Роман Обитель моей души
Етхуанэ Iыхьэ
Си псэм и хэщIапIэ
БжызоIэр: «ФIыуэ узолъагъур!»
БжызоIэ щэхуу – нахуэу мыхъуу:
Зэран хуэхъуфхэм лъагъуныгъэм
Бадзэ лъэтауи къащымыхъу
Къыпхуэпсэлъэныр, пщIэнэкIэныр…
Нэмысыр пцIыкIэ хэутэн
ЯщIынщи – пащIэм щIэгуфIыкIыу
Къэувыжынхэщ: «Хэт ищIэнт?..»
Тхьэгъэзит Зубер
АнэнэпIэсым и тхьэусыхэмрэ хъуэнымрэ Iэсият и щхьэр ирагъэу
жэгъуат.– Уэ успIащ, иджы уи бынри спIын ***йуэ ара? Дэнэ здэкIуар уи Аслъэн дотэ? Гъуабжэгъуэщти, тIасэ, кIуэдыжащ. Си фIэщ хъункъым уэ абы урагъэшэжыну. Сыту напэтех мы уэ къыдэпщIар? УмыукIытэу, уи адэжь и лъапсэм дауэ укъихьэрэ, зинэкIэ къэплъхуар уи кIэ къуащIэм кIуэцIылъу? – къуажэм зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуэжыху мы псалъэхэм фIэкIа зэхэзымых хъыджэбзым игу ирилъхьащ, мызыгъуэгукIэ щыIэрэ дэкIыжмэ, афIэкIа мы лъэныкъуэмкIэ къимыгъэзэну.
– Астемыр удэкIуэ хъунутэкъэ? Сытыт и лажьэр? Еджащ, теплъэ
дахэ иIэщ, и лъапсэр зэтеухуащ, зыри пщIыжынутэкъым. Пхуэмыгъуэтар сыт? – хъущIэрт анэнэпIэсыр.
– Сыт щхьэкIэ, Аслъижан, уэракъэ Аслъэн и анэм нысэ сыхуэ
мыхъуну жезыIар?
– ЖесIащ, сыкъэбгъэгубжьати. Тхылъ еджэн фIэкIа, нэгъуэщI
лэжьыгъэ щыIэу пщIакъым, ауэ акъылышхуэ къыхэпхауи слъагъур
къым тхылъхэми. Уагъэщхьэрыуащ. А тхылъ узэджахэм я зэранкIэ
щымыIэ лъагъуныгъэ къэплъыхъуэурэ, ущхьэрыуащ. Жылэ хъыджэбз цIыкIухэм хуэдэу унагъуэ тэмэм уихьэ хъунутэкъэ? Хэти фIэфIт ди гъащIэр киномрэ тхылъымрэ ещхьу щытамэ. Дэнэ щыIэ уи лъагъуныгъэ ехьэжьар? ПщIэрэ, а уи дотэм и анэм зэрыхуэсIуэхуар?
– Сыт жыпIэу? – зэхихыр и фIэщ мыхъуу, Iэсият еплъырт и
пащхьэм къит фыз Iув фIыцIэшхуэм.
– И къуэм уишэми, тхьэ, зы щыгъын джылъ нызэрыпхуезмыгъэ
хьыжынур жрезгъэIам. Къремыгугъэ куэдрэ!
Хьэкъущыкъу итхьэщIыр езыудэкI анэнэпIэсым и макъ
псыгъуэмкIэ адэкIэ сыт къикIиями, Iэсият зэхихыжакъым.
Адэ къуэшым и щхьэгъусэри ткIийуэ къепсэлъат Iэсият. Ари
анэнэпIэсым и акъылэгъут. Анэ нысэгъум сытым дежи дахэ фIэкIа
къыжриIэу есатэкъыми, иджы зэхригъэха псалъэ дыджхэр игу
щIыхьащ хъыджэбзым, ауэ зыкъригъэщIакъым: захуэбгъэгусэкIэ
зыми зихъуэжынукъым, а псалъэхэр къыздикIри гурыIуэгъуэщ...
И классэгъуу щыта Хьэбас-щэ? Хъыджэбз псынщIэу, къэгъэделэгъуафIэу къилъытэри, хуэмыфащэ кърикуащ. Iэсият шынэ зэпытт, апхуэдэ дыдэу къащыхъункIэ хъунути. Гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ, жыхуаIэм хуэдэ хъуащ. Псори зэгурыIуам ещхьт. Хъуреягъыр бийрэ жагъуэгъурэт зэрыщыту.
Сыт, лъагъуныгъэ къабзэмрэ напэншагъэмрэ яхузэхэмыгъэкIыу ара абыхэм? Е зэхагъэкIыну хуэмейхэу ара? Куэдым я гугъэщ
нэгъуэщIым дагъуэ хуащIмэ, езыхэр абы нэхъыфI щIэхъукIыу.
«Ар бгым щыхумэ, уэ вийкIэ увэну?» – жиIакъэ адыгэм. Дауи,
щIэхъукIыркъым, ауэ зым и насыпыншагъэм гузэгъэгъуэ къарет куэдым. Сыту гуащIэу зыхищIа ар Iэсият!
Зэманым зэхигъэкIынщ псори, иджыпстукIэ Iэсият и гъащIэр
тэмэму зэтеухуэнырщ нэхъапэр. «Зызгъэбыдэнщи, си быныр спIыжынщ.
МыхъумыщIэмрэ лей зылъысамрэ зэхагъэкIыф тхьэм ищI цIыхур.
«Хэт и гугъэнт?..» – щыжаIэжын зэманым сыхуэшэ, ди Тхьэу Тхьэшхуэ!» – аргуэрыжьщи щхьэхуэпсалъэщ цIыхубз тхьэмыщкIэр.
Iэсият и гугъам хуэдизри щыIэфакъым къуажэм. АнэнэпIэсым
и псалъэмакъым щIичэн мурад иIэтэкъым, щIичэн къэгъэнауэ,
щIигъэхуабжьэрт. Хуэмышэчыжыххэ щыхъум, и щхьэр пщIантIэм
къыдихащ. Сабий пкIэрыщIауэ гъуэгу ущытеувэн зэмантэкъым,
пщыхьэщхьэхуэкIуэт. Егупсысри, я унэкъуэщ Адыл елъэIуу, къалэм
зригъэшэжмэ нэхъыфIу къилъытащ. Хъунщ, мэкIуэж къалэм. АдэкIэ-щэ? Узэрыпсэун гуэр пкъуэлъу щытын ***йкъэ? Езыр сытым хуэныкъуэми Iуэхутэкъым, ауэ дзадзур хуэныкъуэнкIэ Iэмал иIэкъым.
Зы хэкIыпIэ гуэр щыIэн ***йщ.
И лъакъуэхэм яхьащ Аслъэн и унэм. Уэздыгъэр маблэ, ар щIэсщ,
ауэ и мызакъуэмэ-щэ? Сыт ищIэн? Уемыплъауэ, къэпщIэнукъым.
ФIэфI мыхъумэ-щэ? Хьэуэ, зэхищIыкIынщ: абы илъ щIэтщ хъыдан
жэрумэу иIыгъым.
Бжэр къыIузыхар Фаризэтщ. Къыпэплъэу щыса фIэкIа
умыщIэну, къыжриIэнур и бзэгупэм телъу, къыщIэувыкIащ Аслъэн
и анэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, насыпыншагъэу къытепсыхамкIэ къуаншэр езы Iэсиятт. И къуэм и щхьэр Iуезыгъэхари арат. БзаджагъэкIэ зыкIэрищIэри, лажьэ зимыIэ щIалэ хьэлэмэтыр къигъэпцIат. А сабийри Аслъэн еи имеи. УкIытэр зищIысыр ищIамэ, къыIухьэнутэкъым щIалэм и анэм деж, къезыгъэлъхуар имыщIэж сабийр иIыгъыу? Абы хуэдэ напэншэ куэд щыIэщ, псори мыбдеж бжэм къытеуIуэу къэувынурамэ, ар Фаризэт идэнукъым.
Жэщ хэкIуэтам хыхьэжа Iэсият къыгурыIуэрт гъынуи бжэнуи зэман зэримыIэр. Сабий IэщIэлъым псынщIэу ихурт цIыхубзыр. Адыли
имыутIыпщыжамэ сыт хъунт... И лъакъуэм здихьым кIуэурэ, ПащIэми уэрамым нэсащ ар.
Машинэ гуэр къоувыIэ. ЩIалэ мыцIыху къокI. Мыпхуэдэу гувауэ
сабий зыIыгъ цIыхубз уэрамым щхьэ дэт? КъэхъуаIауэ ара? СыткIэ
сэбэп хъуфыну? Машинэм къитIысхьамэ, здыхуейм нэс ишэнт, сабийр гуэныхьщ. БжьыхьэкIэ щIыIэм къыхихьа сабийм тегузэвыхьырти, Iэсият арэзы хъуащ.
– Уи щхьэр къыщIепхьэжьамкIэ сыноупщIыркъым, уздэкIуэнур
къызжеIэ.
– Сыхьэтиблым IукIыу Мейкъуапэ кIуэ автобусым ситIысхьэ
жын ***йщ.
– Хьэпшыпхэр къэпщтэн ***йкъэ?
– Хьэуэ, зыри къэсщтэнукъым.
– Сэ къызэрызэджэр БетIалщ, – жеIэ къемыплъэкIыу.
– Сэ сы-Iэсиятщ, – езыми жэуап иритыжын ***йуэ къилъытащ.
Мейкъуапэ узышэ гъуэгум теуващ машинэ псынщIэр. ЩIалэм и
гуращэр къыщыгурыIуэм, Iэсият, къэгузавэри, зихъунщIэну ***жьат,
ауэ рулыр зыIыгъыр дэгуи бзагуи хъуати, и жьэр зэщIихыртэкъым. Зы тыкуэн гуэр деж къыщыувыIэри, сабий шхын къищэхуащ. Жэщым лажьэ шхапIэ Iулъадэри, ар птулъкIэ цIыкIукIэ зэхригъэщIауэ иIыгъыу къыщIэкIыжащ. Алий цIыкIу и ныбэ из хъуащи, мамыру мэжей.
Iэсият здэкIуэм нэсащ. ГъуэгупщIэ гугъуи, тхьэгъэпсэуи
едэIуэну хуэмейуэ, Iужыжащ щIалэр. ЦIыхубзыр унэм щIыхьэжу
сабийм увыIэпIэ тэмэм иритыну хунэса къудейт и бжэм зыгуэр
къыщытеуIуам. Зыхуихьынур имыщIэу, бжэр къыIуихмэ, зи машинэ
къикIыжа къудейр щытщ, пакет гуэрхэр IэщIэлъу. Ахэри къыхуимы
шийуэ, къыщIэбакъуэри игъэуващ. Iэнкун къэхъуа Iэсият зэхех:
– Зы щхьэкIи умыдзыхэ. ЩIэгъэкъуэн хуэныкъуэ ухъумэ, мы
телефонымкIэ нэпсалъэ.
– Сыт апхуэдиз къыщIысхуэпщIэр?
– Уэ пхуэдэ шыпхъу цIыкIу сиIэщ. ФIыкIэ!
Жагъуэгъу защIэу зэхэттэкъым дунейр. ЦIыхуфI, зэхэщIыкI зиIэ,
дунейр фIыцIэрэ хужьу зымыгуэшхэри щыIэт.
Iуэхур дапхуэдэу къемыкIуэкIами, Iэсият и гъащIэм хэхыпIэ
имыIэу хэтыр цIыхуитIт: Аслъэнрэ Алийрэ. Зыр и гум щигъафIэрт,
адрейр и куэщIым ирипIыкIырт.
* * *
«Си гупсысэм къигъэщIауэ си пащхьэм къит блынджабэ фIы
цIэм си гур егъэбэгри, зыкъезгъэлыну, хужьыфэу «солэ». Нэхъ хужь
хъухукIэ, блынджабэр нэхъ спэIэщIэ мэхъу. Сэри сымыувыIэу «солэ».
Сезэшащ. «Злэ» пэтми, нэхугъэр схурикъуркъым. А-а-а, щхьэгъубжэ
***йщи, аращ. ХызощIыхь. И бгъуитIым сурэтылъэ зырыз фIызодзэ.
Абыхэм сурэт иткъым. Зым сэ езым теплъэ гуэрхэр истхэну сыхуожьэ: губгъуэ, удз гъэгъа «алэрыбгъу». А «алэрыбгъум» ирокIуэ
зы цIыхухъурэ зы цIыхубзрэ. Я кум зи Iэпэр яIыгъ щIалэ цIыкIур
дэтщ. Уафэ къащхъуэр къащхьэщытщ. Сыт хужьу зла блынджабэр
щIэзыупскIэр? Сурэтри и пIэм имыкIыу блынджабэм фIэлъи хуэдэщ, ауэ зэрыспыIукIуэтыр солъагъу. СпыIуокIуэт, ауэ спэжыжьэ
хъуркъым. Сабийм и Iэпэ цIыкIухэр зыIыгъитIым я нэгум гуфIэ
лъэпкъ къищыркъым. Дауэ сIэщIэкIа апхуэдэ сурэт нэщхъей? Сэ
сурэт сщIыфрэт-тIэ? Дауэ и ужь сихьа? Сэрмырауэ пIэрэ-тIэ мыр
зи Iэужьыр? Сэ бгым и щIыIур мыл джанэ сщIатэкъым. Дыгъэ тепсэут си нэгу къызэрыщIыхьар. Хьэмэрэ а сабийм и щIыбагъ къыдэува нэгъуэщI сабийр сэ сигу къэкIыххат сурэтым хэзгъэувэну? Псори зэхэзэрыхьыжащ. Сешыпащ. Зыри схузэхэхыжынукъым. ИужькIэ селIэлIэнщ. Иджыпстукъым. ИужькIэ.
Сыту дахэу си нэгу къыщIыхьат…
* * *
Лъагъуныгъэр зэрыузыфэр и фIэщ хъуащ Iэсият. Пэжт
шэмыгъапцIэ жэщым щыгъуэ Аслъэн къыжриIар: «Зы уз къомыу
зу уегъэсымаджэ». Дунейр зэрилъагъур Аслъэн и сурэтым пхрыплъущ. ДэнэкIи щыIэщ ар.
Езым псори щыгъупщэжауэ пIэрэ? И анэр зэрыхуейм хуэдэу, къулыкъущIэ хъуа? Унагъуэ къулейм я малъхъэ?
Къэзыгъэпэж цIыхубзу пIэрэ къыбгъурытыр? И Iэпэр иIыгъыу тау
рыхъым хишэри, щысхьыншэуи къыхигъэджэлыкIыжат. Иджы и псэ езэшар зэрыпсэур блэкIам и теплъэхэмкIэщ…
БлэкIар и хэщIапIэ хъуащ и лъагъуныгъэм. БлэкIам ину ущыпсалъэ хъуркъым. УщоIущащэ. Ину ущыгуфIэфыркъым, нэщхъейуэ укъыпогуфIыкI. БлэкIам щыщIэкIыр гуфIэгъуэ нэпскъым.
Абы щыпIэщIэкIа щыуагъэм зыри пхуещIэжкъым, зэрыщыуагъэу къонэ. Мыхьэнэ иIэкъым блэкIам ухущIегъуэжыным. Хьэтыр
щызекIуэркъым, узэхищIыкIынкIи ущымыгугъ. Зыщ блэкIам къыуитыфыр: дерс. Сыт хуэдэ дерсу пIэрэ-тIэ Iэсият и блэкIам къыхихыфынур? ЖыIэзыфIэщыIуэу щыта хъунщ. И кIэм нэс къимыцIыхуа щIалэм и гъащIэм зыхигъэшыпсыхьыну иужь ихьэри, хэзэгъакъым.
КъыгурымыIуа е къыгурыIуэну зыхуэмея гуэр хэтащ а гъащIэм. Iэсият гу лъимытэ хуэдэу зищI щхьэкIэ, Аслъэн и гурыщхъуэ щIагъымрэ ерыщагъымрэ зыщIыпIи кIуэжынутэкъым. Ар абы и хьэлт, и щытыкIэт. Теплъэ дахэм, бгъэдэлъ щIэныгъэм, цIыху гъэсам и нэщэнэ дилъагъухэм ихьэхуат. Пэжщ, набдзэгубдзаплъэщ Аслъэн. Куэдым гу лъетэ, цIыхум пщIэ ***щI, цIыхубзыр егъэфIэф, псалъэмакъым губзыгъэу хохьэ, екIууи къыхокIыж. Ауэ апхуэдизкIэ и щхьэр псом япэ ирегъэщри, зыгуэркIэ къецырхъам ***гъэгъунукъым. Ахэр зэпэIэщIэ зэрыхъурэ Iэсият куэдым егупсысащ, куэд зэригъэзэхуащ.
ТIуми я лажьэ хэлъщ лъагъуныгъэр зэрамыхъумэжыфам. Iэсият и нэм къыщхьэрипхъуат, и гуакIуагъымрэ и теплъэмрэ пщIэ къыхуэзыщIа цIыху къыкъуэкIати. Зэрысабийрэ псэкIэ и закъуэу, гуапагъэрэ хуабагъэрэ къемэщIэкIыу, зэхэзыщIыкIын, жиIэр зэхэзыхын цIыху хуэныкъуэурэ къэтэджати, а псори Аслъэн деж къыщигъуэтауэ къыщыхъурт.
Аслъэни ***йт зыри дагъуэ зимыIэ хъыджэбз. Абы и анэм жиIэ
зэпытт и къуэм хуэдэ щымыIэу, губзыгъагъэкIи, щIэныгъэкIи, теплъэкIи, къызыхэкIакIи Аслъэн и пэ къиувэн гъуэтыгъуейуэ. Езы Фаризэти хэщыпыхьауэт ныбжьэгъу-жэрэгъухэр зэрызыкIэлъигъакIуэри зэракIэлъыкIуэри. А псом къыщIэтэджа щIалэм и фIэщ хъуат къыпэрыуи къепэгэкIи щыIэн хуэмейуэ. Iэсият шэч къытрихьэркъым щIалэм фIыуэ къызэрилъагъум, ауэ и щхьэр нэхъыфIыжу илъагъуу къыщIэкIащ. Сыту куэдым Iууэн ***й Аслъэн, и щыуагъэр къыгурыIуэжын папщIэ! Ауэ ар къыгурыIуэху кIасэIуэ мыхъуну пIэрэ? ФIыуэ къэзылъагъухэр хамэ ищIауэ, къыхуэгумащIэхэр Iуигъэщтауэ, пщIэ къыхуэзыщIхэр щIригъэгъуэжауэ. Хьэмэрэ Iэсият аргуэру щыуэрэ? Апхуэдиз гупсысэм ухэзэрыхьыжкIи емыкIу пылъ?!
Хьэкъыр зыщ – Iэсият и гъащIэм нэгъуэщI цIыхухъу къыхэзэрыхьыныр пцIыщ. Дуней псор зрипха щIалэм къигъанэу щежьэжакIэ, къигъэзэжынуи гугъэ щимыIэкIэ, къыхуэнэр закъуэныгъэращ. И бампIэр щхьэщызыхыу, Аслъэн ирипхыу, зыщ Iэсият и гъащIэм хэлъыр – и сабийр. ФIыуэ илъагъум илъ щIэтщ абы, ар абы и хъуахуэщ.
ЛъагъуныгъитIым яку къыдэкIа псэ цIыкIущ. Дауэт Iэсият зэрыхъунур а фэеплъыр имыIамэ? А щIалэ цIыкIуращ, Алий цIыкIущ, абыи гъащIэ гугъум къыхэпсэ нэбзий закъуэр. А цIыкIу закъуэращ лъагъуныгъэ зыщIэз нэкIэ къеплъыр. Псэуну, лэжьэну, гъащIэм хэтыну езышалIэр а сабийращ. Ар ***гъэсэн ***йщ и насыпым емылъэпэуэжу зэрыпсэунум. И адэ-анэм къемыхъулIар а цIыкIум къехъулIэнущ, абыхэм яхуэмыхъумар ихъумэфын хуэдэу игъэIущынущ.
Пэжщ, Алий цIыкIукIэ мэпсэу Iэсият, ауэ абы зыкIи нэхъ мащIэ
ищIыркъым Аслъэн зэрыхуэныкъуэри зэрыхуэзэшри. Жеямэ, и
пщIыхьым хэкIыркъым, къэушамэ, и нэгум щIэкIыркъым.
«Успэжыжьэщ, Аслъэн. Сыхуейт услъагъуну, зыносшэкIыну,
гуапэу уи напэм Iэ дэслъэну. СыноIущащэурэ бжесIэнут фIыуэ узэ
рыслъагъур. Си нэхэм укъамылъагъуми, си Iэхэр ныплъэмыIэсми,
узыхызощIэ, узэхызох. Уэ сыночэнджэщурэщ, сынопсалъэурэщ
сыт хуэдэ Iуэхуми сызэрыпэрыхьэр. Ди сабийр изогъэдаIуэ и адэр
зэрыцIыхуфIым, хуэдэ зэрыщымыIэм, зы зэман зэгъусэ дызэрыхъужынум. Ар зэрыпцIым си гур еуIэ, си псэр ечатхъэ.
Азалыхь, сыту гугъущэ гъащIэр. Сыту гугъуехь куэдкIэ уигъэунэ
хурэ абы? Ауэ лъагъуныгъэр гъэунэхупIэ щищIым деж, абы и мыхьэнэжыр сыт?
Лъагъуныгъэм мыхьэнэ къилъыхъуэрэ? IэкIэ узэмыIусэфу, нэкIэ
умылъагъуу, ауэ гукIэ зыхэпщIэм нэхъ дахэ къэгъуэтыгъуейщ. Си псэм и налъэхэр сошэщIри, сыхуэсакъыпэу лъагъуныгъэм и макъамэ сыпхуоуэ. А макъамэращ сызэрыпсэур, сызыгъэбауэр. Си бгъэм ущызщ,
Сыту дахащэ мо мазэм идз нэхур… ТепIэн сщIынт ар, уэрэ сэрэ
ди тепIэн, мазэ нурым къыхэщIыкIа тепIэн. Си пщIыхьым и псысэу
узэрыщытыр пхуэсIуэтэнт. Си псэм хуэчэмым и гугъу пхуэсщIынт, уи гъусэу мы дуней дахэр къызэхэскIухьынт. Ауэ дэнэ къисхын апхуэдэ къару, си лъагъуныгъэм и жагъуэгъухэм срапэщIэтыфыну? Уи деж сынэзышэ лъагъуэр сыт хуэдизкIэ сымыгъэкъабзэми, къызэхъулIэркъым сыплъэIэсыну.
Укъыхыхьат си гъащIэм хьэщIэ зэмыжьэм хуэдэу. Iэпэхъым ещхьу ар зэхигъэзэрыхьащ лъагъуныгъэ пхуэсщIам. СынокIуэри уи
деж – сынэсыркъым, сыноIэбэри – сыплъэIэсыркъым. Си гур ичатхъэу, си псэр иуIэу пхузиIэ гурыщIэм нэхъ лъапIи симыIэ».
* * *
«Нобэ махуэри блэкIащ, Iэсият, уэрыншэу. Си гугъащ усщыгъупщэну. Си щхьэр къэзгъапцIэурэ сыкъэсащ нобэм… Си нэгу
къыщIызогъэхьэж лъагъуныгъэм и таурыхъым зэгъусэу дыщыхэтар.
Сопсэу гукъэкIыжкIэ…
– Аслъэн, зэгъусэу индийскэ кино дегъэплъ, – Iэсият жиIэр
фIэгъэщIэгъуэну къоплъ щIалэр, ауэ хъыджэбзым зэрифIэщыр нэ
рылъагъут.
– Зымахуэ узэджар Диккенс и романкъэ? Индийскэ киномрэ
Диккенсрэ мы уи щхьэ дахэ цIыкIум дауэ щызэгурыбгъаIуэрэ? –
къыпыгуфIыкIыурэ хъыджэбзым и щхьэм Iэ делъэ, и нэкIум ба ***щI.
– Аслъэн…
– Хъунщ, деплъынщ, ауэ узэплъ хъун гуэр къыхэх…
Iэсият дискхэм хэдэри, зы къахихащи, щIалэм ар медиаплеерым дегъэувэ. АпщIондэху Iэсият пхъэщхьэмыщхьэр фалъэ куум
иригъэзагъэри зыбгъэдигъэувэжауэ диваным исщ. Аслъэни кIуэри
бгъурытIысхьэжащи, кином халъагъукIым нэхърэ къапсэлъымрэ
къадыхьэшхымрэ нэхъыбэщ. Кином зы щIалэфI закъуэ хэтыр щIалэ
Iейхэм къаувыхьауэ яубэрэжьти, Iэсият игу техуакъым, фIэгуэныхь
хъуащи, гъыну хьэзырщ.
– Аслъэн, Джимми иджыри яукIрэ?
– Хьэуэ, ешахэщи, загъэпсэху, тIэкIу дэкIмэ, къыщIадзэжынущ.
Хъунщ, си гумащIэ цIыкIу, уи нэхэр къэгъэплъэж, къелащ уи Джимми.
– Укъысщымыдыхьэшх, зызгъэгусэнущ, – и Iэхэр и нэм
къыIуихыжауэ, и Iупэхэр къегъэпщ Iэсият.
– Сыту дахащэу зигъэгусэрэ си псэм, – жиIэурэ Аслъэн хъыджэб
зым зрешэкI.
Уигу къыщIинэн бэлыхь зыхэмылъ теплъэгъуэ, ауэ гум
йохуэбылIэ, псэм фIэIэфIщ, блэкIам мыхьэнэ хелъхьэ… «БлэкIа»
псалъэ гуащIэмкIэ гъэнщIа си гъащIэ IэфIыншэ…» – Аслъэн и щхьэр
зэрихьэу щIыбым щIокI. Гупсысэ, гупсысэ…
«Си хъуэпсапIэхэм я къутахуэм зэхауIыхьа си псэм хущхъуэгъуэ
хуэзгъуэтыркъым, Iэсият. Уи псалъэ къыхозмыгъалъхьэу, ди лъагъуныгъэм и унафэр си закъуэ сщIащ. ДыкъэзыщIэхэм псоми сагъэкъуаншэ, сынопэгэкIауэ жаIэ, ауэ ар пцIыщ. Сэ схуэмышэча щыIэщ.
Хьэсэнрэ уэрэ фызэгъусэу си нэгу къыщыщIэувэм деж, нобэми сыкъолыд. Си фIэщ хъуркъым сэ уэ укъызэпцIыжауэ. Ауэ Хьэсэнрэ уэрэ фяку зыри дэмылъауэ ари си фIэщ схуэщIыркъым. Уэ пхузэхэхыну а щытыкIэр?.. Тхылъ... Аращ нобэкIэ си ныбжьэгъу пэжыр. Уэ пфIэфIу щыта тхылъхэр псори щIэзджыкIащи, нэгъуэщI мыхъуми, абыкIэ ди дунейр зы сощI».
«Аслъэн, сэ нобэ зы тхакIуэ къэсцIыхуащи!.. – Уи макъ
жьгъырур си тхьэкIумэм итщ. – Мэлбахъуэ Елбэрдщ жыхуэсIэр.
«ЩумыгъэпщкIуам щылъыхъуэ» романымкIэ дунейпсо литературэм
дыхыхьэфынущ, апхуэдизкIэ ар лъэщщи»…
Уэху, Iэсият, уэху… ТIури дыкъуаншэщ. Сэ фIэщхъуныгъэр схурикъуакъым, уэ сыкъэбгъэувыIэфакъым, укъыскIэлъыджакъым.
Узэризакъуэрэ сыт хуэдэ гъащIэ къэбгъащIэми сэ сыщыгъуазэкъым, ауэ уэ иджы унэгъуэщI Iэсиятщ, дауи. Сэ уи дунейм сыхэтыжыххэу къыщIэкIынукъым. Хэт иджы къыббгъурытыр? Сэр нэхърэ нэхъ
къыпхуэсакърэ? ЖыпIэр шэчыншэу и фIэщ хъурэ? УнасыпыфIэну
сыхуейщ, ауэ нэгъуэщIым насыпыфIэ удэхъуным си псэр ехуз».
* * *
Аслъэн зыкIи къыкIэрыхуркъым Iэсият: мэпсэу гукъэкIыж
хэмкIэ.
– ПсэкIэ зыхызощIэ жыпIэну узыхуейуэ жумыIэфыр. ЦIыхухэм
щхьэкIэ къызогъанэ зыносшэкIыну.
– Къыумыгъанэ, Аслъэн, хэт щхьэкIи къыумыгъанэ… ГъащIэр
езыр кIэщIщ.
– ПсэкIэ уэст жэуапыр зэхэпхрэ?
– ЗыхызощIэ, зэхызох. ЖумыIэ щIыкIэ къызощIэ.
– Iэсият, зы зыдгъэщI.
– Аращ сэри си хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр.
– Iэсият, сыт фIыуэ сыкъыщIэплъэгъуар?
– Тхьэшхуэм укъысхуигъэфэщащи.
– ИтIанэ-щэ?
– Удахэщи.
– Зэ жыIэжыт а иужь жыпIар.
– Удахэщи, – жеIэ хъыджэбзым зэпишурэ, ауан ищI хуэдэу щIалэм
нэбгъузкIэ хущIэплъурэ.
– Дахэр уэращ, си щхьэгъавэ цIыкIу.
Сыту цIыху дахащэ!..
Маринэ, Iэсият и адэ шыпхъум и пхъум,
жиIауэ щытар игу къэкIыжащ: «Кином къыхэкIа хуэдэщ си шыпхъу
цIыкIур, апхуэдизкIэ дахащэу, дагъуэншэу Тхьэшхуэм къигъэщIащи!»
«Ди лъагъуныгъэ тхуэмыхъумэжар, нобэрей хьэзабыр, закъуэныгъэр, блэкIам къыхэна жэщ IэфIхэр, псалъэ дахэхэр, си Iэхэм къалъыхъуэ уи Iэпкълъэпкъ лантIэр, пцIыкIэ уIэгъэ зытебдза си гур, уэрыншэ дунейр, жэуапыншэу къанэ си упщIэхэр, уэ узыхэмытыну пщэдейр – дэтхэнэра сыкъызэлынур?
Уэшх, щIымахуэ, жьапщэ, борэн – ахэращ си гум и щытыкIэм нэхъ
ещхьыр».
Свидетельство о публикации №226011600007