Псори уэращ зи ягъэр
1
Аминэ жейм езэгъакъым. Шэнт гъурым тесу нэху игъэщащ, лейуэ зигъэхъеин, 1эуэлъуэнк1э шынэу - палатэм щ1элъ сымаджэхэр игъэп1ейтеинк1э гузавэрт. И лъакъуэ т1эк1ур п1э лъапэм трилъхьэри зэ щхьэукъуат, ауэ к1эщ1 дыдэу къызэщыужащ. Иджы щыст, бгы узыр зыхуигъэшэчу, жейк1э здыримыкъуам и 1эпкълъэпкъыр зэхиук1ауэ. П1э лъапэм телъ тхылъым ***плъыхащ- «ари зэзгъэщ1акъым», жи1э щ1ык1эу.
Палатэм нэху т1эк1у къызэрыщ1идзэу, Аминэ сакъыурэ къэтэджащ. И анэри, адрей сымаджэхэри мамыру жейхэрт. Аминэ зитхьэщ1ри къыщ1ыхьэжащ, и напэр илъэщ1урэ, щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ.
Гъатхэ пщэдджыжь дахащэт, гум зимыгъэнщ1у, хъуэпсэгъуэу. Уафэр къащхъуэт, къабзэт, апхуэдизк1э дахэти, нэр теплъызэрт. Пщэдджыжьыпэми, дыгъэ бзийхэр къодэхащ1э, гум ехуэбыл1эу, псэм егуапэк1ыу. Бзу жьырытэджхэм дунейр яхуримыкъуу къалъэтыхь, я уэрэдыр нэжэгужэу къраш. «Фи насыпщ, зыри гукъеуэ фи1экъым».
-Ди Тхьэшхуэ, ф1ыщ1эри щытхъури ууейщ, нэху дыкъек1ащ, псори дыпсэущ, Ялыхь, нэхъык1э думыщ1. Шыкурыр ууейщ, иджыри зы махуэ мы дуней дахащэм дытетыну къытхупыпщащ. Ялыхь мамэ и узыншагъэм зыкъегъэгъазэ, куэдрэ къытщхьэщыгъэт. Ялыхь сэри нобэрей экзаменым сыкъегъэл.
-Пщэдджыжь нэмэзым у1ущащэу жып1эр сыт, си дахэ ц1ык1у, жейми щхьэ уемызэгърэ?-Хьэлимэт п1экум къит1ысхьащ.
-Уи пщэдджыжь ф1ыуэ, Хьэлимэт, дауэ нэху укъек1а?- Аминэ ф1ыуэ илъэгъуа фызым зырешэк1.
-Алыхьым и шыкурщ, си дахэ, дэ ди ныбжьым нэху дыкъек1амэ дыгуф1эн ***йуэ аращ. Еее, дэ тхуэдэхэр списат щ1ыжын хуейуэ аращ, сытым дырисэбэпыж дэ? Ди жьэ т1эк1уращ тхэлъыжыр,- мэщатэ гушы1эн зыф1эф1 фыз лъагъугъуаф1эр.
-Мыр сыт? Мы пщэдджыжьым и дахагъым еплъ, махуэр апхуэдэу къыщ1адзэрэ? Хэт жызы1ар си хьэгъуэл1ыгъуэм къыщыфэну? Сыту щ1эх уик1уэтыжрэ!
-Тхьэ, уэ удэмык1уэурэ сэ зы л1ыжь къэзгъуэту сежьэжыфынум. Тхылъ ф1эк1а 1уэху уи1экъым! Хэт уэ узышэнур, ученицэм ещхьу тхылъ уеджэу ущ1эзыгъэсынур? Хьэмэрэ…-Хьэлимэт зыкъезышэк1а хъыджэбзым и нэм щ1эплъащ, ар игъэук1ытэу.- Хьэмэрэ уи1э зыгуэр? Ы? Зыкъэумысыт!
- Сщ1эркъым зэрыбжес1энури,- Аминэ плъыжь къэхъуауэ, жэуапым зыщегъэпщк1у.
-Сыт умыщ1эр? Щ1алэ уи1эрэ уимы1эрэ умыщ1эу ара?
-Щы1эщ зы…(Хъыджэбзым и нэгум къыщ1игъэхьащ Амир) Дызэныбжьэгъу хуэдэуи щытщ.., т1эк1уи нэхъыбэ хуэдэу… иныкъуэхэм дежи къысщохъу... Полицэм зэрыхыхьэрэ куэд щ1акъым… Гухэлъым теухуауэ зыри къызжи1акъым, сэращи, игъащ1эк1э зыкъезгъэщ1эхэнукъым.
-Ыы, мыхэм еплъ, гъуэрыгъуапщк1уэ джэгуурэ зэманыр ягъак1уэ…
-Пщэдджыжь нэмэзым фэ т1ум жыф1эр сыту п1эрэ апхуэдизу, сымаджэр фымыгъэжейуэ! Зы пщэдджыжь къанэркъым фи псалъэмакъым сыкъимыгъэушу!- къэ1уащ Аминэ и анэм и макъ.
-Къэушащ иджы гуащэ ябгэр, шхыдэрэ тхьэусыхэу! Нэху щати укъэушащ, дэ думыгъэкъуаншэ, – зэи арэзы мыхъу фызым жэуап иритыжащ Хьэлимэт. – Сыт, дауэ ущыт?
-Дауэ сызэрыщыбгъэтынур, нэху щыху жейм сезэгъакъым. П1эм тыншу ущимылък1э уезэгъын?
-Мамэ 1ей, Алыхь сынимыгъуэлъхьа! Сыхьэтищхэм деж схуэмышэчыжу с1этауэ аращ си лъакъуэр, ари къыбжьыхэзгъэуэнк1э сышынэу сыхуэсакъащ!
- Къызжьыхэуакъым, зык1уэц1ышыхьауэ силъати!- мэгъумэт1ымэ фызыр.
-Сыту напэ уимы1эрэ, экзамен зытыну сабийр уэ къыпщхьэщысу, мыжейуэ жэщыр игъэк1уарэ пэт, ф1ыщ1э пщ1ыркъым! Уи щхьэ ф1эк1а зыри ф1ыуэ плъагъуркъым уэ фыз угъурсызым!-Хьэлимэт и п1эр зэрегъэзэхуэж, напэ1элъэщ1ыр къещтэри бжэмк1э еунэт1.
-Щ1адзащ иджы нэмэзым,- п1экум къот1ысхьэ палатэм щ1элъ фыз ещанэр.
-Удгъэзэшкъым, сыт нэгъуэщ1 узыхуейр?- подыхьэшхык1ри Хьэлимэт щ1ок1.
-Мамэ, ущ1эк1ыну, зыптхьэщ1ыну? – Аминэ и анэм йоупщ1.
-Мыдэ 1ей мыбы жи1эр! Сыкъэтэджыфу сыщылъ сэ мыбдеж, зысщ1 уи гугъэрэ хьэмэрэ зызгъаф1эу сыхэлъу къыпщыхъуу ара?!-мэхъущ1апэ Гуащэ.
-Дохутырым жи1ащ, хуэмурэ къэпк1ухьын ***йуэ, уи 1эпкълъэпкъри т1эк1у зомыгъак1уэу хъунукъым.
-Дохутырми уэри си щхьэр фымыгъэуз! Къащти зызгъэлъэщ1 салфеткэк1э.
Аминэ и анэм дэ1эпыкъуурэ зырегъэлъэщ1, и п1эр зэрегъэзахуэж.
-Мамэ, сэ нобэ нэхъ жьыуэ сыщ1эк1ыжынщ, экзамен си1эщи, обходым щ1имыдзэ щ1ык1э шей т1эк1у уезгъэфэнщ.
-Кэтлетыф1 дыдэ ди1эщ, дыгъуасэ къэсхьауэ, зыри хуумышхык1ауэ. Згъэхуэбэжын?
-Мыдэ 1ей мыр! Хэт 1ей пщэдджыжь нэмэзым лы зышхыр? Къэлмыкъшей схуэщ1.
-Иджыпсту!- Аминэ псынщ1э дыдэу шей хузэхищ1эу къыщытригъэувам, Гуащэ щхьэукъуак1эт.
-И1э, фыкъэт1ыс, щэ зэрыз фезгъэуэнщ,- Аминэ шей къырегъахъуэ.
-Къыпыхуу вауэ лы хэмылъмэ, сыхуейкъым, - мэгушы1э фыз къамылыфэри, и тумбэчкэм къыдиха банан, мандаринхэр ст1ол ц1ык1ум къытрилъхьэурэ.
-Шей къызэптыну нобэ зэ? – къэгуоуащ Гуащэ, Аминэ тет1ысхьэну хунэмысу.
-Мисри, мамэ, къыпхуиск1а къудейщ, ущхьэукъуати укъэзмыгъэушауэ аращ.
-Ущхьэукъуэнщ-т1э, жейм ущемызэгъак1э, – шейм йо1убри:
-Мыдэ 1ей мыр! Диижащ шей жыхуи1эр,-егъэувыж, емыфэу.
-Пщтырыбзэщ мыр иджыри, мамэ…
-Укъызэмыдауэ иджы, зы мандарин схуэукъуэбзи нэхъыф1щ абы нэхърэ, и мэм севгъэхъуэпсащ.
Аминэ и анэм и хьэлыр ищ1эжырти, Фат1имэт къытрилъхьа мандариныр жэрыгъэк1э ***гъэкъабзэри, тепщэчым илъу Гуащэ и куэщ1ым напэ1элъэщ1 ц1ык1ум тригъэуващ.
-Гуахъуэ къызэт, 1эк1э сшхыну мыр? – Иритащ.- Дэ димы1эжура мыпхуэдэ?
-Кхъа, къуата1амэ зэгъэзэгъи шхы, укъытхэт1ысхьэн щумыдэк1и, -къогуо Хьэлимэт. –Уэр ф1эк1а мандарин гуахъуэк1э зышх щы1э хъункъым тхьэ!
-Ди1эн ***йщ, нэхъ псынщ1эу уэстынщ, жыс1эри, хьэзырыр къэсщтауэ арат.- Аминэ тумбэчкэбжэр 1уех.- Ди1эщ банани, жызуми, ауэ ар иджыпсту умышхмэ нэхъыф1щ, нащи, помидори, -я1эр зэ1епщ1ык1 хъыджэбзым.- 1эф1ык1э 1эджи ди1эщ, шейм депфыну,-щыжи1эм, Гуащэ аргуэрыжьу щхьэукъуак1эт, тепщэчыр и пащхьэм иту, гуахъуэр 1э лъэныкъуэк1э и1ыгъыу.
-Мыдэ 1ей мыр, зы дакъикъэм т1о мэжеиф,- жи Хьэлимэт, дыхьэшхыурэ.- Уэ къак1уи шей нэхъ мыхъуми ефэ, экзаменым укъыщымэхынщи ди напэр тепхынщ. Ар сэ згъэшхэнщх уэмыхъуурэ, умыгузавэ.
Аминэ т1ыса къудейуэ, бжэм къытот1ыркъэри, и дэлъхур къыщ1охьэ.
-Къысхуэвгъэгъунщ, хъуну? Нэмэзым сыкъыфхыхьа?- щэхуу жи1эурэ и сумкэр егъэуври, фызхэм сэлам гуапэ къарех, и шыпхъум 1эпл1э ***щ1.
- Къеблагъэ, щ1алэф1, Тхьэ, мы Гуащэ хуэмыфащэу къуэф1 и1эм, жыдо1эри, дыщ1эсщ.
-Икъук1э угумащ1эщ анэк1э, си щ1алэ ц1ык1у, гъуэгу Алыхьым къуит, уи мурадхэр Тхьэм къыуигъэхъул1э,- къыхуохъуахъуэ фызит1ыр щ1алэщ1эм.
-Жьы щхьэ махуэ фыхъу. Сыт, дауэ щыт?- йоупщ1 Заур и шыпхъум.
-Хъунущ. Сыту ф1ыт, нэхъ жьыуэ укъызэрык1уар, фэтэрым сынэбгъэсыфын, нобэ экзамен си1эщ?
-Иджыпсту 1ейуэ соп1ащ1э, къэувы1эп1эм нэс уздэсшэжынщ, хъункъэ, К1унэ?
-Содэ арами, - же1э Аминэ, зигъэхьэзырыжурэ.-Уэ уи 1уэхухэр дэнэ нэса?
- Аращ сыздэк1уэр, сыкъагъэгугъащ зэф1эк1ыну.
- И чэзу хъуатэм, тхьэ, мащ1э щ1а я ужь узэритрэ.
Зэдэлъхузэшыпхъур щэхуу псалъэми, Гуащэ къызэщыуащ.
-А си щ1алэ нэху ц1ык1у, укъэк1уа мыгъуэ нэмэзым, жеип1э бгъуэтыркъым уэри,- и нэгур зэлъы1ухарэ, гуф1эжу Гуащэ и къуэм 1эпл1э ***щ1, и нат1эм ба хуещ1.
--Унэхъыф1, мамэ?- п1э лъапэм тет1ысхьащ щ1алэр.
-Алыхь сымыщ1э, си къуэ, жейм семызэгъа, къысхудэмышей, шхыным сигу хуэмык1уэ.-И пащхьэм илъ мандариным гуахъуэр хи1уну и ужь йохьэри, хуэмыгъэтэмэму,- мыдэ 1ей мыр, гъуащ мыр. Мандарин гъуа ф1эк1а сшхын щымы1эу ара?
-Сэ къыпхуэсхьащ свежабзу, къихыт, К1унэ, сумкэм.
-Хьэуэ, куэдщ, обход нэужьым сышхэнщ. Адэ уи 1уэху я ужь ит, си щ1алэ.
-Нт1э, сежьэжащ сэ, мамэ, зомыгъэмэжал1э, дохутырым жи1эм еда1уэ, - фызхэм захуегъазэри,- кхъа, мыбы илъ шхынхэр фымыгъэк1уэдыжу фшхы, фымыук1ытэу къифх,-жи.
-Упсэу, си щ1алэ, сыт щыгъуи дыбогъатхъэ, тхьэ шхэн ф1эк1а нэгъуэщ1 1уэху димы1э, дэри тшхынмэ, уи анэ къэугъэ ц1ык1уми едгъэшхынмэ, умыгузавэ.
-Фи хьэлэлыбзэщ, -щ1алэм и анэм зыхуегъазэри,-сэ сыкъэпсалъэнщ, обходыр зэф1эк1мэ. Нак1уэ, К1унэ, ухьэзырмэ.
-Мамэ, сок1уэ сэ, нэхъ пщыхьэщхьэу сыкъэк1уэнщ нобэ.
-Зумыгъэгувэ 1ейуэ.
-Уи 1уэху дахэ ухъу, си щ1алэ ц1ык1у!-же1э Хьэлимэт.
-Алыхьым къыуигъэхъул1э, Аминэ, уи насып Тхьэм тригъак1уэ, т1асэ!- фызит1ыр хъуахъуэурэ
зэдэлъхузэшыпхъур щ1агъэк1ыж, бжэр хуащ1ыжа и ужьк1э, я 1эр я шхужьым иту, Гуащэ къыщхьэщохьэ.
-Сыту уфыз напэншэ! А экзамен зытынум «Тхьэм къуигъэхъул1э» жеп1эфакъым уэ!-же1э зы лъэныкъуэмк1э Хьэлимэт.
- А уи къуэр зэрыплъагъум хуэдэу уипхъу гу мащ1э ц1ык1ум, 1э щабэ 1у щабэ ц1ык1ум къилэжькъэ плъагъуну?- йобгъэрык1уэ мыдреймк1э Фат1имэт.
-Мыдэ 1ей мыхэр,- мэдыхьэшх Гуащэ.- Си пхъум адвокату фэ т1ур фыкъищтауэ ф1эк1а сымыщ1э тхьэ.
-Т1эк1у усф1эжьыщ, армыхъуамэ родительских прав лишат уезгъэщ1ынтэм,- мэдыхьэшх Хьэлимэт.- А уи щ1алэми и щ1алэф1агъыр сыт 1ей, пу, мэшэллыхь!
-И анэ и къуэщ-т1э!- зегъэщ1агъуэ Гуащэ.
-Уи пхъур-щэ? – т1эк1уи къэу1эбжьауэ, фызит1ыр зы жьэу щ1оупщ1э.
Гуащэ хуэмысакъыу зэрыпсэлъар къыгуры1уэжауэ:
-Ар цыджанхэм къак1эрыхуа фи гугъэ, еуэ, зызыщ1эфкъуэж адэ, шхэн ф1эк1а 1уэху фимы1эурэ обходыр къэсащ,-жи1эурэ трелъэфэж.- Еуэ, иджыпсту «Как дела, девочки?», жи1эу Петрович къытхыхьэнущ.
Ар жи1а къудейуэ, бжэр медсестрам къы1уехри, Юрий Петрович япэ иту, медсестра ц1ык1уит1ым тхылъымп1эхэр я1ыгъыу, зэрызехьэу къыщ1охьэхэр.
-Как дела, девочки?
Фызищыр зэплъыжри дыхьэшхащ.
***
-Сыт нобэ птыр? - щ1оупщ1э Заур, светофорым къэувы1ауэ здэщытым.
- Адыгэбзэр, -мэщатэ Аминэ –А зыр зэф1эк1атэмэ, къэнэжаит1ым сащышынэртэкъым.
- ***ту умыжеяуэ, уемыджэжауэ дауэ ухъуну? Дапщэщ къуажэмк1э ущык1уэжынур?
-Мамэ зэрынэхъыф1ым хуэдэу нэху къек1мэ, Алыхьым жи1эмэ, пщэдей. Папэ дауэ щыт?
-Хъунущ. Лиуан дадэ и гъусэу мэуэршэр, зэрытогъэу.
-Уэ сыт къыбжа1эр? «Армэм сымык1уауэ, зыщ1ып1и седжэнукъым»,- жып1эри, букъуэдиящ, ар мыхъуамэ япэ курсыр иджы къэбухт.
-Укъимык1уэт, К1унэ, еджахэм сак1элъысыжынкъэ, щхьэ угузавэрэ? Мы мазэм сыхэхуэнк1э хъунущ, аращ сыздэк1уэр. Мамэ зэк1э зыри жумы1э. Укъык1эрыхумэ, у1усшэнщ еджап1эм?
-Хьэуэ, сэ фэтэрымк1и сы1ухьэжынущ, зэман си1эщ, умыгузавэ. Адэ уи 1уэху и ужь ит, Тхьэм къыуигъэхъул1э.
-Еуэ-т1э, К1унэ, уэри Тхьэм уи насып тригъак1уэ, дызэрыщ1эжынщ.
Аминэ машинэбжэр ***щ1ыжри къэувы1эп1эм теувэжащ.
Аминэ зэ 1уплъэгъуэк1э хъыджэбз къызэрыгуэк1ыу къыпщыхъунут, адрейхэм зык1и къащхьэщымык1ыу. Лъагэтэкъым, и 1эпкълъэпкъыр псыгъуэт, зэк1ужт, и нэк1ум и хужьагъыр набдзэ ф1ыц1э къурашэхэм къыхагъэщырт, и 1упэхэр п1ащ1эт. Абы и ныбжьэгъухэм ягъэбампэрт, 1упэ п1ащ1эр бзаджагъэм и нэщэнэу, ауэ ар Аминэ и деж щыпэжтэкъым. И нэр кхъуэщыныфэт, и нэбжьыцхэр къулейт. И нэр арат хъыджэбзым зэ 1уплъар къытригъазэу къыщ1еплъыжыр: и нэм къыщ1их гупагъымрэ 1эдэбагъымрэ уитхьэкъурт, псы архъуанэм урилъафэу къыпщигъэхъурт. Школым щыщ1эсым щ1алэц1ык1у 1эджи къыдэгушы1эну и ужь къитат, ауэ хъыджэбзым и гур зыми к1эрыпщ1акъым, зэштегъэууэ, зэмангъак1уэу ар зыми епсэлъэну ***якъым.
Къэувы1эп1эм здытетым, гу лъетэж, и нэщхъыр зэрызыхэуам. Зыгуэрым щигъэп1ейтейм деж е кууэ щыхэгупсысыхьам деж хъурт апхуэдэу. «Мы уи нэщхъыр зэхыумыук1э. уи нат1эр зыбогъалъэ, нэхъ щ1эх жьы ухъунущ, къыбгуры1уэмэ!» -игу къэк1ыжащ апхуэдэм деж и ныбжьэгъухэр къызэрешхыдэр. Т1эк1у нэжэгужэ къэхъужауэ къэувы1а маршруткэм бгъэдыхьащ.
Маршруткэм Аминэ бгъурыт1ысхьащ зи закьуэу щыс щ1алэ ц1ык1ум. Ар ильэсипл1 хъуми арат. Сабийм и нэр тримыгьэк1ыу Аминэ зэпипльыхьащ.
-Сэ…сэ папэ и гъусэу кьызожыхь- дзыхь кьыхуищ1ащ абы хъыджэбзым.
-Ара пщ1эр?..-Аминэ зиплъыхьа щхьэк1э, абы и адэу ***гъэфэщэну зыри илъэгъуакъым.-Дэнэ щы1э-т1э уи папэ?-щ1эупщ1ащ ар п1ейтейуэ.
Сабийм и 1эхъуамбэ ц1ык1ур ишийри шоферым и дежк1э игъэлъэгъуащ, и 1ит1ыр и нэк1ум 1уилъхьэжри зэрылъэлъу дыхьэшхащ. Шофер щ1алэр гъуджэмк1э къаплъэри, сабийм къыхуэгуф1ащ, къешхыдэ нэпц1у:
- Уащымыхьэ хъыджэбз дахэхэм, умыпсалъэу щыс.
-Папэ хъыджэбз дахэ жи1а!- зэрылъэлъащ аргуэру щ1алэ ц1ык1ур. Иджы маршруткэм исхэри пыгуф1ык1ахэщ, Аминэ плъыжь къэхъуащ.
- Уэ щ1алэшхуэр садикым ук1уэкъэ?- щ1эупщ1ащ Аминэ, псалъэмакъыр нэгъуэщ1ып1эк1э ишэм нэхъ къищтэу.
- Папэ, мыбы сыщ1алэшхуэу жи1а… Папэ гъуджэмк1э къэплъащ.
-Сэ папэ и жэлап1эм сыздешэ…( маршруткэм исхэм я телефонхэм я нэр къытрахащ, «мы нобэ дызыгъэгуф1эр хэт?» жыхуа1э щ1ык1эу нэжэгужэ къэхъуахэщ.)
Аминэ хуэмышэчу сабийм и нэк1ущхьит1ым 1э дилъащ. Сабийр пхуэгъэувы1эжынутэкъым.
-Сэ …садым нобэ сык1уакъым…- сабийм и щэхухэр зыхуи1уэтэн къигъуэтащ.
-Нт1э, щхьэ умык1уарэ?
Сабийм Аминэ и тхьэк1умэмк1э зыкъишийри: «Сыжеящ» - жи1ащ. Маршруткэм исхэр дыхьэшхащ.
-Къэсщ1ащ еджап1эм сыщымык1уам деж жыс1энур: «Сыжеящ»-жре1э студент щ1ал1э ц1ык1ум и ныбжьэгъум.
Шоферым «Т1эк1у бэяу» къригъэк1ыу и къуэм и 1эр къыхуигъэдэлъащ, абы уэршэрэгъу ищ1а хъыджэбзымрэ езымрэ я плъэк1эр зэтехуащ.
-Къэувы1эп1эм деж сыщигъэк1, - жи1ащ Аминэ.
- Мыдей уик1ынура?..-щ1алэ ц1ык1ум и жагъуэ хъуащ и уэршэрэгъур зэры1эщ1эк1ым.
- Нт1э, емынэ, си унэм сыкъэсыжащ.
Аминэ бжэр 1уихрэ пэт, к1элъедз:
- Зэ…зэ..зэ..Уэ.. уэ.. уи ц1эр хэт?
-Аминэ. Уэ –щэ?
-Ятми.
-Ратмир? Хъун, Ратмир, пока-пока.
Зэ…зэ…зэ..
-Бэяут иджы, загъэт, -сабийм и адэр егъэгувэ.
-Аминэ, иджыри укъит1ысхьэну?- сабийм зэк1элъегъэпащ1э.
-1эджэрэ, си губзыгъэ.
-Сэ..сэ… сыножьэн, хъун1э?
-Янэр сышх, сэ сепсэлъэну сытемыгушхуа, сабийм хъыджэбзыр къыф1игъанэри ежьэжам, - псори игъэдыхьэшхащ нет1рей студентым.
Аминэ гъуэгум зэпрык1ыжащ, зэплъэк1ыжри щхьэгъубжэм зи нэк1у къык1эрылъ сабийм 1э ***щ1ыжащ. «Зэрыфо ц1ык1у а 1ейр», - жи1эри, Аминэ нэжэгужэу и унэмк1э игъэзащ.
***
Аминэ фэтэрым щыщ1ыхьэжам, хъыджэбзхэр къэтэджа къудейуэ арат: Мадинэ ваннэм щ1ыхьэрт, Залинэ шейныкыр тригъэувэрт, Рузаннэ къыщ1эк1ыхатэкъым пэшым.
-Мыр сыт, иныжь жей фщ1ыуэ ара?- же1э Аминэ, хъыджэбзхэм ба яхуищ1урэ.-Тамарэ Махмудовнэ фыщышынэжкъэ?
-Ааа, уэ бжет1атэкъым!- и щхьэр еубыдыж Залинэ.
-Сытыр?- и гур пыхуащ Аминэ
-Гуф1апщ1э къащтэ,- экзаменыр пщэдей ягъэ1эпхъуащ, -же1э Мадинэ, и напэр илъэщ1урэ.
-Къэвгъуэтам Тхьэ фыщ1эгуф1эн. Нобэ зэф1эк1рэ ди нат1эм ик1амэ нэхъыф1тэкъэ?- Аминэ ет1ысэхащ, хъыбарыщ1эм зэрыщымыгуф1ык1ам нэрылъагъуу.
-Уэ ухьэзырыбзэ хъунщ дауи, сымаджэщым сыт-пщ1эн бгъуэтыркъым, тхылъ уеджэу ущ1эса хъунщ?-Залинэ пщэдджыжьышхэр ст1олым къытрегъэувэ.- Дауэ щыт фи мамэ?
-Зэрынэхъыф1щ, упсэу. Тхьэ, пэжым ухуеймэ, экзаменым зыгъэхьэзырып1и сымыгъуэта, жэщми ***ту сымыжея. Ауэ, зы лъэныкъуэк1и, нобэ зэрыдмытыр нэхъыф1 си гугъэщ: си гур зыгуэр щхьэк1э мэгузавэ 1ейуэ, экзаменыр схуэмытмэ, жыс1эу, абы хуэсхьу арат.
(Хъыджэбзищыр хуэму зэплъыжахэщ).
-Ар сщ1амэ, мыбык1э сыкъэмык1уэу, къуажэм сык1уэжынти, папэ махуищ мэхъури и закъуэщ,-пещэ Аминэ.
-Тхьэ, никаких к1уэж! Экзамен 1уэху уэ зепхуэжыфынукъым, 1уэху пщ1эурэ,-йодауэ Рузаннэ.
-Тхьэ, мо дыздыщ1эмысам пщ1эни бгъуэтыным, ауэ, сщ1эркъым, нобэ абык1э сык1уэжу, пщэдей экзамен нэужьым мамэ и деж згъэзэжмэ нэхъ тэмэм си гугъэщ,- мэчэнджащэ Аминэ.
Хъыджэбзхэр мэп1ейтей.
-Гъуэгу утетауэ, 1уэху 1эджэ пщ1ауэ сыт хуэдэу ф1ы уеджэну- къызэрыпщтэу у1урихынущ, -ауан ещ1 Залинэ.
Аминэ иукъуэдиящ:
-Хьэуэ, си дахэ ц1ык1ухэ, гугъу зевмыгъэхь сэр щхьэк1э, шейм псынщ1эу сефэнщи, махуэр сымыгъак1уэу сежьэжынщ.
Мадинэ къэтэджащ.
-Тхьэ, к1уэжып1э уимы1э нобэ. Пщ1эжрэ, Амир жи1ауэ щытар?
Аминэ плъыжь къэхъуащ, и щхьэр 1эджэми жэну хунэсащ, ауэ зыри къыхуэгупщысыжакъым:
-Сыт… жи1ар?
-Ара зэрыпщ1эжыр? Ментым сыхыхьэмэ, япэу къызат премиемк1э фызгъэф1энущ, жери дыкъигъэгугъатэкъэ?
-Сыт-т1э?
-Зи сытращ, дыгъуасэ премия къратащ, нобэ нэчыхьытх 1энэ къытхуигъэувынурэ дыщигъэсынущ, дигъэтхъэнущ,- зэрыхузэф1эк1к1э егъэщ1эращ1э Залини.
-Тхьэм ф1ык1э иригъэшх, ауэ..ар сэ сыфхэмытущ, фи жагъуэ фымыщ1.
Телефонк1э псалъэу къыщ1ыхьэжа Мадинэ и 1ит1ыр и шхужьым ирегъэувэ:
-Еуэ, псынщ1эу зызыщ1эфкъуэ, Амир «Мыгувэу дыны1ухьэнущ», жи1ащ,- 1энэр зыщ1икъуэурэ унафэ ещ1.
- Так иджы: шашлык къащэхунущи, п1астэ ди1амэ нэхъыф1т-, - щыри Аминэ еплъхэри псори дыхьэшхыжахэщ. –Ит1анэ.., сыт ит1анэ? Зы ди гъусэу щэхуак1уэ фынак1уэ жари лъэ1уахэщ, фэ къэфщэхунур нэхъ фощ1эри. Так.. ираф дыхуейкъым, езыхэри ефэхэнукъым, пщэдей мэлажьэри…
-Сэ ахэр къэмыс щ1ык1э…- Аминэ къригъэжьар къы1урагуэж:
-Иджы зыри щхьэусыгъуэ умыщ1ыт, экзамен птыуэ ф1эк1а ящ1эркъым фи дежи, зыри жумы1и аращ.
-Аракъым ар зэрыщытыр…
Залинэ игу къок1:
-Хъунщ-т1э, дыбгъэдащ, ауэ п1астэ тхуэщ1и ит1анэ, хъункъэ?
-Уэху, хъунщ, еуэ-т1э, и1э, да1э ди хугур, ди курп1эр?- Аминэ и телефоныр зарядкэм пелъхьэ, шкафым щы1эуэлъэуэху, адрейхэр щ1ок1.
Аминэ и гум зешхыхьыж, зыгуэр щхьэк1э и гур мэгузавэ, «мыбыхэм къралъэфэжьа 1уэхуми и чэзутэкъым», жи1эу. «Сыту п1эрэ: мамэ жыс1энущи- сыхьэт хъукъым сыкъызэрыщ1эк1ыжрэ, си телефонри я1эщ, къащ1ынт. Папэ дауэ хъууэ п1эрэ? Заур Алыхьым къихъумэ, дунеягъэм а зыращ анэкъилъхуу си1эр…»
Бжэм уэзджынэ къоуэ, Аминэ и гупсысэхэр къызэпиуду, и п1ейтеиным къыхигъахъуэу.
- Фи пщэдджыжь ф1ыуэ, хъыджэбз дахэхэм,-Амир гур хэхъуэу нэжэгужэу сэлам къарех, абы и ужь иту къыщ1ыхьа щ1алэм дежк1э зегъазэри:
-Пэжкъэ бжес1ар? Хъыджэбз дахэм къыщымынэу сыт хуэдэу хъыджэбзыф1 ахэр, - зыхуегъэщ1агъуэ и гъусэм, -мы ди шыпхъур япэ иту.- Мадинэрэ абырэ зыщогуф1ык1.
- Си ф1эщ мэхъу, -сэлам ярихыурэ, Аминэ и деж къэсащи, щ1алэ мыц1ыхум нэхъ зыще1эжьэ, и 1эр имыут1ыпщыурэ,- тхьэ1ухудхэщ…
-Зэвгъэц1ыху: мыр си къуэш нэхъыжьщ, и ц1эр Анзорщ, щ1алэжьщ,- и 1эхъуамбэмк1э къегъэлъагъуэ.
Щ1алэр лъагэт, зы1эщ1элът, лъагъугъуейуи щыттэкъым, ауэ зи ныбжь балигъып1эф1 дыдэ иува щ1алэр т1эк1у епагэк1ыу къыпщыхъурт.
-Фыкъыщ1ыхьэ мыбык1э,- ирегъэблагъэ Мадинэ.
-Да1э фи гъусэхэр, Аслъэн, Мурат сымэ?- щ1оупщ1э Залинэ.
-Къок1уэ ахэри, гъуэгу тетщ. Дэ япэ дыкъищауэ аращ. Еуэ, хэт щэхуак1уэ нак1уэр, ручкэрэ тхылъымп1эрэ къафщтэ, фызыхуей дыдэр ифтхэ, нобэ дотхъэ, зыми фыщымысхь,-дуней гуф1эгъуэр зэрехьэ Амир.
Хъыджэбзхэр зы пэшым щызэхуос, Аминэ зыкърадз:
-Кхъа, Аминэ, щэхуак1уэ уэ к1уэ, уэр нэхъыф1у ар зыми ищ1эфынукъым..
-Сыт имыщ1эфынур?! Сыт къэвгупсысхэр? Ахъшэр мыбыхэм я1ыгъщ, «мор» жи1эу и 1эпэр имышиифынура?- Аминэ къытохьэ, и мурадхэр зэракъутэм къегъэгубжь.- Иджы евмыгъэлейт. Нет1э дызэгуры1уакъэ: сэ п1астэр фхузощ1ри, сожьэж. Сок1уэ сэ п1астэм.
- Аминэ, Аминэ, Аминэ, кхъа, Алыхьым щхьэк1э, уэ к1уэ щэхуак1уэ, мис, Залинэрэ сэрэ тщ1ынщ а п1астэр,- Рузаннэ и 1эр Залинэ и дамэм трилъхьащ.
- Фэ т1уми? Игъащ1эм п1астэ фщ1акъым, тщ1ынщи жыф1акъым, иджы сыт къэхъужар?
Залини, Аминэ нэхърэ мынэхъ мащ1эу, егъэщ1агъуэ къек1уэк1ыр, ауэ и ныбжьэгъухэм задещ1.
-Хьэуэ, тщ1ынщ, зэ десэн ***йкъэ?-же1э абы.
-Уэ сыт уи лажьэр? Уэращ мыхэр зи дэлъхур?- зыхуегъазэ Мадинэм Аминэ.
-Сэри? Сэ..сэ..сэ унэр зыщ1эскъуэжынщ, си гугъакъым апхуэдэу пасэу къэк1уэнухэу,- Мадинэ псэлъэн имыухыу адэ-мыдк1э щылъхэр шкафым дидзэу щ1едзэ.
-Хэт п1астэ зыщ1ыр, хъыджэбзыф1ыр?- къигъэщтащ Анзор ахэр, и 1ит1ымк1и бжэ блыпкъым зык1эригъэщ1ауэ.
-Ди Аминэщ п1астэ зыщ1ыр, ар сыт хуэдэу 1эф1у пщаф1эрэ…
-Пэжуи? Нт1э,.. Аминэ ипщэф1а гуэр тшхам арат…
-Пшхынщ, умып1ащ1э, щэхуак1уэ фыкъик1ыжмэ. Аминэ, дыбогъэгувэ, п1астэ зыщ1ыну жызы1ахэр фык1уэт пщэф1ап1эм, Аминэ, уэри щ1эк1 и1э,-зэбгыреху псори Мадинэ.
-Сэ.. фи гъусэу сыщысыфынукъым.., сэ къуажэм сык1уэжын ***йщ, -же1э Аминэ, хуэмеищэурэ и плащыр щит1агъэурэ.
Анзор зыгуэр пидзыжынут, ауэ Амир япэ къищащ.
-Уеи, ди жагъуэм узэрыдимыгъусэнур, -же1э абы, хъыджэбзым и нэм къыщ1эплъэурэ, игъэук1ытэу,-ауэ… зэрыхъум хуэдэу пщ1ынщ, дыщахуэмэ, автобус къэувы1эп1эм нэс сэ у1усшэжынщ.
Аминэ и гур зэхэзехуэн хъуат. Хуэмеищэурэ арэзы мэхъури, щ1алит1ым я кум дэту къатым къохыжхэр.
-Ыыы, си гур игъэузащ, -же1э Рузаннэ, -машинэм ит1ысхьэхэм як1элъыплъурэ. Амир Аминэ и бжэр ***щ1ыжа иужьк1э, хъыджэбзхэм 1э къахуищ1ыжащ.
-Тэмэму п1эрэ мы тщ1эр?- мэщатэ Залинэ.
-Сэр дыдэм сщ1эркъым жыс1энур,-мэщатэ Мадини.
-Уэ ук1уэнукъэ? Урашыпхъущ?
-Хьэуэ, хьэуэ, сэ мы 1уэхум зык1и сыкъыщыхэщ хъунукъым, сатхьэлэни.
Хьэкум тет п1астэпсыр ягъэуф1ынк1ыжри, гуныкъуэгъуэр я нэгум къырихыу, щыри 1энэ ц1ык1ум къет1ысэк1ыжащ.
2
«Емынэм сызэрихуэрэ, сыздэк1уэри дэнэ, си гъусэхэри сыт и уасэ! – щ1егъуэжарэ 1эбам лъэмы1эсыжу и щхьэр ф1еудыж Аминэ.- Бэзэрми сыхуейтэкъым сц1ыху сыхуэзэну. Си дэлъхум-щэ? Сыт абы сыхуэзэмэ жес1энур ? Мы си гур ауэ сытми гузавэркъым нобэ. Алыхьым гущ1эгъу къыпхуищ1, Аминэ»
- Аминэ, сыту унэщхъей нобэ? – зыкърегъэзэк1 рулыр зди1ыгъым Амир.- Умыгузавэ, псори тэмэмщ, укъимык1уэт уэ,- нащхьэ къыхуещ1 хъыджэбзым гъуджэмк1э.
-Си гур мэгузавэ, мами сымаджэщым щ1элъщ, къуажэмк1и папэ и закъуэщ, согувэ.
-Псори тэмэм хъужынущ, умыгузавэ уэ,-къопсалъэ алъандэрэ щыму щыса Анзор.-Фи мами 1эмалыншэу хъужын ***й хъунущ, фи папи хьэщ1эхэм трагъэунщ, -мэдыхьэшхри, и къуэшымрэ абырэ я 1эшт1ымыр зыжьыхагъауэ.
Аминэ къэу1эбжьащ, зэхихар зыхуихьынур имыщ1эу, ауэ и гупсысэр 1эпиудащ уэрамым тету къилъэгъуа Мурат.
-Мес Мурат, фи ныбжьэгъур, -къыхэк1иик1ащ ар.- Месри, гъуэгум зэпрык1ыну зегъэхьэзыр, къэфлъэгъуа?
-Аа, сыту унэжан, Аминэ, уэр мыхъуам къэдгъанэрти,- Амир къик1ри сэлам ирихащ. Абдеж здызэпсалъэм Мурат зыкъригъэзыхри машинэм къиплъащ.
Аминэ и щ1ыбым щ1ы1э ирижащ. Машинэбжэр къы1уихри абы къыбгъурыт1ысхьащ щ1алэ к1ыхь лъагъугъуаф1эр, гуф1эжу Аминэ сэлам кърихащ, Анзор щырихым, зы щэху гуэр зэдащ1эм ещхьу, т1эк1у иутхыпщ1ащ.
-Сыкъытевнэнут-т1э, Аминэ мыхъуамэ? фи судыр сщ1ауэ арат ит1анэ, -мэшхыдэ Мурат.
Аминэ щхьэгъубжэм дэплъу т1ысыжащ. Бэзэр дыхьэп1эмк1э ямыгъэшу блэжащ, ет1уанэ дыхьэп1эми щамыгъэшым, Аминэ къэгузэващ.
-Умыгузавэ, -къыгуры1уащ абы и щытык1эр Амир, -моуэ бензин т1эк1у изгъахъуэу къэзгъэзэжыну аращ. Аминэ щэтащ. Щ1алэхэр езыхэр мэуэршэр, абыхэм Аминэ и щхьэм щызэригъэзахуэм сыт хащ1ык1рэ?
- Мес фи ныбжьэгъу къэнэжари, -Аминэ къилъэгъуащ Аслъэн, псырэ тутынрэ и1ыгъыу тыкуэным къыщ1эк1ыжа къудейуэ.
Амир машинэм сигнал иригъэтри, Аслъэн къэплъащ, и 1эр къахуищ1ащ, псыр зэри1ыгъыу.
- Уэлэхьи, мы Аминэ псори дызыришэл1эжам нобэ,- же1э Амир.
-Щикъухьащ адыгэр дунеижым, жыхуи1эра?- нащхьэ къыхуещ1 Мурат.
-Уеи, абы 1эджи къришэл1энум нобэ,- нэхъ щэхуу щыс Анзор и псалъэхэм Аминэ къагъэу1эбжьащ.
Абы хэту Аминэ и лъэныкъуэмк1э Аслъэн зыкъригъэщэтащ, машинэр зэхэпщ1эу иришэхыу. Хъыджэбзыр к1уэтэн ***й хъуащ, щ1алит1ым я кум даубыдащ.
-Салам алейкум псоми, дауэ ущыт, нысащ1э?- щ1оупщ1э ар.
-Еееей, -зыкъырадзащ абэ, -дэнэ къик1ыу нысащ1э? Умыгъащтэ мы хъыджэбзыр, ахэр жып1эу, армырми ерагъыу ди гъусэу щахуак1уэ къетшэжьауэ аращ.
-Дыфшхыну мыр, фынеуэ адэ, псори дыщырикъужак1э,-яф1ыже1э Аслъэн.
-Умып1ащ1эт зэ.
Машинэр къалэ к1уэц1ым дэт заправкэм телъэдащ, щ1алэхэр ик1ри 1ук1уэтахэщ. Амир бензин иригъэхъуащ, Аминэ нащхьэ къыхуищ1ащ. Аминэ и гугъащ абы и закъуэху къепсалъэну, ауэ… щ1алэхэм яхыхьэжащ.
-Алыхьыр согъэпц1, анекдотым ещхь мыхъуамэ!- ф1этелъыджэщ Мурат. -Нысащ1эм зыхьыну щ1алэхэр езым машинэм къригъэт1ысхьэжу хэт илъэгъуа?
-Абы сэ сыкъимылъэгъуатэмэ, фэ зыри жывмы1эну арат?- щ1оупщ1э Аслъэн, птулък1эр игъэщ1еуйрэ.
-Узэрытщ1ыжынур сыт? Унытк1элъыжэнти арат,- Мурат мэгушы1э. – Исын ***йр исщ абы.
-Нт1э зыри химыщ1ык1ыу ара? – Аслъэн и птулък1эр пэгуныжым иредзэ.
-Зэ фымып1ащ1э, къалэм дыдэвгъэк1, къэхъунур зыми ищ1эркъым, дыбэлэрыгъ хъунукъым,-жи Амир.
-Эээх, лыбжьэ ящ1ак1э? Дытхъэнущ жып1эркъэ!- зеукъуэдий Мурат.
-Уэ узэрытхъэнур сытым щыщ? - егъэдыхьэшх и гъусэхэр Аслъэн, къыбгъэдэт Анзор и дамэм теу1уэурэ.
Аминэ машинэм и закъуэ къинащи, ищ1энур ищ1эркъым, и гур 1эджэми мажэ.
« Уа Аминэ, узыхэхуа мыгъуэр сыт нобэ? - и щхьэ хуже1эж абы. –Мыбыхэм бэзэр 1уэху зэрахуэркъым, фэтэрми нагъэзэжынукъым. Зэныбжьэгъухэр гъуэгум теугуэшауэ тетыну зэгуры1уауэ къыщ1эк1ынт. Иджы гуры1уэгъуэщ, хъыджэбзхэм п1аст1э ящ1ыну къыщ1ыхахар! Дауэ къыпщыхъурэ ахэр! Напэ ямы1эу напэншэщ, хьэбыршыбыр гуп, абыхэм къызащ1ам еплъ, ныбжьэгъук1э еджэ уэ абыхэм! -яхущ1етхъуэ Аминэ. –Сыт иджы сщ1энур? –Ар зэплъэк1ащ, щ1алэхэр здэщытымк1э.- Мыбдей дыщытыху сыкъик1рэ сахуимыт1ысхьэжмэ-щэ? Къэбгъуэтам тхьэ, уахуимыт1ысхьэжмэ, мэлым хуэдэу, урадзэнщи аращ, мыхэм къик1уэтыныфэ ятетура? Хэт мыбы сызэлъэ1у хъунур? Хэт къыздэ1эпыкъунур? Псори ц1ыхухъущ, ауан сыкъащ1ынурэ ежьэжынущ…Телефоныр! Алъандэрэ щхьэ хуэмык1уарэ абы си щхьэр? Заур…» Аминэ и плащ жыпым епхъуащ- илъкъым, гу1эжащ: «Бетэмал, п1астэ сщ1ыху, жыс1эри, зарядкэм пыслъхьати, къэсщтэжакъым. П1астэ мыгъуэ зышхын гупым къызащ1ар… ямылъагъужынхэ…»
-Уедгъэзэша хъыджэбз дахэр? – зэпиудащ Аминэ и гум къэк1хэр Амир, къит1ысхьэжурэ.
-Иджы дэнэ дыздэк1уэнур? –щтэ1эщтаблэу щ1оупщ1э Аминэ.
-Иджыы, деуэнщи, - же1э Аслъэн зэпишу, и 1эпкълъэпъыр тыншу иригъэзагъэурэ.-деуэнщиии, си шыпхъум и тыкуэным дык1уэнщ-т1э, мыбдей дыкъыщысак1э. сыт бэзэрым нэхъ гъэщ1эгъуэну щы1эр? Абы и1эщ псори, нэхъ пудуи къыдитынщ.
-Ар дэнэ деж?- йоупщ1 Амир гъуджэмк1э.
-Жыжьэкъым арик1, - нащхьэ ***щ1ыж гъуджэмк1э, -къалэ дэжып1эм и гъунэгъущ. -Хэбгъэзыхьмэ, езыри къыздэтщтэнщ, Аминэ и гъусэу, пэжкъэ?- зыкъригъэзыхри Аминэ и нэм къыщ1эплъащ Аслъэн..
«Бетэмалк1э си напэр зытесхыжтэм. Хэт къызжезы1ар сахьу, хэт къызэпсэлъар? Игъащ1эк1э ящымыгъупщэжын ауану сыкъэнатэкъэ, хьэлыншэу зысщ1ам? Ыы, нэхъ къэпщтэнт, уахьу? -зошхыдэж Аминэ.- Размечталась, жыхуа1эракъэ. Зэ дынэсам арат мыбы я тыкуэным, сытуи махуэ к1ыхь нобэ…»
Аминэ мыхэр къызэриц1ыхурэ куэд щ1атэкъым. Псом япэу къиц1ыхуар Амирт- ар Мадинэ и анэ шыпхъум и къуэт, фэтэр здыщ1эсым зэзэмызэ шхак1уэ къахуеблагъэрт. Гушы1э дахэ зыхэлъ щ1алэм псори псынщ1эу къыдихьэхат, ауэ Аминэ къыщыхъут, езыр нэхъ къыхигъэщу. Гухэлъхэм теухуауэ псалэмакъ лъэпкъи я1атэкъым, ауэ адрей и ныбжьэгъу ц1ык1ухэм т1эк1у нэхъ псынщ1афэ, т1эк1уи нэхъ щхьэпсыншафэ яриплъу зэзэмызэ ядэгушы1эу як1эщ1идзэхэм хуэдэ Аминэ зеи къыхуигъэфэщартэкъым. Пщ1э лей къыхуищ1у, нэхъ къыщысхьу, къыхуэсакъыу къыхущытти, хъыджэбзхэм ар ебгъэлъагъу хъунт?
«Мы Аминэ мент щ1алэм егъаши хьэгъуэл1ыгъуэ дыхэгъэт»,- жа1эурэ Мадинэ ирадзт, езы Мадини «си нысэ» жыхуи1эр щыхуей дыдэм деж хигъэувэрт. Аслъэни, Мурати т1эу-щэ къыздишат, ауэ Аминэ еджэну и пэшым щ1эт1ысхьэжурэ, гулъытэ яхуищ1акъым. Амир къуэш зэри1эри Мадинэ жи1ат, ауэ ар Аминэ зэи илъэгъуатэкъым.
Хъыджэбзым и гугъэм щыщы1этэкъым. Машинэр къалэм дэжащ, полицэхэм я постым блэжа иужьк1э, нэхъ хуабжьи зищ1ащ, уэрэдри щ1агъэнащи, зэрызохьэ.
-Фынеуэ адэ, Нартхэ я тыкуэным, щ1эмылъ щы1экъым ахэм я дежи,-жи Аслъэн.
- Аминэ, укъимык1уэт, узыхуей дыдэр щыбгъуэтынущ, уеблэмэ, тыкуэным щамыщэ гуэрхэри,-же1э Мурат.
-Еей, ук1ытэ т1эк1у, -къещхьэфэуэнут Аслъэн, Мурат и щхьэм лъигъэ1эсамэ.
- Е сэ щауэ щ1алэщ жыхуэс1эр, тыкуэным щ1элъу плъэгъуауэ ара ? Уэ сыт уигу къэк1ар, ц1ап1эжь?
-Къэвгъэувы1эт иджыпступц1э!- щ1алэхэм я мызакъуэу, езы Амини къигъэщтэжат и макъым. Къыздрихар имыщ1эу, абы къару лъэщ къыкъуэк1ат иджыпсту, хэбгъэзыхьми, яхэзаухьыфынут. - Къэгъэувы1и сигъэк1 машинэм!- щ1эк1иящ ар Амир. Япэ щ1ык1э къэу1эбжьа щхьэк1э, щ1алэхэм псынщ1эу я гур къызэрыгъуэтыжащ, Амири рулыр егъэджэрэз, къыпыгуф1ык1ыу гъуджэмк1э къык1элъыплъурэ.
-О, нысащ1эр къэгубжьащ, зыф1ыгъ.
-Егъэлъагъут абыхэм, нысащ1э!
-Закъегъэц1ыхут уэ, занщ1эу бгъэсэнщ ***йщ ахэр, иужьк1э къыпщышынэжынукъым.
-Фыделэу ара фэ, апхуэдэу ящ1эрэ? Зыри емыпсэлъарэ мынэгъуэщ1у иджы делэм хуэдэу къезыхьэжьэ щы1эж? Сэ сымэлу ара? Зыми фыщ1эмыупщ1эу апхуэдэу щ1эфщ1ар сыт? Дыгъуасэ школыр къэзыуха хъыджэбзыжь ц1ык1у сывигугъэрэ, хэт сихьми сыкъэнэну?...
- О, еуэт уэ, сыту сф1эф1 сэ нысащ1эхэм зыщахъущ1эм деж.
-Фи жьэр зэтефп1э фэ т1умик1!- Аминэ наф1эу къызэщ1энащ, къыбгъурысит1ыр нэк1э игъэсынт, хузэф1эк1амэ.
-Угъынукъэ? Ара зэрыхъур?
-Къэгъэувы1и сигъэк1 мыбдей дыдэм! Уэра жыхуэс1эр?!
Амир тормозым трикъузэри, исхэр щхьэк1э иригъэщ1ащ ипэмк1э, псоми закъырадзащ.
-Пщ1энур сыт 1эу?
-Мыбы исхэр псори мэлкъым, пщ1эрэ?
-Сыт, уигъэшынауэ ара?
-Зэт, фыувы1эт..-Еуэ, ик1. –
Псори къэу1эбжьащ.
-Зыплъыхьыт зэ: губгъуэщ пэжкъэ? Губгъуэщ. Ц1ыху плъагъурэ? Щыбауэкъым. Ат1э сыт уик1мэ пщ1энур? Япэу къэзыгъэувы1э машинэм уит1ысхьэну ара? Мы губгъуэжьым укъэзырыщыхутар дапхуэдэу къазэрыгурыбгъэ1уэнур? Ахэр пц1ыхурэ, дзыхь нэхъ яхуэпщ1рэ дэр нэхърэ? Пщ1э-нэмыс уи1эу уашэжын уи гугъэу ара?- – къэгубжьарэ къэгубжьа нэпц1 зищ1рэ къыпхуэщ1энутэкъым Амир.
Аминэ и къарур зэуэ к1уэщ1ащ. Ар ещэтэхыжри къэгъащ, дэ1эпыкъуэгъуншэу, 1эмалыншэу къызэрынам и щхьэр игъеижу.
-О, мис аращ нысащ1эм ищ1эр, уэ щэху ц1ык1уу гъы, дэри дынэсыжынущ иджыпсту. Эээх, дэшей макъамэр, «Адыгэ нысэр унэ идошэрэ уойрэ, уорейдэра». Макъамэр, уэрэдым зэрыдежьур, я 1эгуауэ макъыр, щ1алэхэм я дыхьэшх макъыр - псори щызыхэзэрыхьыжащ Аминэ и щхьэм.
«Зыри къэмыхъу къэхъуакъым – къохъу апхуэдэуи- и нысащ1эм зыри химыщ1ык1ыу ирахьэжьэу, ауэ… ит1ани, зыгуэр жып1эн ***йкъэ? Щхьэгъусэ пщ1ыну къыхэпхар къыпхуейрэ къыпхуэмейрэ къыумыщ1ауэ дауэ?- Дауэ зэи е ф1ыуэ узолъагъу, е сигу урохь, жумы1ауэ, зы гухэлъ хуумыщ1ауэ, езым и гум къыпхуилъыр къыумыщ1ауэ дауэ къепхьэжьэу укъызэрежьэжынур? Мамэ сымаджэщым щ1элъыр-щэ? И гум къэнэжар зэгуэудыжынщ иджы. Папэ сыт жи1энур? Заур-щэ? Сэ мы 1уэхум хэзмыщ1ык1ауэ хэт зи ф1эщ хъунур? Хэт залымыгъэк1э сыкъизыдзар? Сэ езыр сыкъыщ1эк1ри сыкъит1ысхьакъэ, ари унэидзыхьэ къежьахэр уэрамым сэ къэсщыпыжурэ къизгъэт1ысхьэжу?. Пщэдерей экзаменыр-щэ? Адыдыд, ц1ыхухэм къысхужа1энур сыт? Уэуэу мыгъуэ, сыщыунэхъуа махуэщ сэ нобэ. Сэ сщ1эт, а си гур щыгузавэм зыгуэр къызэрыхъунур, щхьэ мыгъуэ сыкъит1ысхьа? Мадинэ, апхуэдэу ныбжьэгъум иращ1эрэт, сыту 1ейуэ укъысхурикъуа?!» – и щхьэр ф1еудыж Аминэ, и нэпсхэр ирилъэщ1эк1ыурэ.
Машинэр ауэрэ къуажэм дэлъэдащ, жыжьэ мык1уэуи ирагъэзыхри куэбжэ 1ухам дагъэхьащ. Пщ1ант1эм ц1ыхухэр дэтщ, адэк1и мыдэк1и щ1эсахэр къызэрыщ1ох:
-Къашащ! Къашащ!
Машинэм исахэр йок1ри, Аминэ и закъуэу къонэ. Амири, мыдрейхэми, гуф1эжу къабгъэдыхьахэм сэлам гуапэхэр ирах. «Щауэ щ1алэм зигъэпщк1у хабзэтэкъэ, хьэмэрэ ари мымоднэжура?», - егупсысащ Аминэ. Пщ1ант1эм дэтхэм дуней гуф1эгъуэр зэрахьэ, машинэм и лъэныкъуэмк1э къоплъэхэр, фыз балигъищи къыбгъэдохьэ.
-А1еееи, нысащ1э, лъапэ махуэ къыдэпхьауэ Тхьэм жи1э, къеблэгъэ, т1асэ.
-Нак1уэ, нысащ1э, унэм ныщ1ыхьэ, неблагъэ…
Аминэ ук1ытэу и нап1эр къимы1этыщами, илъэгъуащ, унэшхуэ здыщ1ыхьам к1элындор к1ыхь зэры1утыр, пэш зыбжанэ зэрыхъур, езыр к1уэц1ырашащ нэхъ жыжьэм. Нысащ1э лэгъунэр дахэу зэлъы1ухащ: гъуэлъып1эр, шифонерыр, гъуджэ зэ1ухыр, тумбэчкэ ц1ык1уит1ыр, -щ1этыпхъэр щ1этщ, ауэ щ1ы1эмэ хуэдэу къыщ1ех. Аминэ и гур пыхуащ. Хьэблэ фызыр къеувэк1ауэ, мэкъакъэ- мэпщ1ыпщ1, упщ1э 1эджи кърат- Аминэ и щхьэр мэуназэ, и къэмэхын къок1уэ. И ц1эр яжри1а ф1эк1а, нэгъуэщ1хэм жэуап яритакъым, адрейхэри къемыл1эл1эжу, 1эджэ хъыбари жа1эу ежьэжащ.
***
Фэтэрым хъыджэбзищыр 1энэм бгъэдэсщ, Аминэ и телефоныр икум илърэ, зэпымыууэ къеуэу. Зауррэ мамэрэ къащ1 ик1и езэшкъым, ар къеуэху щыри мэгузавэ. Мадинэ телефонк1э пэшым щопсалъэри къыщ1охьэж:
-Иджыпсту нэсахэу аращ, унэм щ1ашащ.
-Сыту 1ейуэ сыхущ1егъуэжа, дыхэ1эбэн ***якъым,- мэщатэ Рузаннэ.
-Ыы, иджы къывгуры1уэжа? Мыбы жедвгъэ1э, апхуэдэу хъунукъым щывжес1эм вдакъым, иджы сыт?- къыщылъэтауэ мэк1ий Залинэ.- Мы телефоным къеуэр къак1уэмэ, сыт жет1энур?
-Апхуэдизу ущыгубзыгъэм укъыдэмыда1уэу щхьэ жумы1арэ?- зигъэкъуаншэкъым Рузанни.
-Кхъа фыбэяу, арат къытхуэтыжыр иджы дызыф1энэжыну. Сэращ къуаншэр. Сэращ Амир Аминэ езыгъэлъэгъуар. Сэ сымынасыпыншэмэ, ар къэнэнщ, армыхъумэ лъэныкъуит1ымк1и сашхауэ аращ.
Псори гузавэу йот1ысэхыж.
3
Пэшым щ1эз хъуащ нысащ1эр, ныбжьк1э фызыку жыхуа1эхэри, хъыджэбзхэри, хъыджэбз ц1ык1ухэри. Псоми Аминэ зэпаплъыхь, здэуэршэрхэм къыхукъуоплъ. Хъыджэбзым и щхьэр унэзащ, зэгупсысынури ищ1энури ищ1эркъым. Пэшым щ1эсхэм «Щ1алэф1 дыдэ къыхэбудащ, Тхьэ, нысащ1э, ущ1эк1ыжынуи уигу къомыгъэк1ыххэ», «Ар сыт хуэдэу псэуак1уэ щ1алэ!» жа1эурэ къызэпхадз, 1уэхур зэрызэхэк1ынум т1эк1уи тегузэвыхьу Аминэ къыф1эщ1ащ. «Нобэ к1асэ хъуащ, хъыбарегъащ1э жэщыбгым фи деж ямыгъак1уэу пщэдджыжь ягъэк1уэну жа1э,»- же1э фыз лъахъшэ лъагъугъуаф1э ц1ык1ум, гушы1эн зи мыжагъуэм. Абы къыпадзыжурэ гупыр зэрыгъэдыхьэшхахэщ, арат зыхуеиххэри къакъэ-пщ1ыпщ1у пащэжащ.
«Си адэм деж ягъак1уэмэ, дауэ хъуну? Джэрэзынукъэ? мами щ1эскъым… Щ1эсами нэхъ 1еиж си гугъэт…Уэ анэ къыпф1э1уэху, удэк1уэри уежьэжащ, жи1энкъэ? Жимы1эми, сымаджэщым къыщызгъэнауэ, еджап1эр къэзмыухауэ… А псом нэхъыщхьэжыр-щэ?..Емык1ущ ц1ыхум зыкъебгъэщ1эну, ауэ… си адэм деж ямыгъак1уэ щ1ык1э…
Абы хэту гъунэгъу хъыджэбзым бжэр къы1уихри, зигъэхьэфотэурэ къыщ1ыхьащ.
-Мыр сыт, гуп дыгъэлу фызэхэти…
-Пу, мэшэллыхь, жы1э,-жэуап иратащ абы, я псальэмакьри щагъэтащ.
Къыщ1ыхьам и къэплъэк1эр игу ирихьакъым Аминэ. Т1эк1у зызэф1игъэху хуэдэурэ, и 1упэ к1апэхэри иришэхыурэ, игу ирихь-иримыхь хуэдэурэ, бгъук1э Аминэ сэлам кърихащ.
-Дауэ ущыт, нысащ1э? Уэра иджы ди щауэм къыхихар?
Анусэ щымыщ зыгуэр жи1энк1э псори тегузэвыхьхэти, п1ейтей къэхъуащ.
-Аращ, Анусэ, щауэм зыхуейр къыхихыну ***тщ.
-Аращ, ауэ… и нэхъыбэм хэдэк1э ящ1эркъым…
Аминэ ц1ыхубз щ1этхэм, нэхъ губзыгъэу, зэп1эзэрыту фэ зыриплъам, еджащ.
-Хъуну ди закъуэу дызэпсалъэ?
Щ1этхэм, унафэ хуащ1а нэхъей, псоми зэуэ я жьэр яубыдащ, абы хуэдабзэуи къаут1ыпщыжри, зэрызехьэурэ, щ1эк1ахэщ. Псори ***ту бауэжахэщ, псалъэмакъыр зэпыуда зэрыхъуам щыгуф1ык1ыу.
-Тхьэ хъунум, си т1асэ ц1ык1у, ущ1эгузавэр къызже1э, умышынэ, сэ си ц1эр Сусаннэщ.
-Сусаннэ, унэхъыжьми, емык1у сыкъыумыщ1 кхъы1э, уэ нэхъ 1ущу укъысщыхъуащ, Алыхьым щхьэк1э къызэда1уэ.
-Алыхь сынода1уэным, си псэ, умыгузавэ, т1асэ. Абы хуэдэурэщ-т1э къызэрыхъур, Алыхь уи адэри къелынум абы, уи анэри сымаджэщым зэрыщ1элъыр дощ1э, ари нэхъыф1 хъужынщ, уи 1уэхум хэтурэ и узри щхьэщыунщ…
-Сусаннэ, аракъым. Сыкъэнэнукъым, си ади, си ани къащ1эну сыхуеиххэкъым.
Сусаннэ къэу1эбжьащ.
-Сыт на, апхуэдэу щ1ыжып1эр? Апхуэдэщ хабзэр…
-Сэ сыкъэзыхьам зы псалъи къызжи1акъым. Къыбгуры1уэрэ, Сусаннэ, зэи дызэпсэлъакъым, зыкъызигъэщ1акъым…
-…Дауэ?.. Ар ягъэ к1ынукъым, фызэрыц1ыхужыну фыхущ1ыхьэнщ иджыри (мэдыхьэшх), апхуэдэхэращ нэхъыф1ыххэу зэдэпсэур…Хъунщ, а уэ жып1эми зыгуэр хэлъщ… Тобэ 1ей, ахэм еплъ. Фызэрыц1ыхурэ мыхъуми?
-Амир соц1ыху, ауэ абырэ сэрэ зэи апхуэдэ 1уэхук1э дызэпсэлъакъым. Гулъытэ лей, нэмыс къысхуищ1у къысщыхъут, ауэ… сыт абы къик1ыр? Зыри къик1къым.
-Анзор-щэ?..
-Анзор нобэ япэу слъагъуу аращ.
-Догуэт зэ, нысащ1э. Сыт телъыджэ мы жып1эр? Машинэм укърамыдзауэ, уэ езыр укъит1ысхьэу укъэк1уауэ…пщ1ант1эм щызэхэсхащ…
-Ар хъыбар к1ыхьщ, Сусаннэ. Бэзэрым щэхуак1уэ сыздашэ хуэдэу сыкъагъэпц1ащ. Сусаннэ, Алыхьым щхьэк1э…емык1уми сщ1эркъым, ауэ…сэ.. щ1алэм семыпсалъэу хъунукъым.
-Хъунщ т1асэ, умыгузавэ, згъуэтыну п1эрэ иджы ар? Къопсэлъэнщ тхьэ, фызэгуры1уэнщ Алыхьым жи1эмэ, си т1асэ, насыпыр махуэ къэс къак1уэркъым, уемылъэпауэ...
-Сусаннэ, сэ а насыпым и къежьэк1эр сигу ирихькъым. Си адэ-анэм деж ягъак1уэу, хъыбар ирагъащ1эу сыхуейкъым, сэ фэтэрым сыкъыздрагъэт1ысхьам деж сы1ушэжыну сыхуейщ.
-Хьэуэ, т1у, зэ умып1ащ1э, щауэм уепсэлъакъым иджыри, апхуэдэу занщ1эу пыбуд хъунукъым… Сэ къыщ1эзгъэхьэнщ иджыпсту…
-Мыбы зыри фыщ1эмыхьэт, сэ иджыпсту къэзгъэзэжынущ,- жи1эри Сусаннэ псынщ1эу блэк1ащ.
-Ей, сыт мыбы къыщек1уэк1ыр, ди нысащ1эр щ1игъэпхъуэжами тщ1эркъым мы Сусаннэ,-жа1эурэ, фызхэр т1эк1у къыкъуэплъри, къэхъунум пэплъэу бжэр хуащ1ыжащ.
-… Аминэ 1эу, сыт къэхъуар? Сыт ущ1эгузавэр, псори капиталнэщ, укъимык1уэт зыц1ык1ук1э… - Амир и 1эр шияуэ къыщ1охьэ. Ар къапщ1эу къэжанащ, фадэм гумащ1э ищ1агъэнщ, Аминэ 1эпл1э ***щ.
-Телъыджэлажьэ, апхуэдэ зыщ1э щы1эж иджы…мы хъыджэбзыр къэзыхьар хэтми…
-Сусаннэ, псори тэмэмщ, (абыи 1эпл1э ***щ1 Амир), умыгузавэ, моуэ дэ дызэгъэпсалъэ, сэ иджыпсту тэмэм сщ1ыжынщ ар, уэ моуэ…Амир Сусаннэ щ1игъэк1ыну и иужь итурэ, бжэр ину къызэ1уихри бжэ блыпкъым Анзор къиуващ.
Псори щым хъуащ. Сусанни жащ, Амири и чэфыр занщ1эу теужауэ фэ тетщ, бжэм къыкъуэплъыф гъунэгъухэри къэхъунум пэплъэу, щым хъуащ.
-Алыхьым и шыкурщ, укъагъуэтыжамэ, уи псэлъэк1эращ псори зэлъытар,- же1эри Сусаннэ щ1егъэзык1. –Ыхьы- зегъэпсчэу1ури, Амири щ1ок1ри бжэр къыщыхуещ1ыж.
Аминэ къэхъуар къыгуры1уэркъым. «Ар дауэ? Амир щхьэ щ1эк1а? Мы къыщ1ыхьар-щэ? Мыбы сепсэлъэну сыхуеямэ апхуэдэу яжес1энт…»
Анзор п1эм 1эт1элъит1у йот1ысхьэ.
«Тобэ,.. дауэ хъунт?.. Щауэр…Амиркъым,.. Анзорщ…Хьэуэ, пэжкъым ар?.. Апхуэдэ ящ1эрэ?..
-Сыт мыбы… къыщыбгъэхъуу жыхуа1эр? –и нап1эр къимы1эту, къехьэлъэк1 хуэдэу, къыщ1идзащ Анзорщ.
-Сыт къэзгъэхъунур? Къэзыгъэхъуар фэращ… Зы псалъи къызжевмы1ауэ…
- Сыт бжес1эну узыхуейр? Уэлэхьи, сэ сымыпсалъэф апхуэдэу…Бжес1эжынщ псори иужьк1э,-къыпогуф1ык1ри къыдоплъей.
-Апхуэдэу ящ1эрэ? Сыкъэпц1ыхукъым, усц1ыхужкъым…
-Къэгъанэ кхъа, сыту сф1эмыф1рэ я уасэр щыдрагъэуейм деж.
Аминэ и нэр къихуащ.
-Хъунщ 1эу мыр, сыкъуэншащ, щхьэгъусэм ещхьу укъызэшхыдэн щ1эбдзак1и…
Анзор къэ1эбащ, Аминэ и 1эр къиубыдыну, ар 1ук1уэтащ.
Анзор и ф1эщу къыпещэ:
-Сыт иджы уэ ц1ык1ум къыздэбгъуэр? Сыщ1алэ къек1укъэ? зэк1ужкъэ? сэ сщ1эрэ, къулыкъу си1экъэ? сыт нэгъуэщ1 узыхуейр?
-Сэ абыхэм сыхуейкъым, сэ…
-Сэ…сэ… жыхуэп1эр сыт? Сыт, Амир уи гугъауэ ара укъэзыхьыр? Зыгуэр къыбжи1а? Зыгуэр фи я кум дэлъмэ… Алыхьыр согъэпц1…
-Зыри къызжи1акъым ик1и ди якуми зыри дэлъкъым.
-Ыхьы. Мис, къэда1уэ, бжызо1э: сэращ укъэзыхьар. Амир къыпк1элъыплъащ, «хъыджэбзыф1щ, сабырщ, нэмыс хэлъщ», жери укъысхуигъэлъэгъуати аращ, ар мыхъуамэ зэи уи лъэныкъуэмк1э сынэмыплъэнк1и хъунт…
Аминэ и ф1эщ хъуркъым зэхихыр.
Анзор и макъыр ирешэхыж, ф1ы зыкъришэжу.
-Дыпсэунщ, узыхуей ухуэзгъэныкъуэнкъым…
«Игъащ1эк1э щхьэгъусэ уащ1 хъункъым Тхьэ, уэ щхьэзыф1эф1ыжьыр, зыкъыпф1эщ1ыжауэ. Зыгуэр къыщ1ыхьам арат, мыбы жеп1эр къыгуры1уэркъым…»
-Иджы мыдэ къызэда1уэт, - къыщ1идзащ Аминэ тк1ийуэ.- Щхьэгъусэ узыхуэхъун щхьэк1э, узэрыц1ыхуу, къыхэпхам и хьэлыр ф1ыуэ пщ1эуэ, лъагъуныгъэ уи якум дэлъу щытын ***йщ…
- Кхъа, мы таурыхъхэм сыкъыумыгъэда1уэ…Сэ апхуэдэ ныбжьым ситыжкъым, уэри ущ1алэ дыдэкъым, лъагъуныгъэти, цветокти, к1энфетти...жыхуэп1эхэр… Узыбгъэдэсурэ, узэсэнущ, уи хьэлри зэрыщ1энущ…
«Мыбы къыгурызгъэ1уэн1ауэ я ужь щхьэ сихьа?»
-Къызэда1уэт. Сэ дэк1уэн 1уэху зесхуэркъым, ик1и сыкъэнэнукъым…
-Уэ уи дэк1уэн 1уэхур сэ зесхуэнщ,-хьэлыншэу мэдыхьэшх Анзор.
-Уэ сызэхэпхкъым: сэ сыкъэнэнукъым, къыбгуры1уа?- къэгубжьащ Аминэ
Анзор ф1эдыхьэшхэнщ къэхъур:
-Апхуэдэу занщ1эу пумыупщ1 1эу, моуэ къэт1ыси дызэгъэпсалъэ…
-Сынэт1ысынукъым, лейуи умыпсалъэ. Фэтэрым сыкъызды1уфшам деж сефшэл1эж!
Щ1алэм и нэк1ур къызэ1уоуэ.
-Ахь! Ара жып1энур? Зэгъащ1э, сэ сылъэ1уэну слъагъу хъуркъым…
-Сэ узэзгъэлъэ1уну аракъым…
-Сэ сыгъэпсалъэт зэ… сызэпумыуду…
Анзор бжэм бгъэдыхьащ, 1унк1ыбзэр игъэк1эрэхъуэри, шкаф лъабжьэм хыф1ихуащ. Аминэ и псэр 1ук1ащ.
-Иджы къызэда1уэт. Сэ сызыхуейр къыс1эрымыхьауэ сыбэяунукъым. Уарэзыуэ, мыпхуэдиз зэрызехьэ дыхыумыгъэту, укъанэмэ… си 1эгум уису укъесхьэк1ынущ.
-Сыхуэмеймэ-щэ?
-Хъунщ зызэрыпкъутар. Ухуэмейми, укъэнэнущ. Ауэ…ит1анэ…мыхьыр уэзгъэхьу узгъэпсэунщ…
-Полицэм уестынщ, хьэбыршыбыр, укъыхезгъэдзыжынщ, узыхуейр арамэ, - Аминэ и нэр къоху, и гур къипк1ыным хуэдэу къоуэ.
-Полицэм септынуи? Сэ сыполицэкъэ езыр, -щ1алэ делэр, дыхьэшхыурэ, къобгъэрык1уэ, и нэк1ур шынагъуэ хъуащ. Хъыджэбзыр ик1уэтурэ тумбэчкэм жьэхоуэри, 1эбэрабэурэ вазэ къы1эрохьэ.
-Алыхь дыщэ пхуэзмыгъэгъун! 1ухыт мо бжэр иджыпстуапц1э!
-Зэ зумыкъутэ мыпхуэдизу! Уи гугъу зыми ищ1ынукъым. Зыри зэран къытхуэмыхъуу дызэгурыгъа1уэ.
-Укъиплъу урезгъэдзэнщ тхьэ, уэ пхуэмыдэ куэд ягъэт1ыс, арат жыхуэп1эр!
-Уэ сэ сыбгъэт1ысынуи? Уэ… сэи… Сэ пхуэзгъэт1ысынщ хэт ухуейми.
-Бжэр 1уфх! Алыхьым щхьэ, бжэр 1уфх!- и макъ къызэрихьк1э к1иящ хъыджэбзыр.
-Умык1ий! 1эпэ птеслъхьэнукъым, дызэгъэпсалъэ…
Аминэ вазэр быдэ дыдэу иубыдауэ здэщытым, бжэ зэ1ухыр дамэк1э къы1уиудри Амир къыщ1элъэдащ. Бжэр зэрагъэбыдэрэ къык1уэц1рахыу къеуа гупыр: «Анзор, бжэр къы1ух, умыделэ, ущымыуэ» жызы1ахэри пэшым щ1эз хъуащ.
-Пщ1энур зищ1ысыр сыт, и? – бгъэгук1э ихьынут Амир и къуэш нэхъыжьыр. –Апхуэдэ щы1эура? Уепсэлъэну жып1эри дыщ1эк1ащ, къэбгъэхъунур сыт? Гъэк1уэж мыр, к1уэжынумэ. Уздэлажьэр пщыгъупщэжауэ ара?
-Дауик1, уэ нэхъ къэпщтэнт ар к1уэжамэ, - йодэмэпкъауэ Анзор и къуэшым.
-Сыт жып1а? Ара иджы къысхужып1эжынур?….нак1уэ ныщ1эк1!-и п1эм къришащ зэкъуэшхэм нэхъ бэшэчри.
-Нак1уэ! Уэ нобэ л1ы ухъуауэ ара?..
Аминэ и губамп1эр къэкъутауэ нэпсу къожэх. «Я ди Тхьэшхуэ, нобэрей махуэр зэи иухынукъэ? Ялыхь, сумыжэгъужамэ, мы унагъуэм сахэх!»
Адэк1э къэхъуар пщ1ыхьэп1эм хуэдэщ. Пщ1ант1эм дэтахэр л1ыи фызи къыщ1олъадэ, «Сыт къэхъуар?» щ1оупщ1э, Аминэ трагъэу, зэкъуэшит1ыр ягъэупщ1ы1уж. Хъыджэбзыр ц1ыхубзит1ым я зэхуакум дагъэт1ысхьэ, шоферым щауэ хъуну къызэмыхъул1а Анзор бгъурысу гъуэгу тоувэжхэ.
4
Зэрызехьэу щык1уам ещхьыжтэкъым къызэрык1уэжыр. Макъами къемыуэу, зы ц1ыхуми зы псалъэ жимы1эу, пшапэ зэхэуэгъуэ хъуауэ машинэр къалэм дыхьащ. Аминэ автобус къэувы1эп1эм деж щрагъэк1ыжыну яжри1ащ. ***йтэкъым ахэр бжэ1упэм 1уигъыхьэу, ц1ыхухэр къыщ1эплъу къик1ыжыну.
Зы ц1ыхубзым игу къок1 Аминэ распискэ иригъэтхыну, лей къызэрылъымысар иту. Машинэм къик1ыу унэм щ1ыхьэжыну, нобэрей махуэ хьэлъэр езыгъэухыну зи нэ къыхуик1 хъыджэбзым итхынуи къыщ1эк1ынт, ауэ ц1ыхубзым и жы1эк1эм къегъэу1эбжь.
-Уэ унэм ущ1ыхьэжкъым, гъуэгужьым ущок1ыж, уэ къэбгъэхъуну псор зыми ищ1эркъым,-жи,- лей къызэрыптемыхьамк1э мыбы ущик1ыжа дакъикъэр иту распискэ тхы.
Апхуэдафэ къызэрыраплъамк1э маф1эу къызэщ1игъэнат Аминэ, ауэ иджыри машинэм ист, «срамыгъэк1ыжу, зэрызехьэ къэхъумэ»-, жери егупсысащ. «Сэ мыхэр схуэмыгъэсэжыну, ауэ яхуэзмытхыу т1эк1у схуэгъэшынэну къыщ1эк1ынщ»
-Зыри стхынукъым, расписки зэратх сщ1эркъым. Игъащ1эк1э фи 1уэху зесхуэнукъым, си 1уэхуи къызевмыхуэ.
-Сыт щ1умыщ1эр, университет ущ1эсщ ит1ани? -къыхохьэ псалъэмакъым Анзори, распискэ темэр игу ирихьауэ.
-Университетым распискэ щыттхыу дыщ1эсу аракъым дэ.
Зэрызехьэурэ машинэр жыхуа1ам деж къэувы1ащ, ц1ыхубзхэри мып1ащ1эурэ къик1ри Амини кърагъэк1ыжащ. Хъыджэбзым гъуэгур зэпиупщ1ыну хьэзыру и 1эр зыгуэрым къиубыдащ.
-Зэ умып1ащ1э мыр, ущ1эпхъуэжыну ухущ1ыхьэнщ, хьэмэрэ зыгуэр къожьэу ара?
«Сыту гущык1ыгъуэ мыр, тобэ».
-Узыншэу фыщытхэ. Фи гугъу сщ1ыкъым, си гугъу къэвмыщ1.
-Зэ умып1ащ1э. Уэ распискэ птхын бдэкъым, сэ сщ1эркъым уэ уи мурадыр. Зэ дызэгъэпсэлъэж.
-Сэ делагъи хьэрэмагъи ц1ыхум есщ1экъым. Фыбэяуж иджы, дывгъэух нобэрей 1уэхур.
Аминэ гъуэгум аргуэру зэпрык1ыну хуожьэ, аргуэру Анзор къо1эбэри и 1эм къопхъуэ. Аминэ зы1эпщ1иудыну и ужь ит щхьэк1э, щ1алэм ар зыуи къыщыхъуркъым.. Ц1ыхубзит1ми зыри жамы1эу къоплъэ, ц1ыхухэри къахуеплъэк1ыжу блэк1 ф1эк1а, зыри хъыджэбзым къыщхьэщыжкъым.
-Ут1ыпщыт ар!- къо1у макъ тк1ий. Псори къащтэри къызэплъэк1ащ, Амини яхэту. Маршруткэм и шоферыр, Ратмир и адэр, къик1ауэ Анзор къыбгъэдохьэ.
-Къызэрыпхуэмейр уолъагъу, уезэуэну? - мо т1ум я кум дохьэ, Аминэ и 1эр къеубыдри и щ1ыбагъымк1э къыдегъэувэ.
-Уэ1, уэ1, плъэгъуа поворот, -зегъазэ Анзор ц1ыхубзит1ым я дежк1э.-Уэлэхьэ, сэ сщ1этэм абы зыгуэр зарыщыщы1эр, -же1э, и нэр щ1иукъуанц1эурэ.
-Щызгъэ1ынщ, ухуеймэ,- къик1уэткъым щ1алэри. 1уэхур зэрызехьэ куу зэрыхъунур нэрылъагъути, «куэдщ, зыпумышэ», жари, фызит1ымрэ я шоферымрэ Анзор къилъ-къипк1ыу 1уашыжащ, мыдэк1и маршруткэм иса щ1алит1и, дэ1эпыкъуну къик1ахэм:
-Нак1уэ, Азэмэт, 1ук1, делэщ ар, пашэгъу пщ1ы хъунукъым, -жа1э. –Пассажирхэри мэшхыдэ, нак1уэ.
-Уэ упэзгъэджэнщ а нобэ зызэрыпщ1ам,- мэдалъэ Анзор, -еплъ сэ уэсщ1эм,- жи1эурэ машинэм йот1ысхьэж.
-Уэри еплъ сэ уэсщ1эм,- к1элъедз абы хъыджэбзми. –Уэрэ сэрэ духа уи гугъэ хъунщ ди 1уэхур? Щ1эддзэу аращ! А уэ къызэпщ1ар сэ пхуэзгъэгъум я не я…
-Маршруткэм ит1ысхьэ,- унафэ къыхуещ1 шоферым Аминэ.
-Хьэуэ сэ …сыкъэсыжащ, сыдыхьэжмэ аращ…
-Машинэр 1ук1ыжакъым, плъагъурэ? Уэ лъэсу ук1уэн ***йщ иджыри, ит1ысхьэ.
Аминэ абы едэ1уащ. Нобэ махуэ псом къыдэщ1ынрэ къыщхьэщыжынрэ зымыгъуэта хъыджэбзым и гур къигуф1ык1ащ. Апхуэдизк1э езэшати, едэуэну къаруи и1этэкъым, ик1и ***ищэтэкъым. « Апхуэдэ щхьэгъусэ мыгъуэт сэ сызыхуейр, л1ыгъэ хэлъу, и псалъэ игъэпэжу, уи жагъуэ имыщ1у, зи жагъуэ ящ1ым къыщхьэщыжыфу… Къэбгъуэтащ тхьэ узэгупсысын! Зы историям укъыхэк1акъым иджыри, нэгъуэщ1 къыболъыхъуэ… Алыхьым жимы1эк1э, сэ унагъуэ зэтекъутэ сыхъуну… Я къуэ ц1ык1урщэ?..»
-Конечнэм сыкъэувы1эмэ зыгуэр етщ1энщ, - Азэмэт зыкъригъэзэк1ри, Аминэ и гупсысэ 1эф1хэр къызэпиудащ.
«Замокым щыпсэу, принцым къригъэла принцессэу зыкъыпщыхъужаи», -зошхыдэж Аминэ.-Апхуэдэ щы1экъым»
Къэувы1эп1ит1 к1уэри, исахэр псори ик1ыжащ, машинэри адрей щытхэм япыуващ.
Азэмэт къек1уэк1ри, Аминэ хуэзанщ1эу къэт1ысащ.
-Уи гъусэу зыгуэр псэурэ?
-Хъыджэбз ц1ык1у гъусэ си1эхэщ…
-Телефонк1э епсалъи, псори зэгъусэу къыппежьэну яже1э.
-С1ыгъкъым телефоныр…
Азэмэт къоплъ Аминэ, къыхуищ1энур зэрегъэзахуэ.
-Сытыт мохэр зыхуейр?- 1ейуэ къыф1эмы1уэхущэм ещхьу къоупщ1 Азэмэт.
-Сахьат…
-Щхьэ мыбдеж укъы1уашэжа?
-Сэ закъезгъэшэжауэ аращ… Ди деж сыкъащ1эну сыхуейтэкъым…
-Щхьэ укъэмынарэ-т1э?
Аминэ игу ирихьакъым щ1алэм и щ1эупщ1эк1эр, щ1агъыбзэ гуэрхэр хэлъу къыщыхъуащ.
-Сыхуейтэкъыми! Упсэу, сыкъебгъэлащ, адэк1э сэ езым…
-Сыт уэ езым? – Азэмэт зегъэпхъашэ. –Сыт езым? Машинэр зэрыщытыр сэ солъагъу, уэ абык1э уплъэну уигу къэк1ыхэркъым. Сэ езым… мис апхуэдэу батэр ягъэшу къащохъуж иныкъуэхэм…
Азэмэт щ1эшхыдэр Аминэ зэримызакъуэр къыгуры1уати, и жагъуэ хъуакъым, адэ жыжьэу машинэ 1умык1ыжамк1э плъащ.
-Сыт сщ1энур?- жы1эщ1э макък1э щ1эупщ1ащ хъыджэбзыр.
-Сэ зэман си1эщ, нак1уэ, унэр сыгъэлъагъуи, у1усшэжынщ.
Маршруткэр бжэ1упэм къыщыувы1ащ. Щ1алэр къек1уэк1ащ, хъыджэбзыми бжэр ху1уихри къригъэк1ыжащ.
-Азэмэт,- пыгуф1ык1ыу и 1эр къишиящ щ1алэм.
-Аминэ,- щэхуу жэуап итыжащ хъыджэбзым.
-Сощ1э, -жи1ащ Азэмэт,- Ратмир уи гугъу ф1эк1а ищ1ыжкъым.- И 1эр иут1ыпщыжри, «Нэхъ губзыгъэу щыт дяпэк1э», -къык1элъидзэри, 1ук1ыжащ.
Я жьэр 1урыхуауэ къаплъэу тет1ысхьэп1ит1ми ц1ыху тест. Аминэ и щхьэр щ1игуэри, псынщ1эу щ1ыхьэжащ.
Аминэ, и «ныбжьэгъухэм» 1уплъэну хуэмейуэ, пэшым щ1элъэдэжри бжэр къыридзыл1эжащ, гъуэлъып1эм зыридзэри и макъыр иут1ыпщащ. Нобэ бэлыхьу зыхэтар, и ныбжьэгъуу ибжа хъыджэбз ц1ык1ухэм къызэрамыгъэпэжар, и анэ сымаджэм щхьэк1э зэрыгузэвар, - псори зы хуэхъужауэ нэпс толъкъуну къыщиудащ. Хъыджэбзхэри япэ щ1ык1э темыгушхуэу бжэм деж щыму щыта щхьэк1э, я ныбжьэгъум и гу1эк1эр щалъагъум зрадзауэ щыри догъ, «Алыхьым щхьэк1э, Аминэ, къытхуэгъэгъу!» жари. Пл1ыри ф1ыуэ гъыхэри, я губамп1эр т1ысауэ, щым хъужахэщ.
Пщэф1ап1эм Аминэ и телефоныр къыщеуащ. Ныбжьэгъухэм зык1элъагъэп1ащ1эу жа1эжащ, мамэрэ Зауррэ нобэ куэдрэ къызэреуар, ауэ къызэрытрамыхар. Ит1анэ Мадинэ и деж къащ1ащ, ауэ къащтакъым.
-Сыт сэ абыхэм яжес1энур?- жи1эурэ Аминэ щ1ок1.
-Жы1э телефоныр пф1эк1уэду нобэ махуэ псом къэплъыхъуауэ,- хьэзырыбзэщ Мадинэ и 1эмалыр.
-Пц1ы упсынк1э 1эзэхэр плъагъуркъэ,- хъыджэбзхэм я щхьэхэр ирахьэхащ, ауэ къэгуф1эжахэщ: Аминэ и губжьыр теужат.
Заур къэгубжьащи, хузэф1эк1амэ, телефоным ирилъэфэнт и шыпхъур. Сымаджэщым щ1элъри, унэм щ1эсхэри 1ейуэ игъэгузэващ, игъэп1ейтеящ, Къуажэм къик1ыу къэк1уэну зигъэхьэзыру арат, хуэмышэчыжу. Аминэ жи1ащ, телефоныр игъэк1уэду, махуэ псом лъыхъуауэ, хъыджэбз ц1ык1ухэри къыдэ1эпыкъуу, маршруткэм къринауэ къы1эрагъэхьэжауэ жри1ащ. И макъымк1э Заур къыгуры1уат Аминэ и гур зэрыхэщ1ри, нэхъ щабэ зищ1ыжащ. Экзаменыр зэрыхъуам щ1эупщ1ащ. «Мамэ хуэщ1и епсалъэ»,- къыжри1эри трилъхьэжащ.
Абы и ужьк1э и анэм деж ищ1ащ, зэрихабзэжьти, Аминэ жи1эр ик1эм нимыгъэсу зэпиудащ, и анэр къызэрыф1эмы1уэхум, телефоныр зэрынэхъапэм теухуауэ псалъэмакъ хъуэн къригъэда1уэри, трилъхьэжащ.
Пщэф1ап1эм щ1эт 1энэ ц1ык1ум къы1унэри, хъыджэбзипл1ыр щысащ, Аминэ зыхэтар жрагъэ1эжу, шей крушкэ зыбжанэ ирафыху. Гувауэщ щыунк1ыф1ыжар а жэщым абыхэм я уэздыгъэр.
***
-Теплъэк1и бэлыхькъым, зыри пкъырылъкъым,- Анусэ и анэм ***1уэтэж гъунэгъум къыщыхъуар. Сэр нэхърэ нэхъ дахэкъым, зэк1ужуи щыткъым. – Анусэ зэрыбамп1эм и нэщэнэу пэшыр к1ыхьагък1и бгъуагък1и зэщ1егъэхьэ.
- Мы щ1алэхэр здэплъэр къызгуры1уэркъым,-къыдожьу Фаризэт.- Фэкъым, лыкъым зэрыжа1эу, лъэпкъ-къупщхьэ уемыплъу япэу къыпхуэзар къепхьэжьэу укъежьэж хъурэ?!
-Ик1и къулейкъым,- Анусэ хъыджэбзыр зэпкърыхын иухакъым.-Ар зи зыщ1ык1э зыхуэпэк1и ищ1эркъым.
-Алыхь, а сэ слъэгъуам акъылышхуи бгъэдэмылъ, къызыхэхуа ф1ыгъуэр къыщыгурымы1уак1э.
- Уэри жып1эрт: «Мы Анзор зы1эщ1умыгъэк1, щэщ1ым ущ1игъуащ, укъыдэнэжащ…»
-Ат1э укъыдэнэжакъэ? Сэ жьы сыхъуащ, си гъусэу фызыжь уэршэрэгъу укъысхуохъури удэсщ. Арат сэ сызыщ1эхъуэпсыр? Л1ыжьыр дунейм зэрехыжрэ сэ Тхьэм сызэрелъэ1ур зы закъуэт: си пхъу закъуэм и насып слъагъуну. Унагъуэ бей, л1ы къек1у, л1ы къулей уи1эну. Жылэм ямы1э уи1эну: уи шубэр зэпхъуэк1ыу, дыщэмрэ бриллиантымрэ укъикъутэу, хамэ къэралым зыгъэпсэхуак1уэ ук1уэфу…
-А къыубжэк1хэр Анзор и1э?
-Сыт и лажьэр? Къулыкъу и1эщ, иджыри дэк1уеинщ. Щ1алэ лъагэщ, лъагъугъуаф1эщ, ар къыббгъурыту ц1ыхум уахыхьэну къек1ущ. Я нэр иращ1ыжынт псоми…Апхуэдизрэ ущ1ыдэсар зы мыхьэнэншэжь ц1ык1у удэк1уэу, псоми ухуэныкъуэу, щхьэ ф1ейрэ к1э лалэрэ ухъужауэ 1уэху пщ1эн щхьэк1экъым…
-Мамэ…
-Сыт мамэр? Ц1ыхур зэщ зэрыпсэур, аракъым сэ бэлыхьыр стелъу си закъуэу ущ1эсп1ар, уи щхьэц налъэ слъэк1ам хэзгъэхунтэкъым, уи жагъуэ къэзыщ1ым … и къурмакъейр…
-Мамэ, бэяу, зомыук1ыж. Ди1эжкъым Анзорик1. Бауэ.
-Ы? Сыт щ1ыдимы1эжыр? И нэчыхьыр ятхакъым, пэжкъэ? Значит, не все потеряно. Мыупщ1ы1уж щ1ык1э зы1эрыгъэхьэн ***йуэ аращ. Сэ сек1уэк1ынщ Людэ и дежи хъыбархэр къэсщ1энщ. Лъэ1уак1уэ ягъэк1уэн мурад я1эмэ, щ1езгъэгъуэжынщ. Уэ егупсыс, сыт хуэдэ лъэныкъуэк1э Анзор дыбгъэдыхьэ хъунумэ. Ит1анэ… а къахьа 1ей ц1ык1ум теухуауи т1эк1у къащ1э. 1ук1, к1уэи гъуэлъ, умыжейуэ уи щхьэр гъэлажьэ. Линия фронта къызэ1удох…
5
Щхьэ узым ихьу нэху къек1ащ Аминэ. Гъуджэм къища и нэк1ури езым ейм ещхьыжтэкъым, и нэщ1ащэхэр лалэу къык1ыщ1эт1ысхьат, и нэк1ущхьэр къытебэгат. ***й-хуэмейурэ шей т1эк1у иригъэжэхри, хущхъуэ ефащ.
Дыгъуасэ къэхъуахэр нобэ къеузыжт хъыджэбзым. И къарур щ1ихат, и лъэр щ1игъэхуат, зыгуэр ину къызэрепсалъэу, къыщиудыну хьэзырт.
-Сол1э нобэ, си гугъу зыми къимыщ1у махуэ псом сыщылъамэ, зыкъэсщ1эжынт т1эк1у.
Хъыджэбзхэр экзаменым щ1идзэным къэнэжа щымы1эу унэм къыщ1эк1ри автобус къэувы1эп1эмк1э яунэт1ащ. Аминэ къыщыхъуащ тет1ысхьэп1эм дыгъуасэ теса дыдэхэр тесу, къыщыблэк1ым псоми псалъэн щагъэту, къызэрыблэк1ыу къытепсэлъыхьын пащэжауэ.
Экзамен зытыну курсыр к1элындорым тетт, къапэщылъ 1уэхугъуэм тегузэвыхьыу. Тамарэ Махмудовнэ зыми ф1ыуэ ялъагъуртэкъым. Егъэлеяуэ ц1ыху тк1ийт, бадзэ зэрылъатэр зэхэпхт ар лекцэ къыщеджэ аудиторием. Еджак1уэхэм хущхьэн, теплъэкъук1ын щыгъэтауэ, я нэр ирахьэхын шынэрт. Къык1эрыхуа щ1игъэхьэххэтэкъым, абы и ягъэк1э щ1агъэк1ыжаи щы1эт. Сыт къэхъуми идэт нобэ Аминэ, хущхъуэми хигъэк1атэкъым и щхьэузыр. Итми, имытми, экзаменыр псынщ1эу зэф1эк1ыу, къуажэм к1уэжыну ф1эк1а ***йтэкъым. Нэхъыф1у еджэ зыт1ущ « пл1ы», «тху» жа1эу гуф1эжу къыщ1эк1ыжахэщ. Ауэ адэк1э нэщхъейуэ къыщ1эк1ыжу щ1адзащ: «Тхуигъэувакъым удыжьым» жа1эу. Аминэ хуэхьэзырыщэтэкъым нобэ Тамарэ Махмудовнэ и адыгэбзэм, ауэ, дауэ мыхъуми, «т1у» къимыхьыну и щ1эныгъэм къигъэгугъэрт. Экзаменым щ1ыхьэну зыри тегушхуэжыртэкъым, псори шынат.
- Кхъа, хэтми зыгуэр фыщ1ыхьэ, къэгубжьынущ…
-Аминэ, к1уэ, уэ бощ1э, кхъа щ1ыхьэ, -щыжа1эм, «къэхъур кърехъу», -жери, Аминэ бжэр 1уихащ.
Тамарэ Махмудовнэ и зы 1эпкълъэпкъ хъеякъым, къыщ1ыхьами зы гулъытэ иритакъым. Аминэ и ф1эщ хъуащ нобэ и 1уэхур къызэремыхъул1энур.
-Уи махуэ ф1ыуэ, Тамарэ Махмудовнэ.
-Къыхэх билет,- пхъашэу жэуап къритыжащ, сэламым и п1эк1э.
Билетым ит упщ1ит1ым жэуап иритащ Аминэ, езыр зэрыхуейм хуэдэу мыхъуами. Ауэ ар апхуэду тыншу къиут1ыпщынутэкъым Тамарэ Махмудовнэ: упщ1эхэр къытригъэщащэу щ1идзащ, зэк1элъигъэп1ащ1эу. Ипэхэм Аминэ жэуап иритыну и ужь итами, къык1элъык1уэ упщ1эхэр егъэджак1уэм зэк1элъигъэп1ащ1эу къыщытрик1утэм, зыри жимы1эу т1ысыжащ.
-Зыгъэхьэзыр тэмэму, -и щхьэр ф1эхуауэ къэтэджыжа хъыджэбзым иджыри къык1элъедз: -щ1алэ 1уэхур вгъэмащ1э, жэщк1э фыжей, фызыхэбэгэжауэ экзаменым фыкъысхуэмык1уэ. Семышк1э ф1унщ1у, фыубжьытхэу тет1ысхьэп1эм фытемысу тхылъ феджэ.
Аминэ и щхьэр унэзащ: абы и гум щ1ыхьащ зэхихар.
-Тамарэ Махмудовнэ, уэ сэ сыкъыбоц1ыху, уи журналым уеплъыжмэ, плъагъунщ, сэ еджак1уэ мыхьэнэншэу сызэрыщымытыр. Уемыплъыжми бощ1э ар, ауэ уэ ц1ыхум и лыр пшхыну пф1эф1щ. Адыгэбзэр ф1ыщэу плъагъуу зыпщ1 щхьэк1э, уэ зыри ф1ыуэ плъагъуркъым. Уэ пщ1эрэ студентхэр къызэроджэр?-Тамара Верблюдовнэщ уэ къызэроджэр. (Аминэ и ф1эщ хъужтэкъым а къомыр жызы1эр езырауэ). Тамарэ Махмудовнэ ауи зигъэхъеякъым.
-Адыгэбзэр ф1ыуэ зылъагъум адыгагъэ, ц1ыхугъэ, гуапагъэ-зыгуэр хэлъын ***йуэ къысщохъу сэ, уэ ахэр зыри пхэлъкъым. Гу уи1экъым уэ, уц1ыхукъым уэ, у-роботщ, у-робот улъиящ.
Жи1эр ф1эмащ1эу, къэлындауэ Аминэ зызымыгъэхъейуэ щыс фызым тритхъуэри, бжэр ину къридзыл1эжащ.
- Сыт къэхъуар, сыту укъызэщ1эна?
-Сыт, пхуигъэувакъэ?
-Дауэ ухъуа?- къежащ хъыджэбзым и ныбжьэгъухэр.
Псори къык1эрыщ1ауэ, зыми жэуап яримыту, Аминэ щ1эк1ыжып1эмк1э иунэт1ащ. Япэу къыхуэза шэнтым ещэтэхри, хъыджэбзыр къыщиудащ. Зэщыджэу, нэпс толъкъуну къиуащ а ныбжьыщ1эм и бамп1эр.
- Сыт хищ1ык1ыр а фызыжьым сэ семышк1э с1унщ1ми, щ1алэхэм къак1элъызжыхьу сыдэтми? Къыгуры1уэрэ а гу зык1уэц1ымылъым сэ си анэ сымаджэм сызэрыдыщ1элъыр? жэщк1э сыщ1эмыжейр? Си адэр и закъуэу зэрыщ1эсыр, си дэлъхум и 1уэхум сызэрыщ1эгупсысыр? Дыгъуасэ сызыхэта бэлыхьыр-щэ? Сигу ирихь щ1алэм сишэ си гугъэурэ и къуэшым тыгъэ сызэрыхуищ1ар-щэ?! Дауэ? Дауэ апхуэдэу ц1ыхум зэрепщ1энур? Сыкъэфлъэгъуарэт абы бжэр игъэбыдэу 1ун1кыбзэр щыхыф1ихуам! Дауэ сыкъела?- и гущхьэр зэгуэудыным нэсащ хъыджэбзым. Гу1эгъуэр зытелъ хъыджэбзыр зэрытрагъэун псалъэ къахуэгъуэтыркъым зэныбжьэгъухэм, я къуэншагъэшхуэ а 1уэхум зырыхэлъыр ящ1эжри, зэгуэуду гъы хъуджэбзым псалъэмакъыншэу догу1э.
-Псори къызгуро1уэ, ахэр сэращ зи гугъуехьыр, абы и 1уэху хэлъкъым ахэм, сэ щ1ысхуигъэувын ***йр си жэуапрати, жэуап естащ. Езыр махъшэ щызогъэтри, жьындум ещхьу щысщ, «хэт къыпызгъэхун» жери.
Хъыджэбзхэм жа1энури ящ1эркъым, зэи ялъэгъуакъым абыхэм я ныбжьэгъур апхуэдэу къэгубжьауэ.
-Зы илъэскъым дыкъызэриц1ыхур, сызэреджар илъэгъуащ, нобэ ф1ы дыдэу жэуап езмытами. Упщ1ит1ми естат, схуигъэувынуи къэзлэжьт. Сыт узэрыщыгугъынур? Нэмэзым къок1уэ, псом я ужь щ1ок1ыж, гуи псэи к1уэц1ылъкъым, тхылъымп1э ф1эк1а напэ и1экъым а фызыжьым.
Ф1ыуэ гъа, ф1ыуэ хъущ1а Аминэ и нэпсхэр зэпилъэщ1ыхьыжащ, и нэр къэплъэжащ.
-Кхъа, уи гум щ1умыгъыхьэ апхуэдизу.
-Птыжынщ, ягъэ к1ынкъым,- трагъэуж и ныбжьэгъуищым. Абы хэту адрейхэри къы1уохьэ:
-Зыри фыкъыщ1эмыхьэ, къэнахэр пщэдей фыкъак1уэ, -жери бжэр ***щ1ыжащ. Псоми ящ1эну хуейт, аудиторием къыщыхъуар.
6
Хъалид пщэдджыжь шейм ефэну зигъэхьэзыру бжэр къы1уахащ.
-Зыбущэхуауэ, зыри жып1эркъыми, Хъалид, -шхыдэу, щ1акъуэ башыр идзыурэ Лиуан дадэ пщэф1ап1эм къыщ1ыхьащ.
-Къыдыхьэ, Лиуан, къэт1ыс,-Хъалид шэнтиуэмк1э игъэлъэгъуащ.
-Уэлэхьи, насыпыр мы 1уэху джэгу, си ныбжьэгъужь…
-Сыт, Лиуан, зи гугъу пщ1ыр?
-Насыпыр, жызо1э, махуэ къэс къак1уэркъым, апхуэдэу хъунукъым…
Хъалид зыри къыгуры1уэркъым.
-Лиуан, зи гугъу пщ1ыр сыт? Алыхьыр согъэпц1, узытепсэлъыхьыр къызгуры1уэм. Кхъа, тэмэму жы1эт псори.
-1эу, зиунагъуэрэ, уэ къызжеп1эн си гугъэу сыкъек1уэк1ащ. Дызэныбжьэгъурэ пэт, сэ псоми яужь къасщ1эу аращ. Ари Хьэишэт къек1уэк1ыу къыджимы1ами, зыри хэтщ1ык1ынутэкъым… «Уи ныбжьэгъум и пхъур щхьэ къыщ1ашыжа?- жи.- Унагъуэ бэлыхь къыщ1эупщ1ауэ жа1э…
-Хэт зыщ1эупщ1ар? Сыт хуэдэ унагъуэ бэлыхь зи гугъу пщ1ыр?
-Уэлэхьи, Хъалид, сэ сщ1эм нэхърэ нэхъ мащ1эж си гугъэм уэ пщ1эр…Хьэ1ишэт нышэдибэ къек1уэк1ащ, нт1э, уэри бощ1э, фызыжьымрэ абырэ я псэр зы чысэ илъщ мы тхьэмахуэм. «Хъалид и пхъур яхьати, залымыгъэк1э къыщ1ашыжауэ жа1э,-жи. Лиуан, уэ пщ1э хъунщ»,- жи. Сыт сэ сщ1эр? – си ныбжьэгъум зыри къызжи1акъым…
-Адэк1э-щэ?..-Хъалид иджыри зыри къыгуры1уэркъым.
-Адэк1э уэ къызже1э.
-Лиуан, сыт мы таурыхъ къефхьэк1хэр? Фызхэм я жьэр пхуэубыдынукъым, зыри здэщымы1эм къыщагупсыс, ауэ уэ-щэ? Аминэ сымаджэщым щы1эщ, и анэ зырехьэри,- къэгубжьащ л1ыжьыр.
- Уэлэхьи сымыщ1э, Хъалид, сэри и пэжып1эр сщ1эртэкъыми сыноупщ1ауэ аращ…
-Нт1э, яже1эж а къанжэ к1ак1эхэм, зэхалъхьар хъуакъым.
-Сыт къэхъуар 1эу, щхьэ фызэрызехьэрэ? Къеблагъэ, Лиуан, дауэ ущыт? –Заур майкэ пц1анэу напэ1элъэщ1ыр и пщэм дэлъу пщэф1ап1эм къыщ1ыхьащ.-Сыт фхузэрымыгъэугуэшыр?
-Къеда1уэт мы хьэблэм дызэрыдэлъыр…Кино тхузэхалъхьащ.
***
Зым щигъэтым, адрейм къыщ1идзэу Хъалиди, Заури, сымаджэщым къыщ1эк1ыжа Гуащи Аминэ щ1ашхыхь.
-Апхуэдэ хьэдэгъуэдахэ щы1э, зиунагъуэрэ, игъащ1эм хабзэщ, хъыджэбз ирахьэжьэу,-мэхъущ1э Хъалид.-Адыгэ хабзэм тету, хъыбарегъащ1э къытхуагъак1уэу, пхъэру нэдгъак1уэм, укъэнэну ухуэмеймэ, укъыздашэжу укъэк1уэжын ***яуэ аращ. Сэ сыл1атэкъым иджыри, сыпсэущ, дэлъху уи1эщ, лъэпкъ дыхэсщ, зиунагъуэрэ, узеиншэ нэхъей, уи щхьэ и унафэ пщ1ыжу щхьэ укъэт1ысыжа?!.. Мо уи анэ сымаджэм сыту уемыгупсысарэ?!..
-Мыдэ 1ей мыр! Анэ къыф1э1уэху абы, -псалъэ къыдигъэувэну чэзур къылъысащ Гуащэ, - щ1алэщ абы къыф1э1уэхур. Пхуэшэчыжыртэкъэ къэбухыху? Сэ сымаджэщым сыкъыщ1эк1ыжыху укъызэжьам хъунутэкъэ?..
-Сэ къызгурымы1уэри?..- Заур 1эшт1ымк1э ст1олым тоуэ.-Щхьэ къэбгупсыса фэтэрым уашэжын ***йуэ? Унэ уи1этэкъэ? Мыбыхэм къебгъэщ1эну ухуэмеями, сэ къызжеп1э хъунутэкъэ? Сыт къытщубзыщ1ыр иджыри? Сыт мы 1уэхум иджыри дымыщ1эу хэлъыр? Къэхъуа1а? Уи жагъуэ ящ1а? Маф1э ящ1эздзэнщи згъэсынщ зэрыунагъуэу, абы зыгуэр…
-Хьэуэ, зыри къэхъуакъым, - Аминэ и щхьэр къи1этащ
-Хэт а щ1алэр? Сыт зищ1ысыр? Дэнэ къыщыпц1ыхуа?- хъийм ик1ащ Заур.
-Сц1ыхукъым…
-Пц1ы умыупс! Уи 1уэхур зэрыщытар пэжу жы1эж…
-Зыми зывмыгъэхъей! Фи п1эм фыкъимык1, фи 1эр фи щхьэм ефхьэк1!
Апхуэдизк1э зэрызехьэти, зыми гу лъитакъым, пщ1ант1эм полицейскэхэр дэз зэрыхъуам. Унэм щ1эсхэм зэрызыхэу здэщысым автоматыр траубыдащ, Заур и лъакъуэр щ1аудри унэкум ирагъэгъуэлъхьащ, и щ1ыбми 1эщэр тракъузащ.
-Хъыбар къыдагъэщ1ащ, уи къуэм наркотик зэрихьэу. Мис фи унэр къэтплъыхьыну ***т дыкъэзыщ1 ордер.- Я нэхъыщхьэу къыщ1эк1ынщ, л1ы зы1эщ1элъышхуэм Хъалид и пащхьэм тхылъымп1эр щигъэлъагъуэри 1уихыжащ.
-Ар пэжкъым, зиунагъуэрэ.. дауэ хъунт?..-щтащ Хъалид.
-Ауэуэу, сыл1ам нэхъыф1т, мы къытлъыкъуэк1ар зищ1ысыр сыт?...Дэнэ къиук1 лажьэт?..-мэгу1э Гуащэ.-Сыт хуэдэ наркотик…
Полицейскэхэм заугуэшауэ, иныкъуэм унэр зэ1апщ1ык1, зыгуэрхэм гуэщыр къракъухь, пщ1ант1эми дэзу дэтщ.
Пщэф1ап1эм шкафым дэлъхэр къыдатхъу, диванхэр зэрагъэзэк1.
Адэк1э псори пщ1ыхьэп1э 1ейм хуэдэу нэгум щ1ок1. Шкафым дэт фалъэ гуэрым «наркотик» кърах, щыхьэту къраджа гъунэгъуит1ым тхылъымп1эм 1э щ1рагъэдз. Заур къыщалъэф, и 1ит1ыр ира1уэнт1эк1, наручник иралъхьэри щ1аш. Аминэ иджы къэушам ещхьщ.
-Ар пц1ыщ, ар дыдейкъым, пц1ы къытралъхьауэ аращ, Алыхьым щхьэк1э фымып1ащ1э, -1уфэр къежыхь хъыджэбзым, зэ зым, зэ адрейм бгъэдэлъадэурэ.-Абы армэм дэк1ыну зегъэхьэзыр, апхуэдэ 1уэху зэи зэрихуакъым…фыщыуащ…
Заур машинэм ирадзащ. Апхуэдизу лъа1уэ хъыджэбзым дежк1э зыкъигъазэри я нэхъыщхьэм и маскэр зыф1ихащ.
-Уэра?..-ещэтэхащ Аминэ. Заур къэплъащ.- Абы сыт и лажьэ?..
-Бжес1атэкъэ, узэрыхущ1егъуэжынур? Узыншэу ущыт!- хъыджэбзым и тхьэк1умэ дыдэм деж щэхуу щыжи1эри, Анзор бжэр ***щ1ыжащ.
И нэгу щ1эк1ахэм дадэ и лъэр щ1агъэхуат, илъэсищэ хъуам ещхьу, зэуэ жьыфэ къытеуат. Ауэ Гуащэ къару гъэт1ылъа къызэкъуихам хуэдэт.
- Псори уэращ зи ягъэр, уи к1эм къик1ащ ар псори, уэ угъурсызыжьым.
Аминэ и анэр игъэбэяужыну хэт щхьэк1э, Гуащэ къэзыгъэувы1эн къару дунейм теттэкъым иджыпсту.
-Уэ напэншэм уи ягъэщ си къуэр щ1ыдашар. Си къуэ закъуэр, мы дунеягъэм щызгъаф1эну си псэ закъуэр…
-Мамэ… апхуэдэу жумы1э…зэрыпц1ыр къащ1эмэ, къаут1ыпщыжынущ…
-Дапщэщ? Къаут1ыпщыжми, сэ ар слъагъужынукъым..
-Мамэ…апхуэдэу жумы1э…-Аминэ и нэпсым итхьэлэжыным нэсащ.
-Мамэ мыгъуэр ущ1!- Гуащэ и бжэр иридзыл1эжащ Аминэ и пащхьэ дыдэм.
Хъыджэбзыр и пэшым щ1ыхьэжащ, п1эм зридзэри и макъыр иут1ыпщащ.
***
Амир университет к1элындорым тетт, ирик1ук1-кърик1ук1ыу.
-Сыт, Амир? - къыбгъэдыхьащ абы Мадинэ.
-Мадинэ, си псэм хуэдэ, - щ1алэм и шыпхъум 1эпл1э ***щ1урэ же1э,- мы 1уэхур зыгуэрурэ зыхэдгъэхыж, зыгуэр къэдгъэгупсыс.
-Хьэуэ Тхьэ, Амир, къызжумы1эхэ, зыри апхуэдэ лъэпкъ зэхэсхыну сыхуейкъым…
-Хьэуэ 1эу, Мадинэ. Къызэда1уэт зэ…
-Сынода1уэркъым, Амир, дызэф1умыгъанэ иджы. Абы щыгъуэм сынызэродэ1уам сы1эбамэ, сылъэ1эсысжкъым. Абы нэхъ узыхэмы1эбэн 1уэху щы1экъым…
-Хэт и гугъэнт щэху ц1ык1уу, сабыр ц1ык1уу зызыщ1а хъыджэбзым апхуэдиз къигъэхъуфыну?
-Абы зищ1акъым, ар сабырщ ик1и щэхущ. Абы къик1къым тегушхуэгъуаф1э зыуигъэщ1ыну. Амир, укъыщ1эк1уар арамэ, еуэ, узыншэу, сэ сыщ1охьэж…
-Мадинэ…Мадинэ,..Мадинэ. Зэ закъуэ сегъэпсэлъэж….Хьэуэ, хьэуэ, зыри етхьэжьэнукъым, сэ си закъуэщ къэк1уар, ауэ сепсэлъэну аращ. Анзор и щхьэр ежьащ абы лъандэрэ… Уэри къыбгуро1уэ, ди напэр ток1 1эу, ц1ыхухэм дахэ1уащ, зыгуэр едгъащ1э мы 1уэхум… уэри уи дэлъхущ ар…
-Сыт сэ си 1уэхуу абы хэлъыр? Ирепсалъэ хъыджэбз, тэмэму хущытмэ, сэ сщ1эрэ, зыгуэрхэмк1э игъэгуф1эмэ, кино, кафе, зыщ1ып1эхэм ишэурэ, зыригъэц1ыхумэ тэмэму, зыгуэри арэзыуэ къыдэк1уэнк1э хъунт. Фэ фщ1эркъэ ахэр, сэ фезгъэсэн ***йуэ ара хъыджэбз къызэрыдахьэхым? Еуэ Амир…
-Мадинэ…Зыхьар сэрамэ…къэнэну п1эрэт?- Мадинэ къыдэплъеящ.- Зыгуэр къыбжи1а, ну, сэ зыгуэр и гум къысхуилъу п1эрэ?..
-Уэри егъэплъ уи щхьэм. Еуэ, узыншэу.
Мадинэ аудиторием щ1ыхьэжащ, Амири к1элындорым къуэгъэнап1эм деж зыщызыгъэпщк1у Анзор бгъэдыхьэжащ. Т1эк1урэ зэпсэлъа иужьк1э Анзор тэмакък1эщ1у къыхок1иик1:
-Щрегугъ ар, сэ абы цветокти, к1энфетти, киноти, кафети – мохь, плъэгъуа?- И 1эпхъуамбэхэр щызэк1уэц1илъхьащ Амир и нэк1у дыдэм деж. Амир зы1уишиик1ащ.- Зэи имылъагъуну арат абы сэ къык1элъызжыхьу. Зэи зыми илъагъунукъым сэ ц1ыхубз къык1элъызжыхьу. Езыр къэлъэ1уэжынущ, моуэ еплъ уэ. Сэ сегупсысынщ абы сызэрыхиутар хуэзгъэгъунрэ хуэзмыгъэгъунрэ.
7
Заур допросым щыщ1ашам, къыпхуэц1ыхужынтэкъым. Нэхъ гъур хъуат, и нэк1у фагъуэм дыркъуэхэр телът, и 1упэр зэгуэудат.
-Дауэ ущыт, си къуэш? – и нэк1ур къыжьэхихьапэу зыкъишиящ Анзор.
Заур зыри пидзыжакъым.
-Уи 1уэхур зэры1ейм ущыгъуазэу къыщ1эк1ынщ. Апхуэдиз граммк1э уджэгурэ? Илъэсихым нэс къуатыфынущ, си къуэш, пщ1эрэ?
-Уэ пхуэдэ къуэш Алыхьым къызимытк1э!
-Сыт хуэдэ къуэши Алыхьым къуитакъым, умыгузавэ…Уэ сытк1э унэхъыф1 сэр нэхърэ? Урихьэл1акъым иджыри, армыхъуамэ уэри уи напэр пщэжыфынущ, хуэфэщэн уасэ къуатмэ, сыт? пэжкъэ? пэжым уэлихьи, уасэращ псори зэлъытар. Мыдей святой зыкъысхуэвмыщ1, уэри, уи шыпхъуми…
Заур е1ащ зыкъи1этыну, арщхьэк1э Анзор е1унщ1ри мо зи 1э пха щ1алэр лъэгум хыф1ихуащ.
-Балигъ хъу, си щ1алэ ц1ык1у, - Анзор ет1ысэхри Заур и дамащхьэм теу1уащ.- Зэгъащ1э: мы дунеягъэм псори щащэ, псори къыбощэхуф. Псори уасэращ зэлъытар. Бжес1эн, уи ***тыныгъэм и уасэр?
-Мурад 1эджи уи1э хъунт, ара? Армэм удэк1ыну, пэжу служить пщ1ыну, уи хъыджэбзыр къожьэу письмо 1эджи ныпхуитхыну, аракъэ? укъэк1уэжмэ, фызэрышэу, тхъэуэ –псэууэ къэнэжыну? Таурыхъщ ахэр псори.
-Армэм къелхэр пщ1эрэ сыт хуэдэхэрами? Зызыгъэпагэхэракъым, хьэуэ, псори плъагъумэ, псоми гу лъыптэмэ, жа1эр зэхэпхмэ, ар зыжеп1ыпхъэм щыжеп1ыпхъэм и деж и чэзум лъэбгъэ1эсмэ,- мис ит1анэщ шатэм ухэсу служить щыпщ1ынур.
-Уэ жыхуэп1эм и ц1эр шестеркэщ.
-Сыт уэ пэшыниц1эм гъащ1эм къыбгуры1уэр иджыри?
-Сэ къызгры1уэри: напэ ящэркъым, лъагъуныгъэри къыпхуэщэхунукъым…
-Уи шыпхъура щ1ыжып1эр? Зыри проблемэкъым, зэман т1эк1у ***йуэ аращ абы. Зы ц1ыхубз дунейм теткъым тыгъэк1э къыумыщэхун, зэгъащ1э.
-Уи щхьэр тэмэмкъым, апхуэдэу пэж дыдэу уегупсысмэ.
-Уэри сэ сэщхь ухъунущ, зы тхьэмахуэ мыдей уисмэ, урикъунущ. Уи биографиер зэ1ыдумыгъащ1э, егупсыс. Сэ сызыхуейр бжес1ащ.
-Сил1ыхьа пщ1ондэ здэнкъым си шыпхъур къыбдэк1уэу.
-Ари куэдрэкъым. Сэ сызыхуейр сыт щыгъуи къыс1эрохьэ, зэгъащ1э.
-Щ1эфшыж.
***
Тхьэмахуэр пщ1ыхьэп1эм хуэдэу к1уащ. Аминэ хуэзащ и дэлъхум, щыгъын т1эк1урэ шхынрэ иритыну ***т ящ1ащ. Заур и теплъэм хъыджэбзым и гур хигъэщ1ащ, ауэ Заур къыжри1ащ и 1уэхур мы1ейуэ, куэд мыщ1эу пц1ыр къыщ1игъэщыну и адвокатым къызэригъэгугъар. Заур Аминэ тхьэ иригъэ1уащ, и хуитыныгъэ, и узыншагъэ, и гъащ1э хилъхьэу къришыжыну и ужь имытыну, апхуэдэ зыгуэр къыщ1эщыжми зэи зэрыхуимыгъэгъунур.
Бжэр къы1уахащ.
-Фи зэманыр ик1ащ.
-Зы лъэ1у пхузи1эщ, -жи1ащ Заур зиплъыхьурэ.-Мы тхылъымп1э ц1ык1ур мыбы сху1эрыгъэхьэж- адресымрэ ц1э-унэц1эмрэ къригъэлъэгъуащ.
-Зэи жып1атэкъыми хъыджэбз уи1эу?- жи1ащ Аминэ, тхылъымп1эр сумкэм дилъхьэурэ.
-Ну, мыхьэнэшхуэ есттэкъым ди зэхущытык1эм… Сэ армэм сыщы1эху къэхъунур зыми ищ1экъым, сэ хъыджэбзыр слъахъэну сыхуейтэкъым.
-Ф1ыуэ укъилъагъумэ, къожьэнщ, иджы илъэс закъуэщ армэм зэрыщы1эр.
-Сощ1э, си шыпхъу ц1ык1у, Алыхьым жыхуи1ам дыхуэзэнщ. Сэ си 1уэхур к1ыхьл1ыхь зэрыхъунур сщ1эркъым, уи нэ1э т1эк1у схутегъэт. Еуэ, Аминэ, узыншэу ущыт! Папэрэ мамэрэ сэлам схуехыж.
Аминэ т1эк1у и гур загъэжауэ къыщ1эк1ыжащ. Телефон номер тетымк1э ищ1ри, хъыджэбзым хуэзэну гуры1уащ.
Паркым тет1ысхьэп1эм деж къы1ухьащ хъыджэбз лъахъшэ ц1ык1у. Лъагъугъуаф1эу, щхьэц к1ыхьу, нэжэгужэу къыщ1эк1ащ Аминэ письмор зыритыжа хъыджэбзыр. Ар Заур и ныбжьт, медсестрауэ 1 курсым щеджэрт. Ланэ письмом еджэри и гур къызэф1эзэрыхьащ, ауэ нэмыс хэлъти, зи1ыгъащ. Игъащ1э лъандэрэ зэрыц1ыхуам хуэдэу, хъыджэбзит1ыр куэдрэ здэуэршэращ, зытепсэлъыхьын ягъуэту. Аминэ игу ирихьащ и дэлъхум къыхиха ц1ык1ур, шыпхъу хуэхъунуи къыщыхъуащ. Т1ури къэтэджыжауэ мып1ащ1эурэ къыздык1уэц1ырык1ыжым, я пащхьэм къихутащ Амир.
-Фи пщыхьэщхьэ ф1ыуэ, хъыджэбз дахэхэм!-къигъэщтащ ахэр Амир.
Аминэ занщ1эу зиплъыхьащ. Амир дыхьэшхащ.
-Хьэуэ, Аминэ, апхуэдэ делагъэ аф1эк1а тщ1эжынукъым. –И щ1ыбымк1э щигъэпщк1у букетыр къызыкъуихри къыхуишиящ.- Зэк1ужыпщ1эу.
-Сыножьэн, Аминэ?-щ1эупщ1ащ Ланэ.
-Хьэуэ, Ланэ, к1уэ уэ, умыгузавэ.
Аминэ, къыхуашия удз гъэгъар къимыщтэу, тетысхьэп1эмк1э иунэт1ащ.
Т1уми зыри жамы1эу т1эк1урэ щысауэ, Амир къригъэжьащ.
-Щыуагъэшхуэ сщ1ащ, Аминэ, 1ейуэ сынокъуэншэк1ащ…
Аминэ бгъук1э плъащ.
Амир къэ1эбэри, Аминэ и 1эр и 1эгум ирилъхьат, ауэ хъыджэбзым къытрихыжащ:
-Уи 1эпэ-лъапэр гъэбэяу, укъызэпсэлъэну ухуеймэ. Дакъикъитху уэсту аращ.
-Япэ дыдэ узэрыслъагъуу, занщ1эу си гум удыхьат. Си благъэ гуэрым хуэдэу…си 1ыхьлыф1 хуэдэу занщ1эу сыносат…-Аминэ къыщ1эплъащ щ1алэм и нэм. «Дэнэк1э ишэрэ псалъэмакъыр?».
-Апхуэдизк1э уигу сыдыхьати, уи къуэшым хьэпшып гуэрым ещхьу, септыфат.
-Сэ… сыщыуащ абдеж…-Амир къэтэджри Аминэ и пащхьэм къит1ысхьащ.-Сэ…сызэрегупсысар сщ1эркъым….ди унагъуэ укъихьэмэ си гуапэт… Арат Анзор ухуэзгъэлъагъуэну сигу къыщ1эк1ар…
Аминэ щ1эдыхьэшхык1ащ.
-Аминэ, укъысщымыдыхьэшх. Ажалым нэхърэ нэхъыбэу сыщошынэ ауан сыкъащ1ыным, къысщыдыхьэшхыным…Уэ сыкъэбдэну зэи си ф1эщ хъуакъым…Усф1эхъыджэбзыф1ы1уэт сэрк1э, си щхьэм ухуэзгъэфэщакъым. Ауан сыкъищ1мэ, сыкъызримыпэсмэ, жыс1эри, сытегушхуакъым.- Амир къэтэджри, ирик1ук1-кърик1ук1ри, къыбгъурыт1ысхьэжащ. –Сэри гу плъыстат, сыкъэплъагъумэ зэрыпф1эф1ыр…бетэмал..
-Сыт ахэр иджы къыщ1ызжеп1эр?
-Пщ1эну сыхуейщ, Аминэ, гу зык1уэц1ымылъ чурбаныжьу сыкъыпщымыхъун щхьэк1э…Ит1анэ... иджыри зэ къысхуэгъэгъу… а 1уэхум нэгъуэщ1у сып1уигъэплъащ…
-Дакъикъитхур иухащ.
-Содэ дакъикъитхуми…Къысхуэпщ1 си унафэщ… Аминэ, сыхуейт нэхъ гъунэгъуу укъэсц1ыхуну, т1эк1у дызэхуэбгъэзамэ арат…
-Амир. Жып1ам седэ1уащ. Къэхъун къэхъуащ, блэк1ам зыри схуещ1эжынукъым, ауэ къэк1уэнум и унафэ схуэщ1ынущ: уэри, уи къуэшми сыф1уплъэну аф1эк1а сыхуейкъым. Сызыщывгъэгъупщэ. Уи къуэшым си дэлъхур тутнакъым иридзауэ, абык1э сегъэшынэ, уэ псалъэ 1эф1хэр къыбошри си пащхьэм уисщ.
-Анзори? Уи дэлъхур.. иридзауи?- къапщ1эрт Амир абы зэрыхимыщ1ык1ам ик1и, пц1ы хэмылъу, къигъэу1эбжьат.
-Дауэ хъунт?.. Сэ сыбдэ1эпыкъунщ, укъызогъэгугъэ, псори згъэтэмэмыжыну.
Аминэ къэтэджыжащ, удз гъэгъа 1эрамэри къищтэжакъым, зэ1эбэк1ыу.
-Хьэуэ, укъыздэмы1эпыкъу, зэран укъысхуэмыхъуи аращ.
Аминэ къэувы1эп1эмк1э иунэт1ыжащ, Амири абы бгъурытурэ мак1уэ.
-Зы шанс закъуэ си1эу сщ1атэмэ… Уи дэлъхур къизгъэк1ыжмэ, дызэхуэбгъэзэн?
-Хьэуэ. Абы ущыгугъыу зыри къысхуумыщ1э.
-Уэри уигу сырохь, пэжыр жы1эт?
- Пц1ы хэлъкъым, Амир, сигу урихьат. Укъысф1эщ1ат напэ зи1э щ1алэу, адыгагъэ, ц1ыхугъэ пхэлъу, ауэ…
- Аминэ, сэ куэдрэ сегупсысащ си гум илъыр пхуэс1уэтэнрэ пхуэзмы1уэтэнрэ…
-Зэкъуэшит1ыр фызэрытхьэлэжыну къыпщыхъукъэ?
-Ар 1уэхукъым,- Аминэ и нэм къыщ1эплъащ Амир.- Уэращ си къуэшыр, ик1и узианэщ, узиадэщ…узидыгъэщ…
-Турецкэ сериалхэм уеплъура? –къыхурикъуащ Амир хъыджэбзыр. И жьэр 1урыхуауэ гъуэгукум иту къигъанэри, Аминэ 1ук1ыжащ.
8
Пшапэр зэхэуауэ Аминэ къэувы1эп1эм теувэжащ. И нэм къилъыхъуэр рулым щыдэмысым зы маршруткэ блигъэк1ащ. Азэмэт къыщилъагъум, и гур къилъэтык1ыу къигуф1ык1ащ. Щ1алэми гу къылъитэри и щхьэр къыхуищ1ащ.
Аминэ и куэщ1ым занщ1эу Ратмир ц1ык1у къит1ысхьащ, куэдрэ мыпсалъэуи 1урихащ. «Езэша хъунщ», - игу къэк1ащ Аминэ, сабийм и нат1эм ба ***щ1ыурэ. –Мыбы и нат1эр пщтырыбзэщ, - еплъащ Азэмэт.
-Нэк1ущхьэплъ къызэрыхъуамк1э къэсщ1ат абы зыгуэр зэрыщыщы1эр. Иджыпсту дыщ1ыхьэжынущ, мыр си иужьрей рейсщ, -жи1ащ щ1алэм.
Аминэ и къэувы1эп1эм къэсыжат, ауэ сабий жейр игу пык1акъым.
-Гуэныхькъэ мыпхуэдэу жейр, дауэ къызэрызгъэушынур?
-Зы остановкэ ди1эжу аращ, къэгъэуш уэ, умыгузавэ. Ратмир, си губзыгъэ, къэуши ауэ тет1ысхьэ, тётэр ик1ыжын ***йщ.
- Ыы, - и нэр къызэтримыхыу къэпсэлъащ сабийр.- ар тётэкъым, ар Аминэщ, -жери нэхъри зырикъузыл1ащ хъыджэбзым.
-Нак1уэ, ягъэ к1ынкъым, псори ибгъэк1ыжмэ уэстыжынщ,- жи1ащ Аминэ.
Азэмэт, рейсыр нигъэсри, и унэм 1ухьэжащ.
-Къащтэ иджы зыгуэрурэ, армырми удгъэгуващ, к1ыф1 утщ1ащ, -жи1ащ Азэмэт, сабийр къы1ихыжурэ. –Уи закъуэ дауэ узэрыдгъэк1уэжынур?
Арщхьэк1э сабийр къэгъащ, и адэм хуэмык1уэжу нэхъри зы1ыгъым зырикъузыл1ащ.
- Къащтэ мыдэ, гъыми къызэт уэ. Ратмир, си къуэ, унэм дыкъэсыжащ, нак1уэ, дыщ1охьэж.
Сабийр мэ1уэщхъу, Аминэ и пщэр иут1ыпщкъым: «Мамэ».
-Плъыржьэрщ мы сабийр! - Аминэ ба ***щ1ащ сабийм и нат1эм.-Хущхъуэ егъэфэн хуейщ.
-Нак1уэ-т1э, неблагъэ, зыри нэгъуэщ1 къытхуэнэжкъым,- Азэмэт къыпыгуф1ык1ри, и 1эр ищ1ащ, Аминэ иригъэблагъэу.
Ет1уанэ къатым дэк1уейхэри, Азэмэт щ1ыхьэбжэр 1уихащ. Абы хэту и гупэм къис фызыр глазокым къиплъэри илъэгъуащ и гъунэгъум хамэ ц1ыхубз и унэм зэрыщ1ишэр.
Телефонымк1э здэпсалъэм пищэжащ.
-Бжэм сыдэплъауэрат. Пщ1эжрэ, Фаризэт, Анусэ къыхуэзгъуэтауэ щытати щ1алэф1 дыдэ, си гъунэгъуу псэууэ, зыримыпэсу ари пыригъэхати?
Телефоным адэк1э къопсалъэ:
-Алыхь хэдэхэплъэ ищ1ыурэ псоми хэк1ыжам а жыхуэп1эр.
-Нт1э мис, а си гъунэгъу щ1алэр и унэм щ1ыхьэжащ, хъыджэбз гъусэ и1эу.
-И фызыра хъунщ?
-Хьэуэ, абы и фызыр сц1ыхукъэ сэ, нэгъуэщ1щ и гъусэр. Хэту п1эрэ? Зэи дэслъэгъуакъым абы апхуэдэ, и нэк1ур слъагъуну сыхуейт. Нт1э сытми, къэсщэхуащ нет1э зи гугъу пхуэсщ1а сумкэмрэ туфлъэмрэ. Зыщ1ып1и срик1уакъым иджыри, соп1эц1еиж щыст1эгъэну…-псалъэурэ бжэм бгъэдэк1ыжащ гъунэгъу фызыр. Куэд дэмык1ыу сэлам зырахыжри, фызым телефоныр и1ыгъыу бжэм къы1уувэжащ, къэхъур зригъэлъэгъуным и нэ къыхуик1ыу.
Аминэ пэшым сабийр щ1ихьэри п1эм иригъэгъуэлъхьащ. Абы и анэр илъагъун и гугъа щхьэк1э, унэм зыри щ1эстэкъым.
-Градусникыр къызэт,- унафэ ищ1ащ абэ.
Азэмэт кэробкэ гуэр гуэр къищтэри зыкъомрэ зэ1ипщ1ык1ащ.
-Къащтэ, фи хущхъуэхэм сэ сыхэплъэнщ. Уэ псы къэхь.
Азэмэт жа1ар игъэзащ1эри шэнтиуэм зригъэщэтащ. Езэшащ, ауэ ар зыми щыщтэкъым и сабий закъуэм зэрытегузэвыхьым.
-Скорэр къедджэм нэхъыфкъэ?-къыщылъэтыжри сабийм щхьэщыхьащ.
-Зэ, деплъынщ и1эр зыхуэдизым,- Аминэ коробкэм птулък1э гуэрхэр къыхихри къытригъэуващ.
-38. Хущхъуэм иригъэхын ***йщ. Зы лошкэ ц1ык1у къызэптам арат.
Азэмэт жра1эр бэлыхьу къыгуры1уэжтэкъым.
-Си къэмэхын къок1уэ.
Аминэ къыхуеплъэк1ащ абы. Щ1алэм и фэр пык1ауэ къэук1уриин къудейуэ щытт.
-Арат иджы къысхуэтыжыр. Зэадэзэкъуэр зэгъусэу фыкъытемыхуэу хъунукъэ? Зэ мы сабийм и 1уэхур тэмэм дыгъэщ1, ит1анэ уэ укъэмэхынщ, хъункъэ?
-Хъунщ.
Аминэ къыпыгуф1ык1ыурэ делэмелэ хъуа Азэмэт шэнтиуэм иригъэт1ысхьащ. И 1эхъуамбэр ***гъэдэлъащ, «ауэ еплъыт!» жыхуи1э щ1ык1эу, Азэмэти и 1ит1ыр къи1этащ, «сынода1уэ», жыхуи1эу.
Азэмэт и нэр къызэтрих-зэтрип1эжурэ елъагъу: Аминэ сабийм хущхъуэ гуэрхэр ирет, къэпщ1энт1ам и щыгъынхэр зэрехъуэк1. Адэк1э Азэмэт и чэзур къосри, псым хущхъуэ хагъатк1уэри къыхуаший.
- Зыри къомынэу ефэ, -стаканым щ1эры1эжурэ щ1алэ зызыхъущ1эр ирегъэфэ Аминэ,-тётэм жи1эм еда1уэ.
-Унэхъыф1?- щ1алэр зэрыс шэнтиуэм зыкъытригъащ1эу къет1ысэхащ хъыджэбзыр.
«Мыпхуэдэу гъунэгъуу, набдзэгубдзаплъэу зэи сы1уплъатэкъым мы хъыджэбзым. 1ей ц1ык1уу къысф1эщ1ати мыр, … щхьэ алъандэрэ гу лъызмытарэ?» А т1ум я плъэк1эр зэтехуащ. Щ1алэм адэ жьыжьэу игъэт1ылъыжа и гугъа гухэлъхэр къэп1ейтеящ. «Тобэ, мыбы и нэм зэ 1уплъэгъуэк1э уигъэунэфынущ, апхуэдабзэуи уигъэунэхъуфынущ»
-Шей пхуэсщ1ынщ,- щхьэусыгъуэ ищ1ри пщэф1ап1эм щ1эк1ащ хъыджэбзыр. Бжэр къыхуищ1ыжри зык1эригъэщ1эжащ. И гур п1ейтей зыщ1ар къыгуры1уэркъым. «Алыхьым жимы1эк1э, унагъуэ зэтекъутэ сыхъуну». Сыхьэтым и нэр техуащ - 10 хъуащ. Телефонымк1э псэлъащ, шей кружкит1 зэхищ1эри къыздыщ1ихри, зыр Азэмэт иритащ, адрейр езым и1ыгъыу ет1ысэхащ. Т1ури зэмыплъу ик1и зэмыпсалъэу шейр яухащ.
- Уи анэр дауэ щыт? Сымаджэщымк1э ук1уэу услъагъужкъыми?
-Къыщ1эк1ыжащ,- къэнэщхъеящ Аминэ.
-Нэхъыф1 хъужа?
-Хъужащ.
Псалъэмакъым пищэну Аминэ зэриф1эмыф1ыр къыгуры1уэри, Азэмэт щигъэтыжащ.
Аргуэру щыму т1ысыжахэщ.
-Алыхьым укъыдигъэхутыл1ат нобэ,- Азэмэт Аминэ и нэм къыщ1эплъащ.- Си къуэм нэхъ ищ1э си гугъэщ хъыджэбз къыхэхык1э,- гушы1ащ ар.
-Ыхьы,- къэтэджыжащ Аминэ. И пл1эр щит1агъэжурэ, сабийм и нат1эм ба ***щ1ыжащ.
- Си щ1алэр ныжэбэ къэп1эт1эуэн ***йкъым, си щ1алэм и адэри хъужащ, мэгушы1эри щысщ, къэт1ысыжауэ.
Азэмэти къэдыхьэшхыжащ.
-Уэ къытхуэпщ1ар зэи сщыгъупщэнкъым…- жи1эурэ Азэмэт и ахъшалъэр зэтрех.
Аминэ къэу1эбжьащ.
-Зыгуэру къыпщымыхъу, ауэ… уи зэмани къыттебгъэк1уэдащ,.. ягъэ к1ынкъым,..-жи1эурэ тхылъымп1э зыщыпл1 къыдихауэ хъыджэбзым ***ший. Аминэ илъагъур и ф1эщ хъуркъым.
-Студентхэр сыт щыгъуи ахъшэ хуэныкъуэщ, ягъэ к1ынкъым, зэ кафем фрищ1эсынщ…
-Азэмэт!
-Сыт 1эу, зыри емык1укъым, е зы бостей къэпщэхунщ, хъыджэбзхэм щыгъын т1эк1ур яф1эф1щ…
Хъыджэбзыр къызэщ1энащ.
-Псори ящэ, псори къащэху, ара?! Си гугъати уэ унэгъуэщ1у. Сэ сщыгъымк1э сыарэзыщ, уэ къысхуэпщэхуным сыкъыхуэнакъым…Уи бостеи, уи кафеи уи нат1эм иук1ащ…- Аминэ ахъшэр къипхъуатэри Азэмэт и нэк1ум щ1ипхъэжащ.
-Сэ уи жагъуэ сщ1ыну сыхуеякъым…
-Уэ сыт уи лажьэр? Сэращ псори зи ягъэр. Магнит улъиям срещхьщ: мыхъумыщ1эу щы1эр зызолъэфал1э. Къыск1эропщ1э…
-Сэ сымыхъумыщ1эу ара?
Мы си нат1эм къеплъыт.
-Сыт?.. Зыри и лажьэкъым…
-Пэжуи? Мыр делэщ жи1эу теткъэ?.
-Аминэ…
-Укъыщ1эмык1, сэ гъуэгур соц1ыху.
-Хьэуэ кхъа, Аминэ, сэ узгъэ1эпхъуэжынщ…
- Си ныбжьэгъухэр къыспежьащ, умыгузавэ. Сабийм и закъуэу къыщ1умынэ.
-Къыумыгъак1уэ уи ныбжьэгъухэри, сэ машинэк1э усшэжынщ…
-Нобэрейм и ужьк1э уеблэмэ узэрыс маршруткэм сит1ысхьэнукъым,- ахэр зэрызехьэурэ площадкэм къытехьащ. Азэмэт и гъунэгъум и уэзджынэр ирип1ыт1ащ, къежьэу щыт ф1эк1а пщ1энтэкъым, бжэр занщ1эу къы1уихащ нет1рей фызым.
-Маринэ, уи пщыхьэщхьэ ф1ыуэ…кхъа сабийм схубгъэдэс, къэзгъэзэжыхук1э…
Фызым къепсалъэр илъагъухэкъым, ар хущ1ыхьэкъым: хъыджэбзым к1элъоплъ
- Зы дакъикъипщ1 нэхъыбэ сыкъэтынукъым,.. Маринэ…
Фызым иджыщ зыкъыщищ1эжар.
-Нт1э 1ей, Азэмэт, сыбгъэдэсынщ Тхьэ, умыгузавэ… Уи хъыджэбз дахэр сыбгъэц1ыхунукъэ?
-Ар си хъыджэбзкъым, Ратмир температурэ и1эти, т1эк1у къыздэ1эпыкъуауэ аращ.
-Ыы, сэри зыгуэр къызжеп1амэ сынэк1уэнтэм тхьэ…
Азэмэт Аминэ к1элъыжэурэ ехащ, фызыр унэм щ1эмыхьэурэ.
-Маринэ, кхъа…
-Нт1э, нт1э,- зыщ1идзащ абы Азэмэт и фэтэрым.
Фызыр сабийм бгъэдыхьэри- жейт.
Щхьэгъубжэм дэплъри, а т1ум телефонымк1э сурэт ятрихащ.
-Тобэ,- илъэгъуар жи1эжыну ф1эбэмащ1эу, и «сестра»-м ек1эпсэуащ
Гум зимыгъэнщ1у пщыхьэщхьэ хуабэт, уэмт. Жьы мащ1э т1эк1у къепщэр псэм ф1э1эф1т. Азэмэтрэ Аминэрэ щыму т1эк1урэ ирик1уащ.
-Аминэ, иджыри зэ, ину берычэт бесын…Ратмиррэ сэрэ къытхуэпщ1ар… Алыхьым щхьэк1э, къысхуэгъэгъу, -Азэмэт къэувы1эри Аминэ и нэм щ1эплъащ. «Тобэ, ситхьэлэнущ»
-Пщэдей сабийр сымаджэмэ сыт пщ1энур?
-Уи макъыр зэхихмэ хъужыну къысщохъу. Ныпхуэсщ1 хъуну пщэдей?
-Къысхуэщ1, уи ахъшэр ирикъунумэ, - жэуап етыж Аминэ.
-Аминэ, Алыхьым щхьэк1э… Сэ абы зыри 1ей къисхакъым, ауэ сощ1э, ц1ыхубзхэр ахъшэк1э зэрынэпсейр… хьэуэ, хьэуэ, сыт жыс1эр…Си жьэр укъутэ……-Аминэ къыпыгуф1ык1ащ.- Ныщхьэбэ къысщыщ1ар сыт 1эу-Сытк1э згъэзэк1уэжа хъуну?
Аминэ и нэк1ум къы1уихьа щхьэцыр Азэмэт 1эбэри 1уихащ. Хъыджэбзыр къэщтащ, абы щ1алэри къигъэщтэжри, псынщ1эу къыжьэдэхуащ:
-Си 1эр укъутэ…
Т1ури дыхьэшхыжащ.
-Къупщхьэ къутэр къыпхуэмык1уэ щ1ык1э щ1ыхьэж.
- Зы упщ1э уэст хъуну? -Аминэ къищ1эну ***йт сабийм и анэр здэщы1эр.
-Ааа, мисри къэтлъыхъуэр. Дэнэ уздэк1уэдар?- къагъэщтащ Аминэ и ныбжьэгъухэм.
-Зэгъэц1ыху: Трус, Балбес, Бывалый.
Псори къэу1эбжьащ, хъыджэбзхэм я жагъуэ ящ1ынрэ дыхьэшхынрэ ямыщ1эу:
-А1еи, сыт мы къытф1эпщхэр зищ1ысыр?
-Зыгуэр къэбдыгъуну мурад пщ1ымэ, 1эзэу план зэхалъхьэф, -Аминэ нащхьэ ***щ1 Азэмэт.
-Сигу…изгъэлъынщ,- щэхуу къыжьэдок1 Азэмэт.
-Зэи пщыгъупщэжынукъэ мыр? –загъэгусэ нэпц1у мэдыхьэшххэр.
-Сыгуф1эжу, сщыгъупщэжкъым ахъумэ. Мадинэ, Залинэ, Рузаннэ. Мыр Азэмэтщ, мистер Золотой кошелёкщ.
Хъыджэбзхэм къагуры1уэкъым Аминэ къыщыщ1ар.
-Ратмир ц1ык1у и гугъу фхуэсщ1ати, фщ1эжрэ? Абы и адэщ.
Сэлам зрахащ.
-А сабий фо ц1ык1ур сц1ыхукъым, ауэ ф1ыуэ слъэгъуак1эщ. Бак1э сшхынт –жи, Залинэ.
-Нт1э мис абы температурэ и1эщ ныщхьэбэ, сэ хущхъуэ естауэ аращ. Фынак1уэ. Нэхулъэф1 фыкъик1хэ,- Аминэ пиупщ1ащ.
-Узыншэ тхьэм ищ1ыж.
-Хъужынщ, Алыхьым жи1эмэ.
-Фи жэщ ф1ы ухъу.
Хъыджэбзхэр зэрызехьэу 1ук1ыжахэщ, Азэмэти, къак1элъыплъри, щатэри, унэм щ1ыхьэжащ.
-А1еи, сыту щ1алэ дахэ, Аминээ!
-Абыхэ я унэм ущ1эсауэ ара?
-Сыт щ1э-золотой кошелекыр?
-И фызым дауэ укъыщыхъуа?
-И фызыр щ1эскъым. И гугъу къысхуищ1акъым, сщ1эркъым. Золотой кошелёкщ, -псори къещэхуфри.
-Щхьэ апхуэдэу щыт? Нэхъ щ1алэф1у хъуам фыз я1эщ, псори яубыдащ, къэнахэр сдачэращ, узыхэдэн яхэткъым…- хъыджэбзхэр уэршэрурэ унэм нэсыжащ.
«И телефон номерыр къе1ысхакъым»,- и жагъуэ хъужащ Азэмэт. «Сыту сытупой 1эу, тупой, тупой, илъэс пщык1ущым ит пацан ц1ык1ум сырещхьщ»- и щхьэр блыным ириундэк1ри, 1эшт1ымк1э еуэурэ, дэк1уеижащ.
***
-Ей, Фаризэт, угъуэлъыжа? Сыт жып1а? Сэ Азэмэт и квартирэм сыщ1эсщ, «сабийм схубгъэдэс», -жери къызэлъэ1уауэ. Щхьэ ущэху жып1а? Сабийр мэжейри аращ. Нт1э, зэ иджыпсту, жызбгъэ1ыжыркъэ. Слъэгъуащ а нет1э зи гугъу пхуэсщ1ар, сурэти тесха уи гугъэкъэ, зэгъусэу? Нт1э, къыщ1ишэри зы сыхьэт нэблагъэк1э щ1эсахэщ Тхьэ. «Ратмир температурэ и1эти къыздэ1эпыкъуащ»-жи. Ыы, ахэр щик1ым сэ сыкъик1ыжт, Тхьэ. Апхуэдэ щ1алэф1ыр куэдрэ и закъуэу щымытын, Анусэ, насыпыншэм, зы1эщ1игъэк1ащ, бетэмал. Иджыри хъунут, и сабийри ц1ык1ут, зыщ1ып1и нэсатэкъым….Хъунщ, хъунщ, имыдэм имыдэ, къэзыдэн къигъуэтащ. И сурэтыр ныпхуезгъэдзынщи еплъ. Нэхулъэф1 фыкъик1хэ.
Азэмэт къек1уэл1эжри, Маринэ щ1эк1ыжащ. Бжэр зэригъэбыдэжу телефоным къищтащ.
-Алло, Жаннэ? Жаннэчкэ, угъуэлъыжат, си т1асэ ц1ык1у?..
***
Анусэ зэшыпхъуит1ым я псалъэмакъыр зэхихати, хуэшэчыжыртэкъым сурэтым еплъыну.
-Сыт мы Маринэ зи бэлыхь иук1ыр?-жи1эурэ сурэтым еплъащ, къытригъэзэжри нэхъ гъунэгъу ищ1ри еплъыпащ хъыджэбзым и нэк1ум.
-Пц1ыхуу ара?
-Мамэ…мыр Анзор къихьа хъыджэбзращ…
Иджы т1ури аргуэру еплъыжащ сурэтым.
-Плъэгъуа поворот. Зигъэнэмысыф1э ц1ык1уурэ…- Анусэ къэтэджауэ пэшыр къызэхек1ухь.-Зигъэгубзыгъэ ц1ык1уурэ,.. еплъыт ар къыздыщ1идзам… Фыз-бын унэ л1ым къыдик1ухьу…Къысхуегъэдзыт си деж а сурэтыр. Маринэ упсэу, схуже1эж. Мыр иджыпстук1э къызэрызгъэсэбэпынур сщ1эркъым, ауэ… мыр бомбэщ, бомбэ…- зыри къызыгурымы1уэ и анэм и нэк1ум ба ***щ1ри, Анусэ и пэшым щ1ыхьэжащ.
9
Анусэ зэанэзэпхъум къаублащ я гъунэгъум уэршэрыну ек1уэк1ыу. Зэм дэлэн, зэм лэкъум, зэми сэлат щ1эщыгъуэ «Анусэ тхуищ1ащ, зы1увгъахуэ»- жи1эурэ Фаризэт зэкъуэшхэм я анэ Людэ 1эщ1игъэувэрт. Ари щ1алэхэм я къыдыхьэжыгъуэм ирихьэл1эут зэрек1уэк1хэр. Фызит1ыр здэубэу щ1эсыху, Анусэ Анзор къиубыдыну и ужь итт, ауэ къехъул1эртэкъым.
Анусэ ирихьэк1а хъыршын тепщэчыр и1ыгъыу, пщэф1ап1эмк1э мык1уэу, унэмк1э щ1ыхьэжа щ1алит1ым як1элъыщ1ыхьащ. Бжэм тетыркъащ, зыри жа1этэркъым. Джащ, зыми щызэхамыхым, пэшыбжэр 1эбэри къы1уихащ, Анзор и футболкэр и щхьэм щыф1их дыдэм ирихьэл1эу. Анзори 1энкун къэхъуауэ къоплъ, Ануси и нэр къыхутехыжкъым щ1алэм и 1эплъэпкъ зэ1эщ1элъым.
-Та-та-та-там!- адрей пэшымк1э къыщ1эк1а Амир т1уми йоплъ, дыхьэшхыурэ.- Щхьэ фыщыт, на самом интересном месте фытенауэ?- чэзуурэ йоплъ мо т1ум.
Анусэ, ук1ытарэ къызэщ1энауэ:
-Фыкъыщ1эк1ыжтэкъыми,..хъыршыныр мэупщ1ы1уж, жыс1эри…
-Уэ хъыджэбзыф1ыр узымышэм шэр къытихуэ,- Анзор щит1эгъар зыригъэзахуэжурэ къыщ1эк1ащ. Хъыршыным епэмри, «Ахь», жери, зы къыхихри щ1эк1ащ.
-Куэд щ1ауэ уигу ирихьрэ?
Анусэ нэщхъей къэхъуащ.
Амиррэ Анусэрэ диваным ит1ысхьащ, Амир хъыршын къищтауэ, ирегъэмэрэк1уэх, Анусэ к1элъыплъыурэ.
-Сыт зи гугъу пщ1ыр?- къыгурымы1уэ нэпц1 зещ1 хъыджэбзым.
Амир, абы и жэуапым емыл1ал1эу:
-Дэнэ уздэщы1ар къыпэщ1эхуэр къыщилъэфым?
-Сэ..сэ…
-Уэри уи кандидатурэм деплъат, между прочим,- аргуэри 1эбэри Анусэ и1ыгъ тепщэчым хъыршын кърихащ.- 1ейуэ зегъэпагэ, «умыпринцмэ, шы хужь утемысмэ, къоплъыхэнукъым» жа1эри, занщ1эу упыхужащ.
-Зыри зызгъэпагэркъым…
-Пэжуи? Нт1э…уеи сымыщ1э-т1э иджы. Щ1эк1ыжар дапхуэдэу имыщ1ми зы1эригъэхьэжыну абы ф1эк1а 1уэху и1эжкъым. Поезд ушел,-и 1ит1ыр игъэлъэгъуащ Амир.
-А къихьар зищ1ысыр ищ1эу п1эрэ абы? –зыкъызэкъуихащ Анусэ.
-Сыт жыхуэп1эр?- Амир щ1эплъащ Анусэ и нэм.
-Хъыджэбзыф1 1ей къихьа и гугъэмэ, къопц1э.
-Уэ..пц1ыхурэ ар?
-Соц1ыху. Ди мамэ и шыпхъум ец1ыху ф1ы дыдэу. Мыракъэ зи гугъу пщ1ыр?-Анусэ и телефоныр ***шийри Амир иригъэлъэгъуащ Азэмэтрэ Аминэрэ зэбгъэдэту я сурэт.
-Хэт…хэт абы и гъусэр?-1энкуну щ1эупщ1ащ Амир, аргуэру сурэтым еплъыжащ.
Анусэ и нэхур щащ.
-А щ1алэр мамэ и шыпхъум и гъунэгъущ. Фызи быни и1эщ, Тхьэ. Фызыр щ1эмысыху, фи нысащ1эр абы к1эщ1-к1эщ1урэ йоблагъэ.- Анусэ арэзы техъуащ и псалъэхэм я къарум. Амир псалъэжыфыртэкъым.
-Дэнэ щы1э Анзор? И нысащ1эм и напэр къыхущ1эзгъэщынщ,- къэтэджыжащ Анусэ.
-Зэ,зэ,зэ…-абы и пэ къилъадэри игъэт1ысыжащ хъыджэбзыр Амир.-Зэ, губзыгъэу дегъэгупсыс мы 1уэхум…Мы сурэтыр иджыпсту ебгъэлъагъумэ, и ф1эщ хъунукъым, ар пц1ыщ, монтаж жи1ынущ.
Анусэ зыри жимы1эу мэда1уэ.
- «Уэ пц1ы зэбохьэри удэтщ», къыбжи1эу, уеблэмэ, «укъыдэмыхьэ» къэблэжьынк1и хэлъщ.
Анусэ абы и щхьэр хуэк1уатэкъым.
-Уэ апхуэдэу Анзор къыбжи1эну ухуейкъым, пэжкъэ?- хъыджэбзым и щхьэр ищ1ащ. -Нт1э, дэ дебзэджэк1ынщ. Мы сурэтыр сэ къысхуегъэдзи, сэри зизгъэ1энщ, уэри и чэзур къэсмэ, къызэкъуэпхынщ, дызэгуры1уакъэ? Амир хъыджэбзыр къигъэда1уэри, сурэтыр зы1эригъэхьащ, Анусэ пщэф1ап1эм иришэжьэжащ.
-Иджы уэрэ сэрэ дызэкъуэтщ. Къащтэ тхур.-Амир ишия и 1эм Анусэ темыгушхуащэурэ еуащ.
-Анзор къыдэпхьэхыну ухуеймэ, сэ арэзы сыкъэпщ1ынщ.
Анусэ и нэр къихуу Амир еплъащ.
-Пщэдей пиццэ къысхубохь…А делэм ишхын имыдэмэ, зэры1эф1ыр сэ жес1эжынщ.
Къыщыщ1ар ф1ырэ 1ейрэ хузыхэмыгъэк1ыурэ, Анусэ пщэфап1эм щ1ашащ.
Амир гъунэгъу фызым сэлам ирихри, къыщ1игъэзык1ыжащ. Сурэтым ф1ыуэ еплъыжри, и щхьэм щ1эт1ахъуащ.
10
Аминэ и дэлъхум и хъыбар яхуихьыжыну п1ащ1эу унэм к1уэжащ. Здыщ1ыхьэжам и ади, и ани тэмэму сэлам кърахыркъым, и гупэ къыхуагъазэркъым, я нэгу щ1агъаплъэркъым. Игъэгуф1эну зык1элъигъэп1ащ1эу яжре1ыж Заур и адвокатыр 1уэхум зэрыхэплъар, п1алъэшхуэ имы1эу къызэраут1ыпщыжынур, езыми и теплъэк1э зэрымы1ейр, ауэ..
-Мыдэ 1ей мыр! Абы и пц1ы упсык1эм сху1уплъэ!- куэдрэ хуэшэчакъым Гуащэ. - Жып1эу хъуар пц1ыщ уэ куэпэчым, пц1ышыпс!
Аминэ къэхъуар къыгурымы1уэу и адэм йоплъ,- абыи и щ1ыб къыхуигъазэри т1ысыжащ.
-Мамэ, папэ, сыт къэхъуар?
-Сыт къэхъуар, жи? Псори къэзыгъэхъуар уэращи! Уэ иджыри ущ1эупщ1эу ара?! Хьы, Заур и деж сыщы1ащ, псори тэмэмщ жи! Сыт тэмэмыр? Зы щ1ыфэ хей имы1эу яубэрэжьу зэрисыр щхьэ умылъэгъуарэ? Дапщэщт ар къыщыджеп1энур?!
-Х-хэт апхуэдэ къывжезы1ар?
-Хэт жып1а? Следователым къыджи1ащ, и щхьэк1э, езыр къак1уэри. Жи1ар бжес1эн: «Фи щ1алэм зыри и лажьэкъым, фи хъыджэбзращ, зигъэпагэу, зымыгъэгъун гуэрым и гъуэгу зэпиупщ1ащ», -жи1ащ. Гуащэ къыбгъэдыхьэпэри Аминэ и нэм къыщ1эплъащ. - Уэ пхузэф1эк1ынут уи дэлъхур къипшыжыну, ухуеямэ. –
-И унэц1эр сыт а следователым?-Аминэ къыгуры1уащ «1уэхутхьэбзэшхуэр» зыщ1ар хэтми.
-Сыт абы и унэц1эмк1э уэ пщ1энур? Уэ пщ1энур пщ1ам нэхъыф1т абы нэхърэ.
-Мамэ…
-Уэращ псори зи ягъэри, зыхэхыж. Си сабий ныкъуэп1ыр тутнакъым щымыунэхъуу, мыбыхэм зыхуейр яхуэщ1и къигъэк1ыж!
-Мамэ! Папэ! Уэри ара жып1эр?
Хъалид и псалъэ иджыщ щыдигъэувар.
-Мы уэ пэшэгъу къытхуэпщ1ахэм пэлъэщын къаруи, узыншагъи, апхуэдэ мылъкуи, ц1ыхугъи дэ ди1экъым. Сэ хэк1ып1эу мы 1уэхум хэслъагъуэр зыщ: уезыхьэжьар хьэ1уцыдз дыдэу щымытмэ, дэк1уи уи дэлъхур къегъэл. Пхуэмышэчым, укъик1ыжынщ.
Аминэ жащ, зэхихыр и ф1эщ мыхъуу! Дауэ жа1эфрэ апхуэдэ адэ-анэм!
-Бынит1 къудей фи1эу аращи, зыхуэвгъадэфкъым. Си гъащ1эр схьащ гу къыслъатэну п1эрэ, си щхьэм 1э къыдалъэну п1эрэ жыс1эу…Ф1ыуэ седжэрт школым, «тху» къэсхьамэ сыщ1эхъуэпст, ар фэзгъэлъагъуну, т1эк1у фыкъысщыгуф1ык1ыну… Сыгуф1эжу пщ1ант1эм сыкъыдыхьэжти, сытыт зэхэсхыр? «Дауэ ухъуа нобэ, Аминэ? Сыт къэпхьар, сипхъу ц1ык1у?»…Зэи зэхэсхакъым апхуэдэ. Сэ сыкъэдыхьэжамэ, «Заур плъэгъуа?», «Заур къэк1уэжрэ?» Заур теухуа хъыбархэр зесхьэу арат унагъуэм сыщ1ыви1эр. Заур «т1у» къихьамэ, къуаншэр Аминэт: «Ушыпхъу нэхъыжьщ, удэ1эпыкъу хъунукъэ?» Заур джэламэ, «Ушыпхъуу пщ1энкъым, ухуэсакъ хъунукъэ?» Аращ сыт щыгъуи зэхэсхар. Си лъэгуанжьэ теудами, си ныбэ узами, зыгуэр сехъуапсами, зыри хэфщ1ык1акъым. Езыр-езыру сыкъэхъуауэ аращ. Фэ зы унагъуэу фыпсэут: папэ, мамэ, я къуэр. Сэ-щэ? Сэ унэ1ут ц1ык1ум хуэдэу сыщ1эсащ, тхьэмыщк1апщ1эу фхущ1эмыдзыж хьэпшыр ц1ык1ум ещхьу. Хьэпшыр ц1ык1у жызо1э! Папэ, пщ1эжрэт Мыщэ ц1ык1уу къыщыпхьам? Хьэм узэрыдэджэгум сехъуэпсат, сэ игъащ1эм укъыздэджэгуакъым апхуэдэу! А хьэм тебгъуэк1уэда зэманым хуэдиз сэ зэи къыслъысакъым. (Аминэ шэнтиуэм ихуэри зэщыджэу гъащ)
-Сыкъалъхуа хъункъым, жыс1эурэ, 1эджэрэ сигу къэк1ащ. (Гуащэрэ Хъалидрэ къэп1ейтеящ) Апхуэдэу пхъашэу фыкъызэрысхущытым нэгъуэщ1 щхьэусыгъуэ и1эу сэ къысщыхъукъым. Сыкъэфхьауи сощ1, ауэ… фи бийм сыкъилъхуауэ ара? Филъ фщ1эжу ара, къызгуры1уэркъым?!
Зыми загъэхъеякъым.
- Си еджэк1эм фрипагэу, фи напэ тезмыхыу сызэрыщытын я ужь ситащ сыт щыгъуи… Мамэ, дапщэщ сызэпшал1эу 1эпл1э къыщысхуэпщ1ар, пщ1эжрэ? Си 1уэхухэр дауэ хъуми ущыщ1эупщ1ар дапщэщ? Папэ, зэзэмызэххэ си щхьэм 1э къыдэплъамэ, ари гъэпщк1уауэт зэрыпщ1эр, ушынэ нэхъей…К1унэ къысф1эзыщари Заурщ, си дэлъху нэхъыщ1эращ!
Мы 1уэхур къыщыслъыкъуэк1ам зы ц1ыхум фи ф1эгуэныхь сыхъуакъым. Аргуэру «Псори уэращ зи ягъэр», аракъэ? Ц1ыхухэм фазэрыхэ1уар нэхъ фи жагъуэ хъуащ, ахъумэ… сывгъэт1ысу… «Дауэ зэрыхъуар?» «Сыт пхуэтщ1эфынур?» -жыф1эу фыкъызэупщ1акъым. Къыдэск1ухьатэкъым, фи напэр тесхыу сыдэтатэкъым, сызэрашатэкъым, фи щ1ыбыр къысхуэвгъэзэну сытк1э къэзлэжьа?.. Адэ-анэ нэхъ сыщыхуэныкъуэм, си телъхьэ фыхъуну нэхъ сыщыфщыгугъ дыдэм…- сыт къызэфщ1эр?..
Аминэ и гъащ1э псор и нэгу щ1эк1ыжащ.
- Алыхьым сыкъиужэгъужатэкъыми, си дэлъху закъуэр фэ фэщхь хъуакъым. Сэ си ф1эщ мэхъу гурэ псэк1э абы ф1ыуэ сыкъызэрилъагъур. Заур и деж сыщык1уам, Тхьэ сигъэ1уат, езыр къисшыжын щхьэк1э си щхьэр хэзмылъхьэну… Ауэ…фи зы быныр къелын щхьэк1э, адрейр хэк1уэдэн щыхуейк1э… ирехъу фызэрыхуейм хуэдэу. Заур и ***тыныгъэр зэлъытар сэрамэ, сэ схузэф1эк1 къэзгъэнэнкъым.
Аминэ и пэшым щ1ыхьэжащ, п1эм зыридзэри и гущ1эр зыкъыдигъазэу къугъащ. Зимыгъэхъейуэ хэ1убауэ зыкъомрэ щылъащ. Ит1анэ тхылъымп1э къищтэри, зэк1элъигъэп1ащ1эу тхэн щ1идзащ.
«Си псэм нэхърэ нэхъыф1у слъагъуу си дэлъху ц1ык1у, си дуней нэхуу си Заур! Зымахуэрей ди зэхуэзэр иужьрей хъуну къызжа1атэмэ, сил1ык1ынт. Псори сэращ зи ягъэр. Уэ ущ1алэщ, уи гъащ1эр схуэкъутэнукъым. Тхьэ пхуэс1уам семыпц1ыжу хъунукъым, Алыхьым къысхуигъэгъу, уэри гуэныхь сщумыщ1. 1эпл1эшхуэрэ ба 1эджэрэ пхузощ1ыж, си псэ закъуэ!»
Аминэ тхылъымп1эр зэк1уэц1илъхьэрэ пэт, зыгуэр игу къэк1ыжри питхэжащ.
«Ланэ сигу ирихьащ. Зы1эщ1умыгъэк1 а хъыджэбзыр. Насыпыф1э дыдэ тхьэм уищ1, си дэлъху ц1ык1у!»
Аминэ и плащыр хуэм дыдэурэ щит1эгъэжащ, и сумкэр утыкум къридзэри, езыр ет1ысэхащ. Къэтэджыжри, щыгъын гуэрхэр сумкэм иридзащ. Гъуджэм къищым и нэр техуащ. Абы къеплът гъащ1эм зэф1ищ1ык1а, за къырур к1уэщ1а, дунеягъэр зыф1эмы1эф1ыж ц1ыхубзыр. И ни, и нэк1ущхьи плъыжь хъуати, дэ1эбейри, нэгъуджэ ф1ыц1эр къищтэри, къыщ1эк1ащ.
Пщэф1ап1эбжэмк1э плъащ. Ф1ы дыдэу къалъагъу щхьэгъубжэмк1э, ауэ зыри къыщ1эк1акъым… Куабжэм и гъунэгъуу епха хьэшхуэр къэплъащ, и к1апэр игъэджэгу. «Мыщэ»,- хьэм 1э дилъэжащ, нэгъуджэр зы1уилъхьэри еп1эщ1эк1ыу хъыджэбзыр къыдэк1ащ.
Маршруткэм ипэмк1э ит1ысхьащ. Зыми къац1ыхуну ***йтэкъым, зыгуэр къепсалъамэ, къыщиудыну хьэзырт.
Шоферым уэрэд щ1игъэнащ.
«Къызыбохыжри сэламыр
Къызжо1э: «Хамэу сыбжыж».
Къысхуощ1ри гъусэ уэрамыр
Си пащхьэм уобзэхык1ыж»…
11
Аминэ ерагъыу и псэр нилъэфэсыжащ фэтэрым. Здыщ1ыхьэжам хъыджэбзхэм къыжра1ащ деканым къызэрилъыхъуэр.
-Иджыпстуи? Пщэдей хъунукъэ?
-Хьэуэ, псынщ1эу жи1ащ. Сыту п1эрэ къэхъуар?
-Аминэ, къыпщыщ1ар сыт? Сыту уи фэр пык1а 1ейуэ?- хъыджэбзхэр игъэгузэващ Аминэ и теплъэм.
-Уи дэлъхурамэ, нэхъ 1еиж 1эджи къохъу, зэхагъэк1ынщи, къаут1ыпщыжынщ, Алыхьым жи1эмэ…
-Унэмк1э зыгуэр къэхъуа ?..
-Уи нэр плъыжьыбзэщ. Угъауэ ара ? Сыт къэхъуар?
-Кхъа, зык1и фыкъызэмыупщ1…сыпсалъэмэ сыкъыщиудынущ иджыпсту…Сык1уэнщи, мыр зыхуейр къэсщ1энщ.
-Дэри дынэк1уэнущ уи гъусэу.
-Уи закъуэу ущ1эдгъэк1ынукъым апхуэдэ щытык1э уи1эу,- жари хъыджэбзхэм захуэпэну и ужь ихьат, ауэ Аминэ яхуидакъым.
-Хьэуэ. Зыри фынак1уэнукъым. Псори тэмэмщ. Си закъуэ т1эк1у зы щ1ып1э деж сыщымысу хъунукъым.
-Деканри къыщ1ыпхуейр сыту п1эрэ иджыпсту?
-Къэтщ1энщ ари. Еуэ.
***
Жьы къабзэм зэрыхэтар сэбэп хуэхъуауэ къыщ1эк1ынт, Аминэ и гур т1эк1у мамыр хъужат. Ар ещхьт псэун зыужэгъужа, гъащ1эр зыф1эмы1эф1ыж ц1ыхум.
Тет1ыркъэри, деканым и бжэр 1уихащ.
-Къыщ1ыхьэ, уэ дыножьэри дыщысщ.
Деканым и ст1олым бгъэдэст ц1ыхубзит1. Зыр нэхъ щ1алэт, лъагъугъуаф1эт, зыщ1ып1э щилъэгъуауи къыщыхъуащ хъыджэбзыр Аминэ, ауэ къыхуэгубзыгъыжакъым, дэнэми.
Адрейм зигъэщ1алэрт. И щхьэцхэр лъагэу 1этат, и нэк1ур дэбгъуэн щымы1эу ек1уу къилык1ат. Ек1упсу бостей дахэ дыдэ щыгът, лъэгуанжьэм нэс къудейуэ, и лъакъуэ к1ыхьыр туфлъэ лъагэм ек1упсу итщ. И сумкэ ц1ык1ури, и туфллъэм ещхьыфэу, и куэщ1ым илъщ.
-Къыдыхьэ, -жи1ащ деканым, ауэ т1ысыну къыхуигъэлъэгъуакъым. Аминэ и щ1ыфэм щ1ы1э ирижащ.
Ц1ыхубзит1ри, иджыпсту зы 1эф1 гуэр къа1ухуэн нэхъей, къоплъэ.
-Мы ц1ыхубз дахэр пц1ыхурэ?-къоупщ1 деканыр. (Ар щызэхихым «ц1ыхубз дахэм» зыхишу ц1ыхухъум щыгуф1ык1ащ. Ари къыхуэгуф1эжащ, ауэ псынщ1эу зыкъищ1эжащ)
-Хьэуэ. ( «Дэнэк1эу п1эрэ жьыр къыздеуэр?»)
-Сэ соц1ыху ф1ы дыдэу,- къэтэджащ «Хъыджэбз дахэр», и лъакъуэ к1ыхьым деканым и нэр тедиящ.-Хьэуэ, сэракъым, си щхьэгъусэращ зыц1ыхур. Сыт укъыщ1ызэплъыр, щынэ ц1ык1ум ещхьу, тхьэмыщк1афэ щ1ызытебгъауэр? Хьэмэрэ апхуэдэурэ л1ыхэр къызэрыдэпхьэхыр? Фыз зи1эхэра нэхъ уигу ирихьыр?
« Театрым сыщ1эсу ф1эк1а сщ1эркъым. Сыт мыбы зи гугъу ищ1ыр?»
- Уэ ухэт? Зыри къызгуры1уэркъым?
Деканыр хъыджэбзым бгъэдыхьащ.
-Емык1ущ, емык1у 1ейщ ар, Кабардовэ, уадыгэ ц1ыхубзу, адэ-анэ уагъэсауэ, апхуэдэ напэншагъэ къыплъыкъуэк1ыну!
Аминэ и щхьэр 1эджэми жащ, «Анзор аргуэру зыгуэр къызищ1ауэ аращ…»
-Къэхъуар тэмэму къызжеф1э.
-Къэхъуар, си дахэ ц1ык1у, уэри уощ1э, ауэ зыхэпхыну ущыхуейк1э. бжес1энщ,- артисткэр л1ым еплъащ, л1ыри арэзыуэ занщ1эу и щхьэр ищ1ащ. Щ1ищ1ари езым къыгуры1уэжакъым.
-Гастролым сыкъик1ыжауэ, си унагъуэр мазитк1э сымылъэгъуауэ сып1ащ1эу сакъыхуок1уэжри, сыт сыкъызырихьэл1эжыр? Сабийм къыхуэсхьа тыгъэм еплъыхэркъым, сил1ми щ1ы1э-щ1ы1эу зыкъысхуещ1. Абыхэм я щхьэусыгъуэр хуэмурэ къызощ1э: Ратмир «Тётя Аминэк1э» еджэу зыгуэрым тепсэлъыхьын ф1эк1а 1уэху и1эжкъым! Азэмэт соупщ1ри, зызигъэумыскъым…
-Ущоуэ, апхуэдэукъым 1уэхур зэрыщытыр…-къагуригъэ1уэну и ужь йохьэ Аминэ.
-Зэтеп1э уи жьэр, напэншэ. Уеблэмэ ди унэм ущы1ащ уэ мыук1ытэр.
Адрей хъыджэбзри къоплъэ, зыри жимы1эу, къэхъур зэриф1эф1ыр нэрылъагъуу.
-Сыщы1ащ, ауэ…
-Си пщэф1ап1эми ущымыхозяйкауэ жып1эну?
-Шей кружкэ…
-Апхуэдэущ ар къызэрыщ1адзэр,- артисткэм и нэр ***гъэджэгуащ л1ышхуэм. Абыи еп1эщ1эк1ыу «Нт1э!» жери арэзы техъуащ.
-Псори апхуэдэукъым зэрыщытар,- къэгубжьащ Амини.-Сэри жызвгъы1э зэрыщытар. -Ратмир сымаджэу си куэщ1ым ижеихьат, Азэмэт щыс1ихыжым хуэк1уэжакъым…
-Дахащэу жып1эрэ си л1ым и ц1эр…-артисткэм сценэ къигъуэтащ.
-Уи л1ым и гугъу сщ1ыкъым сэ, и 1уэхуи зесхуэркъым, сабийм температурэ и1эти хущхъуэ естауэ аращ…
-Уэ сыт, умедсестра? Уврач? Апхуэдэу сабий сымаджэхэм псоми уадэ1эпыкъурэ, хьэмэрэ…зи фыз щ1эмыс л1ыхэм я деж нэхъ къапщтэр?
- Сэ сабийр сф1эгуэныхь хъуауэ аращ…
-Мать Тереза къэуващ мыбдеж, фысху1уплъэт!-захуигъэзащ артисткэм зрителхэм. –Сабийр жеиху, сыт къэхъуар? Хэт зыщ1эр? Ди гъунэгъум жи1ащ, сыхьэтищк1э ущ1эсауэ. Сабийм и закъуэ хъункъым уэ узэ1эзар, нэгъуэщ1 1эзагъи пхэлъ хъунщ…-щиухащ артисткэм и выступлениер Аминэ и тхьэк1умэ дыдэм деж.
-Уэ уэщхь уи гугъэ хъунщ псори, –жэуап щ1ы1эу итыжащ Аминэ.-Уанэмэ, уи сабийр къыщыпхуэныкъуэм деж щ1эс унэм. Сыт а сабийр машинэм ису къыздырашэк1ын щ1ыхуейр, мытыншу, ***ту мышхэу, зимыгъэпсэхуу, мыджэгуу? Си пщэр иубыдри а пщыхьэщхьэм ск1эрык1ыжакъым, «мамэ» еджэти, си гур игъэузащ.
-Сэ бын гъэсэк1э сумыгъащ1э уэ мыгъасэм! Сэ унагъуэм ахъшэ къызохьэл1э. Си л1ым къилэжьым сыщыгугъыу сыщ1эсатэмэ, - и 1эпхъуамбэмк1э Аминэ и пщамп1эр къытре1этык1ри,- уэ пхуэдэу нищебродкэу сыпсэунт.
Деканым и 1упсыр иригъэнэхащ.
-Емык1ущ ар,- пищащ л1ым.- Къемызэгъщ! Хьэдэгъуэдахэщ! Уадыгэ хъыджэбз ц1ык1уу, егъэджак1уэу, гъэсак1уэу улэжьэну зыбгъэхьэзыру, сыт хуэдэ щапхъэ уэ сабийхэм ебгъэлъагъунур?- деканыр еплъащ «хъыджэбз дахэм, «хъурэ?» жи1эу.-Артисткэм и щхьэр ищ1ыжащ: «мэхъу!».
-Хамид Асланбиевич, апхуэдэ зыри щыщы1акъым, тхьэ пхузо1уэ…
-Тхьэ пхузо1уэ, жи, мыбыхэм щхьэ сыт жып1энур? – артисткэм арэзыуэ сурэт гуп къытрипхъащ ст1олым.
Сурэтхэм пэж дыдэу итт Азэмэтрэ Аминэрэ. Ратмир щысымаджа пщыхьэщхьэм трахат. Мис къатым къыщехым, мис щ1ыбым дэту, мыбдеж т1ури мэдыхьэшх, модрейм Аминэ Азэмэт и щхьэцыр 1уех. «Зы кадри дагъэхуакъыми…»
-Сэ сыщы1акъым жыс1эркъым, ауэ мы сурэтхэм зыри къик1ыркъым. Сыщ1ыхьащ унэм, сыкъыщ1эк1ыжащ, бжэ1упэм нэс сыкъыщ1ишыжауэ аращ…
-Ба зыхуащ1у итщи, ит1анэми зэрымыук1ытэ ар!-«къогубжь» артисткэр.
-Дэнэ деж?! Щхьэ пц1ы бупсрэ?
-Мис! Мыр сыт зищ1ыс уи гугъэр?- Аминэ и нэм къыщ1е1у зы сурэт. Аминэ йоплъри, зыри къыхуэлъагъуркъым: щ1алэм и щ1ыбыр къэгъэзащ, езыми и нэк1ур къищкъым.
-Дэнэ деж мыбы ба здэплъагъур? Сэ щхьэ щ1ыб ф1эк1а зыри слъагъуркъым?-егъэщ1агъуэ Аминэ.
Артисткэм сурэтыр къепхъуэтэжри зэ йоплъыж, ауэ къик1уэтыж хъунукъым:
-К1ыф1ти, къимыщауэ аращ. Сыт уи гугъэрэ-т1э ящ1эр жэщым уэрамым щхьэ ***т хъуа л1ымрэ хъыджэбз щхьэпсыншэмрэ? -артисткэр еплъащ Хамид Асланбиевич, акъылэгъу ищ1у. Абыи шэч лъэпкъ къытрихьэркъым.
- Хамид Асланбиевич!
-Куэдщ иджы, Кабардовэ, уи аморальное поведением щхьэ уи адэ-анэр къедмыджэу хъунукъым.
- Хамид Асланбиевич!- уэрэду жи1ащ артисткэм. –И адэ-анэм фепсалъэу къэвмыгъэнэж, мыр хъыджэбз хьэулейщ, унагъуэ зэтекъутэщ, мыбы фи университетым напэ къыфхуихьынукъым.
-Хьэуэ, Жанночкэ, Жаннэ, апхуэдэу занщ1эу хъунукъым…
-А хъыджэбзым 1эмал и1ащ адыгэ унагъуэ ихьэу жылэ нысащ1э ц1ык1ум ещхьу псэуну.-Къэтэджащ алъандэрэ зыри жызымы1а хъыджэбзыр.
«Дэнэ мыр здэслъэгъуар?»
-Ди гъунэгъуу нахьат ар, щ1алэф1 дыдэт зыхьари, къуажэри, жылэри къежауэ, къаф1ыщ1эк1ыжащ.
«Аа, Анзорхэ я гъунэгъу хъыджэбзыр»,- къищ1эжащ Аминэ. Игу къэк1ыжащ Анусэ и зыщ1ык1эр, игу иримыхьауэ зэрыщытар.
-Нт1э, сыт фи-студенткэ губзыгъэ 1ейм ищ1ар? Щ1алэми и напэр трихащ, иджыри къэс и щхьэр къыхуэмы1эту дэтщ, и адэ-анэми я напэр игъэулъииящ,- унэмк1э имыгъак1уэу, фэтэрым зы1уригъэшэжащ. Абы ибзыщ1ыр къывгуры1уауэ къыщ1эк1ынщ.
Аминэ зыри хужы1эжкъым, и нэр къижу зэрагъэулъийм йоплъ.
-Сытыт-т1э абы узэрыщыгугъынур? -ик1эм негъэс Анусэ.-Зэрыунагъуэу апхуэдэщ. И дэлъхури исщ тутнакъым, наркотик къыкъуахауэ.
Аминэ къызэщ1энащ.
-Студентыф1хэр фи1эщ, Хамид Асланбиевич!-зегъэхьэфотэ Жаннэ.
-Пщэдей уи адэ-анэр уимыгъусэу укъыщ1эмыхьэ!- зегъэтк1ий деканым.
- Зыри къевмыджэ, Хамид Асланбиевич...Къащтэ тхылъымп1э,- Аминэ и щхьэр зэгуэудыным нэсауэ, къэхъур пщ1ыхьэп1эм ещхьу къыгурымы1уэурэ, заявлениер итхри, къыщ1эк1ыжащ. Деканым хъыджэбзит1ым сэлам ярихыжащ, Жаннэ и телефоныр («зыгуэрк1э дыхуей хъумэ»)1ихри, къыщ1ишыжащ.
***
Здэк1уэр имыщ1эжурэ, Аминэ и лъакъуэхэм къэувы1эп1эм нэс къахьащ. «Уа ди Тхьэшхуэ, ц1ыхум игъащ1э псок1э игъэвыр зэхуэхьэсауэ къыстеплъхьаи! Абы сызэрыпэлъэщын къару дэнэ къыздисхынур? «Уэращ псори зи ягъэр!» Аминэ и щхьэм щоджэрэз мамэ, папэ, Заур, и нэк1ур зэхэуф1ыц1арэ и 1эр пхауэ. «Уэращ псори зи ягъэр!»-щодыхьэшх Аминэ и нэк1у дыдэм деж артисткэр, деканым къыдэфэурэ. «Уэращ, уэращ»-Анусэ Аминэ и щхьэц ухуэнар дредзей. Тамарэ Махмудовнэ семышкэ е1унщ1ри столыщхьэм тесщ, Аминэ къыщодыхьэшхри. Анзор бжэр егъэбыдэри 1унк1ыбзэр шкаф лъабжьэм к1эщ1едзэ. Азэмэт и дамэр къиубыдауэ зэредзэ: «Аминэ, Аминэ»…
-Аминэ!- Азэмэт пкъом зык1эрызыгъэщ1а хъыджэбзым зыкъригъэщ1эжыну и ужь итщ.- Сыт къэхъуар? Уи фэр сыту 1ейуэ пык1а?
-Сыт къэмыхъуар?! - и макъым зрегъэ1эт Аминэ. Азэмэт 1энкун хъуащ.
-Аф1эк1а зэи укъызбгъэдэмыхьэ! Си ц1эр аф1эк1а зэи жумы1э! Усц1ыхукъым, сыкъэпц1ыхуржкъым! Псори фыпц1ыупсщ, уэри уахэту!- Аминэ к1ийурэ 1уок1уэт, Азэмэт и п1эм ижыхьащ, маршруткэм ису хъуар уэрамым щек1уэк1 трагедием к1элъоплъ.
Азэмэт и щхьэцыр ирилъэщ1эк1ыурэ, щ1эпхъуауэ жэ Аминэ к1элъыплъащ, ауэ, емыжьэжу хъунутэкъым, рулым дэт1ысхьэжащ, хъыджэбзым апхуэдизу игу къыщ1ыщык1ар хузэмыгъэзахуэурэ.
12
Залинэ фэтэрыбжэр зэры1уихыу, Азэмэт щ1элъэдащ. Сэлами, нэгъуэщ1и хэмыту, хъыджэбзхэм къэхъуар къагурымы1уэу къеплъурэ, квартирэр къызэхиплъыхьу щ1идзащ.
-Аминэ да1э?
-Аминэ!
-Аминэ щ1эскъым…
-Сыт къэхъуар?..
-Сэри сщ1эну сыхуейт къэхъуар.
Пщэф1ап1эм 1энэм деж ягъэт1ысри, псы къыхурак1ащ. Азэмэт жи1эжащ хъыджэбзым зэрырихьэл1а щ1ык1эр, рейсыр ик1эм нигъэсри, и ныбжьэгъум елъэ1ури зэрихъуэжар.
-Абы зы бэлыхь къыщыщ1ащ. Дэнэ ар здэщы1ар?.. Зыгуэр и гъусэу щхьэ фымык1уарэ?..
Мадинэ къопсалъэ.
-Аминэ яхьу къызэрык1уэжрэ, насыпыншагъэ куэд къыщыщ1у хъуащ. Сы1эбам сылъэ1эсыжыркъым сэ апхуэдэ 1уэху сызырэхэ1эбам… игъащ1эк1э къысхуэгъункъым сэ си ныбжьэгъум гуауэу къыхуэсхьар…
-Сыт къэхъуар?
-Анзор жи1ащ, Аминэ къыхуимыгъэгъуну. И дэлъхум наркотик къык1эщ1идзэри, игъэт1ысащ.
-Абы и дэлъхур щ1алэ дыдэщ, армэм к1уэну зигъэхьэзырт.
-Адыгэбзэмк1э экзаменыр хуагъэувакъым, ар Анзор хъункъым, ауэ…Аминэ егъэджак1уэм ф1энащ, къемызэгъ 1эджи ирипэсащ.
- Нобэ хьэдэр изыхам хуэдэу къэк1уэжащ, унэм къик1ыжри. Къызэрыдгуры1уамк1э, и адэ-анэмрэ Аминэрэ псалъэмакъ я1ащ. Къъызэрык1уэжрэ тэмэму къыдэпсэлъакъым, дэри «и псэм дыщ1эгъуэлъхьэнкъым» жыт1эри, хэдгъэзыхьакъым.
- Нобэ деканым ириджащ. Тамарэ Махмудовнэ тхьэусыхауэ хуэдгъэфэщащ, «къепсалъэмэ, къаут1ыпщыжынщ», жыт1эу, арат…
Азэмэт щызагъэкъым.
-Апхуэдиз къызыщыщ1ам и гум къэк1ынур фщ1эрэт? Дауэ и закъуэу зэрыщ1эвгъэк1ар?
-Езым идакъым…
- И ужьым иту щхьэ фымык1уарэ?.
-…
-Зыфхуапи фынежьэ. Еджап1эмк1э къыщ1эддзэнщ.
Рузаннэ къыщ1анащ, «дызэблэк1ынк1э хъунщ, къэк1уэжмэ, телефоным къеуэ», жари.
Еджап1эм ц1ыху щ1агъуи щ1этыжтэкъым. Деканым и бжэр гъэбыдат. Сыт тщ1энур? Къызэхажыхьащ, абы и гъунэгъу бжэхэм е1ащ, псори гъэбыдат.
- Мыбы зэрыщ1эмытыжыр гуры1уэгъуэщ. Фынак1уэ, паркым дыплъэнщ,- жи1ащ Азэмэт.
Къыздыщ1эк1ыжам, гу лъатащ деканым и секретарыр и машинэм ит1ысхьэжу. Хъыджэбзит1ыр абы к1элъыжэри, 1ук1ыжып1э иратакъым. Зэк1элъагъэп1ащ1эу жа1ащ зыгъэгузавэ 1уэхур. Абы къажри1эжащ, щыхьэт зытехъуа 1уэхур.
- Флъэгъуащэрэт а артисткэм зызэрищ1ыр! Флъэгъуащэрэт абы Хамид Асланбиевич и нэр зэрыхуигъэджэгур…
Азэмэт зэхихар и щхьэм дэуеящ. Дауэ къыпщыхъурэ а хьэбыршыбырым зэхищ1ыхь къомыр!
Телефоным ит сурэтым иригъэплъащ секретарыр.
-Мыра?
-Ар дыдэращ.
Секретарыр машинэм ит1ысхьэри 1ужыжащ. Хъыджэбзхэр ***йт артисткэр хэтми ящ1эну, ауэ Азэмэт и теплъэм игъэшынэри зык1и еупщ1акъым.
-Фынак1уэ, къэувы1эп1эм сыздыхуэзам деж догъэзэжри, абдей щыщ1ыдодзэ.
Азэмэт телефонымк1э зэк1элъигъэп1ащ1эу ищ1а щхьэк1э, къытрахакъым. Щымыхъум, хъыджэбзхэм здэк1уэнур яжри1эри, 1ук1ащ.
Пшапэр зэхэуащ.
13
Азэмэт маф1э бзийр къы1урихыу, унэм къэсыжащ. Щ1ыхьэп1эбжэм къызэре1эу, и щхьэгъусэр къыщ1эук1уриик1ащ. И л1ым щыжьыхэхуэм, Жаннэ къэщтащ, ауэ псынщ1эу и нэгъуджэ къы1уху пэтари, и шляпэ 1ушэ хъуари зыригъэзэхуэжащ.
Л1ыр иувык1ауэ йоплъ и фызым. Лъэдакъэ лъагэ тетщ, и лъакъуэ дахэхэр и лъэгуанжьэм къэмыс к1эм нэхъри къыхегъэщ. И щ1ы1ур зэтепк1ын къудейуэ, и пл1эри щыкъузык1ащ. Къилык1ащ, нэгъуджэ ф1ыц1эр 1улъщ, и къаухьыр ин хъужу, шляпэшхуэри щхьэрыгъэсащ.
-Жыжьэ унэсыну?
-Сэ….сэ продюсерым сыхуэзэн ***йщ…
-Мыбы ухуэзэну ухуейтэкъэ?- Азэмэт и 1эшт1ымыр и фызым и нэк1ум дыдэм бгъэдихьащ.
-Азэмэт… контрактым 1э тездзэну аращ… хьэлыншэу зумыщ1.
-Хьэлыншэу жып1а? Уэ сэ сыбгъэсэну ара иджы?.. Сабийр дэнэ пхьа?
-Маринэ и деж…
-Мы бзухэм я абгъуэри хыф1эдзэ, - Азэмэт 1эбэри, Жаннэ и шляпэр фтрейуэ пабжьэм хидзащ. И нэгъуджэри къы1уихри нэгъуэщ1ып1эк1э хыф1ихуащ. Жаннэ псым къыхадза бдзэжьейм ещхьу и жьэр иущ1 ф1эк1а, жи1эн1ауэ тегушхуэркъым.
-Нак1уэ, сэ уэзгъэлъагъунщ нобэ спектакль,- Азэмэт и фызым и 1эблэр къиубыдри унэм щ1илъэфэжащ.
Жаннэ диваным исщ, нэпсхэр бэлътоку ц1ык1ук1э хуэсакъыурэ щ1елъэщ1ык1. Сабийр пщэфап1эм щ1агъыхьэу бжэр хуащ1ыжа щхьэк1э, шэнтым къехри къэк1уэтауэ мэда1уэ.
-Мазит1к1э укъэтауэ укъэк1уэжа къудейуэ аращ, сабийм убгъэдэмысу уздэджадэр дэнэ? Анэм и 1эф1агъыр щыгъупщэжащ сабийм. Щыгъупщэжащ жызо1э, зэи ищ1эхакъым ар абы.
Жаннэ къару къыхыхьэжащ.
-Ыы, уэ у-адэ бэлыхьщ!
-Сыбэлыхь хъункъым, ауэ сыадэщ. Шхэм пщ1эркъым, сымаджэм пщ1эркъым, анэ щхьэк1э л1эурэ и сабиигъуэр мак1уэ…
-Щ1умыгъалъэ иджы…Сыт уэ хуэпщ1эф уи гугъэр абы? Псом япэу дыдей дыдэу унэ ди1экъым, бужэгъуакъэ фэтэр-фэтэрк1э къэпк1ухьыну?..
- Мы зым дыщ1эсащ сыт щыгъуи, къэбгупсысыр сыт?
-Урипагэу ара абы? Сэ къэзлэжьыр хэмытмэ, уэ уи улахуэ факъырэмк1э илъэсищэ дэк1мэ ди1ынщ зы пэш ц1ык1у!-ролым ихьащ Жаннэ.
-Уэ къэблэжьа хэмыту мы унэр къэсщэхужак1эщ си ц1эк1и згъэувыжащ. Уэ къэблэжьа къипхьэу ара унагъуэм? Уэ езым птек1уэдэжыну пхурикъуркъым. Пхурикъун? Хъыданыжь ф1эк1а зыри къэпщэхуркъым, зы тыкуэн къызэ1упхрэ пщэжыну и ужь уихьэмэ, илъэск1э пщэн уи1энущ.
-Уэ къысхуэпщэхуа хэлъкъым абы.
-Уэрэ сэрэ иужьк1э дызэпсэлъэнщ абы теухуауэ. Сыт нобэ университетым щыпщ1ар? Уи мы1уэху зепхуэу щхьэ къэбджэдыхьрэ?-Азэмэт блыным 1эшт1ымк1э еуащ.
-Аа, къыпхуэтхьэусыхауэ ара? –и нэхур щащ Жаннэ.-Уэ мыбдей унагъуэм укъысхутопсэлъыхь, езым зэманыр хъарзынэу богъак1уэ. Уэ езым ц1ыхубз къыбошэк1ри удэтщ, уи ахъшэр абы тыбогъэк1уадэ…-Азэмэт и фызым и нэк1ум хэ1эбэнут, зишы1ащ ахъумэ.
-Зыри къесшэк1къым, ари си ц1ыхубзкъым…
- Ди унэм къыщ1ыбошэ ар, пц1ы умыупс! Л1ыгъэ зыхэгъэлъи, пэжыр жы1эжыф!
-…Сэ ар си зырик1щ, ауэ…уэ уи ягъэк1э абы зыгуэр къыщыщ1мэ…-Азэмэт Жаннэ и нэм гъунэгъуу щ1эплъащ.-Тхьэ пхузо1уэ, зэрыпхуэзмыгъэгъунур.
- Ит1анэми си зырик1щ, жи…
-Ар к1уэдауэ ягъуэтыжыркъым. Абы зыгуэр къыщыщ1мэ…
-Угрожать къысхуумыщ1! А къэзык1ухьым уэ зыра уи гугъэрэ и1эр? Щы1э хъунщ адрейм и деж, щытрагъэуж нэгъуэщ1ып1э…
И фызым и нэк1ум щ1эры1эри п1эм хыф1ихуащ. Азэмэт щ1эк1ри бжэр иригул1ащ. Бжэм къык1эрыт Ратмир къэщтащ.
Азэмэт к1эщ1уу къигъэзэжри, пщэф1ап1эм щ1эплъащ. И нэпс п1ащит1ыр тету Ратмир щ1ым щыст.
- Си къуэ, щхьэ ущыс щ1ым?-сабийр къищтэри зыщ1икъузащ.
-Папэ. - и адэм и нэк1ур 1ит1к1э иубыдри, сабийр абы и нэм щ1эплъащ,- Сыкъэбгъанэу ущ1эмык1, хъун?
-Укъэзгъэнэнукъым, си къуэ, зэи, си псэ ц1ык1у, си фо ц1ык1у… си къуэ закъуэ…уэращ сэ сыщ1эпсэур, -Азэмэт гъуэгыу и быным ба ***щ1. – Сабиигъуэ уэдмыту балигъ утщ1аи, си тхьэмыщк1э ц1ык1у.
Азэмэт сабийм зыкъришэк1ауэ зэри1ыгъым хуэдэу пэшым щ1ыхьэжри, и фызым и гъунэгъуу ет1ысэхащ.
Жаннэ и щ1ыбыр къэгъэзауэ щылъщ, зимыгъэхъейуэ.
-Апхуэдэу ди 1уэхур хъунукъым адэк1э, - хуэму къригъэжьащ щ1алэм.- «Сэ сыщ1еджар ара, сэ театрыр ф1ыуэ солъагъу, арыншэу сыпсэуфынукъым»,- жып1эрти, сыппэрыуакъм, ауэ… унагъуэ узэри1эри пщыгъупщэжащ, сабийми анэм и 1эф1агъ имыщ1эурэ къэхъуащ.
-Сыкъыщык1уэжк1э 1эджи къыхузохь…
-Тобэ! Сыкъэгубжьынкъым жизо1эри!..Мора жыхуэп1эр?- Азэмэт и 1эр ишиящ диваным илъ мыщэ зыпылэлым дежк1э.- Уи мылъкур тек1уэда хъунщ абы?
-Ар зи уасэр пщ1эрэ уэ?
-Сэ дэнэ щысщ1эн?!
-Абы и закъуэкъым сэ къыхуэсхьар…
-Нт1э 1эу!-къызэщ1энащ Азэмэт, ауэ сабийм и хьэтырк1э и макъым зригъэ1эткъым.- Джинс зэпытит1ым уи гонорарыр тек1уэда хъунщ! Щыпт1агъэу уеплъакъым зэрек1ум!
-Ек1унущ, сыт щ1емык1унур?
-Хуэхъуркъым! Сэ сеплъащ! Хуэц1ык1ущ! Сабийхэм апхуэдэ хьэл я1эщ, псынщ1эу хэхъуэу, пщ1эуэ щытмэ.
-…Нэгъуэщ1и къыхуэсщэхунщ.
-Апхуэдэу адэк1э хъунукъым. Театрым 1эджи щолажьэ я унагъуэр ирамыгъэк1уэтэк1ыу. Лэжьыгъэр лэжьыгъэщ, ауэ унагъуэращ бгъэнэхъапэн ***йр. Уэ ущыартисткэр сценэм дежщ, адрейм ущхьэгъусэщ, уанэщ. Узэрыт ролым укъик1ыжыфу зегъасэ. Мыр пф1эк1уэдыну ухуэмеймэ,- Азэмэт сабийм хуеплъыхащ, абыи нэхъри зыкъык1эрикъузащ
- Хэди къыхэх: е унагъуэр, е лэжьап1эр.
Азэмэт пэшымк1э щ1ыхьэжри, сабийр ит1эщ1ыжыну и ужь ихьащ, ауэ щ1алэ ц1ык1ур магъ, золъэкъуауэ.
-Папэ, сыхуейкъым, сумыгъэжей.
-Сыт щхьэк1э, си къуэ?
-Сэ сыжеймэ, уэ ущ1эк1ыну?
-Мамэ щ1эсынущ.
-Кхъа, уэ ущ1эмык1, сыкъыумыгъанэ.
-Хьэуэ, си псэ, сэ зэи укъэзгъэнэнукъым. Сэри уи гъусэу сыжеинущ, умыгузавэ.-сабийм и нат1эм, и щхьэм, и нэк1ум ба ***щ1. Адэм и пщэм быдэ дыдэу зезышэк1а сабийр гъынанэурэ, жейм хилъэфащ.
Жаннэ ваннэм щ1ыхьэри зитхьэщ1ыжащ, пэшым щ1ыхьэжри, хэплъэу щыс и л1ым бгъэдэт1ысхьащ.
-Мы унэм ущ1эмык1, сабийм и закъуэу къыумыгъанэ,- жи1ащ л1ым, и курткэмрэ машинэ 1унк1ыбзэмрэ къищтэурэ.-сэ сыкъэк1уэжмэ къыхэпхар къызжеп1эжынщ.
Жаннэ мыарэзыуэ и щхьэр иридзэк1ащ. Азэмэт машинэм зридзэри 1ужащ. «Ежьащ и лъыхъуак1уэ…Щ1ыр зэгуэк1ыу дэхуамэ арат а ямылъагъужыныр…»
Жаннэ и шхыдэн-бгэныр зэпиудащ телефоным. «Продюсер»…
-Да, дорогой…
-Да, дорогой,- зыкъыпащ1ыж адэк1э.- Ты почему на встречу не пришла? Я ждал тебя 40 минут! Мне что, нечего делать? Ты что о себе возомнила? -мэхъущ1э л1ыр.
-Прости, сегодня не получится.
-Знаешь, мне это надоело. Тебе не кажется, что пора что-то решать?
-Кхъа, уэр гуэрыр нобэ укъыхэмыхьэ…
-Что? Или ты ко мне переезжаешь, или мы больше не увидимся.
-Пожалуйста, у нас сейчас очень сложный период…
-Ничего не хочу слышать. Ты прекрасно знаешь, что я уезжаю в Штаты. Если ты не хочешь воспользоваться такой перспективой, ты просто дура. Желающих полно, тебе об этом известно. Жду только до утра! -телефоныр адэк1э традзэжащ.
Гупсысэ куум хэхуащ Жаннэ. П1эм игъуэлъхьащ, къыщылъэтыжащ, телефоныр и 1эгум щытригъауэурэ, пэшыр къызэхик1ухьыу щ1идзащ.
14
Пшапэр зэхэуаущ. Аминэ и щхьэр тек1а ф1эк1а пщ1энтэкъым. Хъыджэбзыр ирок1уэ, и вакъит1ыр 1эк1э щ1иупск1эу. Псыхьэлыгъуэу къежэх нэпсым и напэр зэхиуф1еящ, блэк1хэм бгъунж защ1урэ блок1ри къык1элъоплъыж.
«Алъандэрэ ар щхьэ сигу къэмык1арэ?!»- къоувы1э Аминэ гъуэгукум, къыздэса лъэмыжым и нэр тедияуэ. «Пэжщ, пэж дыдэщ, а зыращ къысхуэнэжар! Сэ сыщымы1эжым, Анзор си дэлъхур сыту ищ1ыжын? Къиут1ыпщыжынщ».
«Уэращ псори зи ягъэр!»-щодыхьэшх Аминэ и тхьэк1умэм деж зыгуэр.
«Ыхьы». Аминэ и щхьэр псынщ1э къэхъужащ. «Т1эк1унит1э и1ыжу аращ псори къэбухынум, Аминэ».. хъыджэбзым занщ1эу тыншыжауэ къыщохъу, уеблэмэ, нэжэгужи къохъуж. «Вперед! Лъэмыжым!»-Аминэ и щхьэм марш къыщоуэ. И телефоныр и жыпым къоху, и вакъэр 1эпоху. Лъэмыжым бгъэдохьэ.
Свидетельство о публикации №225050201953