Фысхуэаразы, си нанэ, дадэ?
Щ|ым фи гуапэ макъыр хэк|уэдащ.
Ауэ ф|ыуэ филъэгъуащ си анэм,
Сэри гуапэу ф|ыуэ фыслъэгъуащ.
Сигур хуощ|, фи еплъэныгъэ гуапэм
Щхьэр |этауэ гъуэгу сытырегъэт.
Псэуху емыбэкъуа зы псапэм,
Сурэт зытетхэр схуохъу сэ саугъэт.
Мамыр къыщывгъуэта щ|ыналъэр
Фи унэу илъэс дапщэрэ щыта.
Иджы а къуажэ ц|ык|уми зы псалъэ
Гуапагъэ ф|эк| фэ щхьэк|э дэмык|а.
Фысхуэаразы, си нанэ, дадэ?
Тэрчыпс макъыр хуабжьу зэхывох.
Сабиигъуэм згъэзэжам зы махуэ
Куэд жыс|энт, гу|эгъуэр зэхывох.
Си гум шэч телъынущ сыпсэухук|э,
Нанэ, дадэ, |э къыздэвмылъэн.
Е фымыпсалъэну сэ сыгъыхук|э,
Сыным деж сыщыту |э вдэслъэн.
Емкъуж Чиканырэ Анусярэ теухуащ
Свидетельство о публикации №225062701797