Гунэс повестым щыщ пычыгъуэ

Повесть "ГУНЭС" на черкесском (кабардинском) языке

– ПщIэжрэ, дыщэ лъэрыгъ пфIэкIуэдар къызэрыплъыхъуар? – и гукъэкIыжхэмкIэ зыхуегъазэ Алихъан и щхьэгъусэу щытам.
– СощIэж.
– Абы щыгъуэ лъэрыгъыракъым уэ къэплъыхъуар.
– Сыт къэслъыхъуар?
– Уи псэ гугъу ехьым иунэщIар из зэрыпщIыжынщ къэплъыхъуар. Лъэрыгъыр фIэгъэнапIэщ, щхьэусыгъуэр нэхъ куущ. Сэ абы щыгъуэ иджыри фIыуэ сыкъэплъагъуртэкъым, ауэ уи псэр зэхэзехуэн ищIат уэ езым къыбгурымыIуэж гурыщIэм.    ЗэрымыщIэкIэ я Iэ зэлъэIэсахэм тIури мафIэ лыгъейм хидзащ. Щхьэгъусэр къыщылъэтри унэм щIэкIащ. ЦIыхубз цIыкIум хьэуа къабзэ къыIурыуам гухэлъ къызэщIэхъеям ирихужьа и гур нэхъ къызэтригъэувыIащ. Жэщым дахагъ бгъэдэлъым псэ зэхэзехуэн хъуар тригъэсэбырат. ЩIыхьэжыну зыкъыщигъазэм гу лъитащ мазэм гъуэгу хишам къыхэщ удзгъэгъа абы пэлыдыр. Ар розэт. ИкIи и закъуэт. Малъхъэдисым зэщIишам нэхъей, ар бгъэдыхьэри етIысэхащ тхьэмпэхэм едэхащIэу. КъыкIэлъыщIэкIа щIалэр адрей лъэныкъуэмкIэ къэтIысащ, ауэ нэхур абы и деж нэсыртэкъым. Дауэ къыбгурыIуэн удзгъэгъамрэ пщащэмрэ нур къащхьэщихыр? Ахэр уэздыгъэшхуэм хуэдэу къащхьэщыгъуэлъхьа мазэм кIыфIым сыт къыщIыхипхъуэтыкIар? Зэрызэщхьхэр къигъэлъэгъуэну ара? ТIури зэуэ уафэм дэплъеящ: уэ уришыпхъущ жэщым, вагъуэхэм, сэ – махуэм срикъуэшщ. Я гум къыщепщэ лъагъуныгъэм и жьым зэхэзехуэн ищIахэщ. Ар дауэ яхъума хъуну?
– Дауэ къозгъэщIэну, Мадинэ, си гупсысэхэр апхуэдизу щIэхьэлъэр? Сыт хуэдэ псалъэкIэ убгъэдэслъхьэн си гурылъхэр? Сыт уэ си нитIым къыпхуиIуатэр уи фIэщ щIэмыхъур? Е хъурэ? ЛIыгъэ къысхэлъхьэ уи фIэщхъуныгъэр пхуэзгъэбыдэну. ТIури дызыщIэхъуэпсыр зыщ: ди гъащIэр зэдэтхьыну.
– Сыт хуэдэ псалъэ зэрыпхуэсIуэтэнур пхуэсщIа гухэлъыр? Лъагъуныгъэм зричри, къыткIэлъыщIыхьащ, бгым къэувыIэ зымыщIэу къех уэсукъуым зыхуэзэр зэрыщIихъумэм ещхьу дыщIихъумащ. Ауэ кIуапIи-жапIи къыдитыркъым уи анэм. Сыт хуэдизкIэ фIыуэ сыхущымытами, игу сыдыхьэфакъым.
– ФIыуэ сытым дежи дызэрыгъэлъагъу, – жеIэ Алихъан.
– ИтIанэ тIури дыщхьэхуит? – щIоупщIэ пщащэр.
– Ар дауэ? Дыщхьэхуиткъым.
– Сыт зэрытщIынур щхьэхуитыныгъэ къозымыт лъагъуныгъэ?
 – Лъагъуныгъэм къэлэн гуэр къытхуегъэув.
– Сыт хуэдэ?
– Ар тхъумэну.
– Пхъумэн лъагъуныгъэ сыхуейкъым сэ. Сэ си щхьэм дзыхь хузощIыж. Уэ пхузиIэ лъагъуныгъэм нэхъ лъапIэ сыт щыIэ?
– СынолъэIунут зыгуэркIэ.
– СыткIэ? – КхъыIэ, мы джэдур зэпIэстхъа джинс гъуэншэджыр щомытIагъэ. Нэхъыжьхэм къагурыIуащэкъым апхуэдэ зыхуэпэкIэ. ЗыщIыпIэ урикIуэркъым, сощIэ, унэми уридэмыс, – Алихъан и лъэIур нэмысынкIэ зыжриIэм деж гузавэрт.
– Абы къыпыслъхьэ плIэр си лъэгуажьэм тоуэ, Алихъан, ауэ хъунщ, щыстIэгъэнкъым абы фIэкIа… 
– ФIыуэ дызэрыгъэлъагъу псалъэншэу, щыму, лъагъуныгъэм дыщымышынэу, щхьэмыгъазэу, гугъэр гъащIэм хэзыхыжар абы зэрыхуэнэхъуеиншэм ещхьу. Мы уафэ вагъуэм иуфэбгъуар унащхьэ хуэдгъэщI ди гухэлъым……
– Сэ уэрыншэу къэзгъэщIэну зы махуэкIэ къысхуремыупсэ дыкъэзыгъэщIар. Махуэр нэхъ псынщIэу зыгъэкIуэн Iуэху Тхьэшхуэм къыдбгъэдилъхьэ. Дунейр щыдахэр пщыхьэщхьэм ди лъапсэм дыкъекIуэлIэжа нэужьщ тIури. 
– Угърэ?
– Хьэуэ…
– ДыщIыхьэжын унэм?
– НакIуэ…»


Рецензии