Си дамащхьэм къытеу1э

Си дамащхьэм къытеу|э,
|э къыздэлъэ, |эпл|э схуэщ|.
Гуныкъуэгъуэ хэт зимы|э,
Хэт зыхуэхьыр пшагъуэ уэщ|.

Хьэлэмэту гъущ|ыр щтауэ,
Гум къимынэ таурыхъ.
Си щхьэгъубжэри |ухауэ
Уае дыджыми къежыхь.

Лъэбакъуит| абыжмэ счамэ,
Къару т|эк|уи есхьэл|ам.
|уэхур дауэ п|эру хъуами
Сэ жэуапи къызатам.

Си дамащхьэм къытеу|э,
Узмыц|ыхум - къысхуэгъэгъу.
Гуныкъуэгъуэ зы зимы|э,
Уэ къыпхуохъур пэж ныбжьэгъу.


Рецензии