Гъуэмыли къыратыж.
Жыг къудамэм тотIысхьэ,
Уэрэдыр къыреш,
Шу блэкIми мышынэ,
Щимыгъэт и пшынэр.
ЦIыкIухэр щогуфIыкI,
И уэрэдми йодаIуэ.
ПIын-пIын жиIэу,
ЖыхщхьэкIэм тесщ.
И абгъуэр фалъэ куум,
Ещхьу быдэпIэщ,
Губгъэ удзхэм щощыпэ,
Жылэ цIыкIухэри къегъуэт,
Ар ишхыныгъуэщ.




КъэбцIацIэ  (поползень, ямщик)

КъэбцIацIэ IэмыщIэиз,
Уагъшхэурэ уи ныбэр из,
Хъуащи умыгузавэ,
УогуфIэ, зыбогъэщIагъуэ.
УпсынщIэрыкIуэщи,
АдэкIэ-мыдэкIэ къожыхь.
ЩIыIэр къызэрыблагъэу,
БгъэтIылъар къощтэж,
ЗыбгъэщIагъуэу,
ЦIывитI-цIывитI,
Уэрэд къыбош.






БзуцIыкIунивэ (колибри)
               
Насыпыншэу уэ цIыкIунитIэр,
Уи дэхагъэм утокIуэдэж.
Къижу уи нэ цIыкIуитIыр,
Укъэнащ уимыIэжу гу
                къыдэж.
Уэ нхъ цIыкIуи
Дунейм темыт.
Дэнэ зыщыбгъэпщкIуми,
Лъыхъуэурэ укъагъуэт.


    

 Бабыщ (утка)

Бабыщ цIыкIуу бзэрабзэ,
Небэ-къебэу къэзыкIухь.         
Псы ерсыным Iэзащэ,
Дэни ущолъэпхъащэ.
Уакъ-уакъыр зи псэлъафэ.
Уи шыр цIыкIухэр бошэ псафэ.
Псым тесыныр ифIэфIыжьщ,
И унагъуэри псым ныхешэ,
Псы ерсыкIэми ирегъасэ.                КIапсэрыкIуэу ирокIуэ.
И пэ пIащIэмкIэ мэлъыхъуэ,               
Къигъуэтыну и шхыныгъуэ.               
                ЦIыкIухэр абыхэм якIылъоплъ,
                ЩогуфIыкI, ирогушхуэ.
               





Бабыщ гъуабжэ (серая утка)
               
Бабыщ гъуабжэ,
УдэмыкIуеиф ди набжэм.
Гъатхэм укъокIуэри,
ПсыIуфэр ущотIыс.
Пабжьэм щыбощI,
АбгъуэтIысыпIэ.
Псым утесу дунейр бохь,
Ухуейми къолъэтыхь.
Бжьыхьэр къызэрысу,
УщIопхъэжыр,
ХуэбапIэ къэплъыхъуэжу.






БабыщфIыцIэ (гагара)

Бабыщ фIыцIэу,
Зи щхьэр фIыцIабзэ.
Кхъуафэжьейуэ псым,
Утесу къыбожыхь.
Убдзэжеящэ Iэзэщи,
 Куэду къыбоубыд.
Ар уишхыныгъуэщи,
ЗэикI зыщомыгъащIэ.
И гъусэхэр къыхуэзэмэ,                Зэрызохьэ, я дамэхэмкIэ               
                зэхоуэ.





Хыбабыщнэк;уплъ   (баклан краснолиций)
Хыбабыщу щIакIуэфIыцIэ,
Уи нэкIуплъыр шияуэ,
Дунейр къолъэтыхь,
УкъотIысэхыж уешауэ.
ЩIылъэм уземыкIуэф,
Псым тесу уесащи.
ПсыIуфэр уи унапIэщ,
У гъусэхэр къыпхуэзами,
Джэгур къогъажьэ
Псым фытемыкIыу,
Джэгуривогъажьэ.












Хьэжбабыщ (красноносый нырок)   

Бабыщ пIащэ, щхьэгъум,
Зызыгъэпщтыхъу пэцIурэ,
Уеплъамэ дахэу плъагъунщ,
И дамитIыр дыгъэм   
                пэцIыууэ.
ПсыщIагърыкIуэкIэ ерыщ,
Щыму къэзыкIухь,
Къихьыр бынхэм езыгъэшх.
ЛъэтэнкIэ Iэзэщи,
Бабыщ псоми ятокIуэ.
ЗэкIужу ухуэпащ,
Уи Iупэр плъыжьу лащ.
Шынагъуэ зэрыплъагъуу,
Псым зыщогъэпщкIу.
Уэрыд жыIэнкIэ умыIэзэми,
Псы толъкъуным хуэдэу
                уофий.


   

Бабыщдадий   (мандаринка)

Бабыщ цIыкIуу дахащэ,
Дэнэ къипхэ апхуэдэ фащэ?
Псым утесу къыбожыхь,
Жыгыщхьэм абгъуэ щоухуэ.
Жыгей мэзыр нэхъ къощтэ,
МышхумпIэр уи шхыныгъуэщи,
Сыт щыгъуи хьэзырщ.
УхуабэпIэ лъыхъуэщ,
ЩIыIэр къэблагъэмэ,
                ЩIыпIэр уобгынэ.


      
БабыщджыдэнэкIу (топорок)

Уи пэджыдэмкIэ,
Сытым уелэжьыну?
Пхъэ пкъуэтэну ара?
ЩIакIуэ фIыцIэр
Зытебубгъуауэ,
Уи бгъэ хужьыр,
КъибгъэкIауэ,
ЗогъэгуащIэ, зэгъэхыв.
Уи абгъуэр сыт щыгъуи,
Щытщ къабзэу,
Ар хэтщ уи хабзэм.
Гуп фызэрогъэхъури,
Къурейуэ фыкъофэ.









Жьынду (сова)


Жьндыужьу нэтоп,
Щхьэматэжьу пагуэ.
Зыми хэмыгъуащэ,
Гуэгушыфэу щхьэгуэ,
Жэщыр зи махуэу,
Махуэр зи жэщ,
Уи нэшхуитIыр къитIэтIыу,
Уэздыгъей жыгым утесщ,
Уигугъэу пщIыну зэтес,
Угуэурэ нэху богъэщ,
Нэху зэрыщу уокIуэдыж,
Уи хэщIапIэм уотIысыж.



















Нуну (сыч)
 
Нунужьыу жьындууфэ,
Уи пэнцIывыр дэнэкIуа?
Уи макъыр сытым ещхь?
Зэм сабий гъымакъщ,
Язныкъуэми угъ хуэдэщ.
Уи нэ топыр къибгъэжауэ,
Жэщ кIыфIым ухоплъэ,
Плъагшъкури сымыщIэ.
Сыт щыгъи уи цIэр уогъэпэж,
Уэздыгъей мэзым ущIохьэж.









Дыгъурыгъуу (филин).
Жьындууфэу щхьэдыкъуакъуэ,
Жэщми махуэми уощакIуэ,
Iущагъэр уи фэеплъщи,
ЦIыхубэр къыпхуогуапэ.
Уи лъэбжьанэр кIырщи,
Сыт щыгъуи ибогъэщыр япэ.
Уи тхьэкIумэр жанщи,
Жыжьэ щыIэри зэхыбох.
Уи нэ топыр жанщи,
Жыжьэр уIпIщIыу болъагъу,
Укъамыгъуэтыфу уобзэх.
Дзыгъуэхэр уишхыныгъуэщ,
Къуалэбзуми уащымысхь.
Укъабзэлъабзэщ, фIей,
Ухъуамэ псым зогъэпскI.
Уху-уху жыпIэурэ уоджэ,
Узэджари къыплъоIэс.
Ущыхуем ущIопхъуэ, дэни унос,
Къэплъэгъуам уи лъэбжьанэр
ХыбоукIэ, кIиинуи хуномыгъэс.


Гуэгуш (индюк)


Уи кIэ баринэр бгъэсысу,
Зыбгъэпагэу къокIухь.
Гурэ-угрэ къипшу,
Макъым зыбогъэIэт,
КъыптекIуэн щымыIэу,
Зэми зыкъыпфIощIыж,
Уи пэ кIыхьыр пылэлу,
ПщIантIэм удохьэж.









Адакъэ (Петух)

Уи сыдж мажьэр Iэтащи,
ЗыбгъэтIейуэ къыбокIухь.
Сыт щыгъуи ужьырытэджщи,
ЦIыкIухэр ибогъэхьыр гугъу.
Ди бжыхьым утетIысхьауэ,
Хьэблэм уи макъыр щогъэIу.
ЦIыхухэр и зэманым тэджауэ,
Я IэнатIэм бгъэдохьэ.
Джэдхэм урапашэщи,
Псори къыпщошынэ,
Уи унафэм зыри емыбакъуэ.









Джэд (курица)

 
Ди джэдыжьыр мэкъакъэ,
И макъым зрегъэIэт.
Махуэ къэси мэкIэцI
Джэджьейхэр къреш,
Дэнэ кIуэми здешэ,
Щыкъунхэри ящып.
КIэцIын зэриухыу мэкъакъэ,
Iуэхур зыIутри къуегъащIэ,
Апхуэдэ защIэу, ехь и гъащIэр.







Мэзджэд (фазан)

Мэзджэду дахэм,
Сакъыу къекIухь,
Лэгъупыкъуу  лащи,
ПщIыпщIыжу къежыхь.
И тIысыпIэр чыцэми,
БыдапIэу къелъытэж,
И щIагъыр Iувми,
ЗанщIэу холъэдэж,
ТIысыпIэри къегъуэтыж.
Iыхьы-Iыхьы жиIэурэ,
Зыгуэрхэм ешхыдэу
зегъэпщкIуж.               




Дыщэ мэзджэд (золотой фазан)

Дыщэмэзджэду дахэкIей,
Зи кIэ кIыхьыр зыгъэтIей.
Къуац-чыцэр зизекIуапIэ,
Махуэм зекIуэрей,
Жыгкъудамэм фытесу,
Жэщ хъуамэ фожей.
Хуаби щIыIи зэхэвмыщIэ,
Шынагъуэ флагъум фогужьей,
Чыцэм фыхолъэдэж.
Бын цIыкIухэр,
Шхын хуэвымгъалIэ,
Вгъуэтыр къыволъэфIалIэ.
 




Къуршджэд (кеклик, каменная куропатка)

Къуршджэду пщагуэ,
Зи бгъэр къигъэкIа,
Къурш дорэшхэр зи кIуапIэ,
Къуршыщхьэм дэкIырей.
Уи фэ дахэм урогушхуэ,
НэгъуэщI   
              зытомыгъэгушхуэ.
Лъатэхэми уащымыщ,
Шынагъуэ зэрыплъагъуу,
Дорэшым удолъэдэж.
ЦIыв-цIыв жыпIэурэ уоджэ,
Узэджэр умыщIэ.






Шылэджэд, мэкъупIэджэд (куропатка)


И теплъэкIэ джэдрэ,
УкIэлъыплъыжым гуэгушыфэу.
Зи щыгъыныр къуэлэнрэ,
УлъэщIэмыхьэу къэзыжыхь.
Шынагъуэ къызырыхъуу,
Чыцэм зыщызыгъэпщкIуж.
Лэтэнущ хуэмыхъуу,
Шынэгъуэр блэкIыху.
Абы и цIэр шылэджэдщ,
Джэдым нэхърэ нэхъ Iущщ.



Щылэджэдхужь (белая куропатка)

Шылэджэд хужь,
Сыту удахэ.
Сыт щыгъуи жьыуэ зыбоужь.
ЩIыIэри хзуабэри,
Сыт щынъуи уи зэхуэдэщ.
ШIымахуэм ухужьдахэщ,
Уи фэри умыхъуэж.
ЩIылъэми уэгум итхэми,
Тафэджэдхэри къощакIуэ,
Бажащхъуэми укъелъыхъуэ,
ЩакIуэхэри уи яужь итщ.
КъэкIыгъэр уи шхыныгъуэщ,
Гъуэмыли зывогъэпэщ,
ЩIымахуэр къэсым,
ГъэтIылъар къыбощтэж.





Адэжынэ (коростель, дергач)

Адэжынэу губгъэ джэд,
ДахэкIейуэ зыкъизых.
Удз кIырыр зи кIуапIэ,
Хьэпщхупщыр зи шхыныгъуэ,
Джэдыфэ зытету къэжэхьырей,
ЩакIуэхэм яхъуэпсапIэ,
Хьэхэр зыкIэлъыпхъэр,
ПщафIэм и Iэнэтелъхьэ.
Зэм быбыщ макъкIэ уаджэ,
Языныкъуэми сабий макъщ.
               

 





НатIэплъджэд  (султанка)

ЗыбгъэтIеIуэ уэ инышхуэр,
УщохьэщIэ псыIуфэм.
Чыцэ Iувми ухохьэ,
Псыми ущощакIуэ.
Уи натIэ плыжьымкIэ,
Хэти укъецIыху.
Ухуейми ущолъатэ,
Уафэгум уешыху.
КъэкIыгъэхэм ухошхыхь,
Гъудэ-бадзэхэри      
                дыбогъакIуэ,
Фи шхыныгъуэми хывогъэхьэ.
КIыфI зэрыхъу фыкъофэ,
ФыкIийуэрэ фызэрызэхьэ.



Къамылджэд (камышница)

ЩIакIуэ фIыцIэр щыптIэгъауэ, 
Къыбожыхь лъапэ гуахъуэхэр 
                бупцIыу.
Къамылджэду абрагъуэ,
Псы ерсынкIи уIэзэщ,
Шхынлъыхъуэ уокIуэ,
Псым куэду къыхох.
ЩIыIэм ущошынэ,
Ар къызэрыблагъэу,
Гъусэ уиIэу уолъэтэж,
                ХуэбапIэми фокIуэж.






Къэшыргъэ (коршун)

Уи пэнцIывыр кIэщIми,
Уи дамэхэр кIыхь дыдэщ.
Уэ инышхуэр ущхьэхынэми,
ИкIи ушынэкъэрабгъэщ,
Бгъэхэм уагъэшынэ,
Ахэр къыпхуеуэми пшынэ.
Уизакъуэмэ зыбогъэхъу,
УзтекIуэнум зыпыбошэ,
Я нэри ибощI, ухумеймэ,
УмыщI пыхъуэпышэ.
ЦIыру-цIыру жыпIэурэ уоджэ,
Узэджэри узэфийри умыщIэ.








ПцIащхъуэ (ласточка)

Уэ къеблагъэ ди пцIащхъуэ дахэ,
Къыхэдзэ, уи  уэрэдхэми дегъэдаIуэ.
ЩIымахуэр хъуащ нэхъ махэ,
Къихьащ гъатхэри,
                ди деж къакIуэ.
ПсынщIэрылъатэу пцIащхъуэ цIыкIур,
Уэгум щызожэ зыри
                лъэщIэмыхьэ.
Ди пкIэунэм щищIащи абгъуэ,
И шыр цIыкIухэри щегъашхэ.








Хьэ пцIащхъуэ (стриж)

ПцIащхъуэ, пцIащхъуэ,
Зи фэр къащхъуэ,
ЩIылъэм темытыф,
Зи гъащIэр уэгум щызыхь,
Зи нитIыр набгъэ,
Япэ итыр зымылъагъу,
ГъущI кIапсэр зи хъринэ,
И нэм фIэнэр къэзубыд,
Уэрэдыр къришу мэкIуэж и унэ,
 И пшынэр игъэбзэрабзэу щIохьэж.
               







Щу, бжьэшх  (щурка золотистая)


Дыщафэ плъыфэу удахэщ,
Щхьэх умыщIэу уолажьэ,
Къэблэжьыр цIыхум и зэранщ,
Бжьэхэр уи шхыныгъуэщ,
Дыгъуэныр уи хьэлыжьщ,
Лъапсэрыхыр къахуогъакIуэ.
ПIытI-пIытI жыпIэу уоджэ,
УщIэфиежу уобзэрабзэ.
Уи бзэр нэгъуэщIым ямыщIэ.























Бжэндэхъу (скворец)
 
Гъхатхэр къэсати,
Бжэндэхъухэр къежьащ,
Я псэупIэр хьэзырти,
КIуэри щIыхьэжащ.
И унэр быдэщ,
И шхынри куэдщ.
ФиинкIэ Iэзэщи,
И жьэр мыувыIэ.
Ди пщIантIэм къыдыхьауэ,
Зыгуэрхэр  къещып,
И жьэм жьэдэлъу,
И шырхэм яхуехь.







Джэд къулэн  (щегол)


Джэд къулэну цIыкIунитIэ
ПщIыпщIыжу къэзыкIухь.
Уэрэд жыIэнкIэ Iэзэ дыдэ,
Къыпеуэ Iауэ зымыдэ.
Уи щхьэр дадийуэ,
Узыхэтми уахэмыгъуащэ,
Уи фащэмкIи уакъыхощ.
Къуалэбзухэм яхэмыт,
Уэ нэхъ зызыгъэгуащэ,
ЦIывитI, цIывитI жыпIэурэ
Уи гъусэхэм уоджэ,
 Узэджари къоджэж.

               

ХытхьэрыкъуэщхьэфIыцIэ (хохотун черноголовый)


Уи щхьэфIыцIэ къэдабэр,
ТкIийуэ шэщIауэ,
Ущолъатэ уэгум.
Уи дамэ кIыхьыхэр тебгъауэу,
ЩIомыгъаплъэ зыри уи нэгум.
ЩIылъэм укъокIуэжри,
Псышугъэ Iуфэхэр къыхыбох.
Фи шхыныгъуэри куэдщ,
Бдзэжьейхэр, гъудэ-бадзэхэр
Фи Iэнэм сыт щыгъуи телъщ.
Гуп фызэрыгъэхъуауэ,
ПсыIуфэм фытетщ.
ИнагъкIэ куэдым фатокIуэ,
ИтIани шынагъэр къыфтокIуэ.





Дудакъ (дрофа)


Нэкъэ дакъэу дудакъ пIащэ,
Пщэгъум дахэ зиIэ,
Уэ пIащагъкIэ уакъыхощ,
КIэбэринэу зыбогъэтIей,
Зи пащIитIыр кIыхьыбзэ,
Зи бзэри фIэрафIэ,
КъэкIыгъэр зи шхыныгъуэ,
ЩIылъэр зи хэщIапIэ,
Ухуейми ар уишхапIэщ.
Жэмыжь буукIэ бощIыр,
Псы къиуауи укъокъуалъэ,
Зыхэзыххэм я гур хощIыр.



БгъэжьэкIацэ (бородач)

Уэ жьакIацэу кIэдыкъууакъуэ,
Зи теплъэкIэ шынагъуэжь.
Зи псэупIэр къурш дыкъуакъуэ,
Псэущхьэлыр зи шхыныгъуэ,
Ныкъуэдыкъуэ хъуахэм,
Мыгъуэр къыхуэзыгъакIуэ,
Зыми ящымышынэу къэзыкIухь.
Уи нэжанымкIэ псори зылъагъу,
Иубыдари зыIэщIэмыкI.
И закъуэу бгыщхьэ уэгум,
Щыуфэразэ ущIимыгъаплъэу,
                и нэгум.
Зи псалъэр бзумакъ ещхь,
Зэми уи цIу-цIур зэхыбох.








Ныбгъуэ (перепел)   



Губгъэ нэщIым ущоджэгу,
Гум ирихьу уэрэд жоIэ,
ЩIыунэр уи абгъуэщ,
ЩIымахуэм удэмыджэгу,
ЩабэрыкIуэу къыбокIухь.
Жэщыр уи кIуапIэми,
ЩакIуэхэм укъалъыхъуэ,
ФочауэкIэ урахужьэри,
Хьэхэр къуаушт,
                ныпкIылъожэ,
Жыжьэ унэмысуи укъаубыд,
Я Iэнэми утралъхьэж.


 

















 Мэзкъанжэ, ЦIикъ (Сойка).

Мэзкъанжэу дахащэ,
Зи хьэлкIи щэныфIэ,
ЩтэIэ щтаблэу къэзыкIухь,
Шынагъуэ плагъум уокIуэтыж.
Хьэпщхупщхэр зи шхыныгъуэ,
ЩIымахуэм хуэгъэтIылъэ,
БгъэтIылъари къыбощтэж.
Жыгей мэзыр уи кIуапIэщ,
МышхумпIэхэр богъэтIылъ,
УмэжалIэм уи гъуэмылэщ.
КIэщIу жыпIэмэ,
           псэукIэм ухуэIэзэщ.
Уи бзэр хьэбанэ макъкIэ,
ГъэнщIащи уокIакIэ.

















  БзуупцIэ (дрозд)

БзуупцIэ фIыцIагъуэ,
Фийуэ, кIийуэ къэзыжыхь,
Дыгъэ къуэкIыгъуэм,
Уэрэдыжьыр къизыш.
Шырхэр зыгъэдахэ,
Хамэ бгъэдумыгъыхьэ,
Хьэр банэм IуогъэзыкI,
КIий-гуоууэ йожьэж.
Уэрыд жыIэнкIэ Iэзэ,
Зи бзэр дахэу зыгъэбзэрабзэ,
Хамэ илгъум щегъэтыж.


 
 





БзуупцIэкIэплъ  (пестрый дрозд)               
      
Дыщафэ плъыфэу,
Щыгъын дахэ уиIэщ.
Уэрэды къипшыфу,
Хуабжьу уIэзэщ.
НэгъуэщIхэм запэпщIыжу,
Язныкъуэми уэрэд къыбош.
ЩIылъэр уи кIуапIэщ,
Абы щыбощI абгъуэ.
Бжьыхьэм дыкъывогъанэри.
ХубапIэмкIэ фокIуэж.
Гъатхэр къэсыху дыфпоплъэ.
               





Губгъэбзу (чекан)

Уафэгум ущакIуэу
ПсынщIэу къолъэтыхь.
Гъуди бадзи къомыгъанэу,
Уи шырхэм къахубохь.
Удзыщхьэм тыбощIыхь абгъуэ,
Ар уи псэупIэщ.
Уэрэд дахэу къипшым,
ЦIыкIухэр йодаIуэ.
ТIуэ-тIу, кIыкъ-кIыкъ
Макъым фещI фэ наIуэ.
Хьэпщхъупщ фишхыныгъуэу,
Губгъуэм щывощыпри,
Бынхэм къахувохь.
Гъэмахуэм удихьэщIэщ,
ЩIымахуэм фогъэзэж.




   Бзукъуэлэн (чиж)


Бзукъуэлэну зи фэр дахэ,
Уэрэд жыIэкIэ уIэзэщ.   
ЖыгхьэпIацIэхэр  жыгым
КъыхощыпыкI Iэзэу.
Уи шхыныгъуи ар мэхъу,
АбыкIи сэбэпи уохъу.
ФыщIыIэрысщи фолэтэж,
Бжьыхьэр къызэрихьэу.
Уэздыгъей жыгым утесу,
Уи гъусэхэм уадожьу.
Фи абгъуэр быдэу,
Жыг къудамэ цIыкIухэмкIэ
                псыхьащ,
Удз гъущэхэр фи щIэлъыну.



Бзуудзыфэ (зеленушка)


Бзуудзыфэ цIыкIу,
ДыкъомыщI уэ емыкIу,
Уи гугъу тщIынущ нобэ.
Уэ цIыкIум уи бзэ дахэм,
СфIэфI дыдэщ седэIуэну.
Гъатхэ махуэм удоуш,
Сэри сыкъыбогъэуш,
СодаIуэ,  содаIуэ уи уэрэдым,
Хьэблэри уи макъым щIодэIу.




 БзужьгъейцIыкIу (пичуга)
Уэ жьгъей цIыкIур,
Дэнэ укъикйа?
Сигъаплъэт уи нэкIум,
Сытым укъыхэкIа?
Хугу тIэкIуи пхуискIутынщ,
Къэщып уэ къакIуи.
Фухым иджыри уэстынщ,
 Едзакъэ  зыбгъэнщIыху.
ЗэранщIакIуэ гъудэ-бзухэм,
Урабийщи къомыгъазэ,
Уозауэр щхьэмыгъазэу.
Уэ нэфIыцIэцIыкIур,
Укъытхуохъу дэ сэбэп.
ФыкъакIуэ, къэвгъэзэж,
ФхуэтщIыщ бзушхапIэ.
Къэфщыпыни щывгъуэтынщ,
Фи урэдхэми девгъэдаIуэ.






 Бгыкъэщ    (чечетка)

Уи пыIэ плъыжьыр,
Щхьэщыгум тегъэсащ.
ЗыбгъэщIагъуэу уэ иныжьыр,
Уэрэд жыпIэу уесащ.
КIытI-кIырытI жыпIэурэ,
Утесщ жыгыщхьэм.
Гуп фызэрогъэхъури,
Жьыжьэ уолъатэ,
Зебгъэщхьу кхъухьлъатэм.
Бзиху жыгыр уихэщIапIэщи,
Абы пэпщIын щымыIэ.
ЩIымахуэр къызэрыблагъэу,
Зыкъываощтэри фокIуэж.


     Бжыхьэджэд  (вальдшнеп)
Бжьыхьэ джэду дыдыпэ,
Дзасэм хуэдэу папцIэ.
КъэкIыгъэ жылэхэр къощып,
Хьэмбылухэри нэхъ къощтэ.
Гъатхэ къэскIэ фыкъокIуэж,
ЩIыIэр къызэрысу фогъэзэж.
ЩакIуэхэр фи яужь итщ,
Фыкъалъыхъуэ фоч яIыгъыу,
Шхын Iэнэм фытыралъхьэ,
Зывущэхуауэ фыпсэуми,
Гугъу емыхьу фыкъагъуэт.

               

Псыкъуаргъ (зимородок)
Псыкъуаргъыжьу ныбэкъыжь,
ПсыIуфэ къуацэм укъыхоплъ,
Уи пыIэ Iувыр тегъэсауэ,
Уи нэр къижу укъызоплъ.
КIритI-кIритIэ жыпIэурэ,
КъхикIыр сымыщIэу сыноплъ.
Убдзэжъеящэ Iэзэщи,
Уи пэ дыдымкIэ уощакIуэ,
Шхын куэди къхыхыбох,
Зыгуэр зэрызыхэпхыу,
Пабжьэ Iувым ухохьэж.
Бжьыхьэ къызэрысу,
Узэрысым укъокIыж,
ХуэбапIэм зыботыж.





Пшэплъхуэусэ  (зарянка)

Уи нэшхуитIыр къицIыщхъукIыу,
Укъызоплъ ушынауэ.
Уи кIэ цIыкIу щхъуэкIэплъыкIэр,
КъопIий уи щIыб къэбгъэнауэ.
Пщэджыжь нэмэзым укъоушри,
Уи уэрэд цIыкIур къыбош.
Сэри сыкъыбогъэушри,
Уи пшынэим сигуапэу содаIуэ.
Хуабэр къобэкIамэ псым,
Ухохьэри зогъэпскI.
Уизакъуэу упсэун уфIэфIщи,
Зыбущэхуауэ ущысщ.
СымыщIэу сыпхуэзамэ,
СыкъэпцIыху хуэдэ укъызоплъ.
 


Уэрэдбзу (соловей)

Уэрэдбзууэ зи бзэр IэфI,
Уи пшыналъэр псоми йофIэкI.
Уи мэкъамэ дахэм,
ЩIэдэIу псори дехьэх.
СедэIуэнт игъащIэкIэ,
А уи уэрэд кътпшхэм.
Хэслъхьэнт си  сиусэ цIыкIухэр,
Къипш  мэкъамэ дахэм.
Гъунэгъуу сынакIуэу бдэркъым,
ЗанщIэ ущIопхъуэж.
Гъуэмб дахэ уи быдапIэщи,
                УокIуэри зыбогъэпщкIуж.
 



БзубацэкIыр (киви)
БзубацэкIыру дамэншэ,
Шыдым хуэдэу угъэшащ.
Мэлым хуэдэу убацэщ,
Уи лъакъуэ иныр щIэшащ.
Уи пэ кIыхьыр  шиящи,
УмувыIэу уолъэпхъащэ.
Жэщыр уикIуапIэщи,
Зыми зомыгъэлъагъу.
Хьэри, джэдури уибийщи,
ФIыуэ уамылъагъу,
Уашхыну уи яужь итщ.
Унабгъэщи зыри умылъагъу,
Уи тхьэкIумэр жанщи,
Псори захэпхыу уодаIуэ.






МэкъупIэджэд  (авдотка)               

Благъуэм ещхьу
Уи кIэр болъэф.
Уи нэшхуитIыр къижу,
Жыжьэ уоплъэф.
Жэщыр уи фIэфIщи,
Махуэр уи зыгъэпсэхугъуэщ.
ЩIылъэм абгъуэ щыбощIри,
УокIуэри уотIысхьэж.      
Хьэпщхупщхэр уи шхынщи,
ЗумыгъэмэжалIэу уолажьэ.






Бгъэнбзу (камышевка-барсучок)

Бгъэбзу цIыкIуу цIыкIунитIэ,
Сыту Iейуэ зыбгъэщIагъуэрэ.
ЦIыр-цIыр, тIыр-тIыр жыпIэурэ,
Къыбожыхь ущIихьауэ.
Язныкъуэми тIыкIу, кIыр-кIыр,
ЩыжыпIи къыхохуэ.
Гуъдэ-бадзэр уи шхынэгъуэщи,
Абы пэпщIын щымыIэ.
Къэмыл чыцэм щыбощI абгъуэ,
Языныкъуэми прунж хьэсэм,
Ухэсш шхын уолъыхъуэри.
Ауэ щIыIэм ущошынэ,
ХуэбапIэмкIэ уолъэтэж.







Бзудэгу (глухарь)               
               
 
Бзудэгужьыр зэрыин,
Хьэлъэзешэм хуэдэщ.
Зыгуэр илъагъум мэпIе-тей,
И кIэбаринэри егъэтIей.
ЖьакIэ фIыцIэщхуэ тетщи,
ФIэгъэщIэгъуэну егъэпIи
Зи пщэ кIыхьыр хэзышу,
Зи  нитIыр жыжьаплъэ,
Жыжьэ псори зылъагъу,    
Мэзыщхьэр зи кIуапIэ,
МыувыIэу тIыкъ-тIыр жызыIэ, 
НэгъуэщI уи пшынэм къымыкI.
   


БзукIэплъ (горихвостка)

               
БзукIэплъу дэхащэ,
Лынждыжу мэцIу,
Жыг-мэзхэр зи кIуапIэ.
И макъ цIыумкIэ,
Уэрэдыр къизыш,
Жэщ-махуи имыIэу,
И макъамэр зыпеш.
Жыг гъуанэр зи псэупIэ,
УимыIэ гъэпсэхупIи.
УокIуэ, уокIуэ уолажьэ,
Къэблэжьари пфIэмащIэщ.
Гъудэ-бадзэр уи  шхынщ,               
Хьэпщхупщыри дыбогъакIуэ.


Къыу (лебедь)

Къыу пщэкIыхьу дахащэ,
Зигъэдэдийуэ псым тес.
Пэжыгъэр зи гуращэ,
Инри цIыкIури зыхуэгуфIэ.
***йми латауэ къекIухь,
Ди махуэр зыгъэдахэ,
Зи гур къабзэу, зи бзэр IэфI,
ФIэрафIэу къытхуогуфIэ,
Ди фIыми щыдымгъащIэ.








  Къуршыбгъэ (гриф)

Къулэбзухэм я иныжь,
ЩIэфиежу къелъэтыхь,
Зи лъакъуитIыр пхъэIэпэ,
Зи пщэпцIанэжьыр хэзыш,
Емышу зыгуэр мэлъыхъуэ,
ПсэхэлIэ хъуахэр и шхынщ,
Къурш дорэшхэр зи тIысыпIэ,
ИпIэм имзэгъэжу къэзущыхь,
Зи тхыцIэр фIыцIафэу,
Щыхьым хуэдэу бланэ,
Зи джэдыгур бэлацэ,
Зигъэпщыжу дэни мэджадэ.






Къущхьэхъубгъэ (беркут)
ПсынщIэрылъатэу бгъэин,
Бгъэ псом ятежу мэлъатэ.
Зи лъакъуэ хьэнцэр бэлацэ,
Цыуэ тетыр дыщафэ,
Дыгъэм пэлыду мэцIыу.
Зи нэжанымкIэ жыжьаплъэ,
Махуэм псори къэзылъагъу,
Илъэгъуар къэзыщтэ,
ЩтэIэщтаблэу шымыт.
Жэщым къаплъэнэфщи,
Зыри плъэмэ имылъагъу.
Уэздыгъей жыгышхуэм,
И щхьэщыгур и тIысыпIэщ,
Гъэ къэскIи егъэщIэращIэ,
И абгъуэунэр.





Борэнпежьэ (буревестник)

Тенджыз щхъуантIэм щIыгум,
Ущолъатэ кхъухьлъатэм хуэдэу.
Зыгуэри къыщIэхуэмэ уи нэгум,
Упоув лъабэкъуэхъу зыпщIауэ.
Ухуейми кхъухьым хуэдэу,
УщызокIуэ тенджызым.
УощакIуэ бдзэжьей хэкIым,
Ар уишхыныгъуэ япэщ.
ЩIылъэм къыщыпкIухьыныр,  Сыт щыгъуи уи жагъуэщ.
ЩIыIэр къызэрысу,
                ХуэбапIэмкIэ уагъазэж.



Къэргъей (сапсан)
Уи дамэр убгъауэ,
Уи кIэмажьэр,
хуэдэщ жьыхум,
Шэ цIыву уолъатэ.
Жгъей цIыкIухэм,
Гу къыплъатэм,
АдкIэ-мыдкIэ зыщIадзэ,
Бэлэрыгъахэм уатоуэ,
Шхыныгъуи бощI.
Дэни ущопэкIу,
Бгылъэ мэзхэр,
БощI хэщIапIэ.
Фыщыхуейми,
                Фыкъыдохьэ къалэм.
                ЩакIуэхэми,
                ФадоIэпыкъу зэзмызи.




Къурш гуэгуш (улар)
Къуршыщхьэр псэупIэ
                пщIащи,
Зыри къыплъымыIэс,
Лъагэу зыпIэтащи,
Фиижу къыбокIухь,
Ущыхуейми щIылъэм ущотIыс.
Зэзэмызи Iэщхэм уахохьэ,
Узыхыхьэр къэкIыгъэмэ,
Ар уи гъуэмылэщ,
Уи шхыныгъуэ лъапIэщ.
Езыр псалъэгъуейщи,
Зыри къыжьдэмыкI.

         



ПсыхэуэщIыбыпцIэ (аист)

Псыхэуэ щIыбышэ,
ЛэгапIэр зи унэ,
Хужьыбзэу хуэпа,
УкъэкIуащ ди унэм,
Абгъуи тепщIыхьащ.
Лъакъуэ кIыхь Iушэ,
Дамэшхуэ зытет.
Псалъэн зижагъуэ,
ПэкIыхь шыбжиипэ,
Гъатхэр къэсым,
ВжыдоIэ фыкъеблагъэ.
Матэ цIыкIум сабий ису,
Хуэсакъыу къыбохьэкI.







Псыхэуэ (цапля)

Псыхэуэу лъакъуэмастэ,
Зи пэ папцIэ кIыхьымкIэ,
Псым ухоуэ, ухоIэбэ,
Бдзэжьей цIыкIухэр къощып,
Уи жьэм ждогъэлъадэ.
Жыгыщхьэр и унапIэщи,
Жэщыр щегъакIуэ.
КIий-угуо щхьэкIэ,
Зыри щымышынэ,
Зыгуэр къыхуэзамэ,
ДамэкIэ жьэхоуэ,
ЗехъунщIэ, топкIэ, тоуэ.
КIур-кIур жиIэурэ мэшхыдэ,
КъефыщIауэ Iауэ имыдэ.



ЦIыжьдадэ (синица)
ЦIыжьдадэ, цIыжьдадэ жыпIэурэ
Укъоджэ пщэджыжь къэс.
Гъатхэ махуэм упежьауэ,
Уи зэманри къыбогъэс.
Уи джанэ дахэр мэцIыу,
Уи щхьэфIыцIэ къуэлэныр,
Дэхащэу уи джанэм йокIупс.
Апхуэдэурэ гъащIэри макIуэ,
УздэкIуэри дымыщIэу.
Утесщ ди жыг мэракIуэм.
ГъэщIэгъуэнщ уи макъыр,
УкъызоцIыху абыкIэ.
Уафэм ис къыум нэхърэ,
Гъудэ-бадзи къомыгъанэ,
ЗэранащIэхэр богъэкIуэщI.
Дэнэ щыIэри къыбогъуэт,
ЯхуумыщI зыми гукъанэ.

 


 КъуршцIыжьдадэ (гаичка черноголовая)

Бзу щхьэфIыцIэ,
ПIырыпI цIыкIу.
 ЩIылъэми уэгуми,
***ту къыщызыжыхь.
КIыри кIыри, си-си,
ЖыпIэурэ уэрэдыр
                къыбош         
Язныкъуэми тIи-тIи, цIм-цIи,
Уи макъым зыпош.







ЦIыждадэщхьэбацэ  (гренадерка)       

Уи щхьэбацэр пIийуэ,
Уи кIэр богъэтIей.
ЦIытIыр-цIритI жыпIэурэ,
Уохъур пIей-тей.
Гъэмахуи щIымахуи,
Уи псэупIэм уимыкI.
Жыгкугъуанэр бощI,
УнапIэ псэупIэ.
Язныкъуэми нэгъуэщIым,
И псэупIэр къыбоубыд,
Ар быдапIэу къыпщохъуж.
Уэздыгъей мэзыр,
ПсэупIэу къыхыбох.
Сыт жаIэми зэхыбох.





 
 Псыджэд (лысуха)

Псыр зи зекIуапIэ,
Быбыщыфэ зытет,
ГъущапIэр зыфIэмыфI.
Хужьыбзэр зи натIэ,
Гъатхэр уи кIуапIэщ,
Псышэдым уохъуапсэ,
ЩымыIэ уздынэмыс.
Зи щыгъыныр фIыцIафэ,
Зи фэр зымыхъуэж.
ЩакIуэхэр къыппожьэ,
Ушынауэ ущIопхъуэж.
Лъэтэн уижагъуэщи,
Лъэсыр нэхъ къыбощтэ.
Къамыл Iувыр уи кIуапIэщи,
ТIыкъ-тIыкъ жыпIэурэ, ухохьэж.
               


    БзупэкIыхь (бекас)
 
БзупэкIыхьу щIэращIэ,
Щэху цIыкIуу къэзыжыхь,
Зыри зылъэщIэмыхьэ.
Уи ныбэ щизым деж,
Зыбущэхуауэ ущысщ.
Уи ныбэр къэблэгъамэ,
Узэхэзежэщ дэни унэсу,
ХьэпIацIэ цIывхэр уи Iусу,
Къыбощып зыри къэмынэу. ЩакIуэхьэхэр уи яужь иту,
УкърахуэкI увыIэ ямыщIэу.
Язныкъуэми фочыр, къыптрагъауэ,
Я шхынгъуэми ухагъахуэ.







 Бзупагуэ (Снегирь)

Бзупагуэ щхьэфIыцIэ,
Сытхэр къыджепIэн?
Сыпхуэзати бзунэфIыцIэ,
Уэрэдыр щIэбдзащ жыIэн.
Ауэ къикIыр мащIэщ,
Узэуэ  пшынэм.
Гъэмахуи щIымахуи,
Уи пIэр фымыхъуэж,
Зы щIыпIи умылъэтэж.
ПкIэ-лъейуэрэ къыбожыхь,
Зыми ущымышынэ.







Хытхьэрыкъуэ (чайка)
Уи дахагъыр гъэщIэгъуэнщ,
УзпащIыни щымыIэ.
Куэд фохъури фобагъуэ,
Уафэ джабэр фи хэщIапIэщ.
Фи кIэкIэныр япэ иту,
Уэгур къывоущыхь.
Зыфплъыхьу, фыщхьэхуиту,
Фызэгъусэу къывокIухь.
Шынэ жыхуаIэр фымыщIэжу,
ФиIэщ фэ гукъыдэж,
ПсыIуфэр фикIуапIэщи,
Абы пэфщIын щмыIэ.
Фи шхэныр нэхъапэщи,
Сыт щыгъуи фощакIуэ.
Фыбдзэжеящэ Iэзэщи,
Псым фыкъыхэмыкI.






Ажэгъупщ (рябчик)
               
Уи бгъэху дахэр япэ иту,
Къыщыбожыхь щIылъэм.
Ущхьэхынэщи лъэтэныр,
Уижагъуэщ зыпIэтыну.
Зэзэмызи жыгым утотIысхьэ,
Шынагъуэ щыIэм къэпхутэну.
Ауэ щакIуэр къыпщымысхь,
УкъаукI шхныгъуэ уащIыну.
КъэкIыгъэр уи шхыныгъуэщ,
ХъумпIэдзэджри щIыбогъуж.
ЩIымахуэм уи щхьэр уэсым, ЩIыбохъумэ зыпхъумэж уигугъэу.
Уи бийхэми зыщыбогъэпщкIу.
Дзыгъуэ цIыкIум хуэдэу,
Уи макъыр цIыур богъэIу.
ЩакIуэхэм укъалъыхъуэ.
Укъагъуэтри укъаубыд.





Псыбзу  (оляпка)
Псыбзу кIагуэ,
ПэфIыцIэ кIэщI.
Псы пхымыкI уи кIагуэм,
ПсыщIагърыкIуэу зекIуэрей.
ЗыщIигъбруэурэ къелъыхъуэ
И бынхэм яригъэшхын.
ПсыIуфэр зи псэупIэ,
Шынэу, фIэщIыу яшхын,
Сакъыу зыщI тIысыпIэ.
Уэрэд жыIэнкIэ Iэзэ,
Зи бзэр бзэрабзэ.
Мывалъэр зыщI псэупIэ,
Ар хуохъур быдапIэ.



Хьэжпсыджэд, псыджэд  (чибис)



Щыхьым хуэду птетщ  бжьакъуэ,
Башым хуэдэщ уи лъакуъэр.
ПсыIэ щIыпIэхэр къыхыбох,
Хэт жиIэри зэхыбох.
Гъатхэ хъуамэ укъытхуокIуэ,
ЩIыIэ зэрыхъуу уобзэхыж.
Гуп фызэрыгъэхъуауэ фожьэж,
Жыжьэ щIыпIэр къыхывох.
Фи- кIий макъыр фогъэIу,
Зэм цIрутI-цIрутI  зыхыбох,
Зэми цIывитI-цIывитI жывоIэ.
ВагъэцIывхэр къывощып,
Гъубгъэхэри фогъэкъабзэ,
ЦIыхухэм фахуохъу сэбэп.




      
Бзугъуабжэгъуэщ   (Свиристель)

КIэфий фепщэу
ЩIылэр къывожыхь.
ФыкъэкIуауэ къалапщэм,
Щыбоухуэ унэ бжыхь.
Гъэ ежьэжа удзхэм,
Фи абгъэр къыхывощIыкI.
НэгъуэщIыпIэ фыкIуэну,
Зыми фхулъэмыкI.






УдыкIэху (дупель) 


Гъатхэ заманыр къихьати,
УдыкIэхухэр къеблэгъащ.
И пэ кIыхьыр шияуэ,
Ди губгъэм щытIысащ.
Хьэпщхупщхэр шхыныгъуэу,
Къыхех адрейхэм нэхъ япэу.
БзупэкIыхьм ещхьыфэми,
Абы нэхърэ нэхъ инщ.
И теплъэр къуэлэныфэми,
Адрейхэм ефIэкIыу къахощ.
Куэдрэ псэлъэн фIэмыфIыу,
И щхьэ Iуэху зрехуэж.


   




 Бжьакъуащхьэ (казуар)

Бжьэкъуащхьэ щхъуантIэжь,
Уи тхыцIэр дэшеяуэ,
КъыбокIухь балэцэжь.
Уэ инышхуэ удамэншэщ,
Лъатэ жыхуаIэр умыщIэ.
Уи туфлъэ лъэдакъэр псыгъуэщ,
Лъакъуэ гъумым лъагэу уеIэт,
ТеплъэкIэ ушынагъуэщ,
Псори къыпщошынэ.
КъэжыхьынкIэ уIэзэщ,
Зыри къыплъэщIэмыхьэ.
Мэз щIагъыр уи псэупIэщ,
Абы шхыным ущолъыхъуэ.
Уи пщэдэлъыр къолэлэх,
Зыбгъэщхъым щIым толъафэ.





Махъшэ джэд – страус

Махъшэ джэду лъагащэ,
Апхуэдизу зомыгъэпагэ.
Умылъатэфми псынщIэу,
Кыбожыхь уи лъакъуэ кIыхьыр,
Улъэтэным хуэдэу зэблэбдзу.
Шым хуэдэу убланэщи,
Шыуейхэр уи тхыцIэм мэшэс.
Шынагъуэ къыплъыIэсым,
Уи щхьэр пшахъуэм 
                щIохъумэ.
Уи псэупIэр хкуэбапIэщ,
ЩIыIэр уэмызэгъ.



Бзупэгъум  (дубонос)


Бзу пэгъуму щхьэгъумыжь,
Щхьэгуэжьыр дэнэ укъикIа?
Уи пэр быдэщ ещхьу, жыгеижьым,
Пхъэ пкъутэнут уэ плъэкIам.
Фащэ дахэ щыпIагъами,
Хуэмыхужьу укъыщIокI,
Уи гъунэгъухэм дзыхь,               
 къыпхуащIами,
ЗыбгъэпщкIуауэ гъащIэр блокI.
Хьэр къобэным ущIопхъуэж,
УздэкIуэнри умыщIэж.
ЛIыгъэу пхэлъри мэкIуэдыж,
Шынэр уи хьэл-щэнщи.
Уи пэ IувымкIэ дэр бокъутэ,
Ар шхыныгъуэу къолъытэж.
Уэрэд жыIэкIуэхэм уахэмытми,
ПсынщIэ дыдэу уолъатэф.








Къаргъей (сокол)
 
Псори  зыIуболъафэ,
Уи пэ папцIэр хыбоукIэри.
ПсынщIэрылъатэкIэ зыри,
КъыптемыкIуэу зызыбодзэ.
УетIысэхамэ ухуэмыхущи,
АдкIэ-мыдкIэ зыщIыбодзэ.
ЩакIуэхэм уагъащтэри,
Уохъу уращэкIуэгъу.
Уи бгъэр къигъэкIауэ,
Хуабжьу зогъэхъу.
Уи псэупIэри быдапIэщ,
Кхъурш дорэшхэм удэсщ.
Ухуейми жыг лъагэр, уи   
                унапIэщ.


Мысырджэд (тетерев)

Мысырджэдыр дахэкIейщ,
И кIэмажьэр шияуэ къекIухь,
КъэкIыгъэхэр и шхыныгъуэми,
ЦIывхэри имыщI хьэрэм.
Пабжьэ лъабжьэр и псэупIэщ,
ЩIакIуэ фIыцIэр теубгъуауэ,
Жэщ зэрыхъуу мэгъуэлъыж.
ЩIымахуэу уэс къесамэ,               
Жыг къудамэхэм пошхыхь,
Шхын лъыхъуэу къеущыхь.
И уэрэдыр псы къэкъуалъэм,
Хуэдэу макъ гуэрхэр егъэIу.



 




Бзупэбжьэмий  (альбатрос)
Къхъухьлъатэ щIыкIэу,
Утесщ псыщIыIум.
УтолъэтыкIри зыбоIэт, 
Зыри уияпэ йомыгъэт.
Хэхауэ зы псэупIэ
ЗэикI уимыIэ,
Дэнэ фыхуейми,
УощI хэщIапIэ.
Сыт щыгъуи уизакъуэщ,
 Гъусэ зыри умыщI.
Убдзэжьейящэ Iэзэщ,
Сыт щыгъуи уощакIуэ.
Ущымышынэ хэт къыпхуэзэми,
Уи лъэщагъымкIэ уатокIуэ.
   

Бзупэджыдэ (тукан)
Хэту пIэрэ пэджыдэм,
Уи фэр дахэу зылар?
Къащти уи пэджыдэр,
Къутэ пхъэ куэду.
Уи бгъэр гъуэжьрэ.
Уи пэр кIыхьу,
Утесщ жыгкъудамэм.
Пхъэщхьэмыщхьэ шхыныгъуэу,
Сыт щыгъуи хыбох.
Хэт къокIуэлIэми гъунэгъу,
Я лъэмакъыр зэхох.
ЦIыхухэм фабгъэдохьэ,
Шынэ жыхуэIэр хэмыту.
Хьэблэр къэвгъэушу,
Уи макъ къызэрихькIэ,
УокIий зэпыпшу.
ШхынщабэкIэ урещыщ,
Быдэ бгъуэтамэ хыфIыбодзэ,

 




Мысырбзууплъ (ибис алый)



Бзуплъ дахэу плъыжьыщэ,
Хэту пIэрэ плъыжьу узылар?
Мэз шэдылъэр къыхыбох,
НэщI щIыпIи къыхомых.
Бдзэжейр уи япэ шхыныгъуэщ,
Псым куэду къыхыбох.
Гуп гупу къывокIуыхь,
Хэт къакIуэми зэхыбох,
Гупу фапыщIоувэ,
ЗыкIи фымыгузавэ.







Мысырбзухужь (белый ибис)

Уи лъэпкъэгъухэм уахуэмыдэу,
Уи фэрхужьу лащ.
Уи пэ кIыхьыр хуэдэу дыдым,
Iэмэпсымэу къыпхуэнащ.












Къажьыкъ (жулан)

Уи щхьэ сырыхуэфэрэ,
Уи щIыбыр морафэу,
Уи кIэкIыхьрэ шияуэ,
БощIыр зы унафэ.
Жыг къудамэм,
Утесщ зуплъыхьу,
Зыбоплъыхь, уахоплъэ,
Нэхъ лъэрмыхьыхэр,
Къыболъагъу занщIэу.
Шыр цIыкIухэр бофыщI,
Ар уишхыныгъуэщ,
Бадзэхэм нэмыщI.
ЩIыIэр къызэрыблагъэу,
ХуабапIэмкIэ уоблагъэ.



Бгъащхъуэ  (ястреб)            
               
Бгъащхъуэ нащхъуэ шынагъуэжь,
Къуалэбзухэм я псэр хэзых.
Зыгуэр уэ къощакIуэ нэужь,
УтхьэкIумафIэщи захох.
Уи нэм къилъэгъуам,
Уи дамэжьитIыр тебгъауэу,
ШэцIывым хуэдэу зыбодзых,
ЗанщIэуи и псэжр хыбох.
Мэз къуршхэр уи кIуапIэщи,
Псэуалъэ быдэ хыбощIыхь,
Шынагъуэ плъагъум уобзэх
Псоми уратхьэмадэу къыпщохъу.               









БанэщIэж  (лесной конёк)

БзууфэщIыкIэу,
ЗыбгъэщIагъуэу къожыхь.
Уи унагъуэм мэз лъапэр,
ПсэупIэу къыхывох,
Хэт жиIэри зэхэвмых.
ЖыгщхьэкIэм фытесу,
Уэрэдыр къывош,
Зыкъывощтэри фожьэж.
Уэздыгъей мэзыр фикIуапIэщ,
Бгылъапэми фыдохьэ.
ЦIыв-бадзэхэри фогъэкIуэщI,
ЩIыIэ зэрыхъууи фолъэтэж,
ФыздэкIуари ямыщIэу,
Псори фокIуэдыж.
 



















БзупщэлъакъуэкIыхь  (фламинго)
Сыту улъэгащэ,
Уи пщэри сыту кIыхь.      
ПсыIуфэм ущопэшащэ,
Махуэ кIыхьым.
ЖэщкIэрэ уожей,
Лъакъуэ лъэныкъуэкIэ, Умыджалэу ущыту.
Гупышхуэу фызрогъэхъу,
КъыфтеуэIамэ зывохъумэж.
 


               


   
















       


























Сэрахъэ Александр
Александр Сарахов



ДУНЕЙ  КЪУАЛЭБЗУХЭР

Научно-художественное издание


ЦIыкIухэм папщIэ
Издание  для  детей



Текст представлен в авторской редакции.
Фотографии взяты из различных источников.
Сурэтхэр хэкIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къитхащ.





Подписано к печати __.08.20I5 г.
Формат 2I;30I/2.     Усл. печ. л. 3,22.     Уч.-изд.л. 5,6.
Печать цифровая.  Бумага офсетная. Гарнитура Times New Roman.
Тираж I00 экз.





Отпечатано с готового оригинал-макета
в ООО «Издательство «Зебра»
355045, г. Ставрополь, ул. Пирогова, 20а
Тел./факс  (8652) 226-007, моб. (9682) 662-007
E-mail: zakaz@zebra-pub.ru
http://www.zebra-pub.ru



* * *


Рецензии