Гуащэ повестыр

 «ГУАЩЭ» повестыр

      А пщэдджыжьри адрейхэм къызэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэтэкъым. Унэм щIэсхэм пIащIэу зэрыщIэкIынум зыхуагъэхьэзырт: хэт лэжьапIэ кIуэнут, хэти –  еджапIэ, Аслъэнщи – Мэзкуу (Москва) лъэтэнут нобэ.
– Мамэ, си джанэ хужьхэр…
– НэгъуэщI щытIагъэ.
– Хъунукъым, нобэ хьэщIэшхуэ къокIуэ университетым.      
– Иджыпсту пхуэзгъэхьэзырынщ.
– Мамэ, хэт еджапIэм сызышэнур?
– Папэщ узышэнур нобэ, Данэ.
– Сэ сыхущIыхьэнукъым, уэ  шэ.
– Хъунщ, сшэнщ. Хьэзырщ уи джанэр, Ислъам.
– СыщIокI сэ.
– Ушхакъым, Аслъэн.
– Iуэхукъым, лэжьапIэм къэухьэ сыщефэнщ.
– Данэпс, уэ сыт уи гугъэр? Зумылъэфыхьу шхэ.
– Сэри сымэжалIэкъым.
– СызыхуэпщэфIар хэт, яIэлыхь? «Пщэдджыжьышхэм унагъуэр зэхуешэс, зэкlэрешхэ», – жиIэрт нанэ мыгъуэм. Гуащэ и псалъэхэр зыми зэхихыжакъым, унагъуэм щIэсхэр пIащIэу щIэкIыбжэмкIэ зэрыхьырт.
Езы Гуащэ псом иужь щIэкIащ. И хъыджэбзыр еджапIэм нигъэсри лэжьапIэм кIуащ. Тыкуэныр зэIуихащи, зэIусапхъэри, зэгъэзэхуэн ***йри фIыуэ ищIэу, мэIэбэ: цыджанэхэм, бостейхэм я уасэр кIэрелъхьэ, фIэдзапIэхэм фIегъэзагъэ. Зэсэжа лэжьыгъэр игъэзащIэ мыхъумэ, и псэр ешащи, зыхуэпабгъи, зыхуеи щыIэкъым: илъэсым щIигъуащ, езым къыгурымыIуэ гуэрым зэригъэпIейтейрэ. Апхуэдэ зыхэщIэныгъэ абы къезытыр зэса псэукIэм зызэрихъуэжарауэ къыщыхъурт: и щхьэгъусэр къалащхьэм кIуэрей хъуат, куэдрэ зыщиIэжьэт, щыхуэныкъуэм деж игъуэтыжыртэкъым. Бынми ягу къеуэу щытт адэр пщыхьэщхьэшхэ Iэнэм зэрыбгъэдэмысыр. Данэ абы апхуэдизкIэ гурэ псэкIэ пыщIати, нэхъ зыхищIэт ар къызэрытырейр. Гупсысэм иIыгъ Гуащэ Аслъэн къызэрыщIыхьар зэхихатэкъыми, и макъым къигъэщтащ:
– Гуащэ, сэ махуитI-щы нэхъыбэ сыкъэтыну къыщIэкIынкъым, быным хуэсакъ, къэхъуIамэ, занщIэу хъыбар нэпсалъэ.
– ДэркIэ уигу умыгъэныкъуэ. УщIежьэ Iуэхур тэмэм зэрыхъунум егупсыс. Узыншэу Тхьэм укъытхуихьыж, Аслъэн.
«МахуитI-щы жеIэр, ауэ, тхьэм ещIэ, къыщыкIуэжынур. Иужьрей зэманым мыр едапщанэ кIуэрэ къалащхьэ офисым, нэхъыбэри щыIэну къыщIэкIынщ», – йогупсыс Гуащэ. Аслъэн кIыхьлIыхьу къыщытым деж, махуэхэр кIэншэу, хьэлъэу къыщохъу. «Лэжьыгъэр лэжьыгъэщ, нэгъуэщIу хъуркъым, Iэмалыншэщ», – итIани и щхьэгъусэр зэригъэзэхуэн къыхуегъуэт.
   Аслъэнрэ Хьэсэнрэ зэрысабийрэ зэныбжьэгъущ, хьэрычэтыщIхэщ, илъэсипщIым нэблэгъауэ зэдолажьэ: къалащхьэмкIэ щыIэ фирмэм Хьэсэн и унафэщIщ, хэкумкIэ щыIэм – Аслъэн. Япэ илъэсхэм щхьэгъусэр Москва щыкIуэм деж, махуэ къэс къекIэпсауэрт, кIыхьу къыдэуэршэрт, иджы телефоным ***плъэкIыу къэнащ, къыщеуэнум пэплъэу.
    ЗэныбжьэгъуитIым я Iуэхур кIуатэурэ, лэжьыгъэми зиубгъуащи, аращ Аслъэн къалащхьэм кIуэрей щIэхъуар. Ар Гуащэ къыгурымыIуэу щыткъым, ауэ нэхъыбэрэ и закъуэу къызэрынэм къыщынэмыщIа,  абы и къэпсэлъэныр нэхъ мащIэ зэрыхъуар игу къоуэ.    ЦIыхубз щыгъын щищэ тыкуэн иIэщи, лэжьыгъэм щхьэщех гупсысэ хьэлъэхэр. Зымахуэ и гъунэгъуу псэуа Залинэ къэкIуат щэхуакIуи, абы къыжриIар иджыри къэс зыхуихьынур ищIэркъым.
– Гуащэ, Аслъэн хъыджэбз щIалэкIэ уихъуэжым дауэ ухъуну? – и нэхэр игъэджэгуу абы кърита упщIэм и псэр зэхэзехуэн ищIащ.
И дэIэпыкъуэгъу Линэ цIыкIу дыгъуасэ хьэпшып къишэри къэлъэтэжащи, ахэр зэгъусэу телъхьэпIэхэм трагъэзагъэ, ауэ нобэ лэжьыгъэри къыдэIэпыкъужыркъым. И гур зэхэзехуэн зыщIар апхуэдизу сыт? Дыгъуэпшыхь гувауэ Аслъэн и телефон къеуар занщ1эу иришэхри щIэкIащ, пщIантIэр кърикIукI-нрикIукIыурэ псалъэри къыщIыхьэжащ. Хэт къемыпсэлъами, зэхихар къызэрытехьэлъар и нэгум кърихырт, ауэ гузавэу абы еплъ Гуащэ еша-ешауэ къыхуэгуфIэри щылажьэ пэшым щIыхьащ. Абыи нэху къыщекIащ.
     Аслъэнрэ Гуащэрэ я щIалэ нэхъыжьыр университетым щоджэ, зы мазищкIэ бакалавр хъунущ, итIанэ и щIэныгъэм Мэзкуу щыпищэну и мурадщ. Зымахуэ Дани адэ-анэр игъэгуфIащ.  Хъыджэбзым еджапIэ нэхъыщхьэр къиухмэ, тыкуэныр езым игъэлажьэу, анэм зригъыгъэпсэхун гугъэхэр иIэщ. Ари менеджментым хуоджэ, ещанэ курсым щIэсщ. Быныр балигъыпIэм иуващ, Тхьэшхуэм и фIыщIэкIэ, гуныкъуэгъуи къратыркъым.
«ЯIэлыхь, нобэрей махуэм нэхъыкIэ думыщI. ФIыщIэр зейр уэращ, Сыпхуэарэзыщ, адэкIи уифI дыщумыгъащIэ», – тхьэлъэIу псалъэхэм Гуащэ и псэр егъэтыншыжри лэжьыгъэм пещэж.
     Гуащэ и ныбжьым хуэдиз зыми къыхуигъэфащэркъым: цIыхубз зэкIэлъыкIуэщ, и щхьэцыгъуэ Iув толъкъун щIыкIэр утIыпщауэ и плIэм дэлъщ, набдзэ фIыцIэ къурашэхэм ткIиифэ къытрагъауэ, ауэ и нэ кхъуэщыныфэ щабэхэм къыщIих хуабэм удехьэхыж. Нэм къыщIидзэ щыгъынкIэ ерыщкъым: лъэдакъэшхуэу щымыт вакъэ зэхуэщIамрэ и лъэгуажьэм фIэкIыу щыгъ кIэмрэ сытым дежи зы плъыфэщ. А зыхуэпэкIэм зэрытемыкIымкIэ Гуащэ адрейхэм къахощ.
Гувами, лэжьыгъэ нэужьым щIалэр гъусэ ищIу Тэрч мыкIуэжу хъунутэкъым нобэ: и гуащэ Данэху зэрыгукъыдэмыжыр нысэгъу курытым къыжриIат.
– Ислъам, нанэ тIэкIу зегъэсымаджэ, дыщIэмыупщIэм емыкIу къэтхьынщ, уи адэм сыпэплъэурэ дыгуващ. Абы и Iуэху щIэх хуэхъунукъым, нобэ аргуэру Москва мэлъатэ.
– Мамэ, папэ и офисыр Москва ихьыжауэ ара? Иригъэлейуэ къыпщыхъуркъэ Москва лъэтэнымкIэ? – зехъущIэ Ислъам.
– Хьэуэ, Iей, сыт а жыпIэр? Сытым щхьэкIэ ихьыжын? Папэрэ Хьэсэнрэ я Iуэхум зеужь, мэкIуатэ, апщIэндэху нэхъыбэрэ абы кIуэн ***й мэхъу!
– Хьэсэн езыр пэмылъэщура?
– Полъэщ, си нэху, полъэщ, – щабэу и къуэм доуэршэр Гуащэ. – Ауэ Iуэхур я зэхуэдэщи, зэрекIуэкIым тIури кIэлъыплъын ***й мэхъу. Уэ къызэрыпщыгугъыр пщIэрэ уи адэр? – йоупщI Гуащэ къуэм.
– СощIэ, емызэшу сыкъыздрешэкI. Псори къызгурегъаIуэ, япэм Москваи сыздишэу щытащ, ауэ илъэсым нэблэгъауэ сыздишэжыркъым.
– Уи жагъуэ умыщI, ар адэщ, зэрынэхъыфIым хуэдэу ещI. Уэ уимыгъэлъагъунрэ къыпхуимыгъэфэщэнрэ иIэ абы? ИIэкъым, си псэ. Уэращ абы и гугъапIэр.
    Зэдэуэршэрурэ гъуэгу дэдзыхыпIэм нэсащ зэанэзэкъуэр. Сыту фIыщэу илъагъурэт мы гъуэгугъунэм Iут щихухэр Гуащэ. Абыхэм я ныбжьыр илъэс щэныкъуэм нэсауэ къыщIэкIынщ. Аслъэн и гъусэу къыщыкIуэж зэзэмызэм, мыбдеж къыщоувыIэхэри къэзыхъуреихь дуней дахэм кIэлъоплъхэ.
...Гъэмахуэпэм къапих цыр кърехьэкI.
– Мыбы дауэ ухэтыф, си Iур икудащ, дыхэкъэкIи ди гъуэгу пыдгъащэ, – Аслъэн къыпиубыдыху хэтыфщ. Машинэм итIысхьэжа нэужь, и щхьэцым хэзэрыхьа цыхэр щхьэгъусэм къыхухехыж, сабийкIэ къещурэ. Езыми зыкъыкIэримыгъэхуу догушыIэ...
Зэнысэгъу нэхъыщIитIыр къыпежьащ Гуащэ. Ларисэ япэ зыкъригъэщри хьилэшыгъэ хэлъу къриутIыпщащ:
– Аслъэн фи гъусэ ди гугъащ. Тхьэ, фэр дыдэм фымылъагъуж ар, дэ дыкъэгъэнауэ. Мамэ игу егъэлеяуэ къоуэ фызэрызэпыIукIуэтар.
   АуаныщI псалъэхэр и жагъуэ зэрыхъуам гу лъамытэм нэхъ къищтэу, Гуащэ къихьа бэзэр шхыныр Iэнэм трилъхьэрт, щIыIалъэм дигъэзагъэрт.
ЗэрызаIэжьа щымыIэу къежьэжахэщ: Данэху фIэфI хъуатэкъым Аслъэн зэрамыгъусэри, зэанэзэкъуэм къызэреплъа щыIэкъым. Армырми къуэрылъхум лъагъуныгъэшхуэ къыхуиIэтэкъым нанэм. «ЩхьэзыфIэфI лъхуэри езым ещхь къилъхужащ», – жиIэ зэпытт, щIалэ цIыкIур анэм зэрещхьыр фIэмыфIу. КъыщыдэкIыжым, нысэр хадэм ***плъэкIащ. Жыгхэр мы гъэми ухъуэнщIатэкъым.
Гуащэ игу къэкIыжащ нысащIэ цIыкIуу мы хадэм зэрелэжьауэ щытар. Зыри зэмыгугъу хадэр ежьужьымрэ къуацэ-чыцэмрэ зэщIищтат.
ХьэгъуэлIыгъуэр иджыри зэфIэмыкIами, иувэри хадэр зэщIигъэкъэбзат. Аслъэн елъэIури щIыгулъ фIыцIэрэ а щIыпIэм нэхъыфIу къыщыкI жыгхэмрэ къригъашэри, щIыр хадэм тригуашэу зэбгритхъужа нэужь, жыгхэр хисащ. Хуэрэджейхэм и гуащэр хуабжьу щыгуфIыкIат. ПщIантIэри удз гъэгъам зэщIригъэщтат: куэд хъути, узэплъынур къыпхуэщIэртэкъым. Ахэри къыздагъэкIым щхьэгъусэ хуэхъуам къыщригъэщэхуат.
ХьэгъуэлIыгъуэм къэкIуа и шыпхъу Лалинэ къыжриIауэ щытыгъащ: «Сатум ущIыхуеджар къызгурыIуэкъым, Гуащэ. А зы щытыкIэм утекIыркъым: ди лъапсэр удз гъэгъам ебгъэтхьэлащ, хадэ зехьэныр зыми къытлъыбгъэсакъым. Унэращи... ЗыкIэ пфIэфIщи зебгъэлIэлIэну: пэш къэс зы теплъэ ибот, етIысэх пщIэркъым. Алыхь, мы укъыздашам я пщIантIэм сыкъызэрыдэбакъуэу къызгурыIуам абы и теплъэр узэриIэдакъэщIэкIыр. ТыншыпIэ зэт тIэкIу, тIасэ. АIей, укъызэрырагъэувэхыу, дауи пхуэщIа ди пщIантIэм ещхьырыкъэпс!» Абы щыгъуэ и шыпхъум зришэкIри жриIауэ щытащ: «ЦIыхур зыгъэцIыхужыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI хэлъщи аращ. Апхуэдэу щымытамэ, гъащIэр гъэщIэгъуэн тщыхъунт!».
Нобэр къыздэсым Гуащэ щыгъуазэкъым анэм Аслъэн зыхигъэкIым нэхъ къыщIищтар, ауэ нэхъыжьыпщIэ ***щIри, лъапсэм толажьэ, нэхъ дахэ, нэхъ екIу ищIыну иужь итщ. Къэгубжьу, имыщIапхъэмрэ жимыIэпхъэмрэ зыдригъэхьэхыу зимыхьэл цIыхубзыр зэса щытыкIэм текIыркъым иджыри къыздэсым. СыткIэ ищIэн абы, Данэху Аслъэн къыжриIауэ щытар: «СынысащIэщ жимыIэу, лъапсэр къэзыгъэщIэращIэу зи хьэгъуэлIыгъуэ и унафэ зыщIыжа Гуащэ уэ удэкIуэдынкъым, си къуэ, ауэ нысэ курыт псэукIэмыщIэм Муртаз дишмэ, хуэгъэпсэунукъым, дэунэхъунущ. Си нэIэ ятету пщIантIэм дэзгъэсыжым, нэхъ тэмэму къызолъытэ. Ар, дауи, дэ ди унагъуэ Iуэхущ. Сэ сызэреплъымкIэ, нысэхэм щIащIэн щыIэкъым ар ди зэхуэдэ унафэу зэрыщытыр. Уи жагъуэ умыщIыну сынолъэIу, Аслъэн».
  … Унэм нэсыжа къудейт, телефоныр къыщызыуам. Гуащэ къыжраIар зэрыгущIыхьэр яфIэмащIэу, сурэти къыкIэлърагъэхьыжат.
Къэхъуар и фIэщ ищIыну хуэмейми, Гуащэ и щхьэр фIиубыдыкIащ.. И къарур зэуэ кIуэщIати, стIолым зытригъащIэри, хуэмурэ етIысэхащ.
– Мамэ, зыгуэр къэхъуа? Папэ… Папэ зыгуэр къыщыщIа? – гужьеящ Данэ.
– Зыри къэхъуакъым, си Данэпс, умыгужьей. Узыншэщ уи адэри, си псэ.
– Зыри къэмыхъуамэ, сыт мыгъуэ апхуэдизу уи фэр пызыхуар?
– Си хъущхъуэр къызэт, Ислъам, – анэм зыхуигъэзащ и къуэм. Зэдэлъхузэшыпхъум шэнтиуэм анэр ирагъэтIысхьэри хущхъуэ ирагъафащ. Сыт хуэдэ хьэлъэ къытемыгуплIами, Гуащэ ***йтэкъым иужькIэ зыхущIегъуэжын иджыпсту илэжьыну. И пэшымкIэ щIыхьэжри зыкъомрэ щылъащ зыIуува IэнатIэ дыджыр зригъэзахуэу, ауэ пыухыкIауэ зыгуэрым къытеувыIэн ***йти, гузавэу къыщIыхьэ-щIэкIыж и бынитIыр зыбгъуригъэтIысхьащ. КIыхьлIыхь имыщIу быным гузэвэгъуэ къакIэщIэзэрыхьар яжриIэну мурад ищIащ.
– Ислъам, Данэпс, мы сэ нывжесIэнур егъэлеяуэ жагъуэщ, хьэлъэщ, ауэ къэхъунур къэхъуащ, бзыщIыпIэ сиIэжкъым. Фи адэм щIасэ цIыхубз иIэщ, илъэсым нэблэгъауэ хъыджэбз цIыкIуи зэдапIу къыщIэкIащ.
ШыIэныгъэр зэмэщIэкI Данэ къыщылъэтащ:
– Ар дауэ, папэ пащтыхьыпхъукIэ зэджэ  нэгъуэщIыпхъу иIэу ара? Сэ сыхуримыкъуу арат? Ар дауэ къызищIэфа? СыткIэ ар къызэрызлэжьар?
Адэр зыпищI щымыIэу зылъагъу хъыджэбзым къэхъуам фIищынур къыхуэщIэртэкъым. ИтIанэ зэуэ и нэгум зехъуэж, гугъэм гукъыдэж къретыж:
– Догуэ, мамэ, догуэ, ар пцIыщ. Дэ ди адэм дызэрихъуэжын дунейм теткъым. Ар пцIыщ, пцIыщ, папэ ищIэнукъым апхуэдэ напэншагъэ. Щыуауэ къопсэлъащ хэтми, щыуащ, пэжкъэ, мамэ? Уигъэунэхуу арагъэнщ. Аракъэ, Ислъам? ЖеIэт уэ мамэ, уэ жепIэр нэхъ и фIэщ хъунущ!
Нобэр къэсыху Гуащэ и гугъат, Аслъэнрэ езымрэ унагъуэ нэс, унагъуэ быдэ яухуауэ, зэран къахуэхъуфын гуэри зыщIыпIэкIэ щымыIэу. Иджы мис, езыр мэгуIэ, бынитIыр зэхэзэщхъуэнщи, яусынур къахуэмыщIэу, япэ къажьэдыхьэр жаIэ.
ЦIыхубз тхьэмыщкIэм игу къегъэкIыж и анэм къыжриIауэ щыта псалъэхэр, абыкIэ и быным догуашэ: «ЩIыпIищ нэщIщ: псы здемыжэхыж псыхъуэ, къэкIыгъэ зэрымыт губгъуэ, лIы зыщхьэщымыт фыз. Мы дунейм зы Iэмал тету, дыщымкIэ укъемыплъэкI. Узыхуейр къыхэпхри удэкIуащ, къыбжаIэр зыгурыбгъэIуакъым. Бахъсэн куейм уикIри укъыздамыцIыху Тэрч нэс укIуащ. Зигъэзагъэ, дэри аращ нэхъыжьхэм дызыщIагъэдэIуар, дызыщIапIыкIар. ЛIыр хъунуми мыхъунуми нэхъыбэу уэращ зэлъытар. Тхьэм къыпхуримыгъахуэ ар къыщыпщхьэщымытыжын махуэ». Нобэ хуэдэ зы махуэ хъунт си анэм жыхуиIар… Къытпэплъэ псори сщIэркъым, ауэ сыт гъащIэм тхухимыхами, напэ къабзэрэ акъыл нэскIэрэ дыпэщIэтынщ.
Данэ тепыIэркъым:
– Мамэ, а уэ жыпIэр псори псалъэ къудейщ. Сэ си адэр зыми естыну зызгъэхьэзыркъым. Ислъам иджыри йоджэ, зыри къытхуищIэну и къарукъым. Уэ уи тыкуэн закъуэращ дэ дрипсэуну къытхуэнэр. Уи щэхуакIуэхэри папэ игъэлажьэ гупым я щхьэгъусэхэмрэ япхъухэмрэщ. Зы псалъэ къазэрыIуцырхъэу, ахэри пфIэкIуэдынущ. Уи анэм ар къыщыбжиIам апхуэдэ зэхэтыкIэт щыIэр, иджы зэманыр нэгъуэщIщ. Сыту сэ зыгуэрым дэзмыгуэшрэт си адэ дыщэр? Хьэмэрэ ар зэхэзых сэ сишэну? Е Ислъам хэт къыдэкIуэнур? Абы зыкъыкIэрызыщIар хущIезгъэгъуэжынщ сэ, иремыпIащIэ мыдэ! – и нэкIу хужь хъурейр къызэщIэплъат Данэ, и щхьэцыр зэ зэщIикъуэт, зэми къиутIыпщырт, и нэ щIыхупсым къытелъэда нэпсым ар фIыцIэу уигъэлъагъурт.
Ислъам зэгупсысыр нэгъуэщIу къыщIэкIащ:
– Арати иужьрей илъэсым сыщIыздимышэжыр Москва, къызгурыIуащ иджы. А уэ жыпIэращ, Данэпс, зыри мыхъунур. Си анэм ар къезыщIар мы унэм къыщIэзгъыхьэн уимыгугъэ. Сэ зыми фыщызгъэщIэнукъым. Мазищ иримыкъущ къысхуэнэжар, магистратурэм заочнэу сыщIэтIысхьэнурэ седжэнущ, иджыпстуи сыт хуэдэ программэми сролажьэф.
Ислъами уIуплъэфыртэкъым: мо щIалэ лъагэ зэIэщIэлъ зэкIужым и дамэхэр къехуэхат, и Iупэ пIащIэр апхуэдизу зэтрикъузати, плъагъужыртэкъым, нэбжьыц Iувыр псыф къэхъуат.
Ислъам и макъыр жыжьэу къиIукIыут Гуащэ зэрызэхихыр. Ар и пэшымкIэ щIыхьэжри бжэр къыхуищIыжащ: зыри зэран къыхуэмыхъуу гупсысэм нэхъ къищтэрт. Гъыуэ и гур игъэтIысами хъунут, ауэ абы хурикъун къару къыхуэнатэкъым, и псэр и пкъым зэрыхэту жыхьэнэмэ мафIэм илыпщIырти, нэпсми зыри къыхуищIэжынутэкъым.
Телефон къеуэр Гуащэ трихащ, хэтми емыплъу. «Гуащэ, дауэ ущыт?» – Аслъэн и макъым къигъащтэри занщIэу зэпиудат, ауэ Iуэхур апхуэдэкIэ зэрызэфIэмыкIынур къызыгурыIуэ цIыхубзыр псэлъэжащ: «Зэпыудащ. Сытыт, Аслъэн, жыпIэнур?»
– СыфщIэупщIэну арат. Сыт фи хъыбар?
– Сэ иджы укъысщIэмыупщIэжми хъунущ, уи быным я хъыбар зэгъащIэ. Уэрэ сэрэ хамэу дызэхуэзащ, хамэ дызэхуэхъужауэ дызэбгъэдэкIыжынущи, быныр зэхэзедзэн умыщI, дэIэпыкъуэгъуншэу утыкум къомынэ. Сэ зыкIи сыпщыгугъыркъым, – Аслъэн къыкIэлъызэрихьа лейр зэрищIэр къыхигъэщу жэуап иритащ абы Гуащэ.
– Унэ къыфхуэсщэхунущ... – къригъэжьат Аслъэни, Гуащэ зэуэ зэпиудащ.
– Унэкъэ мы дызыщIэсыр? Е мы унэми дыщIэпхуну мурад пщIауэ ара?
– Сэри си унэщ ар, пщымыгъупщамэ.
– Дауэ сщыгъупщэн, Аслъэн, быдапIэу къэслъытэ унэр къызэрыгуэкI хьэуазащхьэ ятIэ унэу къызэрыщIидзыжар? Зы жьапщэр хурикъуащ къыттригъэлъэлъэным, уэ къытхукъуэбгъэуа жьапщэр. Ари дыбгынэнщ, ауэ Тхьэм абы щIэпхун уи гугъэ быным ***й зэи уимыщIыжкIэ. ИтIанэ мы зыр зэгъащIэ: сэ гукъанэ пхуэсщIыркъым, сынодэуэнуи зызгъэхьэзыркъым, ауэ быным хуэфэщэн пщIэ яхуумыщIу здэнукъым. Ахэр зыхуей хуэгъази, адэкIэ фэ фи зэхущытыкIэм сэ сыныхэIэбэнукъым.
– ГъущIым укъыхэщIыкIа уэ? Уи унагъуэ къутэр умыгъейуэ, дауэ мылъкум утепсэлъыхьыфрэ? Зыуи сыкъибдзэкъым, ара?
– Ущоуэ, сэ си унагъуэ къутэркъым. ПщIэрэ сыт щхьэкIэми? Си унагъуэр – си сабий дыгъитIырщ.
Гуащэ зыщхьэщихуну ***йщ пшэ фIыцэ уэшхышхуэу къэкъутэным ещхь гупсысэ зытхьэлэхэр, ауэ ятекIуэркъым: «Сытыт, Аслъэн, апхуэдизу си фIэщ ущIэхъуар? Иджыри къэс укъэзмыцlыхуу дауэ сыбдэпсэуа? Щапхъэу ялъытэрти ди унагъуэр. Уи пцIым зэпритхъыкIащ иджыри къэс къызэдэдгъэщIа гъащIэр: сэ укъызэпцIыжащ, уи быным уепцIыжащ. Илъэс псокIэ дыкъэбгъапцIэу упсэуащ. Къалащхьэм зинэкIэ щызэбгъэпэща унагъуэмрэ дэрэ ди зэхуаку уитащ. Сибгъэплъэн плъэкIакъэ гъащIэм и щIэм? Сибгъэхуакъэ мащэм? ЦIыхубзым дежкIэ абы нэхъ мащэ куу щыIэ?»
  Кърым Иринэ и уэрэд гууз радиом къитым едаIуэурэ Гуащэ пщэдджыжьышхэ игъэхьэзыращ. Зыри къэмыхъуауэ фэ зытригъауэрт: мурад ищIат и гур игъэбыдэну. «Си анэ дыщэ, упсэужам, сытыт нобэ къызжепIэнур? Къысхуэбдэнут унагъуэр Iэмал хэслъхьэу зэтезмыIыгъэу, занщIэу сызэрикIуэтар? СимыкIуэту сытыт сщIэнур? Сызэуэн? Сыбэнэн? Аслъэн и ныбжьыр илъэс плIыщIым фIэкIауэ сиутIыпщащ, и гъащIэр ихъуэжыну мурад ищIати. Сыт сэ къэсхьынур, абы сеныкъуэкъукIэ? Зы псалъэмакъи, зы зэныкъуэкъуи дыхэмытауэ къэхъуа Iуэхущ. Арауэ къыщIэкIынт си натIэм къритхар, арат ди лъагъуныгъэм и гъуэгур здынэсыр. Мыухыж лъагъуныгъэ щыIэу къыщIэкIынкъым. И унагъуэбжэр ***ущIыж абы пэщIэщIэгъу хуэхъуам хуэдэ бын зыгъасэхэм. АфIэкIа ныбжь зимыIэр тегушхуащ цIыхухъу унагъуэм хишыну. Ар дауэ? Илъэс пщыкIутхукIэ сэр нэхърэ нэхъыщIэу къысхуатхащ. И ныбжь имыгъуэтыжауэ ара?»
...Телефоныр Гуащэ зы IэкIэ иIыгъыу мэпсалъэ, адреймкIэ Iэнэм тепщэчхэр трегъэувэ. Ислъамрэ Данэпсрэ яфIэфI шхыныгъуэхэр яхуипщэфIат.
 – Гуащэ, иджыпсту дызэхуэмызэу хъунукъым. Ухуеймэ, си деж къакIуэ, ухуеймэ, уи лэжьапIэм и гъунэгъу шхапIэм къекIуалIэ, – и ныбжьэгъу Масирэт и макъ пIейтейр телефоным къоIукI.
– «Мыщэхупщ щыгъэм»* къыIухьэ, сэри зызмыIэжьэу сыныдэкIынщ, – Гуащэ хуэгъэщIэхъуакъым шыпхъу хуэдэу зыхущыт цIыхубзыр, сыт хуэдизу езым и насып зызыгъэзам имыгъэнэщхъейми.
Масирэт лыфIэт, сытым дежи гуфIэрынэгут, нэкIуплът. Аслъэн и деж щылажьэрт, цIыху тыншт, гуащIафIэт.  Ауэ нобэ къыпхуэцIыхужынтэкъым: и фэр пыкIащ, и Iупэ ущхъуэнтIар мэкIэзыз, и Iэхэр здихьынур къыхуэмыщIэу, зэрехьэ. Сытми, къыщlидзащ псэлъэн:
– Гуащэ, быдэу уи фIэщ щIы, Аслъэнрэ Маринэрэ я Iуэхум зыри зэрыхэзмыщIыкIар. Алыхьым щхьэкIэ сынолъэIу, си деж щумылъагъу, – къыIурылъэлъырт Масирэт, ауэ хъыбарыр апхуэдэу псынщIэу абы зэрылъэIэсар ныбжьэгъум къыгурыIуэртэкъым.
– Догуэ, Масирэт, къызэтеувыIэ. Зыри къызгурыIуэжыркъым. Уэ абы щхьэ ущыгъуазэ? Уи зэрани абы щIыхэлъын ***йр сыт? – къэуIэбжьауэ еупщIащ абы Гуащэ.
– Аракъэ сэри жысIэр. Сабийр къызэралъхуамкIэ щыхьэт тхылъыр слъагъухукIэ, мыр зи ерыскъы, – кърагъэщта шхыным теIэбэурэ, тхьэ иIуэрт Масирэт,  – зы хъырц хэзмыщIыкIа. Делэ сымыхъуу фIыуэ сыкъелай. Ауэ зы лъэмбытI къыщIезгъэчэнукъым си унэм, пхъууи сыхуэмей. Арат иджы сэ къысхуэтыр, си ныбжьэгъу благъэр малъхъэ схуэхъужыну. Алыхьым жимыIэкIэ, Гуащэ, сэ уэ уи гуэныхь къэсхьыну. Дауи сIэщIэкIа? Дэпщэщи гъусэ зэхуэхъуа Алыхьым и ней зыщыхуэнитIыр? ЯIэлыхь, сыт мыгъуэ уэсщIат апхуэдэ напэтехкIэ укъысхуэупсэну? – нэпсым итхьэлэ Масирэт жиIэр псы щIыIэу зыкIуэцIылъадэ Гуащэ къэтэджыну къеIащ, ауэ и къарур къемэщIэкIри етIысэхыжащ. Дуней кIыфI къытехъуар зи лажьэр и куэщIым ирипIыкIа хъыджэбзыжь цIыкIут. Ар удын тIуащIэт Гуащэ дежкIэ.
– Дауэ къызищIэфа? И щхьэми дауэ ***гъэфэща? Аслъэн и дежкIи напэ ар? КIуэ, хъунщ, Маринэ абы елъытауэ сабийщ, псори къыгурымыIуэнри хэлъщ. Илъэс плIыщIрэ плIым нэблэгъащ Аслъэн, Масирэт, ар щIалэж? Си сабий хейхэм дауэ яжесIэну а хьэдэгъуэдахэр? Напэтех тIуащIэ! Уэ сыт уи лажьэ, Масирэт. Уи сабийр зыгъэдела Аслъэнщ къуаншэр, уэракъым. СылIам нэхъыфIт, апхуэдэ зэхэсха нэхърэ.
– Сэри сыаращ, Гуащэ, кхъэм щIэлъым срагъэхъуэпсащ напэтехитIым. Ауэ уэ умелыIычщ, Гуащэ, умелыIычщ.
– Масирэт, къысхуэгъэгъу, сэ иджыпсту уэ сынызэропсэлъэн къару сиIэкъым, си псэр езэшащ, иригъэзэшащ мы зэхэсха мыхъумыщIэм.
Гуащэ и машинэр шхапIэм къыIуинэри таксикIэ Налшыкыпс телъ лъэмыжым кIуащ. Абы Аслъэн зэреджэр лъагъуныгъэм и лъэмыжт, абдежым щызэрыцIыхуахэт ахэр. ЩызэблэкIым тIуми я нэр зэтехуат. Ар яхурикъуат я гум лъагъуныгъэм и мафIэ щызэщIэнэну. Гуащэ псы ежэхым и макъым едаIуэу щытащ куэдрэ. «Псым ехьыж илъэс бжыгъэ къызэдэдгъэщIар, Аслъэн, ди лъагъуныгъэр зыхэбдзэжа уэшхыпс къиуам», – зэми и гупсысэхэр гукIэ зэрегъэзахуэ, зэми и щхьэм хуопсэлъэж. ЗдэщыIэри, щIыщыIэри щыIэщIэхупи къыхохуэ.
КIыфI хъуауэ зыкъещIэжри къокIуэж унэм, зы унафэ пыухыкIаи и щхьэм хутемыщIыхьауэ.
… Масирэт игу ирилъхьат къалащхьэм дэс напэншитIым, арат и пхъумрэ Аслъэнрэ зэреджэр, я деж кIуэнуи, етIуанэ махуэм ямыщIэхэу ятеуащ. ***йт Аслъэн жэуапым иришэлIэну.
– Масирэт, – а зы псалъэращ Аслъэн жиIэнуи зыхунэсар.
– Масирэтыкхъэм халъхьэн, къыбжьэдэлъэту а жыпIэ цIэр уигу къэкIыжакъэ, мо сабийм и гупэ угъуэлъын и пэкIэ? Алыхьым и ней зыщыхуэн, уэсщIар сытыт, апхуэдизу си унагъуэр бгъэпудыну? Илъэс пщыкIухым нэсауэ си закъуэ сопсэури, цIыху дэнэ къэна, Алыхьым илъэгъуакъым сэ сыздэмыувыпхъэ сыщыувауэ. Уэ хьэбыршыбырым уи пщэ къинат си напэ техын? – кIийуэ бгъэдэлъэдауэ Аслъэным, ефыщIауэрт, ауэ адрейм зы псалъэ къыпидзыжыртэкъым. Ар къызэтезыгъэувыIэн къару щыIэт иджыпсту? Масирэт зэрыIэмалыншэр, зэрыкъарууншэр къигъэлъагъуэт и щытыкIэм.
– Уэ успIа нэхъ, зы хьэ спIам нэхъыфIт. Уи адэм и ныбжь пэщIэщIэгъу щIы, унагъуэ зэтекъутэ жысIэурэ узгъэсат? Ара узыщIэспIыкIар? Си щхьэр къыфIэпхащ уэ, Алыхьым и ней зыщыхуэн. Сыт напэ сиIэу саIуплъэну цIыхухэм? – сабий жейр кIий макъым къигъэушри къэгъащ. Маринэрэ Аслъэнрэ зэуэ зрачри гъы макъыр къызыщIэIукI пэшым щIэлъэдащ. Ар зылъэгъуа Масирэт диваным ерагъкIэ нэсри етIысэхащ. Зэкуэфауэурэ гъыбзэ къришу щыс анэм пхъур  къыбгъэдэлъадэри къытрикIутащ:
– Уи гъын-бжэныр зэпыгъэу, сылIакъым сэ, лIы сыдэкIуауэ аращ. Дыщэнэ къэбгъэщтащ!
– Къащтэ уз Алыхьым къыуигъэфыкI, напэншэ. Дауи къыфхуигъэфэща а сабий дыгъэр фэ, укIытэншэу къэнаитIым?

***
… Мазэ бжыгъэ дэкIащ, Гуащэ и закъуэ унэм къыщIэнащ, къуэмрэ пхъумрэ Москва щIэныгъэм щыпащащ. Хьэкъугъыр къизыш цIыхубз насыпыншэр зыми зэхихакъым, зыри къеупщIакъым, щхьэж и гъащIэ къигъэщIу ежьэжахэщ.
ИлъэситI хъуат Гуащэ зэризакъуэрэ, и тыкуэн сатури екIакIуэрт, щэхуакIуэхэр мащIэ хъу зэпытти, ерагъыу сомыр зыхуигъакIуэурэ псэурт. Данэ адэм деж щыIэурэ еджэрт, езым нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъыжь щымыIэ анэнэпIэсым зы махуи езэгъыртэкъым, ауэ Дыщэнэ цIыкIу егъэлеяуэ фIыуэ илъэгъуати, къэкIуэжыхукIи, телефонкIэ къэпсэлъэхукIи и гугъу ищI зэпытт, Гуащи пэрыуэртэкъым. Езы Аслъэни, япэм ещхьу, зэ Налшык къэкIуэжырт, Данэ унагъуэ ихьэм иригъэдыщэсэну къыхуищэхуа квартирэм щыпсэурт, зэми – къалащхьэм игъэзэжырт. Абы Гуащэ зыкъыхуигъэзэн мурад иIэу зэ къэпсэлъати, зыхуигъэзэни, епсэлъэни идакъым. Данэ и адэр фIэпсэкIуэду топсэлъыхь зэпыт, абы и теплъэм зихъуэжауэ жеIэ:
– Мамэ, уэзгъэлъэгъуащэрэт ар, зэуэ жьыфэ къытеуащ. Ислъам папэ зыкIэ хуэткIийщи, езыращ жыпIэнщ адэр. ТIэкIу епсалъэ, кхъыIэ, мамэ, абы.
– Сыт си Iэмал, си хъыджэбз дахэ, езым къыхиха гъащIэщ. Уэ уриIэщ, Тхьэшхуэм и фIыщIэкIэ, укIэлъыплъынщ.
Гуащэ зыми зыкъримыгъащIэу нэпс мащIэ щIигъэкIрэ, ауэ сыт хуэдизу фIыуэ и щхьэгъусэр имылъэгъуами, мы дунейм теткъым ар абы зэрекIужын. Зы махуэ Ислъам къэпсэлъат лъаIуэу:
– Мамэ, уи закъуэ сыт Налшык щыпщIэнур? Си гур нэхъ зэгъэнут, укъыздэпсэуамэ. Уи фIэщ хъумэ, уэрыншэу си жьэм хуэсхь ерыскъыр IэфIыншэщ.
Адэм къыхуищэхуа унэм и закъуэ щIэсын ***й хъуати, зишхыхьыжырт мо цIыху уэрым есам, ауэ анэр къыхутегъэхьэртэкъым.
Гуащэ и гум щыщIэр къэзыIуэтэфынур жэщымрэ щхьэнтэмрэт. Къыхуэнар зыт: жэщым ***т ищIырт нэпсыр. Ауэ Данэ и лъэIур ищIэжырти щIалэм жриIащ адэм щабэу хущытыну:
– Уи адэм нэгъуэщI унагъуэ зэриухуам, уэ къыбгурымыIуэ гуэр хэлъу къыщIэкIынщ, Ислъам.  Ар адэщ, уи зэхэщIыкIым хуэныкъуэщ, уемыныкъуэкъу, уемыщIыIэкI, си щIалэ.
Гуащэ Аслъэн зэрыадэфIым шэч къытрихьэртэкъым. ЗэбгъэдэкIыжа нэужь, зы махуэ IэщIыб тIури ищIакъым: я нэIэ тету Москва дигъэсхэщ, зыми ***гъэныкъуэкъым. Данэ иджыри йоджэ, Ислъам и деж щолажьэ. Губгъэн, зэгуэпыныгъэ, губжь гурыщIэхэр зытрагъакIуэу псалъэ гуауэ зэжраIакъым езыхэми.

***

– УздэщыIэр дэнэ, Гуащэ? – зэгуэрым гузавэу къопсалъэ Масирэт. – ПщIэрэ къэхъуар? Мо гу хьэрэм зритаитIыр, Аслъэнрэ Маринэрэщ жыхуэсIэр, игъащIэкIэ я цIэр къизмыIуэжащэрэт, зэбгъэдэкIыжащ, сабийр Аслъэн къыхуэнэри. ЗэрызэхэсхамкIэ, Дыщэнэ цIыкIум къыщIэмыупщIэжыну а сипхъу напэншэр, лIам нэхъыфIт ар си дежкIэ, щыхьэт тхылъи зэIэпахащ. Дауэ уеплърэ абы?
– Дауэ сеплъын мыгъуэ? Щхьэж и натIэ къритхар къипсэунущ. Арауэ къыщIэкIынт Тхьэшхуэм яхухиха зэманыр. Алыхьым и шыкурщ, зэрызэбгъэдэкIыжам, Масирэт, сэ си зэран хэлъкъыми.
– Си зэран хэлъкъым, жи. Зыгуэрым зэран ухуэхъуфыну, Iей, уэ? Азэлыхь, мызэ-мытIэу Тхьэшхуэм селъэIуамэ, тIури фIыкIэ зэбгъэдихыну, ауэ сабийр къигъэнэну си гущхьэ къэмыкIынт.
– Сабиищэщ, иджыри щIегъуэжынкIэ хъунщ, Масирэт. Хъыджэбз цIыкIу мыгъуэми сыт и лажьэ, езыхэр зэгурымыIуамэ.
– Уа, сэ згъэщIагъуэри? Уи бэшэчагъыр. Уэ пхуэдэ щыIэкъым, Гуащэ, уцIыху хьэлэмэтщ. Апхуэдэпхъу зэрыспIам щхьэкIэ цIыхум пу нэлат къызамыхыу сыбогъэпсэу. Зыми хуэпIуэтакъым уи гукъеуэр, зыкъебгъэщIакъым. Сыпхуэарэзыщ, дахэ, Алыхьыр арэзы къыпхухъу, – и нэпсыр хуэубыдакъым Масирэт.
Абы хэту Аслъэн и IункIыбзэмкIэ бжэр къыIуихри къыщIыхьэжащ унэм, ауэ щхьэгъусэу щытам Гуащэ зы псалъэ жыIэгъуэ иригъэхуакъым.
– ЗыкIэ сынолъэIу. Узгъэпудын мурад сиIэу къэзгъэзакъым, щхьэж лъысын ***йр лъос, сэри аращ, ауэ мы сабийр зэхэзедзэн мыхъуу схуэпI, цIыхум жаIэным уемыгупсысу. Данэ апхуэдизу фIыуэ илъэгъуащи, еджапIэр хыфIидзэу бгъэдэсыну жеIэ. Ар къэхъункlэ Iэмал зимыIэщ. Сэри сыпэлъэщкъым си закъуэ, – а махуэм щыщIэдзауэ сабийр Гуащэ епI…
…Пщэдей Дыщэнэ илъэсипщI хъунущ. Илъэсиблым нэблэгъащ Гуащэ зэрызэришалIэри, зы илъэс дэмыкIыу къыщалъхуа махуэр ***гъэлъапIэ, егъэгушхуэ сабийр, егъафIэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, хъыджэбз цIыкIур Гуащэ ЛацэкIэщ зэреджэр. Къызыхихари къащIэ уэ. «Къэсэхыжын и анэри къыщыкъуэкIынур дэпщэщу пIэрэ? И ныбжь ирикъумэ, зыкъригъэщIэнщ, ауэ сыIэмалыншэщ: анэр анэщ», – йогупсыс цIыхубз тхьэмыщкIэр.
– Мамэ, мамэ, пщэдей дынэлъэтэжынущ папэрэ сэрэ, уи пхъурылъхухэри плъагъунщ, ягу укъэкIащи унэм щIэзэгъэжхэркъым, – къэпсэлъащ куэд щIауэ унагъуэ хъужауэ псэу ипхъу Данэ.
Данэ Дыщэнэ цIыкIу и бынитIым пимыдзу фIыуэ елъагъу. Iэмал зэригъуэту къокIуэж, къэкIуэжыхукIэ и адэри и гъусэщ, ауэ а зэман кIыхьым къриубыдэу Гуащэрэ Аслъэнрэ зэкIужын Iуэху зэрахуакъым.
Дыщэнэ гуфIэм зэщIиIыгъэщи, къыбгъэдэлъэдауэ Данэ и унагъуэм топсэлъыхь,   езы Гуащи къогумащIэри сабийр зрекъузылIэ, и щхьэм Iэ дилъэурэ гукIэ жеIэ:
«Си псэ чэтхъам и тедыжэн щэкI кIапэу укъысхуагъэнащ, зыри къызэупщIакъым. Уэ сыкъебгъэлащ ажалым. Сабий тхьэмыщкIэ, сыт мыгъуэт уи лажьэр уэ? Щхьэншэм уи IэфIагъыр зыхищIакъым, мылъку лъыхъуэти, нэхъыбэ зиIэм дежкIэ еутэкIащ, уи адэмрэ уэрэ фыкъигъанэри».
– Дыщэнэ, еджапIэм къипсэлъыкIащ нобэ урысыбзэмкIэ уи егъэджакIуэр. Уэ Москва щекIуэкIыну зэпеуэм укIуэну ухуей?
– Лацэ, нобэ си деж зы цIыхубз къэкIуащ. Зэпеуэми сыхэтынукъым. Сыхуейкъым сэ уи закъуэ укъэзгъанэу зыщIыпIэ сыкIуэну.
– Хэт къэкIуар? Сыт хуэдэ цIыхубз?
– Маринэ.
– Сытыт зыхуейр?
– ***йщ сызришэлIэжыну.
– Сыт-тIэ иджы уэ пщIэнур?
– СщIэнури? Хъунумэ, мамэкIэ сыноджэнут, Лацэ.
Гуащэ гуфIэщауэ Дыщэнэ IэплIэ ***щIыр, и щхьэм Iэ делъэр, быдэу зрекъузылIэр.
– Мамэ, мамэ, сыту уIэфIыщэ уэ, си мамэ…




ЕтIуанэ Iыхьэ.

Махуэр щэбэту Гуащэ къригъэблэгъат тыкуэным и цIыхугъэ цIыхубз гуп. Хьэпшыпышэ кIуэнути, нэхъапэIуэкIэ къиша щыгъыным и уасэр кIэригъэхуауэ ищэжырт. Шей Iэнэ зыхуигъэува бзылъхугъэхэм усакIуэ Къардэхэ Хьэлимэт яхэтт. Ар зэзэмызэ и усэм къеджэрт, хьэщIэхэри абы едаIуэрт яфIэфIу, зэми шей ефэхэрт, зэми я гъащIэм тепсэлъыхьхэрт, Гуащэ къахуигъэтIылъа щыгъыным хуэмурэ щыхэплъи щыIэт. Абы хэту Дыщэнэ къэпсэлъащ анэм деж:
– Лацэ, – къригъэжьат абы зэресам тету, ауэ зэуэ зыкъищIэжри пищэжащ. – Мамэ, хьэщIэ диIэщ. Папэ къэкIуэжащ. Хъуну и гъусэу зыплъыхьакIуэ Долинск сыкIуэ?
– Хъуакъэ, си хъыджэбз, ахьей, укIуэн, ауэ фыкъекIуэлIэжа нэужь, хъыбар къэзгъащIэ, си гунэ-гупсэ цIыкIу.
ХьэщIэхэр иригъэжьэжри, Гуащэ и пхъум деж еуащ:
– Тхьэ, Данэ, имычэзууэ узгъэпIейтейми сымыщIэ, ауэ уи адэр нобэ Налшык къэкIуэжати, си псэр зэхэзехуэн хъуащ. Сыхуейтэкъым апхуэдизрэ кIэщI-кIэщIу къытригъэзэну. Дыщэнэ стрихыжынкIэ сошынэ. Армырауэ пIэрэ Москва щIыдэмызагъэр? А си псэ закъуэр здишэжрэ кIуэжым, сэ сыпсэуфыну арыншэу?
– Мамэ, апхуэдэу папэ гущIэгъуншэ? Езым зигъэлIэнущ, уэ уи жагъуэ имыщIын щхьэкIэ. Ар иджыри къэс къэпцIыхуакъым, ара? Щымыуэ щыIэкъым, ари щыуащ, ауэ ар зэрыхущIегъуэжам сэ фIыуэ сыщыгъуазэщ. Мамэ, ар куэд щIакъым сымэджэщым къызэрыщIэкIыжрэ, гууз бгъэдэлъщ. КхъыIэ, сынолъэIу, абыкIэ щыIэху, хуэсакъ. Ауэ ухуэмейми, укъызгурыIуэнущ. Апхуэдэу хъумэ, сэ сынэлъэтэжынщ, сабийхэр ди нысэм къыхуэзгъэнэнщи.    И къуэм нысэфI къыхуишащ Гуащэ: Иннэ и теплъэкIи, и хьэлкIи дахэщ, удэзыхьэхщ.  И дэлъхуищми малъхъэ яхуэхъуар къуэшущ къызэралъытэр.
– Хьэуэ, укъэмыкIуэж. Дыщэнэ къыбжиIауэ къыщIэкIынщ, нэхъ лейуэ сызыгъэгузавэр. Абы и анэр къыкъуэкIыжащ, псэкIэ спIа хъыджэбзыр стрихыжыну ***йщ. Сэ иджыри зыкъысхуигъэзакъым, ауэ ари хузэфIэкIынущ абы. Уэ зэрыпщIэщи, куэд и напэм кърегъэзэгъ. Мыгувэу уи адэри къэкIуэжащ. Уэ къыпщыхъукъэ, Данэ, ахэр зэрыщIэу?
– ЗэрыщIэкъым, Лацэ, папэ япэм зэрыта щытыкIэм иувэжащ. Ар а уэ укъэзыгъанэу ежьэжа папэкъым, зихъуэжащ. Абы щыгъуи тыншу илэжьа Iуэхуу схужыIэнукъым ар. Си нэгу щIэкIащ абы и гугъуехь куэд. Аращ псори щIыхуэзгъэгъуфар, – Дани изыныкъуэхэм ЛацэкIэ къеджэ хъуат анэм.
– Хъунщ, хъунщ, сыхуейкъым сэ а жыпIэ псом. Дыщэнэ си гъусэу къанэм аращ. Укъэмылъэтэж абы щхьэкIэ, сабийхэри IэщIыб пщIыуэ гугъу йомыгъэхь.
МахуитI дэкIауэ Аслъэн къызэрыкIуэжрэ, Гуащэ щхьэкIуэ къыхуэкIуащ: и нысэ нэхъыжьыр, и дэлъхум и щхьэгъусэр, дунейм зэрехыжамкIэ хъыбар къыхуихьащ. Аслъэн иджыри къэс и жьэр ***гъазэу емыпсэлъа цIыхубзыр Iэмалыншэм ирихулIэри елъэIуащ:
– Дыщэнэ нобэрэ пщэдейрэ уи анэмэтщ, сэ хьэдагъэ сымыкIуэж хъунукъым къуажэм. ЗыгуэркIэ уи Iуэху хуэмыхъунум, Лалинэ и пхъум къыхуэзгъэнэнщ.
– Iэу, сэри сахуэгузэвэну къыстохуэ унагъуэм. Уи закъуэ узгъэкIуэжынкъым, уи гъусэу сынэкIуэнщ, жыхуэпIам Дыщэнэ къыхуэдгъэнэнщи. Тхьэм жэнэткIэ игъэгуфIэ, цIыху пэжу дунейм тетащ тхьэмыщкIэр.
– Дыщэнэ сытогузэвыхь, дзыхьи сщIыщэкъым зыгуэрым къыхуэзгъэнэну. Маринэ Налшык къэкIуэжауэ щыIэщ, хъыджэбзым зыкъыхуигъазэри къепсэлъащ, зришэлIэжын и гугъэщ. Абы ищIэнур къэщIэгъуейщ. Уэ зыгуэр хэпщIыкIрэ а Iуэхум? Е тIуми фи зэхуэдэ унафэ? Къыщысхуэбгъанэм, укъызэупщIакъым, сабий спIар фыкъызэмыупщIу стефхыжын фи гугъэу ара? Ара фи мурадыр?
– Гуащэ, сэ апхуэдэ лей пкIэлъызесхьэфынукъым. Зыри хэсщIыкIыркъым а жыхуэпIэм, ауэ Дыщэнэ хуэмеймэ, а зи гугъу пщIым зыри хуэщIэфынукъым.
– А зи гугъу сщIым цIэ иIэщ. Маринэ ди гъащIэм къыхэзыгъэхьари уэращ. Абы и телефоныр пщIэмэ е къыщыувыIам ущыгъуазэмэ, епсалъи, зыкъытхуигъэзэну жеIэ. ДыуэщIым дыкъикIыжа нэужь депсэлъэнщ. Зы унафэ пыухыкIа диIэн ***йщ. Къэхъунум сигъэгузавэу сыпсэу нэхърэ нэхъыфIщ, зы кIэух игъуэтым.
Гуащэрэ Аслъэнрэ зэгъусэу я щыпэкIуэтэкъым зэрызэбгъэдэкIыжрэ гуфIэгъуэ-гузэвэгъуэхэм, ауэ япэм е Ислъам, е Данэ ядыщIыгъурт. Iыхьлым зыхуахьынур ямыщIэу хуэму зэкIэщIэупщIэхэрт, зэкIужамэ, къащIэну ***йхэт. Гуащэ пщIэшхуэ къыхуащIырт икIи фIыуэ къалъагъурт къыдалъхуахэми, унэкъуэщхэми. И насыпыр зэтеувэжатэм, псори гуфIэнут…
***
- Уарэ, сыту хьэлэмэт мы махуэр! - Дахэ и макъ щабэм зригъэIэтауэ егъэщIагъуэ гъатхэ махуэм и дахагъыр. Пэжу, ар дахащэщ!
- Сэри гукъыдэж къызитащ абы, - жеIэ Гуащэ. - ПщIэрэ, нобэ Аслъэн къолъэтэж, зы тхьэмахуэкIэ сишэну жиIащ.
- Ар хъыбарыфIщ. Абы уэ фIыщэу укъелъагъу, насыпыфIэ удэхъунущ. - Шэч къытесхьэкъым. Еплъыт, Дахэ, еплъыт, мо уэгум ит къыухэм. Ахэр сытым дежи апхуэдэу зэрыIыгъщ. Нобэ ещанэу гу ялъызотэ.
- Гуащэ, сыт абыхэм ящIэр?
- Къофэ, плъагъуркъэ...
Къыухэм я къафэр телъыджэт: зэ зыр адрейм и хъуреягъэр къифыхьырт, итIанэми къызэтемыувыIэу лъатэрт, зэми зэбгъурывэрт, итIанэ зыр адрейм и щыгум иувэрти и дамэр ину ишэщIырт, ипэ илъатэти, гъуэгур хухишт, и лъабжьэм зыщиукъуэдийт, и сэмэгурабгъумкIэ къыщыхутэрти зэтехуэу я дамэхэр яшэщIырт. Уафэ щIыхупс бзыгъэм мо къыу хужьышхуитIыр хащIыхьам ещхьт. Пшэ хужь хъар мащIэ ипхъыхьами хэгъуащэхэртэкъым.
- Гуащэ, а тIур зэщхьыр пщIэрэ? Уэрэ Аслъэнрэ... - блэкIам къыхоIукI я зэхуэдэ ныбжьэгъум и макъ. Ар Гуащэ и гъусэу еджэрт. Аслъэн и Iыхьлыт икIи и ныбжьэгъут, зы унэ фIэкIа я зэхуакутэкъым. Ар и гъусэу лъэмыжым щызэпрыкIым Аслъэн хуэзат япэ дыдэ.
***
– Гуащэ, Масирэтщ ар, – къопсэлъыкI псалъэхэр зэкIэлъихьу телефоным и ныбжьэгъур. – Маринэ мэлъаIуэ хъыджэбзым хуэвгъэзэну. Тхьэ, хуэвгъэзэнуми, хуэвмыгъэзэнуми, фэрам ар зи Iуэхужыр, сэ абы сыныхэмыпсэлъыхьыну. Уэ жыпIэм сэ арэзы сытехъуэнущ, ауэ ***т пщIымэ, сэ саригъусэнщ, си нэIэ тезгъэтынщ. Уэ умыгузавэ, абы лей сэ къытезгъэхьэнкъым. Дауэ уеплърэ а бжесIам?
– Масирэт, уи жагъуэ умыщI, ауэ Аслъэн къэкIуэжауэ щыIэщи, абы и псалъэ хэмылъу, апхуэдэ унафэ сэ схуэщIынукъым. ИтIанэ Дыщэнэ-щэ? Ар езыр ***ймэ хуэзэну, илъагъуну, сэ абы пэзубыдыфынукъым. ТIуми яжесIэнщи сынэпсэлъэжынщ.
Гуащэ лэжьапIэм къыщIэкIыжри, унэмкIэ зэрыкIуэж гъуэгум теуващ. Жьы мащIэ къопщэ, лъы къэплъар егъэупщIыIу, езыри мыпIащIэу макIуэ. Дуней гъагъэм зыщимыгъэнщIыу зеплъыхь. Гъуэгур зэпиупщIыну зы лъэбакъуэ ичауэ арат, зыгуэр и Iэблэм къыщытеIэбам. КъызэплъэкIмэ – Маринэт. Блэ зэуам ещхьу, Гуащэ зиутхыпщIри Маринэ и Iэр зытридзыжащ, лъэбакъуэр нэхъ щIигъэхуэбжьащ, ауэ зэпрыкIа нэужь къызэтеувыIэри зыхуигъэзащ цIыхубзым.
– Уи анэм ди унафэр къыбжиIэнущ, уэрэ сэрэ дыщIызэпсэлъэн нэгъуэщI щхьэусыгъуэ диIэкъым. Ежьэ хъыбарым, – егъэджакIуэ ткIийм хуэдэу, иридзри IукIыжащ.
– ДиIэмэ-щэ? – къыкIэлъыкIиящ Маринэ. Гуащэ абы и макъым щIэлъ гузэвэгъуэм къызэтригъэувыIащ. Псалъэ жызымыIэфу зэщыджэу гъы цIыхубзыр а щIыпIэм деж такси щытым иригъэтIысхьэри ишащ и тыкуэным. Абы щIыхьэхукIэ зэпымыууэ гъащ Маринэ.
 – КъызгуроIуэ … –  ерагъкIэ къыдришеят Маринэ, ауэ
Гуащэ цIыхубзыр игъэпсэлъакъым, зригъэтхьэщIри шей кумбыгъэ IэщIигъэуващ, итIанэ зыхуигъэзащ абы:
– Маринэ, алейкIэ гугъу зумыгъэхь, а уи къысхуэгъэгъум сыхуэныкъуэкъым сэ. Зыгуэрым укъыхегъащIэ, сыщыуэми сщIэркъым, укъыщIэкIуэн ***й хъуам къысхутепсэлъыхьи нэхъыфIщ.
Гуащэ хужыIэнутэкъым иджыпсту и щытыкIэр зыхуэдэр, ауэ зы гупсысэ и щхьэм щыкIэрахъуэрт: «Алыхьым и деж нэмысын псалъэ къызжьэдэмыкIарэт».
– Сысымаджэщ. Уз мыхъужын къызоуз.
Гуащэ Маринэ и псалъэр жыжьэ дыдэ къиIукIым хуэдэущ зэрызэхихыр, и псалъэхэми хуэдэгущ, зыри зыхищIэркъым, ауэ езым и хабзэм зэрытету макъ плъыфэншэкIэ жреIэ:
– Нобэ апхуэдизу медицинэм зиужьащи, уз дэтхэнэри яхуогъэхъуж, е узыр щхьэщахыурэ зэман кIыхькIэ яIыгъщ.
– Сыщыуат уи деж сыкъыщыкIуам щыгъуэ. Сэ уэ уэсщIам нэужь, сытым щхьэкIэ уи гущIэгъу къэслъыхъуэрэ? Къысхуэгъэгъу, узгъэпIейтеящ. Дыщэнэ и хъыбар къысIэрывгъыхьэмэ…
– Зэт, догуэ, къызэтеувыIэт. Алыхь Iэмырым дыщыгугъынщ, Маринэ, сэ зыгуэркIэ сыбдэIэпыкъуфын уи гугъэу зыкъысхуэбгъэзамэ, укъызэрысщыгугъар къызжеIэ. СхузэфIэкIыр пхуэсщIэнщ.
– Германием е Израилым сыщагъэхъужыфыну къызжаIащ дохутырхэм, узыр иджыри хэтIэсакъым, ауэ ар сэ схузэфIэкIынукъым. ПщIэуэ къыщIэкIынщ, сэ си закъуэ сабиитI сопIыр, дэIэпыкъуэгъу сиIэкъым. Ауэ сэ мыбы сыкъэзыхьар нэгъуэщIщ. Дыщэнэ есха лейм симыгъэкIуауэ къысщохъу, хъыджэбзым къысхуигъэгъуатэм къэзгъанэу сызэрежьэжар, си псэр нэхъ тыншынут.
– Дыщэни ухуэзэнщ, Маринэ, иджыпстукIэ си закъуэ сыкъэгъанэ. Нэхъ иужьыIуэкIэ хъыбар уэзгъэщIэжынщ.
Гуашэ къехьэлъэкIат и тIуанэм зэрыхуэзари, зэрепсэлъари. Абы Аслъэныншэу къигъэщIа илъэсхэм и нэгу щIэкIа псори зыми ***Iуэтэфынутэкъым, ауэ лажьэр зыбгъэдэлъыр хэтми къыбжиIэфынутэкъым. ГъащIэщ. Абы и бгъуагъыр, и кууагъыр, и кIыхьагъыр зыми къыхуэпщакъым иджыри къыздэсым. Тынштэкъэ, цIыхум и гурыщIэхэм унафэ ***щIыжыфу щытамэ. Сыт хуэдиз гъащIэ зэтекъута пхуэхъумэнут. Гуащэ ноби зыхуейр зыщ: и гъащIэм апхуэдиз хьэргъэшыргъэрэ хьэзабрэ къыхэзылъхьахэм зыщIыпIэ я гъуэгухэр щызэримыхьэлIэну. Ауэ быдагъэкIэ Тхьэшхуэм игъэунэхум хуэдэщ. «УкъызэмыкIуэлIащэрэт, Маринэ. Си гъащIэр зэтебгъэщащэри, ерагъкIэ зэщIэскъуэжащ. Иджы сэ уи Iуэху зытет сщIэуэ, дауэ сынобэкъуэну? Ар Дыщэнэ къысхуигъэгъуну? Сэ зыхуэзгъэгъужыфыну, сыбдэIэпыкъуфыну, зыри пхуэзмыщIэмэ? Си унагъуэр зэтезыкъутаракъым зыхуэсщIэр, си сабий анэмэту Тхьэм къызидзылIаращ. Аслъэн сепсэлъэнщи, здэкIуэну сымаджэщым къыхуагъэув уасэр еттынщ, Дыщэни хуэзгъэзэнщ сымыгъэгувэу. Абы иужь сцIыхунуи, слъагъунуи сыхуейкъым. Тхьэм игъэхъуж, ауэ си гъащIэм къыхремыхьэ абы фIэкIа… Алыхьышхуэ, къысхуэгъэгъу, си гукъеуэр япэ изогъэщ. Хьэуэ-хьэуэ, Масирэт гуэныхькъэ? А ипхъу закъуэм щхьэкIэ дэсащ, щхьэ къэIэт имыIэу лажьэу. Мы гъащIэ джэурыр фIыцIэрэ хужь къудейуэ зэхэлъу щытамэ, ущIэгузэвэн щыIэжт? Алыхьым гущIэгъу къыхуищI: щIалащэ мыгъуэщ езы тхьэмыщкIэри»…
– Аслъэн, дызэмыпсалъэу хъунукъым, Iуэху къытлъыкъуэкIащ, – Гуащэ жриIэжащ абы Маринэ къыхуиIуэтар икIи елъэIуащ и гъусэу псори Дыщэнэ гуригъэIуэну. Хъыджэбз цIыкIум сыт хуэдизкIэ щабэу емыпсэлъами, сыт хуэдизкIэ псалъэмакъыр тынш щащIыну иужь имытами, къытехьэлъащ жраIар. Сабий акъыл зэмыпцIам и дежкIэ гугъу хъуащ зэхихар. Гуащэ и Iэр имыутIыпщу, Iурихыжащ, езыри къыщхьэщымыкIыу нэху къытещхьащ. Дыщэнэ и нагъуэ дахитIыр къыщызэтрихам япэу зыIуплъар и Лацэщ, ар абы иджыри щхьэщыст.
– Мамэ, умыжеяуэ ара?
– Сыжеящ, си къупщхьэ гуащэ, сыжеящ, мы уи нэгу тхьэIухудыр зэхэхи къысхуэнэщхъыфIэ, махуэщIэм дыпежьэнщи, къытхуихьыр къеIытхынщ. Уэ абы куэдкIэ уигъэгуфIэну и мурадщ.
– Апхуэдэу сыкъыщыбгъэушым деж, е зыгуэр къысхубощэху, е зыщIыпIэ дыбогъакIуэ. Дэтхэнэра уи мурадыр? – къыхуогуфIэ анэм пхъур бзаджэу.
–ТIури. Хъуну, си пащтыхьыпхъу цIыкIу, апхуэдэу? – езыри щогуфIыкI Дыщэнэ. Зэгъусэу пщэфIапIэм щыхьащи, зэпсэлъылIэурэ, Iэнэр къытрагъэувэ, мэдыхьэшх, зэдогушыIэ.
– ИIэ, Дыщэнэ, уи нэ бзаджэхэр къыздумыгъэджэгуу жыIэ нэхъ узыхуейр.
– Сэ тэзыр къыстефлъхьэу зыгуэркIэ сызыхэвгъыхьэ хъуну, Дыщэнэ, нобэ? Сыт узыхуейр къыпхуэсщэхуну? – къыщIыхьащ Аслъэн и джанэ Iэщхьэр дригъэджэрэзейуэрэ.
– Папэ, уэри унэкIуэну ди гъусэу? – и нэ цIыкIухэр къэцIыуат зэуэ, ауэ Гуащэ ***плъэкIри къыщIигъуащ: «Хъуну, мамэ?»
– Унафэр зейр уэракъэ нобэ, си псэ? – и щхьэм Iэ дилъэри адэкIэ къыпищащ. – Аслъэн, сыт хуэдэ тезыр къыхэпхыр: мы пащтыхьыпхъу цIыкIум зыхуейр къыхуэпщэхунрэ зыхуейм дыпшэнрэ?
– ТIури. Хъуну, Гуащэ, апхуэдэу? – Гуащэрэ Дыщэнэрэ къыщиудри дыхьэшхащ.
– Папэ, ар дэ ди щэхущ, бжетIэнукъым дыщIэдыхьэшхар. Аракъэ, Лацэ? – зэрыгъэIуща нэхъей зэанэзэпхъур зэхуэгуфIащ.
– Айфонщ* уи хъуапсапIэр, Дыщэпс, ара? – йоупщI адэр пхъум.
_________________
*Айфон – телефон лъэпкъщ.

– Айфонщ, папэ, ар сыт щIэбгъэщIагъуэр? Ари иужь дыдэ къыдэкIам хуэдэщ сызыхуейр.
– Къыпхуэсщэхунщ, ауэ иджы етIуанэ тэзырыр къызжеIэ, –  зыхуегъазэ Аслъэн хъыджэбз цIыкIум.
– Сэ сызыхуейр, пщIэрэ? Айфон уасэр сэ си цIэкIэ Маринэ здэбгъэкIуэну сымаджэщым ептыну ахъшэм схухэлъхьэ. ИтIанэ сэ куэд щIауэ сыхуейт Лацэрэ уэрэ сывигъусэу шхапIэм дыщIэсыну. Сэ къыхызох «Налшык» рестораныр, абы адыгэ шхыныгъуэ щащIыр, IэфIу мэпщафIэ, дэ абы си классэгъу Нурий къыщалъхуа махуэр щыдгъэлъэпIащ.
Адэмрэ анэмрэ Дыщэнэ зэуэ зыхуашиящ IэплIэ хуащIын мурадкIэ, ауэ Гуащэ Аслъэн япэ иригъэщри, езыр къыIукIуэтащ. Зэадэзэпхъур щытащ зы тэлайкIэ щыму IэплIэ быдэу зэхуащIауэ, итIанэ Дыщэнэ анэм и Iэр иубыдри машинэмкIэ иунэтIащ.
ШхапIэм щIэсу Аслъэн деж и лэжьапIэм къипсэлъыкIри къэпсэлъахэщ. Псэлъэн иуха нэужь, Гуащэрэ пхъумрэ закъыхуигъазэри къажриIащ: «Германием щыIэ клиникэрат Маринэ и дохутырым нэхъ зытригъэчыныхьыр, и кIылъымпIэхэри арат здигъэкIуари, абы ахъшэр ирагъэхьащ. Езы Маринэ махуэ зытIущкIэ ежьэнущ, зэрагъэхъужынымкIэ щыхьэт тохъуэхэ, узыр хэтIэсакъым, зэрыжаIэмкIэ».
– Алыхьым и шыкурщ. Дыщэпс, плъагъурэ ари зэфIэкIащ. Тхьэм дыхуелъэIунщ, си хъыджэбз тхьэIухуд, хъужыну, – зыхуигъэзащ Гуащэ сабийм.
– Дапщэ зи уасэр узыхуей телефоныр, си псэ? – йоупщI Аслъэн пхъум.
– Соминищэм нос.
Аслъэн и къэптал жыпым йоIэбэри ахъшэр кърех, итIанэ Гуащэ гуроIуэри Дыщэнэ и гъусэу щIокI.
– Гуащэ, Алыхьым бын гуныкъуэгъуэ уимыгъэлъагъукIэ упсэуху, уи бынищми и гуфIэгъуэ куэд ухигъэт. Уэ дэ къытхуэпщIар зэи сщыгъупщэнкъым, си гъащIэр тхьэ сыпхуелъэIуу схьынщ, – къэпсэлъащ етIуанэ махуэм Масирэт. Дыщэнэ къыбгъэдэтти, телефоныр IэщIилъхьэри и анэшхуэм дигъэуэршэращ.



Ещанэ Iыхьэ.

Маринэ Гуащэ и тыкуэным къыщIэкIыжри лъэсу здэкIуэжым и классэгъу Мурат хуэзащ. Уеблэмэ, пэщIэдзэ классхэм зэпартэгъуу щытахэт. Зэгъусэу шеибжьэ ефэну шхапIэм щIыхьахэщ.
– Уфагъуэщ Маринэ. Уузыншэ? Къысхуэгъэгъу, кхъыIэ, уи жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ сыпхуогузавэри аращ сыныщIоупщIыр. Нэхъри мо пшапэ зэхэуэм дыкъыхэкIри мы дыкъыздыщIыхьам и уэздыгъэ нэхум апхуэдэу узегъэлъагъу, – гузавэрт емыкIу къихьа и гугъэу Мурат.
– Сыузыншэкъым, Мурат, онкологием сыкъыщIэкIыжа къудейщ. Иджыри къыспэщылъщ сымаджэщыр. Израилым е Германием сымыкIуэм сызыIыгъ узым сыкъелынукъым, ауэ аракъым сэ сызыгъэгузавэр. СабиитI сиIэщ сэ спIыуэ, тIури щIалэщ, сэ сымыпIуи зы хъыджэбз сиIэщ. Ахэр сэрыншэу дауэ хъуну? Хъыджэбзыр зыхуей хуэзыгъэзэн иIэщ, ауэ щIалитIым я адэр зэи къащIэупщIэркъым.
– Ар дауэ, Маринэ? – зэхихыр и фIэщ хъуртэкъым щIалэм. – А сымаджэщхэм языхэз узыгъэкIуэн уимыIэу ара? ДэIэпыкъуэгъущ жыхуэсIэр.
– Си гъащIэр гъатхэм и зы махуэм ещхьщ, Мурат. Удзыпэр хъуапсэгъуэу щIым къыхопщ, губгъуэхэмрэ къуэкIэбгыкIэхэмрэ еуфэбгъу, ар япэ удз гъэгъахэм ягъэщIэращIэ, дыгъэращи дыхьэрэнщ, зы тэлай докIри уэшхыр кърекъутэх, итIанэ дунейм аргуэрыжьщи щIыIэр тепщэ щохъуж. Адыгэхэм журт IутIыжкIэ йоджэ абы. СщIэркъым дэтхэнэм сыпхутепсэлъыхьынуми, ауэ уз спкърытым куэдым сыкIэлъигъэплъыжащи, щыуагъэ си мащIэкъым. Сэри зи гуэныхь стелъ гуэрым кIуапIэ къызимыту къысщохъу.
– Iэу, зэи цIыху псынщIэу ущыту гу лъызмыта, сытым дежи япэ уищу ужыджэрам. Москва дэт еджапIэ нэхъыщхьэ куэдым къахуэмыух, Маринэ. Уи гур гъэбыдэ. Дэри зыгуэр тхузэфIокI, уи классэгъухэращ зи гугъу сщIыр, дызэхыхьэнщи гу плъыттэнщ.
Маринэ узым зыщIигъэгупсысэжат. И гъащIэм ихъуэжын куэд хилъагъуэрт, ауэ щыуагъэ нэхъыщхьэу къилъытэр Дыщэнэ къигъанэу зэрыдэкIуэжарат. ТIэу дэкIуат фIыуэ илъагъухэу къыщыхъуу зыдэкIуахэр, ауэ унагъуэ нэс Аслъэни диухуэфакъым, Артури (арат етIуанэ щхьэгъусэм и цIэр) насыпыфIэ дэхъуакъым.
Щхьэусыгъуэшхуэ иIэт ар Аслъэн щIыбгъэдэкIыжам. Езым хуэдэ щымыIэу зыкъилъытэу псэу Маринэ зы пщыхьэщхьэ гуэрым псалъэм къыдэкIуэу Гуащэ и гугъу ищIати, Аслъэн, къэплъэным хуэдэу, къыхуилъащ: «Гуащэ и цIэр уэ пхуэдэхэм къраIуэну яхуэфащэкъым. Ар уэ уэлъытауэ мелыIычщ». Маринэ асыхьэтым зихуапэри унэм къыщIэкIащ. Уи Iэплъэпкъым зригуашэу щIыIэт дунейр, ауэ игъэзэжыну гукъыдэж лъэпкъ иIэтэкъым: Аслъэн Iуплъэфынутэкъым, фIэнэнут, армырми я жьэр зэсат. Апхуэдэу щыхъукIи, игу имылъи кърипэсатэкъым, ауэ ар езы Маринэ и закъуэ къуаншэ хуэдэ къриутIыпщыну апхуэдизу псалъэ гуащIэр и акъылым ***гъэтIасэтэкъым. Университетым къыдеджа и ныбжьэгъу Аннэ и деж псэлъащ телефонкIэ. И Iуэху зыIутыр щыжриIэм и унэ иригъэблэгъащ. МахуищкIэ щыIати Маринэ абы и деж, махуэ ещанэращ Аслъэн къыщыпсэлъар, Дыщэнэ цIыкIу щхьэусыгъуэ ищIри, ауэ, пэжыр жыпIэмэ, езыми сабийр апхуэдизкIэ игу къэкIати, зримыгъэлъэIуу къекIуэлIэжащ. А махуищыращ абы и гъащIэр зыхъуэжари. Аннэ и щхьэгъусэ Олег адыгэт. Маринэ и щыIэгъуэм ирихьэлIэу абы и къуэш нэхъыщIэ Артур къэкIуащ. Ар мо цIыхубз дахэм къегуэкIуащ, къыщепсэлъылIэм Маринэ и Iуэху зытетыр ***Iуэтащ. Апхуэдэ къэцIыхукIэкIэ къицIыхуащ Маринэ ар. ЩIалэ фызкъэмышэм занщIэу адэ-анэм сабийр къыпаубыдати, Маринэ Дыщэнэ цIыкIу къигъанэри, Артур дэкIуащ. НасыпыфIэ дыдэ хъуауэ зыкъэзылъытэж цIыхубзым тIуанэ къытрищIащ щхьэгъусэм, зэбгъэдэкIыжри, хеящIэм къыхуигъэува ахъшэр мазэ къэс кърита фIэкIа, быным къыщIэупщIэжакъым, ауэ гуащэ-тхьэмадэм сытым дежи зыкъыщIагъэкъуащ. Зэрысымаджэр щажриIэм, щIалитIри я деж яшащ, ауэ цIыкIущэхэщи мыувыIэу магъхэ. И анэ къыздигъэзэжам иджыри зыри жриIэфакъым, жриIэнуми нигъэсыркъым, щимыгъэту къреудэкI Гуащэрэ Аслъэнрэ я зэхуаку зэрыдыхьар. «КъыгурыIуэркъым икIи къыгурыIуэнукъым гъащIэм зызэрихъуэжар. Аслъэн ар фIыуэ илъагъуу къыбгъэдэкIакъым, сэ сыт си лажьэ мыгъуэр? ФIыуэ слъагъурт, хуэдэ щымыIэу къысщыхъурт, езыри аращ, ауэ Гуащэ къыщхьэщыжу псалъэ гуауэ къыщызжиIа пщыхьэщхьэм псори зэтрикъутэжащ и IэкIэ. Залымыгъэ есхатэкъым, япэ езыращ и лъагъуныгъэр къысхуэзыIуэтар, си анэр я ныбжьэгъу благъэу зэрыщытми, Гуащэ бынитI дигъуэтауэ псалъэмакъыншэу зэрыдэпсэуми, а и бынхэм ягу еуэнкIэ зэрыхъунуми егупсысакъым зэрынэхъыжьу, ауэ щыхъуми, сэ псомкIэ сигъэкъуэншэжыфащ. Аслъэн хузиIа лъагъуныгъэм къытекIуакъым Артур зэрыслъэгъуар, ауэ япэ щхьэгъусэм хуэзгъэгъуфакъым апхуэдизу сызэригъэпудар: Гуащэ срилъытащ, абы нэхъ сэ сынэхъ икIэу къызжиIащ», –  и гъащIэм гупсэхугъуэу топсэлъыхь Маринэ, Мурати йодаIуэ и классэгъуу щыта, ныбжьэгъуфIу къилъытэу зыдеджа цIыхубзым къыжриIэм. Классэгъу щIалэм къыгурыIуэрт, иджыпсту и пащхьэм ис цIыхубзым и псэм телъ бэлыхьыр зыгуэрым ***Iуатэу гупсэхугъуэ игъуэтыжыну зэрыхуейр. Абы апхуэдизу зыхищIати, цIыхубз цIыкIур гъащIэм гугъуехьу зыкIуэцIришар зэрымымащIэр, ахэр зы цIыхум дежкIэ зэрыхьэлъэр, игу ирилъхьащ хузэфIэкI къимыгъанэу дэIэпыкъуну.
Маринэ узым къыщыхигъэзыхьым деж, хъущхъуэ ефэрт е «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» къриджэрт. Хъущхъуэ ефэри зигъэукIурияуэ, ауэ пIэми хэмызагъэу щхьэгъубжэмкIэ дэплъырт. Апхуэдизу IупщIу къыхуихуатэкъым абы дунейм дахагъэ бгъэдэлъыр илъагъуну. ИгъэщIагъуэрт гъатхэ щыгъын щызытIэгъа жыгыр зэрыгуакIуэр, абы къыбгъэдэкI хуабэр, дэрэжэгъуэ къритыр.
... Месыр, плъагъурэ, апхуэдизк1э жыг гъэгъахэм я теплъэр дахэщи, псэр егъэпIейтей. Ещхьщ ахэр бостей къуэлэнпщIэлэн щызытIагъэхэу зыплъыхьакIуэ ежьа пщащэ цIыкIухэм. Жьы зызыгъэхуэбжьам къыпигъэщэща гъэгъахэр джэрэзу щхьэгъубжэ зэIухамкIэ пэшым къыщIепхъэ. Ахэр зэмыфэгъущ: и ныкъуэм тхьэмбылыфэ щIолъадэ, адрейхэм -  щIыхуфэ, хужьыфэ...  Мэ гуакIуэ къапихыр пэшым щIэз хъуащи, щхьэр егъэуназэ. Сыт абы иджыри къэс гу щIылъимытар? Сыту дахагъэ куэд дунейм тет! Дахэкъэ атIэ мо уафэр? Дыгъэ гуащIэм уи нэр щIесыкIри ***ту удэплъеифкъым, ауэ плъыжь хъурей и Iуфэр къэзытхъыхьам къыбжиIэ хуэдэщ: “Псэу, Маринэ”. “Пшэ хужьхэм къэрэндащ щIыхукIэ хэщIыхьа сурэт къыхэщыр зэщхьыр кхъухьщ. Дадэ апхуэдэ кхъухькIэ дунейм и хъуреягъыр къызэхыдигъэкIухьыну къызжиIэ зэпытт. Хунэсакъым... Мо жьэкIэху хъужауэ къэзубыда сурэтыр мыдадэу пIэрэ? Ар псэужатэм, и теплъэр апхуэдэнутэкъэ иджыпсту? ЯIэлъыхь, къыздэIэпыкъу, мы дуней дахэм гу щызгъахуэ...” - тхьэлъэIу псалъэхэр куэдрэ къепсэлъ иужьрей зэманым Маринэ.
ЕщIэж Аслъэн и гъусэу обсерваторием зэрыкIуауэ щытар. «Си Маринэ, тенджызыпхъу, унэкIуэну си гъусэу? Е зыбгъафIэу унэм укъыщIэнэну?» – зэхех Аслъэн и макъ, ауэ абы еижкъым ар, зыми еижкъым. «Сыту гъуэгу быркъуэшыркъуэт си гъуэгур. Ар къызгурыIуэн щхьэкIэ, Алыхьышхуэ, сымаджэ сыхъун ***яуэ ара? Артур къысщIэупщIэхакъым, зи унагъуэ зэтескъута Гуащэ и гущIэгъум сыкъыхуэнащ. Сыпэлъэщакъым си щхьэр зыгъэутхъуа гурыщIэм, Аслъэни къыздиIыгъащ. ПщIыхьымрэ нэхуапIэмрэ сфIызэхэзэрыхьауэ сыпсэуащ илъэситхукIэ. ИлъэситIым зыми дыкъащIакъым. Аслъэн иужьрей илъэсым и нэм щIэслъагъуэ гукъеуэр дэнэкIэ сымыкIуэми къыскIэлъыкIуэт. Зыри схуещIэжакъым а гукъеуэм, нэхъ мащIи схуэщIакъым. ФIыуэ сыкъилъагъууи жиIэрт, и лъагъуныгъэм и щыхьэту щIэх-щIэхыу дыщэхэкI тыгъэхэр къысхуищIырт, ауэ езыр хьэлъэу и гум телъ гуэрым хигъащIэрт, уэс Iувым иришэха къудамэм ещхьт.
Артури сыхуеплъэкIынутэкъым, Аслъэн и хуабагъ гуэр зэхэсщIэжу щытатэм. ИтIанэ си анэ къызэбгыр махуэ къэс шэчыгъуейт. Абы и гыбзэрауэ пIэрэ сызымыгъэкIуар? Е Гуащэ нэпс щIигъэкIарауэ пIэрэ? Дыщэнэ-щэ? Жэщ куэд сымыжейуэ схьащ абы сегупсысурэ. Дауэ къела зи анэ махуэ къэс зи нэгу щIэт сабийр зэрыхыфIадзам? Лъагъуныгъэр псэухукIэ фIыуэ ялъагъуу, лъагъуныгъэр иуха нэужь, зэрыхыфIадзэжам? Алыхьышхуэ, къысхуэбгъэгъуфыну апхуэдиз гуэныхьыр? Си бынитIым сахуэпхъумэжыфыну? ГъащIэ къызэзытари уэращ, сыпсэунуми ***тыр уэращ. СынолъэIу,  уи гущIэгъум сыхомын.  Гуащэ ещхь куэд щыIэкъым, абы Дыщэнэ зэрипIам хуэдэу, си щIалитIыр, Алимрэ Залимрэ, хэт зыпIынур? Артур къыдэхуэркъым и унагъуэщIэм, сыкъызэрыкIуэжрэ къысщIэупщIакъым, ауэ и адэ-анэр сыту цIыхугъэшхуэкIэ къызэрыкIа. Дыгъуасэ къэкIуахэщ, клиникэм естын ***й ахъшэри къахьащ, ауэ ахэр кIуэжа нэужь хъыбару къысIэрыхьащ Аслъэн клиникэм зызэрыпищIар. Ар зи фIыщIэр Гуащэщ, пэрыуакъым, къысхуригъэщIащ. Мурати си классэгъухэр зэщIигъэуIуэри къысщIигъэупщIащ, ахъши схузэхалъхьащ. Алыхьым дэIэпыкъуэгъу къысхуищI: узыр хэмытIэсауэ жаIэр дохутырхэм. Хэт ищIэрэ? Гугъэ сиIэщ иджыри».
– Маринэ, Дыщэнэ сымэ къэкIуауэ къожьэхэр, –  Масирэт гуфIэжу къыщIыхьащ пэшым.
– Мыпхуэдэу сэ Аслъэн и пащхьэ сихьэфынукъым, тIэкIу сызыкIэлъыплъыжынщи сыныщIэкIынщ.
– Аслъэн, гузэвэгъуэрэ, нэхъапэр? Дыщэпс къэкIуащ, насыпыншэ. Ней-нейуэ и анэм еплъщ пхъури, щитIэгъэн щыгъын къыхихыу щIидзащ. «Сыт мыгъуэр си Iэмал, узым хьэлыр ихъуэжу щытамэ, къэдабэм хуэдэу щабэу щытын ***ящ Маринэ. ИтIани си бынщ, зыдэзмыщIу хъунукъым. Апхуэдэут ар сэ зэрызгъэсар? Лъыр зыщIыпIи пхуэхьынукъым, и адэ шыпхъужьым ещхьу щхьэзыфIэфIщ. Ипхъу цIыкIур, насып диIэщи, зыкIи екIуалIэркъым хьэлкIэ, теплъэкIи аращ. Зэщхьыр зыпI Лацэщ. Азэлыхь, къыздрихари дымыщIэу сабийр Гуащэ ЛацэкIэ еджэурэ, абы дыкъытрина си гугъэм», – Масирэт и щхьэм хуэпсалъэурэ хьэщIэхэр здыщIэсымкIэ щIыхьэжри захуигъэзащ:
– ТIэкIу дежьэн ***йщ. АпщIэндэху, Дыщэнэ, си хъыджэбз нэкIуху цIыкIу, IэфIыпсу фызгъэшхэнщ. Аслъэнрэ Масирэтрэ зэпсалъэу пщэфIапIэм здыщIэсым Дыщэнэ къыщIэлъадэри гуфIэу и адэм зришэкIащ, итIанэ елъэIуащ нэхъ псынщIэу Гуащэ деж ишэжыну. Дыщэнэрэ Маринэрэ я закъуэу къызэхуагъанэри, езыхэр мыбыкIэ къыщIыхьахэт. Куэбжэм нэс къыдэкIуэта Маринэ IэплIэ ***щIри щыму дакъикъэ зытIущкIэ щытащ апхуэдэу, итIанэ и адэм и Iэр иубыдри къыдэкIыжащ. Машинэм хъыджэбзыр иригъэтIысхьэжа нэужь, Аслъэн, зыгуэр къызыщыгъупщам ещхьу, пIащIэу игъэзэжащ. ПщIантIэкум ит Маринэ зэуэ бгъэдыхьэри и нэпс нэкIум къытелъэдар ***лъэщIурэ жриIащ: «Сыт ухуей хъуми къэпсалъэ, сэ псори зэхуэзгъэкIуэнщ. Узэрыхъужынум шэч лъэпкъ къытумыхьэ». ИгъащIэм зыхимыщIа гурыщIэ гуэрым абдежым къыпкъырыхьэу щIидзащ цIыхубзым. Ар зищIысыр и кIэм нэс къызыгурымыIуа Маринэ и щхьэгъусэу щытам жриIащ: «ПщIэрэ, Аслъэн, сэ езым иджыпсту сызэрыщытыр къызгурыIуэжыркъым, ауэ хуэбагъэ къызэптыр нобэ укъызэрысхущытымкIэ зэзгъэщхьыр адэм къыбгъэдэкI гурыщIэ зэи зэхэзмыщIаращ. Армырауэ пIэрэ уи деж япэ дыдэ зынэсшиин ***й щIэхъуар?» «Си хуэбагъэ нобэ зэхэпщIам зэреджэр цIыхугъэщ, Маринэ. Щхьэрыуам лъагъуэ гъуэгу захуэм хуэзышэ къелъыхъуэ. Сэри сыаращ. Тхьэм уи щIалэ дыгъитIым уахуихъумэ», –  жиIэри къыдэкIыжащ пщIантIэм ар. И бгъэм щызу хьэуа жьыдишэри уафэмкIэ дэплъеящ. «ГъащIэр сыту телъыджэ!» –  жызыIэ теплъэт абы и теплъэр.
***
ГъэщIэгъуэнкъэ, Аслъэн щIэ гуэр къызыпэплъэ цIыхум ещхьт иджыпсту. ГъащIэм хэлъ пэж хьэлэмэт гуэр къызыгурыIуам хуэдэт. Куэд щIауэ имылъэгъуа и къуэм деж псэлъащ ар а махуэм. Лэжьыгъэм тепсэлъыхьыну Аслъэн зэрыхуэмейр къызыгурыIуа Ислъами адэм щысхьри и къуэрылъху цIыкIухэм я гугъу къыхуищIащ: Андемыркъанрэ Темыркъанрэ зэтралъхуати зэтезагъэхэртэкъым, апщIэндэху гъэщIэгъуэн куэд ядэплъагъурт, ауэ я нысэ цIыкIур яхуэбэшэчт быным, ямыгуауэу я зэхуаку дэтт, Iеймрэ фIымрэ къагуригъаIуэрт, Аслъэн и дежи къашэхэрти ягу зэщахуэхукIэ щагъыIэрт.
– Ислъам, лэжьыгъэм сэ иджыпсту сыпыIукIуэтынущ мащIэу, НалшыккIэ сыщыIэнущ. Си къалэнхэри уэ къыптехуэжыну къысщохъу. Хъунумэ, къомыхьэлъэкIынумэ, мыбыкIэ иджыпсту сыщыIэмэ нэхъ сфIэтэмэмщ. ИтIанэ куэд зэзгъэзэхуэжын ***йщ сэ, си къуэ. Уи анэми гъащIэ тынш ирихьэкIакъым си зэранкIэ, къысхуигъэгъун щхьэкIэ сытми сыхуэхьэзырщ.
– Сэ фи Iуэхум сыхэмыIэбэмэ нэхъыфIу къысщохъу.
Аслъэн зы махуи хущIегъуэжатэкъым Гуащэ и гъащIэр зэрырипхам. Апхуэдэ цIыхубз зэпIэзэрыт, бэшэч, щабэ, Iущ куэд ущрихьэлIэкъым гъащIэм. Унагъуэм къазэрыхыхьэрэ мазэ нэхъ дэмыкIыу, Аслъэн и анэ Данэху и нысэм и жагъуэ ищIат. ЩIалэр укIытэри анэм зыри жриIэфакъым, зэрыкъуаншэр илъагъуми, ауэ щхьэгъусэр тригъэун и гугъэу щедэхащIэм къыжриIэгъащ: «Ар анэщ, ***ймэ къызэшхыдэнщ, ***ймэ къызэдэхэщIэнщ. Сэращ абы и лъапсэм къэкIуари, зэтриухуа щытыкIэ унэм илъым зыдэсщIын ***йщ сымыкъиину. Дэ дызэпсалъэми, ди жагъуэ зэрыгъэхъункъым, уэ умыгузавэ». ИщIэрт и щхьэгъусэр зэрыакъылыфIэр, ауэ абы щыгъуэ къигъэлъэгъуа Iущагъым щыгуфIыкIат. Гуащэ и зы псалъэ щIыIэ Аслъэн и унагъуэм щыщ зыми зэхихакъым.
Махуэ фагъуэм дунейр жьауэншэ, зэщыщхъу ищIащ, нэху къызэрыхуэупсэри зэщхьыр кIэртIоф уэздыгъэм идз нэхуращ. Хуэмурэ цIыхухэм къакIэщIэкIуасэ пщыхьэщхьэри зэхащIэртэкъым абы къыхэкIкIэ, ауэ зэ зыщIыпIэкIэ, зэ нэгъуэщIкIэ щхьэгъубжэ къаблэхэм къыуагъащIэрт зэманыр здынэсар.
Гуащэ хуэмурэ ирикIуэрт уэрамым.
«Сыту куэдрэ зысплъыхьа, Аслъэн, услъагъун си гугъэу: гъунэгъуми укъыщыслъыхъуащ, жыжьэми. Зэзэмызэ быным уащIыгъуу укъыщыкIуэжми, укъэслъыхъуащ. Си пащхьэм уитт, ауэ укъызэхуэбылIэртэкъым. Иджыри аращ: псэкIэ укъызолъыхъуэ. Си гум идэркъым утезгъэкIуэтын. Уэри унасыпыншэщ. Укъызоплъ, сабий зэранщIакIуэм ещхьу, сэ япэ лъэбакъуэр сыбгъэчыну ухуейщ, ауэ ар сэ схузэфIэкIынукъым. Уи къысхуэгъэгъум сежьэркъым сэ, куэд щIащ сигу къутахуэхэр зэщIэскъуэжу зэрызэсшхыжрэ, ауэ ар иджыри хъужакъым. Къэбгъэзэну сыппэплъакъым, зэи сыножьакъым, ауэ гумрэ псэмрэ пэлъэща лъагъуныгъэ щыIэ? Сыщысымаджэм, уи дежкIэ сынэплъащ, сыщыузыншэм, утезгъэкIуэтыну сыхэтащ, уи макъ дэнэкIи къиIукIыр зэресшэхын Iэмал къэслъыхъуащ, ауэ зытескъузэн згъуэтакъым. Иджы унэм ущIэсщ укъекIуэлIэжауэ. Уи нитI къыстебубыдэр сабий цIыкIум и нитIым ещхьщ.
Уэ тенджызым и щIэм къыщагъуэта налкъуту укъэслъытэт, ауэ … Си гум хьэлъэу телъщ уэрыншэу къэзгъэщIа илъэсхэр. Дауэ а зэманым къриубыдэу къэзгуIамрэ нэпс щIэзгъэкIамрэ сепцIыжыну, Аслъэн?»
… Гуащэрэ Аслъэнрэ унагъуэу зэрыпсэурэ илъэсиблым нэблэгъат. Аслъэн къалащхьэм кIуэн ***йуэ къылъыкъуэкIат. Абы и щыгъынхэр хузэрилъхьэурэ дэуэршэрт Гуащэ. Зытепсэлъыхьышхуи щыIэтэкъым: махуэр зэригъэкIуар, сабийхэм гъэщIэгъуэну ящIа-жаIахэм тепсэлъыхьырт, зи гугъу ищIым елъытауэ зэм къыпыгуфIыкIырт, зэми дыхьэшхырт, езы Аслъэни шеибжьэ иIыгъыу щхьэгъубжэм бгъэдэтт. Ар и щхьэгъусэм кIэлъыплъырт, зиущэхуауэ.    Гуащэ зыкъигъазэри, Аслъэн и плъэкIэр къыщиубыдым иIыгъ джанэр иушкIумпIурэ етIысэхащ.
– Аслъэн, сыту дахащэу укъызэплърэ, – хуэму къипсэлъащ абы.
– Сыту макъ къабзащэкIэ, макъ щабащэкIэ къэпIуатэрэ нобэ махуэр зэрыбгъэкIуар. ПщIэрэ, бжьыхьэр фIыуэ щIэслъагъур? Уэ узогъэщхь ар. Абы ещхьу удахэщ. Тхьэмпэхэр къуэлэн хэхъукIарэ дыгъэм пэджэгужу, нэр дихьэхыу. Жьы мащIэ къепщэм дэджэрэзу къещэщэхыу, псэм ар едэхащIэрэ тригъэсэбыру. Уэ си гъащIэм апхуэдэущ узэрыхэтыр, – Аслъэн щхьэгъубжэм шей кумбыгъэр иIыгъыу къыбгъэдэкIыжри Iэнэм бгъэдэтIысхьэжащ.
– УсэбзэкIэ укъызопсалъэ, Аслъэн.
– А уи нитIым лъагъуныгъэ щIэлъырщ сызыгъэпсалъэр апхуэдэу.
– Аслъэн, укъыкIэрыхунущ кхъухьлъатэм.
– Уэращ, Гуащэ, нэхъапэр си дежкIэ. Сытым щыщ адрей Iуэхухэр? Уэ зыпщызмыгъэнщIу сопсэу.
...  Илъэс дапщэ дэкIа абы лъандэрэ, псы куэди ежэхащ… Хэт и гугъэнт зы цIыху гъащIэм къриубыдэу апхуэдиз бгъэв хъуну.
… Ноби Аслъэн Москва лъэтэнущ. ЩыщIэкIым зыкъигъазэри къыжриIащ:
– Уэ нэхъапэ сиIэкъым, Гуащэ, сэ зыри. Сытым щыщ адрей Iуэхухэр? Уэ зыпщызмыгъэнщIыжу сопсэу…


Рецензии